Адыгэ бзылъхугъэ
2019-04-23
- ЕгъэджакIуэ, унафэщI, депутат
- Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ илъэс 23-рэ хъуауэ егъэджэныгъэ Iуэхум и гуащIэ хелъхьэ.
- Валентинэ 1997 гъэм къиухащ КъБКъУ-м и филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр. Мы зэманым ар Тэрч районым и щIыпIэ самоуправленэм и депутатщ, социальнэ IуэхухэмкIэ зэпымыууэ лажьэ депутат комиссэм и унафэщIщ.
- Илъэси 9 хъуауэ ар зи унафэщI курыт еджапIэр сыт и лъэныкъуэкIи иригъэфIэкIуэн хузэфIэкIащ. Езым хэлъ жэуаплыныгъэмрэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ я фIыгъэкIэ, бзылъхугъэм егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр еунэтIыф, щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ ягъуэтыным псо-ри теухуэжауэ.
- Валентинэ гулъытэ хэха хуещI зэфIэкI зиIэ еджакIуэхэм щхьэхуэу ядэлэжьэнми, школым спортым зыщегъэужьынми, нэгъуэщI куэдми. Абы и IуэхущIафэхэм щыхьэт тохъуэ курыт еджапIэм щIэсхэм район, щIыналъэ зэпеуэхэм къыщахь увыпIэфIхэр.
- Тумэм и нэIэм щIэту, Инарыкъуей курыт школым ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Псалъэм папщIэ, 2011 — 2012 гъэ еджэгъуэм курыт школ нэхъыфIыр къыщыхаха зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ икIи КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр къратащ. А илъэс дыдэм Тэрч районми школ нэхъыфIу Инарыкъуей дэт курыт еджапIэр къыщалъытащ.
- Тэрч районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэм и ЩIыхь тхылъри мы курыт еджапIэм мызэ-мытIэу къыIэрыхьащ. Апхуэдэ зы щхьэусыгъуэт физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зезыгъэужь школ нэхъыфIыр къыщыхах «Олимпиада начинается в школе» урысейпсо зэпеуэм и муниципальнэ Iыхьэм зэрыщытекIуар (2012 гъэм), а зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэми школым ещанэ увыпIэр къызэрыщихьар. КъищынэмыщIауэ, 2016 гъэми еджапIэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ Тэрч районым и школ нэхъыфIыр къыщыхаха зэпеуэм.
- Тумэм гулъытэ ин хуещI щIэблэр хэкупсэу, гъэсауэ къэгъэтэджыным. Абы и лъэныкъуэкIэ курыт еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэм папщIэ, Тэрч муниципальнэ районым и Iэтащхьэм (2013 гъэм), Афган зауэмрэ дзэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм (2015 гъэм), Урысейм и ДОСААФ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къэрал IуэхущIапIэм (2019 гъэм) я щIыхь тхылъхэр школым къыхуагъэфэщащ.
- Валентинэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы къещI егъэджакIуэхэри, еджакIуэхэри, адэ-анэхэри. ЕджакIуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъагъуэ «Псори сщIэну сыхуейщ» егъэджэныгъэ проектымрэ школакIуэхэм я олимпиадэ зэIу- хахэмрэ. Езы егъэджакIуэхэми я къэу-хьым зэпымыууэ зэрызрагъэужьыным бзылъхугъэр йогугъу. 2013 гъэм Урысейм и творческэ егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и ФIыщIэ тхыгъэ абы къыхуагъэхьащ Инарыкъуей курыт школым щезыгъаджэхэм урысейпсо Интернет-зэпеуэм ехъулIэныгъэфIхэр къызэрыщагъэлъэгъуам папщIэ.
- Апхуэдэ лэжьыгъэм къыпэкIуэу Тумэ Валентинэ къратащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Тэрч районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым я щIыхь тхылъхэр. 2008 гъэм абы текIуэныгъэ къыщихьащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу, егъэджакIуэ нэхъыфIхэр щагъэпэжа зэпеуэми. Апхуэдэуи бзылъхугъэм къыхуагъэфэщащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
- Къашыргъэ Мадинэ: Срогушхуэ си гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къашыргъэ Мадинэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, абы щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным илъэс 30 хъуауэ йолэжь. Бзылъхугъэр 1989 гъэ лъандэрэ Налшык къалэм дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым щрегъаджэ, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэщ икIи концертмейстерщ.
- Къашыргъэм къыдигъэкIащ хэхэс адыгэхэм яхъума макъамэхэм нотэхэр ящIыгъуу зэрыт «Адыгэ пшыналъэхэр» тхылъыр, «Кавказ лъэпкъхэм я пшынэ еуэкIэм хуэзыгъасэ дерсхэр» зыфIища и лэжьыгъэр. Лъэпкъ творчествэм зэрызригъэужьым папщIэ, Къашыргъэм мы гъэм Чайковскэм и цIэр зезыхьэ пэшым (Москва) къыщратащ Урысей Федерацэм и Правительствэм игъэува «Душа народа» саугъэтыр. И IэщIагъэм, и ехъулIэныгъэхэм бзылъхугъэр къытхутепсэлъыхьащи, къыджиIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- — Пшынэм сыщыдихьэхар си анэшхуэм нысашэ сыздишэу, а макъамэ Iэмэпсымэр япэу щыслъэгъуам къыщыщIедзэ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынукъым. Илъэ-сибл си ныбжьу арагъэнт абы щыгъуэм, — жеIэ Къашыргъэм. — Апхуэдэ гуфIэгъуэ Iуэхугъуэм деж хъыджэбз цIыкIур, зэрыхабзэу, нэхъ зытхьэкъур нысащIэр зэрыгъэщIэрэщIамрэ абы и бостейм и дахагъэмрэщ. АрщхьэкIэ, пщIантIэм дызэрыдыхьэу, гу зылъыстар, уеблэмэ си нэр зытедияр пшынауэрат, абы IэщIэлъ пшынэ плъыжьыбзэрат. Iэмэпсымэм апхуэдэ макъамэ дахэ къызэриIукIыр си дежкIэ мыгурыIуэгъуэми, шэч къызытезмыхьэжыр абы сызэрызыIэпишарат. Нэхъ хьэлэмэтрати, пшынэр къысIэрыхьэ закъуэмэ, сэри абы сеуэфыну сыкъигъэгугъэрт. Сабийм псори и фIэщ хъууэ зэрыщытрагъэнт апхуэдэ гупсысэхэр си щхьэм къыщIихьэр. ХьэгъуэлIыгъуэ нэужьым си адэ къуэшым «къэзан» пшынэ цIыкIу къысхуищэхуащ икIи музыкэ школым сратыну мурад ящIащ. Апхуэдэу лъэпкъ пшынэ еуэкIэм щыхуагъасэу 1973 гъэм япэу къызэIуаха классым, цIыхуиплI фIэкIа дымыхъуу, еджэн щыщIэддзащ.
- Лъэпкъ пшынэм щIэблэр хуэгъэсэным икъукIэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ си япэ егъэджакIуэ Мэмэт Мухьэмэд. Еджэн щыщIэздзагъащIэм сафIэцIыкIуу, ныбжькIи мыдрейхэм сакъыкIэрыхуу апхуэдэт, ауэ пшынэ еуэкIэ зэзгъэщIэным ерыщу сызэрыхущIэкъур ялъагъурти, псоми ягъэщIагъуэрт. Налшык къалэм дэт Музыкэ училищэм 1980 гъэм сыщIэтIысхьащ. Классикэмрэ лъэпкъ макъамэхэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу абдеж щыдагъэджащ Мэмэтымрэ Лукьянов Анатолийрэ.
- ЕджапIэр къыщыдухым, къэрал экзаменхэр къытIызыхахэм яхэтащ Астрахань къэрал консерваторэм къикIа къэпщытакIуэхэри. Гупым и унафэщI Махуэ Вячеслав абы щыгъуэм еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэнухэр къыхихырти, сэри си насып къихьри, абыхэм сахэхуащ. Абы щхьэкIэ Вячеслав фIыщIэ ин хузощI, си зэфIэкIыр и фIэщ хъууэ, си щIэныгъэм хэзгъэхъуэну Iэмал къызэрызитам папщIэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухым ирихьэ-лIэу, абырэ сэрэ зэгъусэу делэжьащ икIи къыдэдгъэкIащ «Школа игры на национальной гармонике» тхылъыр.
- Астрахань сыщыщеджа зэманым Тулэ щIыналъэм щекIуэкIа урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэ къыщытхьри, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэригъэпэщ фестивалым дыхэтыну дагъэкIуат. Пермь къалэм махуипщIкIэ щекIуэкIа а зэхыхьэхэр щIэщыгъуэ тщыхъуат, нэхъыщхьэрати, ди лъэпкъ фащэр сщыгъыу, пшынэр си Iэпэгъуу абы сызэрыхэтам си щхьэр лъагэу сигъэлъагъужат.
- А зэманым еджапIэ къэзыух- хэр дэтхэнэри щылэжьэнур гъэбелджылауэ щытыххэти, консерваторэ нэужьым сэ Налшык дэт Музыкэ училищэм сыкъагъэкIуэжащ. КъищынэмыщIауэ, «Бжьамий» ансамблым (къызэрызэрагъэпэщ- рэ илъэс ныкъуэ хуэдэ хъуагъэнт) сыщылэжьэнуи срагъэблэгъащ. Апхуэдэу егъэджакIуэ IэнатIэмрэ гупым сыхэту утыку зыкъыщызгъэлъэгъуэнымрэ зэгъусэу къыщIэздзащ. ИужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармониеми сыуващ.
- — «Бжьамий» ансамблым епхауэ сыт хуэдэ гукъэкIыжхэр уиIэ, Мадинэ?
- — Пшыхь гукъинэж куэд ди щIыналъэми хамэ къэралхэми щыттащ. Гупыр дэнэ мыкIуэми, фIыуэ къалъагъурт. Псалъэм папщIэ, дыщыIащ Франджым и къалиплIым, Германием, Польшэм, Тыркум. Дэтхэнэми мазэ бжыгъэкIэ концертхэр щытту, цIыхушхуэ зэхуэтшэсу.
- Франджы аузхэр, хьэмэрэ Собор Парижской богоматери фэеплъыр тхылъ деджэу е сурэт деплъу ди нэгу къызэрыщIэдгъэхьэр куэдкIэ къыщхьэщокI уи нэкIэ плъагъум. Ар щIыжысIэрщи, ди лъэпкъ щэнхабзэр а щIыпIэхэм щыпсэухэм едгъэлъэгъуа къудей мыхъуу, дэри гухэхъуэгъуэ дгъуэтащ а зэманым ансамблым и фIыгъэкIэ. Шэч хэмылъу, хамэ къэралхэм гъэщIэгъуэн куэд щытлъэгъуащ, дэри абыхэм щыпсэухэм гукъинэж нэхъ дазэрыщыхъуным сыт щыгъуи дыхущIэкъуащ.
- — Санкт-Петербург филармонием и симфоние оркестрым и гъусэу зы утыку узэритам теухуауэ сыт къыджепIэнт?
- — Нэхъ гукъинэж ину сиIэхэм ящыщщ Санкт-Петербург филармонием и симфоние оркестрым и гъусэу пшынэ сызэреуар. Ар ди дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрий и махуэшхуэр щагъэлъапIэ пшыхьти, абы и къуэш Борис къызжиIат оркестр цIэрыIуэм и гъусэу зы макъамэ згъэзэщIэну Iэмал сызэриIэр. ДгъэзэщIар Темыркъан Борис и IэдакъэщIэкI «Ислъэмейрщ» . Пэжыр жыпIэмэ, ар насыпышхуэу къызэуэлIауэ къызолъытэ. А концертым сыхэта нэужь, сэ къызгурыIуащ зэпымыууэ уи къэухьым хэбгъэхъуэн зэрыхуейр.
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым и композиторхэм я лэжьыгъэ куэд япэу утыку къизыхьахэми уащыщщ, Мадинэ.
- — ЗанщIэу си гум къокIыж ХьэIупэ ДжэбрэIил и «Псыхэгъэ» симфониер оркестрым и гъусэу Кисловодск зэрыщыдгъэзэщIар. ИкъукIэ пшыхь дахэ хъуат. ХьэIупэ ДжэбрэIил и мызакъуэу, Темыркъан Борис, Молэ Владимир сыми фIыщIэ ин яхузощI, консерваторэр къэзухыу сыкъыщыкIуэжагъащIэм я IэдакъэщIэкIхэр сэ япэу утыку кърызагъэхьэну дзыхь къысхуащIу зэрыщытам щхьэкIэ.
- — «ШыкIэпшынэ» ансамблым иджыпсту уриунафэщIщ. Гупым и ехъулIэныгъэхэм дыщыбгъэгъуэзамэ арат, Мадинэ.
- — Ансамблыр къызэзыгъэпэщар Хъэритон Валерийщ. Сэ абы 2006 гъэ лъандэрэ сриунафэщIщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ехъулIэныгъи гугъуехьи куэду диIэщ. Гупым хэтхэр ди колледжым и студентхэращ. Нэхъ гугъур сыт жыпIэмэ, еджапIэр къаухыху къудейщ ансамблым хэтхэр къызэрекIуалIэр. Абы къыхэкIыу зы зэфIэкI гуэрым дынэсауэ зэбгрощэщыжри, щIэрыщIэу дгъэсэ-ным и ужь дохьэж. 2016 гъэм Къашыргъэ Билал и махуэр игъэлъапIэу Налшык къалэм дэт Музыкэ театрым къыщызэрагъэпэща пшыхьым щIалэгъуалэм гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуат. Иужьрейуэ Москва Чайковскэм и цIэр зезыхьэ пэшым зыкъыщыдгъэлъэгъуэну дыщыкIуам ныбжьыщIэ 12 сшащ. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зэпеуэхэм, фестивалхэм хэтщ, шэч хэмылъу, ехъулIэныгъэхэри яIэщ.
- — Колледжым лъэпкъ пшынэ еуэкIэм хуеджэну къыщIэтIысхьэхэр куэд хъурэ? А IэщIагъэм зэрызиужьыжым дауэ уеплърэ?
- — ЦIыхухэр дехьэх пшынэ макъамэм. Иужьрей зэманым ар хэмыту зы хьэгъуэлIыгъуэ екIуэкIыркъыми, абы уегъэгушхуэ. Лъэпкъ IэщIагъэм зэрызиужьыжым ар и нэщэнэу къыщIэкIынщ.
- Кавказ лъэпкъхэм я макъамэ яIэжщ. Мис ахэр зэхамыгъэзэры- хьу утыку кърахьэн папщIэ, сыхуейт ди щIалэгъуалэм я щIэныгъэм хагъэхъуэну. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ къыткIэлъыкIуэну щIэблэм ди лъэпкъ къафэхэмрэ макъамэхэм-рэ убзыхуауэ яхуэтхъумэн и лъэныкъуэкIэ. Мы еджапIэм деж пшынэм, аккордеоным, гитарэм зыщыхуагъэсэну щIэблэм Iэмал яIэщ. Сыхуейт пшынэм хуэдэу, шыкIэпшынэми Iэпэпшынэми ди щIалэгъуалэр дахьэхыжыну. Ахэр ди лъэпкъ IэщIагъэщ, тхъумэн хуейщ.
- — Уи гъэсэнхэм ящыщу республикэм нэхъ цIэрыIуэ щыхъуахэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — ЕджакIуэр классым япэу къыщыщIыхьам къыщыщIэдзауэ абы и зэфIэкIыр здынэсынур зыхищIэн хуейщ егъэджакIуэм. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм нэхъ наIуэ къищIу къысщохъу сабийм и зэфIэкIыр зэрыбунэтIыну Iэмалхэр. Iэпэр пшынэм зэрыхуэщIам къыдэкIуэу, пшынауэм игъэIу макъамэмкIэ цIыхур къызэрыдигъэхьэхыфми куэд елъытащ. А псор япэу зыдэслъэгъуахэм ящыщщ Лосэн Тимур. «Бжьамий» гупыр Зеикъуэ драгъэблэгъауэ а щIалэ цIыкIур пшы- нэ еуэу щыслъэгъуам, ар а IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым занщIэу гу лъыстат. ИужькIэ апхуэдэ Iэзагъэ дэслъэгъуащ Дудар Аслъэни. Ари иджыпсту утыку къихьэ ди пшынауэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Апхуэдэуи си гъэсэн нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ мы зэманым «Шагъдий» ансамблым и унафэщI Унэжокъуэ (Бэджий) Заремэ.
- Илъэс етIуанэ хъуауэ Ростов къэрал консерваторэм щоджэ иджыри си зы студент — Тенджыз Къантемыр. Иуан БетIал, Лыджыдэ Алий, Жыгун Эдуард, Къумыкъу Марианнэ, ДзыхьмыщI Данэ, Нэгъуей Аскер, ЩIанкIэ Темирлан, ТIымыжь Анзор — куэдым я цIэ къыфхуисIуэфынущ ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыну узыщыгугъ хъунухэм ящыщу. Срогушхуэ икIи сыт щыгъуи сыщогуфIыкI абыхэм я ехъулIэныгъэ щызэхэсхкIэ.
- Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
- Адыгэпсалъэжьхэр
- Гур зыхуеIэм Iэр лъоIэс
- Гум пыкIыр гум хохъуэж.
- Зым и хущхъуэр зым и щхъухьщ.
- КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
- Блэр зытраукIэр и шэрэзщ.
- Дзыбэ дзыусщ.
- КхъузанэкIэ псы зэрехьэ.
- Псыкъуий мастэкIэ къетI.
- Фыз быдэ илI хьэлэлщ.
- Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ.
- Жьым тесу псым йопыдж.
- Изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэркъым.
- Ахъшэ и куэдмэ, делэми, пщыщ.
- Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.
- Ибэр бэшэчщ.
- Дыщэ унэ нэхърэ — уи унэжь.
- Гур зыхуеIэм Iэр лъоIэс.
- ЛэжьэнкIэ уашхэщ, шхэнкIэ дыгъужьщ.
- Пагэр мэгыз.
- Быдэ и анэр гъыркъым.
- ФIы щIэи, псым хэдзэ.
- Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.
- Iуэхуншэ псэлъэрейщ.
- Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
- Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ.
- Жьым еубзи, щIэр гъэгушхуэ.
- ЯхуэмыущийущиекIэIэзэщ.
- Рим узышэIэщIагъэ
- Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым ехъулIэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къэзыгъэлъагъуэ студентхэр и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ академическэ уэрэд жыIэкIэм хуеджэ ДыщэкI ФатIимэ. Хъыджэбзым зыщегъасэ УФ-м и цIыхубэ артисткэ, профессор Гъэсашэ Наталье и деж.
- «СыщыцIыкIум зэи музыкант IэщIагъэм сегупсысауэ схужыIэнукъым, курыт школым щылажьэ художественнэ самодеятельностым сыхэту щытами. Макъамэм сыхуеджэныр езыр-езыру къэхъуа Iуэхущ. Ар Даур Иринэ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым гъэсэнхэр къыщыхихыу щызэхэсхаращ. Иджы, «Ла Скала» театрым сыщыIа нэужь, си IэщIагъэр нэхъри фIыуэ слъэгъуащ», — жеIэ ДыщэкIым.
- ФатIимэ хэтащ «Note sul mare» фIэщыгъэр иIэу уэрэджыIакIуэхэм я дунейпсо зэпеуэу Рим (Италие) щекIуэкIам. Абы хъыджэбзым щигъэзэщIат Гуно Бах и «Ave Maria»-р, Пуччини и «Лауреттэ» ариер, Сендерсон и «Song of Love» лэжьыгъэр. ДыщэкIым и уэрэд гъэзэщIэкIэр зигу ирихьа къэпщытакIуэхэм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм и япэ саугъэтыр.
- Зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу иджыри уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ 11 щыIащ, ахэр зыгъэхьэзырар икIи дунейпсо зэпеуэм зышар Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэщ. Зэпеуэм зэрыхэтам нэмыщI, щIалэгъуалэр концерт гукъинэжхэм хэтащ. Апхуэдэуи Ватикан, Пётр щихъым и Соборыр, Колизейр зрагъэлъагъуну Iэмал яIащ, ахэр щыIащ Венециемрэ Миланрэ.
- Пщэдджыжь уэсэпсым хэлъ хущхъуэгъуэр
- «Адыгэ цIыхубзым и лъы ткIуэпсым зы цIыху ныбжь егъэкъэбзэф», — жиIэгъащ урыс театр школым и теоретик цIэрыIуэу щыта Немирович-Данченкэ Василий.
- Шэрджэс бзылъхугъэхэм я дахагъэм зэрыкIэлъыплъыж щэхухэр яIэжт, анэм пхъур хуигъэIущу ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIыу. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу абыкIэ къагъэсэбэпри щIыуэпсым къарит Iэмалхэрт. Къапщтэмэ, нэгъуэщI лъэпкъ куэдми хуэдэу, адыгэхэми я фэр дахэу щытын щхьэкIэ, IэмалIыфIу къагъуэтат пщэдджыжь уэсэпсыр. АбыкIэ зытхьэщIынымкIэ цIыхубзым и махуэр къыщIидзэрт. КъищынэмыщIауэ, уэсэпсым лъапцIэу къыщакIухьырт, лъакъуэм дежкIи ар сэбэпти. Шэрджэс бзылъхугъэхэм я напэр хужьу, ущызэкIэщIэплъу щIыщытыр абы и закъуэтэкъым. ЗыщатхьэщIкIэ, псымрэ сабынымрэ я пIэкIэ, абыхэм къагъэсэбэпыр шэжыпсырт. Адыгэхэм яфIэкъабылтэкъым дыгъэрысыфэр. ЦIыхубзхэм шхум къыхащIыкIыурэ напэр хужь зыщIхэр щахуэрт, апхуэдэуи уэгуш нэкIухэр хагъэгъуэщэфырт кхъуейлъалъэ къызыхаха шэжыпскIэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэр къэзыгъэлъагъуэ зы нэщэнэт фэрэкI напэ Шэрджэсым узэрыщримыхьэлIэри.
- ЦIыхубзым и теплъэм и дахагъэр къэзыгъэлъагъуэм щыщщ абы телъ щхьэцыр. Ари егугъуу зэрахьэрт адыгэ бзылъхугъэхэм. Пхъэ мажьэхэр бжьэ шэху зыхэт псыхэмкIэ, тхьэрыкъуэфым, нэгъуэщI къэкIыгъэхэм я дагъэкIэ ягъэкъабзэрт. Мыпхуэдэ Iэмалхэр ноби къэзыгъэсэбэп куэд щыIэщ икIи ар щыхьэт тохъуэ дахагъэм и щэхухэр адыгэ бзылъхугъэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэращIэм.
- Хэт фэилъхьэгъуэ нэхъ гъэщIэгъуэн къимыгупсысрэ?!
- Налшык дэт курыт еджапIэ №32-м и 11-нэ классым щIэс Тембот Дианэ ехъулIэныгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ «Дай пять! Дизайнер будущего» урысейпсо зэхьэзэхуэм. Ар къызэзыгъэпэщахэм яхэтщ «Молодежка ОНФ»-р.
- Дизайнер Iуэхум зыхуэзыгъэсэн щIэзыдзэгъащIэхэм (илъэс 14 — 17-хэм итхэм) ятещIыхьауэ екIуэкIа а зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэтар Дианэ и закъуэщ икIи абы и эскизхэмкIэ яда фэилъхьэгъуэр утыку щагъэлъэгъуащ урысей модэм зэхыхьэ нэхъ ин дыдэу къыщалъытэм — Mercedes-Benz Fashion Week Russia фIэщыгъэр зиIэм.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, зэпеуэм хэтыну лэжьыгъэ мини 2-м щIигъу зэрырагъэхьар, абыхэм ящыщу утыкур зыхуагъэфэща 21-м яхэтщ Темботым ейри.
- — Зэпеуэр зэрекIуэкIынур щызэхэсхар сыщеджэ сабий художественнэ школырщ (Налшык къалэ). Ар занщIэу сфIэгъэщIэгъуэн хъуат, ауэ эскизхэм сыщелэжьым си пщIыхьэпIи къыхэхуакъым подиумым сыкъыщыхутэну, е, сэ сщIэрэ, къэзгупсыса фэилъхьэгъуэр уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Тоневэ Иринэ утыку щигъэлъэгъуэну, — жеIэ Дианэ.
- Зэпеуэм и кIэух гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэIуахари хъыджэбзым и фэилъхьэгъуэращ. Абы и ужьым иту, адрей ди- зайнер ныбжьыщIэхэми я щыгъынхэр ягъэлъагъуэу, утыкум ирикIуащ артист цIэрыIуэхэу Савичевэ Юлие, Утяшевэ Ляйсан, Адушкинэ Катя, Кокэ Клавэ, Арзамасовэ Лизэ, Михеевэ Аллэ, нэгъуэщIхэри.
- Гъэлъэгъуэныгъэр щызэхуащIыжым, «Дай пять! Дизайнер будущего» зэхьэзэхуэм пхыкIа дизайнер 21-р (Урысейм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыщт) утыку кърашащ я фащэхэр зыгъэлъэгъуахэм. Абыхэм фэилъхьэгъуэхэр къызыхуагъэнэжащ, ягу ирихьауэ жаIэри.
- Шэч хэмылъу, модельер ныбжьыщIэ-хэр мы зэпеуэм нэхъ тригъэгушхуащ IэщIагъэ яхуэхъунум. Къапщтэмэ, Тембот Дианэ шэч къытрихьэркъым, школыр къиухмэ, дизайнер IэщIагъэм зэрыхуеджэнум.
- Урысейм и тхыдэм къыхэщыжхэр
- Налшык къалэм и «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм Къэзакъ Аслъэн къыщыдигъэкIа «XVI — XX лIэщIыгъуэхэм Урысейм къулыкъу щызыщIа шэрджэсхэр» и тхылъым тхыдэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр итщ.
- Лэжьыгъэм абы къыщигъэлъэгъуащ Урысей къэра-лыгъуэм и егъэджэныгъэ, дзэ IэнатIэхэм ехъулIэныгъэ яIэу пэрыта адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ятеухуа архив дэфтэрхэр.
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, тхылъым дыщрихьэлIащ адыгэ бзылъхугъэ зыбжанэми. Абыхэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ пщы лъэпкъым къыхэкIа, Кургъуокъуэ ипхъу Жэнэт (Джанет). Ар 1707-1777 гъэхэм псэуащ. 1721 гъэм бзылъхугъэр къалмыкъыпщ Дондук-Омбо (хъан лъэпкъым щыщщ) иратри, буддизмыр къищтауэ, езыми Джан цIэр къыфIащауэ щытащ. 1737 гъэм къыщыщIэдзауэ хъан гуащэм сом 500 илъэсым къратырт. 1743 гъэм ар Санкт-Петербург къалэм мэIэпхъуэ. 1744 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Дондуковэ Верэ цIэр къещтэ. Щыхьэрым ар 1762 гъэ пщIондэ щыпсэуащ, жыджэру политикэ гъащIэм хэту.
- ЕтIуанэу тхылъым дыщегъэгъуазэ цIыхубз гимназием и лэжьакIуэ Бэрэгъун Еленэ Григорий и пхъум и гъащIэм (1875 — 1917 гъэхэм мынэхъ пасэу). Адыгэхэм къахэкIа офицер-къэзакъым и пхъур Кубань областым и Ладожскэ станицэм щыпсэуащ. ЩIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, ар щылэжьащ Армавир цIыхубз гимназием.
- Адыгэ офицер Мэшыкъуэ Александр (Хьэжмэт) ипхъухэу Мариерэ Софиерэ ятеухуа пычыгъуи ихуащ тхылъым. Хъыджэбзхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIащ: Марие (12.01.1897 — 1919 гъэм мынэхъ пасэу) къиухат Петроград дэта Елизаветинскэ институтыр, Софие — Москва и Александро-Мариинскэ институтыр.
- Тхылъым дыщыхуозэ зи цIэр ди нобэм къэмыса, ауэ тхыдэм «Черкасскэхэ ящыщ пащтыхь гуащэ» цIэмкIэ къыхэна бзылъхугъэм теухуа Iыхьэ гъэщIэгъуэнми. Ар къыщалъхуа гъэм зыри щыгъуазэкъым, ауэ 1920 гъэм дунейм ехыжащ. Бзылъхугъэр къыхощ гукъэкIыж зыбжанэ зытхыжахэм я тхыгъэхэм, ауэ и гъащIэмрэ иIыгъа къулыкъумрэ нэхъ гурыIуэгъуэу жызыIэжар зы закъуэщ: «Юнкер батареем и фельдфебель сымыцIыху гуэрым и кIуэдыкIар къызжаIэжащ, — къыщIедзэ абы и тхыгъэм. — Ар бзылъхугъэ щIалэ дыдэт, «Черкасскэхэ ящыщ пащтыхь гуащэ» цIэр теIукIауэ. Зэгуэрым батареем и етIуанэ взводым зы хъыджэбз дахэ лъагэшхуэ, зауэлI шинелри щыгъыу, къахыхьэри, жиIащ: «Черкасскэхэ сащыщ пащтыхь гуащэщ». Апхуэдэуи абы гупым хэтхэр щыгъуазэ ищIащ и адэ-анэмрэ и дэлъхумрэ большевикхэм зэраукIрэ куэд зэрымыщIар, абы къыхэкIыу къулыкъу ищIэну фIэфIу езыр къызэрыкIуар. Апхуэдэуи хъыджэбзым дыщIигъуат шы тесыкIэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, нэщанэ зэреуэфыр. ЗэрыжиIам хуэдэ дыдэуи, япэ зэхэуэхэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ хахуэу, гупыр зыунэтIыфу. Псоми ягу ар дыхьати, къыхуэсакъырт. АрщхьэкIэ зэпымыууэ ар зауэм хуеIэрт, псынщIэт, ажалым лъыхъуэми ярейт… КъылъэIэсащ ар Малаховым и Iуащхьэм деж. Бийм и къарум пэмылъэщу икIуэтын хуей хъуа лъэсырызекIуэ гупым хэтащ, абдежи щыхэкIуэдащ.
- ЩIым елъэлъэх фочышэхэм уэсыр къыдрапхъейрт, хьэуам бдзапцIэмэр хэз хъуат… И унагъуэмрэ и Хэкумрэ я пщIэр зэрыраудыхам папщIэ зилъ зыщIэж бзылъхугъэ гуакIуэр щIым ехуэхащ. Абы и хахуагъэр ящыгъупщэртэкъым юнкер батареем, иужькIэ генерал Марковым и бригадэм хэтахэм».
- АЛХЪО Дыжьын.