ЩIэблэм дытелэжьэху
2019-04-23
- ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм нэмыщI, мы гъэм щIэуэ къыхилъхьащ «Усэпсэ» зыфIища хэгъэгу зэпеуэр. Абы кърихьэлIат адэшхуэ-анэшхуэхэри, адэ-анэхэри, адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэри, пэщIэдзэ классхэм щIэс цIыкIухэри.
- Іуэхум хэплъэну, сабийхэм я зэфIэкIыр къалъытэну зыкърагъэхьэлIащ къэпщытакIуэ гупым щыщхэу ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и хасащхьэм хэт Къып Гупсэ, Бахъсэн къалэ дэт 1-нэ прогимназием и гъэсакIуэ нэхъыжь, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Беслъэней Эльвирэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент, тхакIуэ Къаныкъуэ Анфисэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студент зэгухьэныгъэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, Шэджэм къалэ дэт, Дэбагъуэ Барэсбий и цІэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж Къардэн Олеся, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Хьэрэдурэ Аллэ сымэ.
- КъэпщытакIуэ гупым къалъытащ сабийхэр къыщымыуэу, гъэхуауэ усэм гукIэ къызэреджэр, утыкум зэрит щIыкIэр, гупым хэт сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэдэлэжьэкIэр.
- Зэпеуэр IыхьитIу екIуэкIащ. Япэ Іыхьэм хэтащ 1, 2-нэ классхэм, етIуанэм — 3, 4-нэхэм щеджэ цIыкIухэр. Дэтхэнэ сабийми абы и унагъуэм щыщхэми узыIэпызышэ дахагъэ куэд ягъэлъэгъуащ, зым адрейр емыщхьу.
- КъэпщытакIуэхэм я дежкIэ тынштэкъым фIым я фIыжыр къыхэхыныр. Ауэ, зэпеуэ щыхъукIэ, къыхэжаныкІахэри щыІэщ. Япэ, етIуанэ классхэм щеджэхэм ящыщу япэ увыпIэр хуагъэфэщащ АфIэунэ Арнеллэ (егъэджакIуэр Дыгулыбгъу ФатIимэщ, Абзуанхьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ), етIуанэ увыпIэр иратащ Ахъуэхъу Камиллэ (Чыл Жаннэ, Шэджэм, 3-нэ еджапIэ), ещанэ увыпIэр лъагъэсащ Урысмамбэт Алихъан (Тохъу ХьэIишэт, Сэрмакъ, 2-нэ еджапIэ) сымэ.
- ЕтIуанэ, ещанэ классхэм щIэс цIыкIухэм ящыщу гран-прир хуагъэфэщащ Шэшэн Аслъэн (егъэджакIуэр Елдар Хьэцацэщ, Ислъэмей дэт 3-нэ курыт еджапIэ), япэ увыпIэр иратащ АфIэунэ Дисанэрэ АфIэунэ Миланэрэ (КъуэщIысокъуэ Мадинэ, Къулъкъужын Ипщэ, 2-нэ еджапIэ), етIуанэ увыпІэр зэдагуэшащ Аргъэщокъуэ Къантемыр (Бейтыгъуэн ФатIимэ, Бахъсэн къалэ, 1-нэ еджапIэ), Къущхьэ Чэрим (ГъукIэ ХьэIишэт, Зеикъуэ, 4-нэ еджапIэ), БатI Идар (Шыд Iэсият, Сэрмакъ, 2-нэ еджапIэ), ТекIужь Марьянэ (УнэлIокъуэ Алёнэ, Арщыдан, 3-нэ еджапIэ), Наурзокъуэ Идар (КIыщ Жаннэ, Шэджэм ЕтIуанэ, 3-нэ еджапIэ) сымэ.
- Ещанэ хъуахэщ Шыбзыхъуэ Аслъэн (егъэджакІуэр Жолдащ Ленэщ, ХьэтIохъущыкъуей дэт прогимназие), Къуэдзокъуэ Алим (МахуэлI Бес-лъэнщ, Налшык къалэ, 1-нэ гимназие), Мэкъуауэ Силинэ (Къардэн Мадинэ, Шэджэм къалэ, 1-нэ еджапIэ), Къущхьэ Саминэ (Уэркъуасэ Иринэ, Налшык къалэ, 4-нэ еджапIэ), Ахъмэт Алан (Къумахуэ Маринэ, Налшык къалэ, 4-нэ еджапIэ ).
- Къыхэгъэщын хуейуэ зы Іуэху дахэ щыІэщ. Адыгэбзэ Хасэм иригъэ- кIуэкI лэжьыгъэм иджыри къэс хэтар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэрщ. Мы гъэм «Усэпсэ» зэпеуэм и фIыгъэкIэ абы къыхэша хъуащ пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэ- ри.
- Зэпеуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ пэщIэдзэ классхэм щеджэхэм я бзэр адыгэбзэм хуэкъутауэ къэгъэхъунымкIэ, цIыкIухэр адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дегъэхьэхынымкIэ, сабийр и унагъуэм нэхъри пэгъунэгъу щIынымкIэ, пэщIэдзэ классхэм щIэсхэм я зэфIэкIыр зыхуэдизыр къэлъытэнымкIэ.
- Зэхыхьэм къекІуэлІахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат.
- — Иджыпсту зэбгъэтІылъэкІращ хуей ущыхъум къызыкъуэпхыжынур, — жиIащ Табыщым. — «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжьэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым», жи адыгэ псалъэжьым. Щысабийм дежщ цIыхум бзэр нэхъ тыншу къыщищтэр, ар щыпхуэгъасэр. ЩІэблэм хэтлъхьэр кІуэдынукъым, абы дытелэжьэху. Тхьэм фригъэфІакІуэ!
- Iуэхур къызэрыдаIыгъам папщIэ Табыщым фIыщIэ яхуищIащ Кэнжэ къуажэм дэт 20-нэ курыт еджапІэм и унафэщІ Аслъэн Майерэ Сабий творчествэмкIэ республикэ уардэунэм и унафэщI Къалмыкъ Кларэрэ.
- «Усэпсэ» зэпеуэр гукъинэжу икIи щIэщыгъуэу екIуэкIащ. Абы къыхыхьащ республикэм и щІыпІэ зэхуэмыдэхэм къикІа адыгэ унагъуэ 80-м нэс.
- Тхыгъэри сурэтхэри зейр ШУРДЫМ Розэщ.