ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2019

КъБР-м  и  Правительствэм и унафэщIхэм дэщIыгъуу КIуэкIуэ Казбек топсэлъыхь щIыналъэм  и санаторэ-курорт, турист комплексым

2019-08-14

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм и унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ щIыналъэм и санаторэ-курорт, турист комплексым къихь хъерым хэгъэхъуэным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ

2019-08-14

  • Ди гуапэ зэрыхъущи, йофIакIуэ хэкурысхэмрэ хамэ щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дяку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр. Абы и щыхьэтщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къызэрыкIуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Мывэм псэ «хэзылъхьэ» СэвкIуий Хьэмид

2019-08-14

  • Дыгъуасэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и хьэщIащ Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием хэт, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Адыгэбзэм  игъэщIэращIэ  фэеплъ  медалхэр  (бгъэхэIухэр)

2019-08-14

  • Дызэрыт зэманым анэдэлъхубзэм хуаIэ лъагъуныгъэр къагъэлъагъуэу цIыху Iэп-щIэлъапщIэхэм адыгэбзэр щэкIым, пхъэм, гъущIым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэм тратхэу къаублащ. Абыхэм я зы щапхъэщ Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIрэ илъэси 190-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыдигъэкIа фэеплъ бгъэхэIухэр (медалхэр).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Нобэ

2019-08-14

  • Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэмКуржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
  • Пакистан Ислъам Республикэм и щхьэхуиты-ныгъэм и махуэщ. 1947 гъэм Пакистаныр къэрал щхьэхуит хъуащ.
  • 1908 гъэм Фолкстон (Инджылыз) дунейм щыяпэу щрагъэкIуэкIащ цIыхубзхэм я нэхъ дахэр къыхэхыным теухуа конкурс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тэрч районым хъарбызыр щыбэгъуащ

2019-08-14

  • Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ, Дей, Плановскэ, Интернациональнэ къуажэхэм щыхащIа хъарбызыр щIадзауэ Iуахыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Пащты Герман и ехъулIэныгъэщIэ

2019-08-14

  • УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск КсилографиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Герман и тхылъыщIэм иджыблагъэ лъэтеувэ щыхуащIащ Налшык дэт «Акрополь» хэщIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Амщокъуэ Амырхъан утыку йохьэ

2019-08-14

  • Ди газет напэкIуэцIхэм ящыщ зым иджыблагъэ зи гугъу щыфхуэтщIа КъБКъУ-м и аспирант Амщокъуэ Амырхъан (зыщыщ Амщокъуэ лъэпкъыр «МылIэжын полк» зэхыхьэм жыджэру зэрыхэтар и фIы-гъэщ икIи абы къыхилъхьащ «Псори дигу къэдгъэкIы-жынщ» лъэпкъ зэхуэсыр накъыгъэм и 9-м ирихьэлIэу гъэ къэс зэхашэну) теухуа хъыбар гуапэ иджыри къытIэрыхьащ. ЩIэблэр тхыдэм щIэпIыкIыным, къэралыр, щIыналъэр зэрыгушхуэ я лIыхъужьхэр зейхэм егъэцIыхужыным ехьэлIа Iуэху дахэр, дауи, уасэншэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Мэуэтхэр

2019-08-14

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №94-м итщ).
  • Иужьрей зэманым Алэдамэ гу лъитат Удынэ и теплъэ дахэр щIэх-щIэхыурэ и нэгу къызэрыщIидзэм. Абы фIэкIа Iуэху имыIэу, хуейуэ егупсысу хужыIэнукъым. Ауэ, къыгурыIуэркъым нэрыбгей щхьэцыплъым и нэгум щIэт нэщхъейр зищIысыр, и нащхъуэ дахитIыр щIэплъыпIэм щытеплъызэкIэ, зыпхыщэт гупсысэхэр, къыхуэубыдыркъым «ябгэ» теплъэм и щIагъ щIэлъ купщIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэщIагъэлI  нэс  Урысбамбэт  Бэхьид

2019-08-14

  • «Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ» жаIэ. Сэ куэд щIауэ зыхэсхырт Урысбамбэт Бэхьид и щытхъу. Мызэ-мытIэу седэIуат ар дзэIулъхьэ Iэзэу зэрыщытым и хъыбар. Зым, тIум, щым жаIэр щызэтехуэкIэ абы шэч къытумыхьэми хъуну къыщIэкIынщ, ауэ уэ езым уи нэкIэ плъэгъуам, бгъэунэхуам хуэдэ щыIэ?! Зэман дэкIри щыхьэт сытехъуащ а лIым теухуауэ кърахьэкI хъыбархэр зэрыпэжым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Зи къалэмыр жан Хъунэгу Саидэ

2019-08-14

  • Бзылъхугъэ гуащIафIэщ, лъэпкъ литературэм зи къалэмыр къыхэжаныкIщ Адыгейм щыщ Хъунэгу Саидэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

«ВыщIэхэр» япэу Налшык щыхагъащIэ

2019-08-14

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Краснодар-3» (Краснодар) — 2:0 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 9-м. ЦIыху 250-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Кабалоев Виталий Германием щытокIуэ

2019-08-14

  • Дортмунд къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ «Германием и Гран-при» алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ди щIалэхэм абы медаль лIэужьыгъуэ псори къыщахьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Псоми медалхэр къахь

2019-08-14

  • Волгоград къалэм щекIуэкIащ шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ япэ чемпионат зэIухарэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Краснодар крайм, Ростов, Астрахань област-хэм, Къалмыкъ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Волгоград къалэм щыщ спортсменхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ХэкIуэдахэм я сабийхэм гулъытэ хуащI

2019-08-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэр яхуэзащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я сабийхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха