ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Казбек: Лъэпкъыр узыншэн папщIэ цIыхубэ спортым зегъэужьын хуейщ

2019-08-10

  • КIуэкIуэ Казбек ирихьэлIащ Налшык щыIэ Сабий стадионым Физкультурникым и урысейпсо махуэм и щIыхькIэ къыщызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм. Спорт смен ныбжьыщIэхэр зэпеуащ футболымкIэ, теннисымкIэ, атлетикэ псынщIэмкIэ, гимнастикэмкIэ.

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм гъэсакIуэхэм, спорт смен ныбжьыщIэхэм, абыхэм я адэ-анэхэм яхуэзащ, мы IуэхущIапIэм и зэфIэкIым, абы щылажьэ секцэхэм щыгъуазэ зищIащ. Стадионым спорт школу 2 щыIэщ икIи абыхэм зыщагъасэ зи ныбжьыр илъэси 6 — 18-м  итхэм ящыщу мини 3-м щIигъум. Хабзэ  хъуауэ, сабий стадионым республикэ, щIыналъэ зэхуаку, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ турнирхэр къыщызэрагъэпэщ. Мыбы зы щызыгъэсахэм дунейпсо класс зиIэ спортсменхэр, Урысейм, Европэм, дуней псом щытекIуахэр къахэкIащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен ныбжьыщIэу, балигъыу къэралым и командэ къыхэхахэм 141-рэ хэтщ, спортсмен  1200-м щIигъум разряд зэмылIэужьы гъуэхэр, спортымкIэ мастерым и кандидат, Урысейм спортымкIэ и мастер, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер цIэхэр къыфIащын папщIэ зыхуэфащэ мардэхэр ягъэ зэщIащ. Абыхэм я нэхъыбапIэм я спорт  гъуэгуанэр Сабий стадионым къыщежьащ. Мы IуэхущIапIэм иIэ Iэмал псори нобэ нэгъэсауэ  къагъэсэбэпу жыпIэ хъунущ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм жиIащ мыпхуэдэ IуэхущIапIэу республикэм щыIэхэр нэхъыбэ щIын, абыхэм я къудамэхэр район псоми къыщызэIухын хуейуэ къызэрилъытэр.
  • «Урысейм и Президент Путин Владимир зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ лъэпкъ проект нэхъыщхьэхэр зыхуэунэтIар. Апхуэдэхэм ящыщщ физкультурэмрэ спортымрэ зегъэужьыныр. А къалэныр нэгъэсауэ ди деж гъэзэщIа щыхъун папщIэ «Спортыр  гъащIэм и мардэщ» щIыналъэ программэм тету спорткомплекс зэмылIэужьыгъуэхэр, джэгупIэхэр щаухуэ. Ди дежкIэ мурад нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ лъэпкъым и узыншагъэр гъэбыдэныр икIи а къалэныр дэкIын папщIэ цIыхубэ спортым зегъэу жьынымкIэ, республикэм исхэм, псом хуэмыдэу къыдэкIуэтей щIэблэщIэр спортым хэшэ нымкIэ Iэмал псори зэтегъэувапхъэщ», — жиIащ КIуэкIуэ К. В.
  • Стадионым щекIуэкIа псалъэмакъым ипкъ иткIэ Iуэху зыбжанэ яубзыхуащ. Абыхэм ящыщщ сабийхэм зыщагъасэ пэшхэр нэхъыбэ щIыныр, мини-футбол щыджэгу губгъуэхэм папщIэ алэрыбгъухэр къэ щэ хуныр, аргуэру зы теннис джэгупIэ къы зэIухыныр, спортсмен ныбжьыщIэхэр нэ гъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм хэтын  папщIэ ахъшэкIэ защIэгъэкъуэ ныр.
  • Псалъэмакъым и кIэухым КIуэкIуэ Казбек тренерхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ ехъу лIэныгъэхэр яIэну, къапэщыт турнирхэм  те кIуэныгъэщIэхэр къыщахьыну ехъуэ хъуащ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.