ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Путин Владимир и илъэс 20 гъуэгуанэр

2019-08-10

  • «Зэманыр макIуэ, шэ икIауэ», — щыжиIащ и усэхэм ящыщ зым КIыщокъуэ Алим. Илъэс тIощIыр, тхыдэм тепщIыхьмэ, ар зэман кIэщI дыдэщ, ауэ псори зэлъытар и мыхьэнэрщ. Урысей къэралыщIэм и дежкIэ а лъэхъэнэр хуабжьу купщIафIэу щытащ, зи фIыщIэри 1999 гъэм шыщхьэуIум и 9-м къэралым и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну ягъэува Путин Владимир Владимир и къуэрщ.

  • КIуэкIуэ Валерий и гъусэу. 2001 гъэ

  • Нэхущ Заурбий сэлам ирех. 2001 гъэ

  • МэшбащIэ Исхьэкъ егъэлъапIэ. 2007 гъэ

  • А зэманым къыщыхъуахэм теухуауэ куэд тхужыIэфынущ. КъыщыщIэддзэнщ Iуэхухэр егъэлеяуэ зэхэзэрыхьауэ икIи хэплъэгъуэу щыщыта лъэхъэнэм мы цIыху телъыджэм ипэжыпIэкIэ хузэфIэкIам. ИпэкIэ Урысей Федерацэм и Президенту щыта Ельцин Борис и къулыкъур хузе-хьэжыртэкъым. США-мрэ КъухьэпIэ Европэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи задригъэкIуну хущIэкъурт, игъащIэ лъандэрэ ди жагъуэгъуу щытахэр ди щIыгу къригъэтIысхьат, абыхэм ягу зрыригъэхьын мурадкIэ.
  • ГъэщIэгъуэнщ иужькIэ сэтей къэхъуахэр. «Ди ныбжьэгъу» хъуа американ IэщIагъэлIхэр нэхъ щэху дыдэу щыт ди ядернэ центрхэм махуэ къэс кIуэрт, лэжьапIэ зэрыкIуэм хуэдэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, урысей щIэныгъэлIхэр езыхэм я апхуэдэ IуэхущIапIэхэм лъагъэIэсыртэкъым. Ди къэралышхуэр хэутэн ящIат. ИпэжыпIэкIэ дэ диIэжтэкъым Урысей Федерацэр зыхъумэжыфыну къару. Ар IупщIу къигъэлъэгъуащ Шэшэным щекIуэкIа япэ зауэм. Пэжщ, иджыри Урысейм атом Iэщэр къуэлъти, къебгъэрыкIуэным Iуэхур нэсыртэкъым, арщхьэкIэ шынагъуэр къэблагъэ зэпытт.
  • Генерал-лейтенант Быж Айтэч йохъуэхъу. 2016 гъэ

  • Пащты Герман хуозэ. 2002 гъэ

  • Тау Хьэсэнбий егъэлъапIэ. 2004 гъэ

  • Дэ, нэхъыжьхэм, ди дежкIэ илъэс 20 блэкIар апхуэдэу жыжьэкъыми, фIыуэ дощIэж къэрал кIуэцIым щыщыIа щытыкIэр. ЦIыхухэр къэнат я щхьэр зэрахьэу, улахуэхэр мазэ бжыгъэкIэ ямыту, ятми, къыщIэкIыр мащIэу. Мис апхуэдизу Iэрыгъэтэдж хъуа Урысейр IэщIыхьащ зи къаруилъыгъуэ икIи зэрыжыжьаплъэр иужькIэ белджылы хъуа Путин Владимир.
  • И къулыкъум текIыу Ельцин Борис ар Путин Владимир къыщыхуигъэна 2000 гъэм и щIышылэм Урысейр лъэхъэнэщIэм хыхьауэ жыпIэ хъунущ. Псом япэу абы къыщыщIидзащ хабзэхэр зэфIэгъэувэжыным, къэрал лъэщым хуэфэщэну дзэ зэтриухуэжыным. Мылъкуншэу къэна УФ-м и дежкIэ ар егъэлеяуэ гугъут. Хэбгъэзыхьмэ, США-ми КъухьэпIэ Европэми я политик нэхъ зызыгъэакъылыфIэхэми я фIэщ хъуртэкъым Урысейр ефIэкIуэжыну. Путин Владимиррэ абы и акъылэгъухэмрэ Iуэхум нэгъуэщIу еплъырт.
  • Олимп чемпион Мудран Беслъэн и гъусэу. 2016 гъэ

