ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2019

КъБР-м и еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм ират УФ-м и Президентым и грантхэр къыIахыну хуитыныгъэ зэраIэмкIэ щыхьэт тхылъхэр

2019-08-15

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щаритащ УФ-м и Президентым и грантхэр къыIахыну хуитыныгъэ зэраIэмкIэ щыхьэт тхылъхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Фи гъащIэр гъэнщIауэ зэрекIуэкIынур си фIэщ мэхъу

2019-08-15

  • КIуэкIуэ Казбек «Мэшыкъуэ-2019» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэм хэтхэм яхуозэ
  • КIуэкIуэ Казбек Пятигорск къалэм щахуэзащ «Мэшыкъуэ-2019» XX Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэм хэтхэм икIи Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща лъэпкъ щэнхабзэ фестивалыр къыщызэIуахым къэпсэлъащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр, округым хиубыдэ щIыналъэхэм я унафэщIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къуажэ еджапIэхэм къыщызэIуахынущ

2019-08-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ еджапIэхэр я лъабжьэу къызэрагъэпэщынущ «Технология», «Информатика», «Основы жизнедеятельности» унэтIыныгъэхэр зиIэ «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центр 27-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Аланрэ Сабинэрэ «Артек»-м макIуэ

2019-08-15

  • 2019 гъэр ди къэралым щагъэуващ Театрым и илъэсу. Абы ехьэлIауэ къызэрагъэпэща урысейпсо Iуэхугъуэхэм ящыщщ сурэтхэмрэ театр рецензиехэмрэ щагъэлъэгъуа «Театрымрэ сабийхэмрэ-2019» къэралпсо зэпеуэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэр къытщIэхъуэ щIэблэр театрым и тхыдэ къулейм, ди лъэпкъ щэнхабзэ щIэиным щыгъуазэ щIынырщ, театр гъуазджэм цIыхухэр нэхъри дегъэхьэхынырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Къалэ паркыр ягу ирохь

2019-08-15

  • Бахъсэн къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыщыIам абы и паркыщIэм еплъахэщ «Урысейм ухуэныгъэмкIэ и министерствэм проектхэмкIэ и дирекцэ» федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сурманидзе Кемалрэ КъБР-м ухуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ, гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гъэсашэ Жамболэтрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-08-15

  • ШыщхьэуIум и 15, махуэку
  •  Урысейм и Археологым и махуэщ
  •  Кхъухьлъатэ зэпкърызылъхьэм и махуэщ
  •  Тыва Республикэм и махуэщ
  •  Индием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хьэтуей жылэм и щапхъэ

2019-08-15

  • Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей жылэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къурмэн хьид махуэр. Абы иращIэкIа тхьэлъэIур къызэрагъэпэщащ къуажэ жэмыхьэтымрэ администрацэм и унафэщIымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сытым дежи щIэщыгъуэщ тхылъ еджэ цIыхур

2019-08-15

  • Къэбэрдей лъэсырызекIуэ уэрамым шыщхьэуIум и 11-м щекIуэкIащ «HomoLectis. Тхылъ еджэ цIыху» зи фIэщыгъэ фестиваль. Ар къызэрагъэпэщащ Тхылъ саугъэт щIыным и махуэм ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-08-15

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я союзым, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка», «Голос Чегема», «Бахъсэн», «Баксанский вестник», «Вести Прохладного», «Лескенская газета», «Майские новости», «Маяк 07», «Налшык», «Прохладненские известия», «Терек», «Черекские вести», «Эльбруские новости» газетхэм, «Литературная «Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм я редакцэхэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Къэбэрдей-­Балъкъэр» телекомпанием, «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием, «Налшык» жылагъуэ радиотелекомпанием, «Къэбэрдей-Балъкъэр» хъыбарегъащIэ агентствэм я лэжьакIуэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр телекомпанием» и радиом макъымкIэ и режиссёр Ащнокъуэ — Къуэдзокъуэ Тамарэ Шэмсэдин и пхъум хуогузавэ абы и къуэ Къуэдзокъуэ Аслъэн Хьэсэн и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-08-15

  • КъБР-м «Промышленностым щылажьэхэмрэ хьэ­рычэ­тыщIэхэмрэ я зэгухьэныгъэ» и щIыналъэ IуэхущIапIэм и правленэм хэтхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я лэжьакIуэхэр ­КъБР-м «Промышленностым щылажьэхэмрэ хьэры­чэ­тыщIэхэмрэ я зэгухьэныгъэм» и унафэщIым и япэ ­къуэдзэ ГуэбэщIыкI Жантемыр Мухьэмэд и къуэм хуогузавэ абы и щхьэгъусэ Риммэ Мухьэмэд и пхъур дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Узыншагъэрщ псом  япэр

2019-08-15

  • Бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэм терапевт 4319-рэ щолажьэ. Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къипщытащ ахэр щIыналъэхэм зэрыщытегуэшар. Зи гугъу тщIы IэщIагъэлIхэр щынэхъыбэщ Дагъыстэнымрэ (1342-рэ) Ставрополь краймрэ (986-рэ). Абыхэм якIэлъокIуэ Шэшэныр (580-рэ), Осетие Ищхъэрэ — Аланиер (456-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэрыр (405-рэ). Ингушымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щынэхъ мащIэщ — зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу 311-рэ, 257-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Ууеймрэ умеймрэ

2019-08-15

  • Японхэр хущIокъу Курил Ипщэхэм я хытIыгухэр езыхэм яйуэ дунейм къыщагъэхъуну, хэбгъэзыхьмэ, езыхэми я фIэщ хъужа хуэдэщ. Дэтхэнэ дипломатми пщэрылъ щащIащ а хытIыгухэр Японием Iэрыхьэжыным сыт и лъэныкъуэкIи щIэбэныну. Премьер-министр Абэ и адэм и кхъащхьэм и деж тхьэ щиIуащ мы Iуэхур «зэфIихыну». АрщхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, умейр ууейуэ жыпIэми, ар ууей хъуркъым. Мис зы щапхъэ. 2020 гъэм Японием щекIуэкIыну Олимп джэгухэм и пэ къихуэу олимп мафIэр къыщрахьэкIыну щIыпIэхэм я картэ къыдагъэкIащ, абы Урысейм и Кунашир, Итуруп, Шикотан хытIыгухэр, адрейхэр Японием и щIыналъэ хуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

2019-08-15

Тайвань хытIыгум дунеяплъэ кIуэ цIыхухэм я нэхэм япэу къыфIэнэр абы и къалащхьэм къати 101-рэ хъууэ дэт Тайбэй унэ абрагъуэрщ. Метр 510-рэ зи лъагагъ абы тыкуэн, ресторан, нэгузегъэужьыпIэ куэд дыдэ хэтщ. Езым ищхьэ дыдэ къатым унэсыным зы дакъикъи текIуэдэнукъым псынщIэ дыдэу зекIуэ лифтхэм я фIыгъэкIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мэуэтхэр

2019-08-15

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№ 94, 96-хэм итщ).
  • Дыгъэ зыIэтыгъуэу пшэплъыр къыщызэкIэщIитхъым къуэкIыпIэмкIэ шы лъэ макъышхуэ къыщыIуащ. Къыпщыхъурт тенджызым щIыхъей къыщыхъуауэ, псы Iуфэр дэгызу. Адэмей и сэмэгурабгъумкIэ щеплъэкIым, къыгурыIуащ КIэбгъулъ щепсыха нэжьгъущIыдзэр къызэрысар. Дыгъэм плъыжьу ириIа уафэ джабэмкIэ къеха жьыхъарзу* къызэрыхьырт нэрыбгей зэщIэузэдахэр. Дэрдэней зауэлIхэр я пIэм ижыхьауэ, захуэгъэхъеижыртэкъым, я Iэ къэблэгъа тхьэIухудхэм къызэрыхуаIэтынур я щхьэ яхуимыгъэзагъэу. Алыджыкъуэхэм зыкъащIэжу, шабзэхэмрэ джатэхэмкIэ пхъуэхукIэ, гъущI шхуэпэбг зыжьэхэлъ шы лъэдий псыгъуэ лъэпкъыфIхэр къахэлъадэри, дэрдэнеидзэм и япэ IущIэр шыбгъэгукIэ ирахащ нэрыбгейхэм. КIэбгъулъ мэзым къызэрыщIэха нэжьгъущIыдзэм къыхалъхьа хьэлэчым къелар мащIэщ…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-08-15

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 19
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Хэгъэгу джэгушхуэ». Адыгэ щэнхабзэм и фестиваль. Налшык къалэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «ЕджэкIэ нэгузыужь» (6+)
  • 8.45 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр