ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Къурмэн хьид махуэшхуэм  и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

2019-08-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ  лъапIэмкIэ!

  • Ар диныр зи фIэщ хъухэм я дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэшхуэхэм ящыщщ. Абы цIыхухэр къыхуреджэ гуапагъэмрэ захуагъэмрэ, гумащIагъэмрэ Алыхьым фIэлIыкIынымрэ, гущIэгъумрэ пщIэ зэхуэ щIынымрэ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, дин зэхуэ мыдэхэр зезыхьэхэм я зэхуэдэ унэ хъуа ди республикэм дежкIэ ислъамымрэ адрей динхэмрэ я хабзэ дахэхэр тегъэщIапIэ щIыныр, абыхэм тетыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ лъабжьэу уващ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм, ислъамым и лъапIэныгъэхэм тету, жылагъуэм и псэкупсэ  къулеигъэм зегъэужьыным теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн ягъэзащIэ, республикэм исхэр мамыру, зэгурыIуэу зэдэпсэуным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми мы махуэ  лъапIэмкIэ сехъуэхъуну сыхуейщ икIи узыншагъэ быдэ яIэу, зэхуэгуапэу, насыпыфIэу, зэIузэпэщу псэуну си  гуапэщ.