ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГукъэкIыжхэр къыщыптегуплIэм и деж

2019-08-10

  • УэрэджыIакIуэм и зэфIэкI
  • И уэрэд гукъинэхэмрэ и макъ гуакIуэмкIэ ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIы дыдэу къыщацIыху ПащIэ Ленэ. Телевиденэми радиоми я гъэтIылъыгъэхэм куэду хэлъщ абы игъэзащIэу щыта уэрэдхэр, ахэр щIэх-щIэхыурэ къат. Ленэ и макъым и къабзагъымрэ и утыку итыкIэ екIумрэ уатхьэкъу, къыхужаIэу къекIуэкIащ.

  • ПащIэ Ленэ

    Абы концерт куэд щитащ Кавказым и къалэхэми, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэм я жылагъуэхэми. Ар фIыуэ къалъагъуу ирагъэблагъэу щытащ США-м, Тыркум, КъуэкIыпIэ гъунэгъум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэ зэIущIэхэм я фIыщIэкIэ хамэ къэралхэм благъэхэр къыщигъуэтыжащ, ныбжьэгъу пэж хуэхъуахэр щиIэщ.

  • Ди редакцэм зэзэмызэ къыщIохьэ Ленэ, нэхъыжьыIуэхэри лэжьэн щIэзыдзагъащIэхэри и нэIуасэщи, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэрэ епсэлъэкIэрэ къыхуегъуэтыф. Псори фIыуэ дыкъызэрилъагъур зыхыдощIэ, дыкъызэрилъытэм, дызэригъэгушхуэм папщIэ пщIэшхуэ худощI, ди хьэщIэ лъапIэщ.
  • АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэхуэдэу фIыуэ матхэ Ленэ. Куэдым ядумылъагъу гурыхуагъкIи тхьэр къыхуэупсащи, и гъащIэм къыщыхъуа-къыщыщIахэр гъэщIэгъуэныщэу, гугъэзэгъауэ итхыжын лъокI. Дунейм къытехьащ абы и гукъэкIыжхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэрыт тхылъ, «Си гъащIэ — си уэрэд» («Жизнь моя — песнь моя») фIищауэ. Ар Iыхьищу зэхэтщи, зым къыщыхьащ и адэм къыхуиIуэтэжа хъыбархэр, етIуанэр — и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ гум къина Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр къыщыIуэтэжа тхыгъэхэрщ, ещанэр, «Хэкум пэIэщIэу» зыфIищар, нэгъуэщI къэралхэм и нэгу щыщIэкIахэрщ.
  • Куэд зыхузэфIэкIа бзылъхугъэ щыпкъэщ Ленэ. ГъэщIэгъуэныщэу абы и гуащIэшхуэ хилъхьащ и тхьэмадэм и адэ ПащIэ Бэчмырзэ и щIэиныр зэхуэхьэсынымрэ хъумэнымрэ. Щыпсэу пщIантIэм (Нартан къуажэм) абы къыщызэIуихащ Бэчмырзэ и музей, илъэс куэдкIэ езым и мылъкукIэ, и къарукIэ игъэлэжьащ, зыхуей хуигъэзащ. Илъэс зыбжанэ хъууэ аращ ар республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм зэрыхагъэхьэрэ. Ауэ иджыри лъэкI къигъанэркъым утемыукIытыхьу цIыху къебгъэблэгъэн хуэдэу музейр щигъэтынымкIэ. Бэчмырзэ теухуа куэд зэхуихьэсыжащ бзылъхугъэм, архивхэм къыщигъуэтыжа дэфтэрхэр и тегъэщIапIэу Iэджэ къиугъуеижащ, ахэр къыщызэщIикъуауэ ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа тхылъ щхьэхуи, «Ещё раз о Бекмурзе…» фIищауэ къыдигъэкIащ.
  • ХужыпIэфынур гъунэжщ Ленэ, дэтхэнэ псалъэ гуапэри и гъащIэмкIэ, и гуащIэмкIэ, и зэфIэкIымкIэ къилэжьауэ. Узыншагъэ быдэрэ гукъыдэжрэ иIэну, музейм теухуауэ и хъуэпсапIэхэр къехъулIэну дохъуэхъу, и гукъэкIыжхэм щыщ зыбжани ди гуапэу тыдодзэ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  •  
  • Сабиигъуэм епхауэ
  • Гъэмахуэ кIыхьым Къущхьэхъу щыIа ди адэр къэсыжащи, унагъуэм исхэр зэблож. Ди анэр мэпщафIэ, си дэлъху нэхъыщIэм шыр егъэпскI, си шыпхъу цIыкIумрэ сэрэ и щыгъынхэр дожьыщI. ЗитхьэщIыну папэ зэрежьэу жьыщIыгъэр хыфIызодзэ, тасымрэ къубгъанымрэ къызопхъуатэри, си адэм сыбгъэдохьэ. Сыту сфIэфIыIуэт абы псы тескIэурэ зезгъэтхьэщIыну! Сыхуэсакъыурэ, и щхьэм псы тескIэурэ и щхьэфэм телъ дыркъуэр къэслъагъурти, си нэгу къыщIидзэрт жэщ кIыфIым хэту си адэр сэлэтхэм псырэ шхынрэ къахуихьыну зэрежьар. Iуэхур щекIуэкIыр Елъхъуэт дежт. Нэмыцэхэр къебгъэрыкIуэрт, абдежым фIэкIмэ шэшэным я щIыдагъэр къаIэрыхьэнурэ, хуиту я танкхэри, кхъухьлъатэхэри, мотоциклхэри къыпэувынут Кавказым. Зыкъомрэ пща нэужь, пщIэнтIэпс шугъэм и нэр щIисыкIырти, гъущI каскэр зыщхьэрихри зригъэтIылъэкIащ. Абдежым шэ цIывар и щхьэху дыдэм хуэзэу тецIэфтри и щхьэфэм Iыхьэ цIыкIу триудащ, лъыри къыщиудащ. Зы тIэкIурэ зиудыгъуауэ щылъри, лъымрэ пщIэнтIэпс шугъэмрэ бэлътокукIэ ирилъэщIыкIыурэ и гъуэгум пищащ. Гъуэгу Iуфэм нэмысыпэу, тхылъымпIэ лантIэм къыхэщIыкIа къэпым Iууащ. Къэпыр хьэлъэт. Тхьэм ещIэ, нэмыцэхэм хуашэ шхыным щыщу къакIэрыхуагъэнт. «Сыт илъми ерыскъыIэ?» — жиIэри, къэпыр и ныбжьэгъу сэлэтхэм я деж нигъэсыным яужь ихьащ. Я тIысыпIэм къэсыжу къэпыр къыщатIэпIам, бдзэжьей гъэгъуа илъу къыщIэкIри, мэжэщIалIэхэм затIыжащ. Мис иджы псы Iэмал имыIэу трафыхьыжын хуейти, псы къахуихьыну аргуэру гъуэгу теувэжат си адэр.
  • А щIыпIэхэр абы фIыуэ ицIыхурт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Ашэбей жылэм щиIа мылъкур — жэм тIощIрэ тхурэ, мэл гуартэ колхоз къэунэхум ярита нэужь, и анэм и къуажэ Шэджэм Езанэм Iэпхъуат. А лъэхъэнэм Ашэбей жылэм участковэу ЦIыпIынэхэ я щIалэ щылажьэрт. Си адэм пщIэ къыхуищI хъунти, гъэпщкIуауэ жэщу зыкъыхуигъазэри къыжриIэгъащ: «Хъэлид, уи мылъкур птакIэ уяужь икIынукъым мыхэр, уи унагъуэр къащти дэкI, нэхъ жыжьэIуэу». Я гъунэгъу щIалэ УнэшхуэлI ФIыцIэ къриджэри: «ЗэшиплI фохъу, уэ си лъапсэм къэIэпхъуи щыпсэу. Тхьэм ущигъэунэ. Зэгуэр псэууэ сыкъанэрэ сыкъыдыхьэмэ, гуапэу «Къеблагъэ, Хъэлид» къызжеIэ», — жриIащ.
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ анэш къуажэм къыщыхута щIалэм и адэнэпIэсыр, абы и бынхэр, и анэм абы дигъуэта и къуэш цIыкIур ипIын хуейти, лэжьыгъэ лъыхъуэ ежьащ. Къугъуэлъкъуей къуажэм щыщ Тэнащхэ я шыхъуэ нэхъыжьу уври, илъэситхум и кIуэцI шы гуартэ къилэжьат, арат Елъхъуэт и Iэгъуэблагъуэхэр фIыуэ щIицIыхур. ДищIхэр зэпылъти, шыхъуэхэр зэрыцIыхурт. Алыхьым и фIыщIэкIэ псыри къахуихьри, бдзэжьей яшхам тригъэфыхьыжащ.
  • А къомыр си нэгум щIэкIырт, си адэм и щхьэм телъ дыркъуэм сыщеплъкIэ.
  • А зэманым илъэс пщы)кIущ сыхъуагъэнт, балигъыпIэ сиувэу хуежьати, си бгыр псыгъуэу къэнэн щхьэкIэ, бгырыпх бгъуэшхуэр махуэ псом зыщIэзмыхыу си бостей щIагъым щIэлъу зесхьэрт. Си дэлъху цIыкIум шыр игъэпскIауэ шэщым щыщIишэжым, селъэIуащ пщэдджыжь жьыуэ къыздэтэджу шы-уанэр схузэтрилъхьэу, къуажэ гупэмкIэ тIэкIу къыщызигъэжыхьыну. ДызэрызэгурыIуам тету, нэху мыщ щIыкIэ дыкъэтэджри, къуажэ гупэм дыдэкIащ. А зэманым унагъуэ щыстэкъым абдеж, колхоз губгъуэшхуэт, нартыху бэгъуа щагъэкIауэ.
  • Нэху мыщыпэ щIыкIэ, зыми гу къытлъамытэу, дыкъыдыхьэжри, шыр бом щIэдгъэувэжащ. Абы хэту си адэри къэтэджри бом щIыхьащ, шым и Iусыр иIыгъыу. «Мыр сыт, зыгуэрым уигъэщта, укъэпщIэнтIаи», — жиIэурэ едэхащIэрт ар и шым. Сэ хуому кIэбгъу зысщIри, си Iуэхухэм яужь сихьэжат.
  • Школым сыкъикIыжа нэужь щтэIэщтаблэу унэм сыкъыщIыхьэжащ, зыгуэркIэ си адэм ди щэхур къищIауэ пIэрэ жысIэу. АрщхьэкIэ псори тэмэмт. Мамэ игъэжьа щIакхъуэ тебэр хьэку дапхъэм тету, мыдэкIэ кIэртIоф жьэркуейр бахъэр къыщхьэщихыу, и мэ дахэм уи щхьэр игъэуназэу щыту. Зэрыбынунэу IэфIу уздэшхэн нэхърэ нэхъыфI дунейм тет хъункъым. Къалмыкъ шей дытефыхьа нэужь, хьэкъущыкъухэр зэхэттхьэщIэжри, ди адэм дыкъетIысэкIащ.
  • «Къущхьэхъу дыкъыщехыжым, сыт щыгъуи хуэдэу Мыншакъ и Iуащхьэм, Къэнжал дей дыкъыщыувыIащ, — иригъэжьащ си адэм. Ленэ, плъэгъуащэрэт а щIыпIэр… ДэкIыпIэ закъуэмкIэ Къанжалыщхьэ сыдэкIри си нэгу къыщIыхьащ абы щекIуэкIа зауэр. Зауэм хахуэу ухэт къудейкIэ зэфIэкIыркъым. А лъэхъэнэ гугъум акъыл зэхэдзэ ящIу ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Ашабэ и къуэ Мыншакъ сымэ утыку къимыхьатэмэ, Тхьэм ещIэт къэхъунур. Дауэ къыфщыхъурэ, Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэдауэ, мин тIощIрэ пщIырэ хъууэ Къэбэрдейм къихьа Кърым хъаным и дзэм утекIуэныр?
  • ЗэрывжесIащи, си адэ Жэмырзэ и адэшхуэм и къуэшищ и гъусэу хы Iуфэм къикIахэщ. Зыр Ашэбей, адрейр Джылахъстэней, ещанэр Аушыджэр, мыдрейр Бахъсэн аузым щытIысахэщ.
  • Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрызэхэсхамкIэ, Мыншакъ сымэ дыкъытепщIыкIащ. Си адэр сэ илъэсищ срикъуа къудейуэ дунейм ехыжати, гугъу сехьу сыкъэхъуащ. Мыншакърэ Iыншакърэ лIы лъэрызехьэу къэгъуэгурыкIуауэ яIуэтэжырт. Мыншакъ лIышхуэтэкъым, ауэ егъэлеяуэ къаруушхуэ хэлът. Тэтэрхъаным и пелуанхэм пэувырти текIуэрт.
  • Мыншакъ и щхьэр джафэу упсауэ и щхьэкум акIэ тету, пащIэшхуэ игъэкIыу щытащ. БлыгущIэту иIэт зылI. Абы зэреджэр ЦынэпIытIт. Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIыр ЦынэпIытI япэ зыми къищIэртэкъым. ЦIыхум щахыхьэкIэ зигъэделэIуделафэу, арщхьэкIэ губзыгъащэ нэхъ лажьэ имыIэу…»
  • Къэнжал зауэм и хъыбархэр ди адэм къыджиIэурэ дыкъэхъуати, зыгуэрхэм дыщыгъуазэт, ауэ сабийхэм еджапIэм ахэр щрагъэджу щытамэ, ди зэманым хьэлэбэлыкъ дыхадзэфынутэкъым Iуэхум хэзымыщIыкI, зауэ-банэ лъыхъуэхэм.
  • ПащIэ Ленэ и адэ-анэр

  • Гуанэ зулъкъэрней  уэрэд хуэзыусахэр ди зэманым псэуатэмэ…
  • Си адэм и гъусэу хьэщIапIэ сыкIуэну сфIэфIт. Езыми быным сазэринэхъыжьрат е фIыщэу зэрыслъагъур зыхищIэрэт, сытми, дэнэ кIуэми сыздишэрт. Мысостей дэс и шыпхъу нэхъыщIэм деж лъагъунлъагъу дыщыIауэ дыкъежьэжат.
  • Куэди къэдмыкIуауэ, зы куэбжэ гуэр деж дыкъыщигъэувыIэри: «Мы унагъуэм сащIэмыупщIэу дыдэкIыж хъунукъым», — жери дыдыхьащ пщIантIэм. Си адэр бжэм щытеуIуэм, нэгъуджэ Iулъу, пащIэшхуэ тету зылI къыщIэувыкIри: «Уа, Хъэлид, сытым укъытхуихьа? Iэу зиунагъуэрэ, щхьэ фызэтеувыIа, фыкъеблагъэ», — жиIэурэ, тIуми гуапэу сэлам къыдихащ. «Дэ Лалыху деж дыщыхьэщIауэ докIуэж, ауэ узмылъагъуу сыдэкIыжын си гум техуэнутэкъым», — пидзыжащ си адэм. Сэлам-чэламыр зэфIэкIри, ди гъуэгу дытеувэжащ.
  • — Папэ, хэт ар? — жысIэу сыщеупщIым, мыращ хъыбар къызжиIэжар.
  • «Сэ илъэсищ си ныбжьу си адэ Жэмырзэ дунейм ехыжри, куэди дэмыкIыу си анэр къыдэкIыжащ ди адэм и лъапсэм. Дэрбзэр Iэзэти, абыкIэ къилэжьым дыкъуэсу, сэри схузэфIэкIыр сщIэуэ, щIэгъэкъуэн сыхуэхъуу дыпсэуащ. Ауэрэ Къундэтей щыщ ефэнды Гуанэ МатIэ къылъыхъуащ си анэм. Бынитху иIэу и щхьэгъусэр дунейм ехыжат абы. Арати, гугъу сехьырт. И къуэхэр сэ нэхърэ нэхъыжьти, щIэпхъуэ жаIэмэ — сыщIэпхъуэу, къэувыIэ жаIэмэ — сыкъэувыIэу, задезмыгъэкIуу мыхъуу. АнэдэкIуэу укIуауэ утыншынт? Зы хъыджэбз цIыкIу МарьянэкIэ еджэу къыздагъуэтыжати, ди анэр абы нэхъ нэлейкIэ еплъмэ, и мылъхупхъухэр ефыгъуэрт. Алыхьым сыкъещIэ, си анэм къилъхуам хуэдэу Iэминати, ФэтIимэти, Зурияти слъагъурт. ХуэщIауэ псэурт Гуанэ МатIэ а лъэхъэнэм, зи пырхъуэр абджыпсу къуажэм дэсыр а зырат. Зыхуэныкъуэ щымыIэу псэуми, зи анэр зыфIэкIуэда зэдэлъхузэшыпхъухэм анэнэпIэсыр фIыуэ яхуэлъагъуртэкъым… Иджы мы сэлам зэтхар а зэшхэм язщ — Гуанэ Зулъкъэрнейщ ар. Зы Iуэху мыхъумыщIэ къыдэхъуэгъащ абы. Мэжджытым нэмэз щищIауэ къыщыщIэкIыжым, и гуэншэрыкъыжьыр къыщIинэщ, нэгъуэщI гуэншэрыкъ щIэрыпс щитIагъэри кIуэжащ. Зыхуэныкъуэ щымыIэу псэурт ар, ауэ щыуауэ пIэрэ, хьэмэрэ и шейтIаныр къытекIуэу гуэншэрыкъыщIэр къигъэкIуэса? Ар зыщIэр езыращ. Дауи, а къыIэщIэщIар хэIущIыIу хъуащ. Нэхъыжьхэм Хасэм ираджэри, фIыуэ къепсэлъащ, езыми жиIащ имыщIэу къэхъуауэ, вакъэр зейм иритыжащ, ауэ абы иужькIэ Мысостей къуажэм и щхьэр дихащ. Зы уэрэди хуаусат абы».
  • ИужькIэ, си насыпыр зыхэлъым сыдэкIуа нэужь, си адэм къызжиIэгъат: «Тхьэкъуахъуэхэ исщ зэшыпхъуищым яз Гуанэ Зурият, ар къуажэкIэм щопсэу, гулъытэншэ зэи умыщI, Ленэ», — жиIэри. Зурият зы хъыджэбз закъуэ иIэу фызабэу къэнат. Си адэм жиIар сигу илъти, зэрысхузэфIэкIкIэ гулъытэ хуэсщIу сыпсэуащ. ЗэрытщIэжщи, ди нэхъыжьхэм я урысыбзэр нэгъэсатэкъым. Арати, уэ зэхэпха, сэ зэхэсха? Зурият я гъунэгъу урыс фыз Галя жриIэгъар ноби ягъэхъыбарыж. Адыгэ хъыджэбзхэм а зэманым нэмыс яхэлъу, хабзэ зэрахьэу щытащ. Галя и пхъур щIалэжь цIыкIум хуэдэу псынщIэт, дырийпсырийт, ар и анэм къыгуригъэIуэну жриIэгъащ: «Галия, а Галия, ваша дочка очень хулиганная. Ишаком кататьцая, на мостом качатьцая! Очень хулиганная ваша дочка!»
  • Иджы ди зэманым сыкъоIэбэж. Архивым сыхэсу, Гуанэ Зулъкъэрней хуауса уэрэдыр къыспэщIэхуэри, аращ си сабиигъуэм си адэм къызжиIэжа хъыбарыр щIэстхыжар.
  • ГУАНЭ ЗУЛЪКЪЭРНЕЙ И УЭРЭД
  • Фадэ плъагъум уи нэр къокI,
  • Шэджэм уикIри хъуэн къэпхьащ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  •  Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Къатыр нэпцIкIэ укъэкIуащ,
  • Къатыр цIукIэ укIуэжащ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  • Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Сохъустэ лъакъуэр лъакъуэ кIыхьщ,
  • Лъапщэ кIыхьурэ къэбдыгъуатэм,
  • Ежьу: НэхъыбэIуэрэ урикъунт,
  •  Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • МуIэзиныр пэщхъыныхъущ,
  • Къатыр быхъур хэпхъуэжащ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  • Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Сохъустэ мыхъуу пIастэ лъыхъу,
  • ЛIыжьхэр вакъэм бгъэлъыхъуащ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  •  Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Я нэхъ хьэбзым уобзэрабзэ,
  • Я нэхъ бзаджэр уи кIуэгъужэгъущ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  •  Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Сыхьэтыпсыр дзыгъуэм ехь,
  • Уи уэрэдыр бэм яхьащ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  •  Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Я нэхъ дахэм укъегъапцIэ,
  • ЛIыжьыр лъапцIэу бгъэкIуэжащ.
  • Ежьу: Ари сыту напэтехт,
  •  Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Фи Iустазыр Iупэ пIащIэщ,
  • УмыпIащIэу ухэплъатэм,
  • Ежьу: НэхъыфIыIуэу къыхэпхынт,
  • Гуанэм и къуэу Зулъкъэрней!
  • Зулъкъэрней а къыIэщIэщIам ириукIытэу, зэрыжаIэщи, лажьэрэ шхэжу дунейм тэмэму тетащ. Мы щапхъэр къыщIэсхьар нобэ дызыхуэкIуам дегупсысын щхьэкIэщ. Ауэ мыри фщIэну сыхуейт. Гуанэхэ иджыри зы Зулъкъэрней яIащ. Абы и цIэр дыщэ уагъэкIэ хэухуэнащ ди тхыдэм. И щIэныгъэ, и цIыхугъэ, и дуней тетыкIэмкIэ къилэжьыжауэ.
  • Ди напэм едгъэкIу хъуахэм девгъэгупсысыж. Модэм зыдедмыгъэхьэхыу, дыхуиттэкъэ ди адыгэ фащэр тщыгъыну? Зехьэгъуеймэ, нэхъ кIэщIу, ауэ щIыIу бгырыпхыр хэдмыдзу, абы чысэ дахэри и гъусэу — уи Iупэлэри телефонри илъу. Нобэ ди хъыджэбзхэм джинсыр ящыкъузауэ маршруткэхэм къыщикIкIэ, нэхъри узыIуплъэ мыхъун къыщIэмыщ щIыкIэ икIарэт, жыуагъэIэ. КъызэфIэувэми, я бгъэм и ныкъуэр къищу, ищIагъыIуэкIэ — и бынжэр къыщIэщу.
  • Нэхъыжьхэр мэукIытэ, щIалэхэм япэм хуэдэу яфIэщIэщыгъуэжкъым бзылъхугъэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псори нэрылъагъу хъуащ…
  • Нобэ нэмыс, хабзэ, гущIэгъу жыхуэпIэхэр щай фIыцIэу кърадзэжыркъым. ПщIэ зиIэри зи Iуэху пхыкIри мылъку зиIэхэращ. ЛIыукIми, дыгъуэгъуакIуэми, бзылъхугъэу и Iэпкълъэпкъыр ищэу къилэжьами — ар псэукIэ зыщIэщ, узыдэплъеинщ.
  • Дэ ди лъэпкъэгъухэр мелуан бжыгъэкIэ мы дунеишхуэм щытепхъакIэ, хэкум зы мелуани щимыскIэ, егъэлеяуэ дызэхуэмысакъыжмэ, дызэтеунэхъуэнущ.
  • Псом япэр ди щIалэгъуалэм щIэныгъэ яIэнымрэ сом къалэжьын щхьэкIэ зи щхьэр къезыхьэкIхэм IэнатIэ ди деж щагъуэтынымрэщ. Мылъку зиIэхэм тыкуэн, шхапIэ къызэIуах. Ди завод къомыр, минищэ бжыгъэкIэ цIыхухэр щылажьэу щытар, бейхэм пуду ящэхужауэ зэрыхуейуэ къагъэсэбэп.
  • Адыгэ унагъуэ дапщэ зэтекъута? ЯлIхэр сом къалэжьыну ежьэрэ щIыуэпсыр къемызэгъыу сымаджэу къашэжу, е зыщIыпIэ щаукIыу. Бзылъхугъэхэр сондэджэру хыхьэжрэ, мыдэкIэ я бынхэр зэIыхьэу, я щхьэгъусэхэм нэгъуэщI бзылъхугъэ къагъуэту.
  • Сыт ди Iэмалыр? ХэкIыпIэ къэлъыхъуэн хуейщ. ДызыхуэкIуа щытыкIэм дытет зэрымыхъунур къыдгурыIуэу, акъыл зэхэдзэ тщIыуэ, дызэрыпсэун Iуэху зетхуапхъэт. ЦIыху лажьэхэр щхьэ тхьэмыщкIэн хуей? КIуэ лэжьэпIэншэхэр гурыIуэгъуэщ. Сэ содэ хьэрычэтыщIэм сыхуэлажьэми, къэрал IэнатIэ сыIутми — схуэфащэ улахуэ къызатмэ, газ, свет, псы уасэр ста нэужь, сызэрыпсэун къыдэхуэу. Нобэ тхъэжу псэухэр цIыхуу дунейм тетым щхьэкIэ къигъэщIа щIыдагъэр, газыр, фIамыщIыр, дыщэр, мэзыр зыIэщIэлъхэращ. Щхьэ апхуэдэ щытыкIэм дыхуэкIуа?
  • Аращи, Гуанэ Зулъкъэрней уэрэд щIыхуаусар дыхьэшхэн къыпщохъу мыукIытэу, мышынэу цIыхубэм яIэрыхьэн хуей миллиард бжыгъэхэр зи жып щетIысэххэм я хъыбар махуэ къэс щызэхэтхкIэ.
  • ГъащIэм и зэхэлъыкIэ
  • «Сыту IэфIыщэ нарзан Iубыгъуэр!»

  • Пщэдей ди адэ шыпхъу гумащIэ Лалыху дей мамэрэ сэрэ дыкIуэнущи, согуфIэ. Дыгъуэпшыхь папэ фIигъэжа адакъэр матэм ирегъэзагъэ ди анэм, фошыгъу зэрылъа къэпым щыщ тхылъымпIэ лантIэр абы и щIыIум трелъхьэри, тхъурыжь дахэхэр дысакъыурэ абы сатыритIу тыдогъэзагъэ. Иджы къэнар чэсыргей бостеяпхъэращ. ИужькIэ ди анэм чэсейкIэ матэр щхьэщедыкIыжри, гъуэгу дытеувэну дыхьэзырщ.
  • Гъатхэщ, дунейм и дахэгъуэщ. ГъуэгубгъуитIымкIэ Iут мэзым и дахагъэр пхуэIуэтэнукъым, ар плъагъун, и мэр жьэдэпшэн хуейщ. Сыту дахащэ ди хэкур! Си ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэр си гъусэу мащIэрэ щIэтщыкIыркъым мы мэзыр. Гъатхэ къэс зэрыжылэу дыдэкIыурэ жыг хэтсэ щхьэкIэ, мэзыр йокIэщIыкI, дошынэ Фанер заводым щалэжьыжын ямыгъуэту зэхуащIыжынкIэ, къуажэри хэкIуэдэжынкIэ. НэгъуэщI лэжьыгъэ мы къуажэ цIыкIум дэлъкъым. Аращи, сабийхэр псыхъуэм дыдэтщ, бел зэрыз тIыгъыу, фIамыщI е дыщэ къыщIэхыпIэ къыдолъыхъуэри. Дыщэпс тегъэлъэда хуэдэу мывэ къэдгъуэтмэ, догъэтIылъ. Ди фIэщ мэхъу зэгуэр дэ ди хьэтыркIэ ди къуажэм иджыри завод къыщыунэхуну…
  • Мысостей дыкъэсри машинэм дыкъикIащ, гъуэгур зэпыдупщIри Бейкъул Къубат и лъапсэмкIэ дыунэтIауэ дыдокIуей. ПщIантIэм дыщыдыхьам Къубат и щхьэгъусэ си адэ шыпхъу Лалыху къытпежьащ кIэ къуагъым зыкъуэзыгъапщкIуэ Ларисэ цIыкIу щIыгъуу. Абы зы гуфIэгъуэ и нэгум къищырти пхуэIуэтэнтэкъым «Уи, делэ цIыкIу, зумыгъэпщкIу, мы къэкIуахэр уи шыпхъу Ленэ цIыкIурэ, си дэлъху дыщэ Хъалид и щхьэгъусэ дахэ Жангуащэрэщ», — жриIэурэ IэплIэешэкIкIэ унэм дыщIишащ. Сыту гуфIэгъуэшхуэ апхуэдэ зэхущытыкIэ дахэ уи зэхуакум дэлъыну! Мылъкуу дунейм тетым нэхърэ нэхъ лъапIэщ ар.
  • Арати, Лалыху и мылъхубын цIыкIухэри Къубатрэ езымрэ зэдагъуэта цIыкIуитIри си гъусэу я хадэшхуэм дихьащ. Жьы дыдэ хъуа жыгышхуэхэр къэгъэгъати, я дахагъэм узыIэпишэрт. Егугъуу бжьыхьэм хиса бжьынри бжьыныхури сатыр дахэу къытеуват. АдэкIэ щIышхуэ къыпылът белкIэ итIауэ, трилъэщIэжауэ, и чэзур къэсмэ, кIэртIоф жылэри нартыхури зэрыхисэнум хуэдэу. «Дауэ пэлъэща мыпхуэдизым си адэ шыпхъу тхьэмыщкIэр, сабийхэр иджыри цIыкIущ, и щхьэгъусэращи, тIэжыфынукъым, езым нэхърэ илъэс тIощIкIэ нэхъыжьынщ, и лъэтхьэмпэ ижьым дыркъуэшхуэ телъщи щIакъуэщ, баш иIыгъщ. ИтIани, и унагъуэшхуэр ипIын щхьэкIэ амбарым хъумакIуэу щолажьэ», — сегупсысащ сэ.
  • Ауэрэ пщыхьэщхьэ шхынри хьэзыр хъуати, сабийухэр Iэнэ хъурей цIыкIуитIым дыкърагъэтIысэкIри, жэрумэрэ пIастэрэ къытхутрагъэувэ. ТIэкIу дедзакъэщ, псыIэрышэ цIыкIум ди Iи, ди напи, ди лъакъуэхэри хэттхьэщIэри дагъэгъуэлъыжащ. Си анэмрэ сэрэ зы пэш щхьэхуэ цIыкIу тхухахат. Сэ тахътэбан гуэрым сытрагъэгъуалъхьэри, джэдыгушхуэ къыстрапIэжащ. Лалыхурэ мамэрэ зыкъомрэ зэпсалъэу щысыжахэщ. Сэ зызудыгъуарэ джэдыгу къыстрапIам семызэгъыу, узэмысар Iуэхушхуэкъэ, хьэпIацIэ цIыкIу гуэрхэр хэс хуэдэу къысщыхъуу зызгъэджэрэзурэ, сытми зы зэман зэ сыIурихащ.
  • Пщэдджыжьым жьыуэ дыкъэтэджщ, къалмыкъ шей дефэри, дежьэжыну зыкъэтIэтыжащ. Лалыху игуми дыпымыкIыу, зыгуэркIэ къытхуэупсэнуи хуейуэ пIейтейт. ИтIанэ, зыгуэр къызэригупсысар IупщIу, и нэгум къищу гуфIэу: «А Гуащэ, хьэжыгъэ пыт зэдэпхь хъункъэ, фэ фыкъэщэхурышхэщ, зи мыхъуми бынунэм щIакхъуэ, лэкъум яхуэбгъэжьэнщ», — жиIэри гуэнымкIэ иунэтIащ. «Лалыху, куэдщ, умыгузавэ, а хьэлъэр схуэхьынкъым сэ?» — жиIэурэ, си анэр яужь иуващ и пщыпхъум. Сэри си закъуэ сыхуейтэкъым сыкъэнэнуи, абыхэм сакIэлъыкIуащ. Сабийхэр псори жейрт, и щхьэгъусэ Къубат дыгъуэпшыхь хъумакIуэ зэрыдэкIат.
  • Сыпсэуху сщыгъупщэнкъым гуэныщхьэр щытрихам Лалыху тхьэмыщкIэ къигуIамрэ, нэпсу щIигъэкIамрэ. Сэ къэхъуар къызгурыIуэртэкъыми, Iэнкун сыкъэхъуауэ сыщытщ. «Алыхьым укъигъэщIам уи гур хыумыгъэщI мыбы щхьэкIэ, си гур умыгъэуз, дызэрылъэгъуащи ари сыт и уасэ? Умыгъ, Лалыху», — жиIэурэ и нэпсхэр хуилъэщIырт. Мы гуэным къыщилъэгъуар сыту пIэрэ си адэ шыпхъум?» — жысIэри, сэри лъапэпцIий зысщIри сиплъащ гуэным. Зыгуэр хэIэбэмэ кърищIэжыну Къубат и IэпIэр телът хьэжыгъэм…
  • Ди къуажэм кIуэ автобусым дыкъыкIэрыхуауэ къыщIэкIащ. Зы машинэ гуэр Хьэтуей нартыху ишэу къэувыIэри, дитIысхьащ Лэскэн щыдэбгъэзейм дынидзысыну делъэIури. Мыбдежми Iэджэрэ дытетащ гъатхэ дыгъэм дилыпщIу, дымэжалIэу. Сытми, зы зэман зэ зы мэршынэшхуэ Фанер заводым пхъэбгъу къришыну кIуэуэ къэувыIэри, дыгуфIэу гъуэгу дытеувэжащ. Си гур къызэрыгъуэтыжа нэужь, Лалыху гъыуэ си нэгу къыщIэувэжри, Алыхьым зыхуэзгъазэри щэху цIыкIуу селъэIуащ: «Алыхьышхуэ, сыдэкIуэн хуей хъумэ, Къубат хуэдэу лIы быдэжь къызумыт», — жысIэри.
  • Зэман Iэджи дэкIащ абы лъандэрэ. Архивым ПащIэ Бэчмырзэ теухуауэ зыгуэрхэр щыIэмэ къыщIэсIукIыу сыщIэсу, зы тхыгъэ къысIэрыхьащ. Абы итрат: «ПащIэ Бэчмырзэ хьэщIапIэ къэкIуэрейт и благъэ Бейкъул Къубат деж». Тхылъыр зэзгъэтIылъэкIри, сыдыхьэшхыу пэшым сыкъыщIэкIащ. Пэшым щIэсхэр зэплъыжат, къысщыщIар къагурымыIуэу.
  • Бэчмырзэ и къуэш тIолъхуэныкъуэ Хьэжмырзэ къытепщIыкIахэр къэзгъуэтыжа нэужь, абы и пхъурылъху Гания къызжиIащ: «Си адэшхуэ Хьэжмырзэ и къуэ закъуэ Чэлимэт къишар Бейкъул Къубат и шыпхъум ипхъут. Ар Хьэмыкъуэхэ япхъут».
  • ГъэщIэгъуэнщ мы гъащIэр. Сэ сысабийуэ Къубат хуэдэу лIы быдэжь къызимытыну Алыхьым селъэIуауэ щытати, Къубат благъагъэкIэ пыщIа ПащIэ Бэчмырзэ и къуэрылъхум си насыпыр хилъхьащ.
  • Хъыбарыр къыщезгъэжьам жысIаи Фэнер заводым дыщытесам, цIыкIуи ини мэзым дызэрыхуэсакъыу щытар. Си ныбжьэгъу цIыкIухэм я гъусэу дыщэ, фIамыщI къэтлъыхъуэу зэрыщытар. Ди гум къыджиIэ хъунт мэзыр икIэщIыкIым къуажэ цIыкIур зэрыхэкIуэдэжынур…
  • Си шыпхъу нэхъыщIэ Людэ, абы школым къыщыдеджа Атэлыкъ Людэ, си щIалэ нэхъыжьым ипхъу цIыкIу Лалинэ сымэ си малъхъэм нэгъабэ зыдигъэплъыхьыну дишат Фанер заводкIэ зэджэу щыта, иужькIэ Лэскэн Ипщэ зыфIаща къуажэм. Жьы къабзэм ди щхьэр игъэуназэу, псы къежэх цIыкIум дефэ пэтми зыдмыгъэнщIу дгъэкIуащ махуэр.
  • Ди псэр щIэгузавэу щытар къэхъуащ. Заводыр щыIэжкъым. Фанер унэхэри хэщэхэжащ, ауэ щIышхуэхэр къэхухьауэ щытщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зыхузэфIэкIхэм ящэхужащ…