ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2019

2019-08-08

  • ШыщхьэуIум и 8, махуэку
  •  Альпинизмэм (альпинистым) и дунейпсо махуэщ
  • Офтальмологием и дунейпсо махуэщ
  • Джэдухэм я дунейпсо махуэщ
  • Швецием и Къэрал ныпым и махуэщ
  • Китай Республикэм щагъэлъапIэ Адэхэм я махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къаныкъуэ Анфисэ и тхыдэ романыщIэ

2019-08-08

  • Илъэс блэкIам ди щIэджыкIакIуэхэм Iэмал яIащ Къаныкъуэ Анфисэ «Хьэтхэр» зыфIища и тхыдэ романым тхылъу къыдэмыкI щIыкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и напэкIуэцIхэм щеджэну. Ар иухат адыгэхэм я къежьапIэ жыжьэу къалъытэ хьэтхэм яхэту къэхъуа Алэдамэ къыщалъхуа Мэуэт къэралыгъуэм зэригъэзэжымкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2019-08-08

  • 2019 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къаIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIэдзыныр иухащ.
  • Ди газетым тезыдзэну хуейхэм хъыбар идогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ иджыри Iэ щыщIэвдз хъунущ пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми. Мази 4-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэщ сом 438-рэ кIэпIейкIэ 44-рэ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«Баксанский вестник» газетыр илъэс 80 зэрырикъур ягъэлъапIэ

2019-08-08

  • Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пэшышхуэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Баксанский вестник» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

«Алмэстыр  Кавказым зэрыщыIам  щыхьэт техъуэ  тхылъ»

2019-08-08

  • Аращ фIащар Котляровхэ Викторрэ Марие- рэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIа тхылъыщIэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъым и фIэщыгъэм къеIуатэ ар зытеухуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Жэгъуп  ФатIимэ  Севастополь  къалэм  псым  щитхьэлащ

2019-08-08

  • ШыщхьэуIум и 4-м Севастополь къалэм хъыбар гуауэ къикIащ – абы псым щитхьэлащ дуней псом кикбоксингымкIэ и чемпионкэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Жэгъуп ФатIимэ. Абы илъэсищ зи ныбжь къуэ цIыкIу къыщIэнащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гуауэ

2019-08-08

  • Дуней щхьэхуэ
  • Хэт къэралыгъуэм ипэжкIэ щыIа Хьэтий пащтыхьыгъуэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2500 — 1700 гъэхэм) хиубыдэу щытащ Ахынрэ Iузэврэ я кавказ Iуфэхэри. КIэ зимыIэ щыIэкъым, жьыр мыбзэхыжмэ, щIэр къэунэхуркъым… Апхуэдэу, хьэтий лъэпкъыжьым и ужьыхыжыгъуэм ирихьэлIэу, къыпыхуащ ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щиIэ щIыналъэхэр. ИужькIэ, къэралыгъуэ щхьэхуэу тIысыжри, щхьэж иубыда щIыналъэм зыщаужьыжащ хьэтийхэм я щIэблэм. Апхуэдэущ къызэрыунэхуар Хьэт къэралыгъуэр, Нарт хэкур, Къэлъхъейр*.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адэжь  хэкум  и  хьэщIэ  лъапIэхэр

2019-08-08

  • Налшык щыIэ «Долинск» зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Иордание, Тырку, Израиль къэралхэм, ди гъунэгъу Ставрополь щIыналъэм щыщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр къегъэблэгъэным теухуа зэхыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Кавказ  бгырысхэм   ятеухуа  хъыбархэр

2019-08-08

  • 1868 — 1881 гъэхэм Тбилиси (а зэманым — Тифлис) щыIэ пащтыхь тетыгъуэм и унафэкIэ «Кавказ бгырысхэм ятеухуа хъыбархэр» («Сборник сведений о кавказских горцах») фIэщыгъэм щIэту тхылъипщI къыдагъэкIауэ щытащ. Зэманым и нэпкъыжьэ зытелъ дэтхэнэ тхыгъэми ещхьу, зауэр къахэмыIэбэ щIыкIэ бгырыс лъэпкъхэр зэрызэдэпсэуа щIыкIэм и теплъэгъуэ щIэщыгъуэ куэд ущрохьэлIэ урысхэм дыкърагъэцIыхун папщIэ зэхалъхьауэ щыта а тхылъ зыбжанэм. Нобэ ди щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ идолъхьэ абы и еплIанэ къыдэкIыгъуэм узыщрихьэлIэ «Адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ» («Черкес Иса и чеченец Иса») таурыхъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыми и гугъу пщIыжыркъым

2019-08-08

  • ЦIыхухэр псэуныгъэкIэ зэщхьэщыкIыу щытащ сыт щыгъуи. Хэбгъэзыхьмэ, совет лъэхъэнэми. Ауэ ар куу мыхъуным властхэр апхуэдизу ткIийуэ кIэлъыплъырти, уеблэмэ гу лъыптэххэртэкъым къулейхэм мылъку нэхъыбэ зэраIэм. Нэхъ жыджэру, IэкIуэлъакIуэу лажьэхэм хэхъуэ нэхъыбэ яIэрыхьэрт, зи Iуэху нэхъ дэмыкIхэр псэукIэмыщIэу, хуэмыхуу къалъытэрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Марсыр  я  плъапIэу

2019-08-08

  • Дапщэщ цIыхухэр абы щыIэпхъуэнур?
  • ЦIыхухэм дунейр къезэвэкI хъуащ. Ахэр дыкъэзыухъуреихь хьэршым хоплъэ щхьэегъэзыпIэ къалъыхъуэу. Сыт щхьэкIэ?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Быф Анатолий и жэрдэм

2019-08-08

  • Иджыблагъэ Урысейм и ищхьэ палатэм япэ еджэгъуэкIэ къищтащ «ЩIыхэм я мелиорацэм и IуэхукIэ» Законым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр. хуабжьу ди гуапэщ ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий и унафэм щIэту зэрагъэхьэзырар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку