Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2019-08-10
- Псалъэ пэжхэр
- Сакъ и анэ гъыркъым
- Нэмысым насып къыдокIуэ.
- Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
- Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
- АжалитI щыщымыIэкIэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ.
- Нэмыс пщIымэ, уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр.
- ФIы щIэи, псым хэдзэ.
- Щхьэр псомэ, пыIэ щыщIэркъым.
- Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
- Пагэр мэгыз.
- ЩIэм дэжьи, жьым дэшхэ.
- Псапэр куэд хъуркъым.
- Ебгъэлеймэ — къреху.
- Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж.
- Гу нэхъ жэр щыIэкъым.
- Узым зыдэбгъэшмэ, узыIэпешэ.
- ПцIищэ нэхърэ — зы пэж.
- Зэхэпх псори пэжкъым, жаIэ псори къэхъуркъым.
- Уи анэ къыбжиIэм едэIу, уи адэ къыбжиIэр гъэзащIэ.
- Уемызэш, умышыни лIы ухъунщ.
- Делэм уи пыIэ ети блэкI.
- Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.
- Къэбублэр хабзэщ.
- Сакъ и анэ гъыркъым.
- Гур жьы хъуркъым.
- Жыг закъуэ жьым щошынэ.
- ЦIыхушхуэхэр
- Аристотель
- Алыдж философ Аристотель щыпсэуар ди эрэм ипэкIэ 384 — 322 гъэхэрщ. Ар Платон и гъэсэну щытащ, ди эрэм ипэкIэ 343 гъэм щегъэжьауэ Аристотель Македонский Александр и егъэджакIуэу щытащ. Ди эрэм ипэкIэ 335 гъэм лицей къызэIуихыгъат Аристотель. Аращ япэ гупсысакIуэшхуэу щытар, цIыхум зэрызиужь лъэныкъуэ псори — социологиер, философиер, политикэр, логикэр, физикэр — къызэщIэзыубыдэ философием и зэхэлъыкIэр зыубзыхуар.
- Аристотель ди эрэм ипэкIэ 384 гъэм Афон бгым пэмыжыжьэ Стагир жылэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Никомах Аминтэ Ещанэм, Македонием и пщымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ я дохутыру щытащ. Абы и адэжхэри цIыхухэм еIэзэу къекIуэкIат.
- Ди эрэм ипэкIэ 369 гъэм Аристотель и адэ-анэр фIэкIуэдащ. Философ ныбжьыщIэр ипIыну къищтащ Проксен (иужькIэ и цIэр куэдрэ фIыкIэ къриIуащ абы Аристотель икIи адэ етIуанэ хуэхъуар лIа нэужь абы и къуэ Никанор ипIыжащ). И адэм къыхуигъэна мылъкур зытригъэкIуэдар щIэныгъэ зэгъэгъуэтынырщ. А лъэхъэнэм тхылъхэр хуабжьу лъапIэт, ауэ Проксен я нэхъ гъуэтыгъуейри къыхуищэхурт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, и ныбжькIэ щIалэ дыдэу тхылъ еджэным дихьэхащ Аристотель. Адэ папщIэ хуэхъуам и нэIэ щIэту философ ныбжьыщIэм къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм я къэхъукIэр иджащ, иужькIэ абы теухуа лэжьыгъэ щхьэхуи къыдигъэкIыжауэ щытащ.
- Аристотель алыдж щIэныгъэ зригъэгъуэтащ икIи а бзэращ игъэшэрыуэу щытари.
- Аристотель къытхуигъэна Iущыгъэхэм щыщщ
- Псори зи ныбжьэгъум зыри и ныбжьэгъукъым.
- Дунейм фIыгъуэу тетыр ептми, ныбжьэгъуншэу псэуну хуей щыIэкъым.
- Къулейсызыгъэр, е нэгъуэщI гуауэ къыплъэIэсамэ, ныбжьэгъуращ уи щхьэр зэпхьэлIэр.
- КъыдэуэлIа насыпым и IэфIагъыр къыщытщIэр ди ныбжьэгъухэм къытхуагъэдэха нэужьщ.
- Ди ныбжьэгъухэр къызэрытхущытыну дыхуейм хуэдэ дыдэущ дэри дазэрыхущытын хуейр.
- ЦIыхухэм я зэхущытыкIэр зэтеухуэным ехьэлIа гъуазджэм зэ нэхъ мыхъуми егупсысар арэзы техъуэнущ къэралыгъуэ псом и къэкIуэнур зэлъытар къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыарам.
- Сыт гъащIэм и купщIэр? НэгъуэщIхэм защIэбгъакъуэу, фIы пщIэуэ дунейм утетынырщ.
- Театр гъуазджэ
- Шаляпин, О’Нил…
- Жэман Iэминэ
- Адыгэ актрисэ цIэрыIуэ, сценарист, композитор, режиссёр, драматург Жэман Iэминэ и пьесэм къытращIыкIа «Шаляпин/О’Нил» спектаклыр иджыблагъэ япэу щагъэлъэгъуащ Москва МузыкэмкIэ и лъэпкъ къэрал музейм.
- Жэман Iэминэ куэд щIауэ зи IэдакъэщIэкIхэм дахьэх американ драматург цIэрыIуэ О’Нил Юджин и хъуэпсапIэу псэуащ урыс оперэ уэрэджыIакIуэ Шаляпин Фёдор дэлэжьэну, ауэ ар къемыхъулIэурэ дунейм ехыжащ. Апхуэдэ дыдэу Шаляпинми О’Нил и тхыгъэхэр игу дыхьэу щытащ. Дунейпсо щэнхабзэм зи цIэ къыхэна цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэрщ Iэминэ пьесэр итхыным лъабжьэ хуэхъуари. Спектаклыр Шаляпинхэрэ О’Нилхэрэ я унагъуэхэр зыхуэдам, я псэукIам къытращIыкIа япэ лэжьыгъэщ. Совет Союзми Америкэм и Штат Зэгуэтхэми щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм 1928 гъэм къемыхъулIар Жэман Iэминэ зэрызэфIихар гуапэщ.
- Спектаклым и режиссёрри композиторри Iэминэщ. КъищынэмыщIауэ, О’Нил Юджин и ещанэ щхьэгъусэ Монтерей Карлоттэ и ролри аращ зыгъэзащIэр. Лэжьыгъэм щыджэгуащ куэдым фIыуэ ялъагъу актёр лъэщхэр. Ахэр дунейпсо театр гъуазджэм зэфIэкI щызиIэ («Геликон-опера»), Москва и Театр Иным и уэрэджыIакIуэу щыта Тихомиров Алексей (Шаляпин Фёдор и ролыр), Ермоловэ М. и цIэр зезыхьэ театрым и актёр пажэ Кемпо Сергей (О’Нил Юджин), «Современник» театрым и актрисэ Банщиковэ Аннэ (Шаляпиным и етIуанэ щхьэгъусэ Петцольд Марие) сымэщ.
- Сыхьэтрэ ныкъуэкIэ екIуэкI «Шаляпин/О’Нил» спектаклыр зыгъэщIэрэщIар УФ-м щIыхь зиIэ и художник Лысиков Борисщ. Абы къехъулIащ Шаляпинымрэ О’Нилрэ я пэшхэр зы утыкум екIуу къызэригъэпэщыныр. Лэжьыгъэм и ехъулIэныгъэр артистхэм я фэилъхьэгъуэхэми куэдкIэ зэрелъытар щэхукъым. Ар зи пщэрылъ художник Поликарповэ Ольгэ и къалэным фIы дыдэу пэлъэщащ. Продюсерыр Евтушенковэ Наталиещ, гъэзэщIакIуэ продюсерыр Бэлэтокъуэ Маринэщ. Пэшым и кIыфIагъ-нэхуагъымкIэ жэуап зыхьар Виноградов Евгенийщ.
- — Нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр комедие (гушыIэ) жанрырщ. Спектаклыр урыс, американ театр гъуазджэхэм яхуэсщIа си япэ хэлъхьэныгъэ нэхъ инщ. Сызэримыгугъауэ, лэжьыгъэр псынщIэу утыку къитхьэн тхузэфIэкIащ. Ар я фIыгъэщ къыздэIэпыкъуа гупым. И чэзум цIыхугъэ къысхуэхъуахэм къадэкIуэу, зы къару гуэрым си лэжьыгъэр ипэкIэ зэригъэкIуатэр, бжэхэр къызэрысхузэIукIыр зыхэсщIэрт, — жеIэ Iэминэ. — Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэми, критикхэми, хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа хьэщIэхэми ар ягу зэрыдыхьамрэ щIэщыгъуэ зэращыхъуамрэ къыхагъэщащ. Спектаклыр ныбжьыщIэхэми балигъхэми яхуэгъэзащ. Абы и щыхьэтщ илъэс 11 ныбжьым итхэм къыщыщIэдзауэ 80-м щхьэдэхахэри куэду къызэрекIуалIэр. Лэжьыгъэм щIэупщIэ зэриIэр, дауи, гуапэщ. Театреплъхэм я лъэIукIэ ар етIуанэу къэдгъэлъэгъуэжащ. Иджыри ещанэу а утыку дыдэм зэ дыкъихьэжынущ, зыкъытхуэзыгъэзахэм папщIэ. IуэхущIапIэм и унафэщI Брызгалов Михаил и нэIэм щIэт гупыр хуабжьу сигу ирихьащ. Шаляпиным къыщIэна фэилъхьэгъуэхэмрэ хьэпшыпхэмкIэ ахэр хуабжьу къыддэIэпыкъуащ.
- Спектаклыр сыхьэтрэ ныкъуэкIэ екIуэкIми, театреплъхэм ар напIэзыпIэу къафIощI, цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIам апхуэдизкIэ дахьэх, гъэщIэгъуэн ящохъури. Москва щыпсэухэр цIыху нэфIэгуфIэу къамылъытэми, спектаклым къекIуэлIахэр гушыIэ жанрым ит лэжьыгъэм итхьэкъуащ. Ар зытриухуа лIыхъужь нэхъыщхьэхэр гъащIэм зэрыщыщытамрэ ахэр зрихьэлIа зэманымрэ къигъэлъэгъуэжын папщIэ Iэминэ тхыгъэ куэд дыдэ щIипщытыкIащ, О’Нил щыпсэуа, дунейм щехыжа щIыпIэхэм, абы и кхъащхьэр здэщыIэ Бостон къалэм, Шаляпиным и дачэ Нартсанэ дэтым, ар Санкт-Петербург щыдэсам зыщIэса унэм, щыщIалъхьэжа Москва и Новодевичье кхъэм кIуэри ахэр зригъэлъэгъуащ. А псори пщIэншэ зэрымыхъуар щыхьэт тохъуэ спектаклыр зытеухуа цIыху цIэрыIуэхэм я унагъуэхэм щыхьэщIауэ къащыхъуауэ къекIуэлIахэр зэрызэбгрыкIыжар.
- — Сэ хуабжьу сыдыхьэшхыну зэрысфIэфIыр псоми ящIэ. Аращ сэ схуэдэу ину дыхьэшхыну хуей театреплъхэр си гушыIэ спектаклхэм къыщIезгъэблагъэр, — пещэ Iэминэ и псалъэм. — Иужьрей лэжьыгъэм щIэупщIэ зэриIэм и зы щапхъэщ ар къыкIэлъыкIуэу щыдгъэлъэгъуэнур зыфIэгъэщIэгъуэнхэр, а пщыхьэщхьэ дыдэм къытезыгъэзэжу еплъыну хуеяхэр е спектаклыр здэтшэну дубзыхуа Санкт-Петербург, Къэзан къалэхэм накIуэу еплъыну хьэзырхэри зэрыщыIэр. Лэжьыгъэм егугъуа гупым ди зэфIэкIыр къызэралъытэр, дауи, гуапэ тщымыхъуу къанэркъым. Артистхэм ди дежкIэ нэхъыщхьэр театреплъхэм ягу дыдыхьэнырщ.
- Жэманым къызэрилъытэмкIэ, гъуазджэр политикэм и щхьэкIэр щыщ. Абы быдэу и фIэщ мэхъу икIи «Шаляпин/О’Нил» спектаклымкIэ дигъэлъэгъуащ цIыху лъэужьыфIэр дунейм зэрехыжрэ псы куэд ежэхами, абы и хъуэпсапIэхэр нахуапIэ зэрыхъуфынур, и лэжьыгъэхэм дахьэххэм ахэр гъащIэм зэрыхапщэфынур. Нэхъ гъэщIэгъуэныр американ драматург цIэрыIуэм и хъуэпсапIэр Урысейм нэхуапIэ зэрыщыхъуарщ. Жэманым и мурадыр зыхуэгъэзар, Урысейм и театр гъуазджэм хабзэ зэрыщыхъуауэ, утыку зэмылIэужьыгъуэхэм къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъэ цIэрыIуэхэм къытримыгъэзэжу, театреплъхэм я пащхьэм щIэ гуэр щигъэлъэгъуэнырт, цIыхухэм я гукъыдэжым хигъэхъуэнырти, ар къехъулIащ. Гу зылъыптэращи, Iэминэ и спектаклхэми фильмхэми гулъытэ хэха щаубыд лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэм яку дэлъ пщIэм, зэныбжьэгъугъэм, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэм, мамырыгъэм. «Шаляпин/О’Нил» лэжьыгъэми а Iуэхугъуэхэм увыпIэфI щаIыгъщ. ДызыхуэкIуэ зэман гъунэгъухэм ар щагъэлъэгъуэнущ Урысейм и къалэ нэхъ инхэм, Шаляпиныр къыщалъхуа, щыпсэуа Къэзан, апхуэдэуи Санкт-Петербург, Нартсанэ къалэхэм. КъыкIэлъыкIуэу спектаклыр яшэнущ Шаляпиным куэдрэ зыкъыщигъэлъагъуэу щыта ЕсэнтIыгу къалэм, зрагъэблагъэ нэгъуэщI щIыпIэхэм я театр утыкухэм. ЕтIанэгъэ спектаклыр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щатынущ. Жэманым абы чэзууэ щигъэджэгуну и мурадщ Урысеймрэ США-мрэ я артист цIэрыIуэхэр.
- НэхъапэIуэкIэ Жэманым ищIа лэжьыгъэхэм ящыщщ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» (драмэ), «Перед завтраком» (монодрамэ), «Любовь в Вегасе» (комедие) фильмхэр. Иджыблагъэ Iэминэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыIэ ди хэкуэгъу артист цIэрыIуэ Кулиев Алим и гъусэу Голливуд щыджэгуащ «Пока смерть не разлучит нас» фильмым. Абы и режиссёрри Кулиев Алимщ.
- Жэман Iэминэ кино, театр гъуазджэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ дамыгъэ, цIэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэхэщ, «Золотой абрикос» (Ермэлы), «Лучшая актриса», «Лучший сценарий» (Украинэ), «Самый яркий дебют» (Алыдж), «Лучший полнометражный фильм» (США), «За вклад в фильм» (Адыгей), нэгъуэщIхэри. 2014 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм кином ехьэлIауэ Нью-Йорк щекIуэкIа фестивалыр абы и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмымкIэ зэхуащIыжащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Габитовэ Аннэ трихащ.
- Шхыныгъуэхэр
- КIэртIоф цIывынэкIэ щIа хьэнтхъупс
- КIэртIоф укъэбзар лыхьэжым щIагъэкI, дзэху фалъэм иралъхьэ. Абы шыгъу, нартыху хьэжыгъэ, джэдыкIэ уда халъхьэри, тхьэвым хуэдэу япщ. Тхьэв пщам IэкIэ къыпачурэ дэ хуэдизурэ хъурей цIыкIухэр ягъэджэрэз, я Iэм дагъэ щахуэурэ. А хъурей цIыкIухэр IэпищкIэ къащтэурэ шыгъу зыхэлъ шэ къэкъуалъэм хадзэ, шэр бэлагъкIэ зэIащIэурэ. МафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахыжри, бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэжри дакъикъищ-плIыкIэ щагъэт. Iэнэм фалъэкIэ трагъэувэ, шатэпс хэкIауэ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- КIэртIоф укъэбзауэ — г 500
- Нартыху хьэжыгъэу — г 100
- ДжэдыкIэу — 2
- Шэ щIэмыхуу — г 1000
- Шатэпсу — г 60
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- Бжьын гъэлыбжьам:
- Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 40
- Тхъууэ — г 30
- Шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
- Бжьыныху шыпскIэ гъэбэкхъа лы
- Былымыл щабэ дыдэр псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэжэпхъри, г 10 — 15 хъу тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ. Тебэм тхъу иракIэри, градуси 150 — 160-м нэсу къагъэплъ, лы тыкъырхэр абы халъхьэ, зэIащIэурэ зы дакъикъэ хуэдэкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъуху. ЗэрызэIащIэм хуэдэурэ абы щIакIэ шатэкIэ щIа бжьыныху шыпс, шыбжий хадзэ, мафIэр цIыкIу ящIри и щхьэр тепIауэ хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ дакъикъитхукIэ. Шыуаныр пэшхьэкум къытрах, джэдгын хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт.
- Пщтыру яшх. ПIастэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ докIу.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- Бжьыныху шыпсым щхьэкIэ: бжьыныхур шыгъу хэлъу яуб, шатэ хакIэри зэIащIэ.
- ЛыпцIэу — г 400
- Тхъууэ — г 100
- Шатэу — г 150-рэ
- Бжьыныхуу — г 15
- Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- ГушыIэхэр
- Йокъури йожьэж
- Фэтэрым хэлъ уэзджынэр къозу. Бжэр Iуахмэ, лIы мыцIыху щытщ.
- — Фи кIрантIым псы къыдэжрэ?
- — Хьэуэ…
- — Щхьэщытхъухэ я унагъуэракъэ мыбы щыпсэур?
- — Хьэуэ, ахэр зэрыIэпхъуэрэ илъэс мэхъу…
- — ГъэщIэгъуэнщ мы цIыхухэр! Сантехникыр къраджэри, езыхэр йокъури йожьэж!
- Псэущхьэ тхьэмыщкIэ
- — Уа, си гъунэгъужь, уи фызыр зэпымычу апхуэдизу зытекIиер хэт?
- — Ди хьэрщ.
- — Сыту псэущхьэ тхьэмыщкIэ ар. Ар унэм щIидзу IункIыбзэIухри къытрихыжыну абы дыгъуасэ жриIэрт.
- Хэт билетыр зейр?
- МафIэгум и вагон зэпыхьэпIэм зылI итщ, хьэ абрагъуэ щIыгъуу.
- ГъуэгупщIэр зыта-зымытахэр къэзыпщытэр лIым щыбгъэдыхьэм, абы билетыр къригъэлъэгъуащ.
- — Хьэми къыхуэпщэхун хуеящ билет, — жиIащ кондукторым, зэрымыарэзыр и фэм къиIуа-тэу.
- — Ар хьэм ейуэ аращ.
- — Ууейр-щэ?
- — Сэ сиIэкъым. Ухуеймэ сикIынщ, мыр къыпхуизнэнщи.
- Бзэ IэфIу ущытын хуейщ
- — Си гъащIэм слъэгъуакъым жэмым жэщ-махуэм шэ литрищэ къыщIэкIыу. Ар дауэ къохъулIэрэ?
- — Бзэ IэфIагъырщ псори зэлъытар. Пщэдджыжьым Iуэм сыщIохьэри: «Сыт, си мамыжь, нобэ тщIэнур? Шэ къызэптыну хьэмэрэ лы сщэну?» — жызоIэри соупщI.
- ГъэщIэгъуэнщ
- Псэущхьэ нэхъ иныр
- Куэдым я гугъэщ мыщэ хужьым нэхърэ нэхъ ин псэущхьэхэм яхэмыту. Ауэ 1987 гъэм Аляскэм къыщаубыдат мыщэхъу гъуабжэшхуэ. Ар щашэчам, килограмм 680-рэ и хьэлъагът. Мыщэ хужьхэм я нэхъ иныр зэрыхъур килограмм 450-рэщ. Апхуэдэ мыщэм и плIэ лъакъуэмкIэ зэ уэгъуэм гуум я нэхъ иныр къеукIыф. Зэвгъапщэт: аслъэн нэхъ ин дыдэм и хьэлъагъыр килограмм 230-рэщ, къаплъэным — килограмм 270-рэщ. ЩIым щызекIуэ псэущхьэхэм ящыщу а мыщэ гъуабжэм нэхърэ нэхъ ину щыIэр пылым и закъуэщ.
- * * *
- Пингвинхэм нэхърэ нэхъ бэшэч щыIэкъым. Императорскэ пингвиныхъум мышхэу мазэ бжыгъэ ирехьэкIыф. Ар тенджызым къыхокIри, пингвин анэр щыкIэцI щIыпIэм макIуэ, махуэ 62 — 65-кIэ джэдыкIэхэм тесщ, аргуэру апхуэдизкIэ шырхэр егъэхуабэ, анэм ахэр игъашхэурэ закъригъэужьыху. ИтIанэщ псым щигъэзэжыр, шхэни щыщIидзэжыр. Псори зэхэту махуи 130 — 135-кIэ мышхэн хузэфIокI.
- Къэбарт Мирэ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:6. ТхылъымпIэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ дамыгъэ. 7. ПлIанэпэ. 9. Лъэс … 10. Хуэмыху, течыгъуей. 11. Уи лъапэм къыщIэзэрыхьу, Налшык и уэрамхэм дэз къуалэбзу. 13. Хьэцэпэцэр щаIуэкIэ гъупщым нэхърэ нэхъ щабэу ар къыщIокI. 15. Дзыгъуэм кIэ езыт псэущхьэ дахэ цIыкIу. 17. Китайм щекIуэкIа олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ пелуан. 19. Псыщхьэ тещтыкIа. 21. Шхынхэдзэ. 23. Кхъухь абрагъуэхэр щызекIуэ псы. 24. Губзыгъэ, акъылыфIэ. 25. Псы Iуфэ чыцэхэм, мэкъупIэхэм узыщрихьэлIэ къуалэбзу цIыкIу, щIагъуэу мылъэтэфу. 26. Нартыху хъумапIэ. 27. Iэщ: къытехьауэ упэщIэхуэмэ, бжьакъуэпэкIэ укърихьэкIынщ. 28. ЩIэгъэкъуэн, пкъо. 30. ЩыпсалъэкIэ зэIынэ. 32. НыбжьыщIэ цIыкIухэр школ пщIантIэм щызэрызохьэ, … къэпщIауэ. 33. Iэпслъэпсым щыщщ. 34. МахуэцIэ. 37. Гъатхэм пасэу ди щIыпIэм къэлъэтэж къуалэбзу. 39. Хьэкъущыкъур ятхьэщIа нэужь къэна псыр. 43. Псы ежэхым и … макъ. 44. Мэз бжьыныху. 45. Дунейм ехыжам къигъэна мылъку.
- Къехыу:1. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 2. Хъарбызым и … е шхыныгъуэ гуэрым и Iыхьэ нэхъ IэфIыр. 3. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы. 4. Къэрэгъул, хъумакIуэ, … 5. …-щIыхуэ жысIэми, си унэ ныкъуэщIыр и кIэм нэзгъэсыжащ. 7. «… бэлътокур, уей, жи, уей, Iэгум йокIуадэр, уей, жи, уей» — Къашыргъэ Билалрэ ЩоджэнцIыкIу Нурийрэ яуса уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. 8. … бостей. Е мэлыц щабэ. 12. КъуийцIыкIу … кIанэ къигъуэтащ. 14. Хьэм и губжьыр … щехьэ. 16. Бгы лъапэ. 18. Къэралым, республикэм, къуажэм я блэкIа зэман. 20. НэкIум иIэ зэлъагъэ. 21. Хьэкъущыкъу. 22. Адыгэ шууей цIэрыIуэу щыта, дунейпсо, къэралпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу бжьыпэр щызыубыда … Жамбот. 28. Гъатхэр къызэрысу жыгхэм … иратащ. 29. Удзыжь. 31. ХадэхэкI. 35. БжэIулъэ. 36. … псэумэ, пыIэ щыщIэркъым. 37. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист. 38. ХадэхэкI. 40. Къамыгъэсэбэпа, ямыва щIы. 41. Нартхэм я фа-дэр абы къыхащIыкIыу щытащ. 42. Хьэпщхупщ шынагъуэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ШыщхьэуIум и 3-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. Джанэ. 3. Бэлыхь. 5. Дерс. 8. Дерт. 10. Лэкъум. 11. Пэжым. 12. КIэнауэ. 13. Тэрэзэ. 14. Бэдж. 15. Бжьыхьэ. 17. Щтауч. 21. Гъудэ. 22. Ухэныпэ. 23. Умэ. 24. Хущанэ. 25. Пшынэ. 27. Бгъэ. 30. ЖьантIэм. 33. Шыгъажэ. 35. Делэм. 36. НАТО. 37. КIыргъ. 38. Хахуэ. 39. Набдзэ. 40. Хьэрш.
- Къехыу: 1. ДжэдуукIэ. 2. Нартан. 3. БжьапцIэ. 4. Хьэжмэт. 6. ЕкIэпцIэ. 7. Сымаджэр. 9. Iужажэ. 15. Бэдэху. 16. Хьеуан. 18. Тхьэгъуш. 19. Чымпэ. 20. Гъунэ. 26. Бжьэкъунтх. 28. Гъаблэ. 29. Къэрэгъэш. 31. Нартыху. 32. Мудрэн. 33. Шумахуэ. 34. Акъсырэ.