  • Темыркъан Юрий и пшыхьым хэтщ.          2018 гъэ

  • Ректор Есчындар Мухьэдин орден ирет. 2019 гъэ

  • 2007 гъэм Германием и Франкфурт къалэм шынагъуэншагъэмкIэ щекIуэкIа зэIущIэшхуэм къыщыщыпсалъэм Путин Владимир къехьэкI-нехьэкI хэмылъу щыжиIащ дунейр зы къэра-лым игъэува пщалъэхэм тету псэун зэрыхуэмейр, дэтхэнэми Iэмал иIэн хуейщ езым къыхихыжа гъуэгум тетыну. Къызэхуэсахэм ар хуабжьу телъыджэ къащыхъуат: хэкIуэдэжыным нэса Урысейм и щхьэр къиIэтыжыну зыми и фIэщ ищIыртэкъым! ЗэрыгурыIуэгъуэщи, КъухьэпIэм къытхуиIэ «лъагъуныгъэм» зэуэ кIэ игъуэтащ. АрщхьэкIэ Президент Путин Владимир и унафэм щIэт Урысейр къыпхуэгъэшыжынутэкъым. Апхуэдэу къэрал кIуэцI Iуэхухэри ефIэкIуэжу хуежьащ. Пэжщ, ар куэдкIэ и фIыгъэщ а зэманым щIыдагъэм и уасэр хуабжьу дэкIуеяуэ зэрыщытами. НэгъуэщI къэралхэм нэхъыбэу етщэ а гъэсыныпхъэм и уасэр зэрехуэхыжари, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къытхуащIурэ, къытхуагъэув санкцэ зэмылIэужьыгъуэхэри (иджы ещанэрэ!) зэран хуэхъуфакъым Урысейм лъэщу зиукъуэдиижыным. Мыгувэу ар хуэкIуэжащ СССР-р сыт щыгъуи зэрыщытам — яхыхьэжащ дунейм и къэрал нэхъ лъэщ дыдэхэм. Пэжу, ди экономикэр иджыри дурыдылу пхужыIэнукъым, ди цIыхухэр псэуныгъэкIэ зызыужьа къэралхэм къакIэроху. АрщхьэкIэ ди шынагъуэншагъэр игъэбыда нэужь, Путин Владимир къэрал кIуэцI Iуэхухэм, экономикэм егъэщIылIахэм гулъытэшхуэ яхуищI зэрыхъуам гугъапIэфIхэр къытхелъхьэ.
  • Хуабжьу ди гуапэу къыхыдогъэщхьэхукI Путин Владимир мызэ-мытIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыкIуар икIи мыбыи Москваи ди республикэм щыщ цIыху куэдым зэрыщаIущIар. Абы ар дэ псэкIэ нэхъ тпэгъунэгъу ещI.
  • ЩIыдгъужынщ Путин Владимир лэжьакIуэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къызэрыхэкIар икIи цIыхур зыхэхуэ гугъуехьхэр, ахэр зыщIэхъуэпсхэр фIыуэ къызэрыгурыIуэр.
  • Тхыгъэ кIэщIым дэ дыщытепсэлъыхьыфынукъым Урысей Федерацэм и Президентым зэфIигъэкIа, ар зыпэлъэща псоми. Ауэ абы иджыри зэман иIэщ и зэфIэкIыр зыхуэдизыр дяпэкIи дигъэлъагъуну.
  • Шал Мухьэмэд,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель.