ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псори абы хуэдэу дунейм дытетыфатэмэ…

2019-04-23

  • Журналист Iэзэ, тхакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий Гъумар и къуэр 1940 гъэм накъыгъэм и 25-м Шэджэм Езанэ къуажэм (иджы Шэджэм къалэм) къыщалъхуащ. Абы школыр къыщиухри, Барэсбий щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым. 1965 — 1968 гъэхэм ар щылэжьащ Пермь, Свердлов областхэм къыщыдэкI газетхэм, Каменск-Уральск къалэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. 1968 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, Барэсбий журналистикэм и IэнатIэ зыбжанэм щылэжьащ — телевиденэм и редактор нэхъыщхьэу, абы и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу. Илъэс зыбжанэкIэ абы зэрихьащ КъБР-м Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI къулыкъур. 2003 гъэм щегъэжьауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и политикэ обозревателу щытащ.

  • Тхьэмокъуэ Барэсбий УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. И гуащIэдэкIым, журналистикэм щиIэ фIыщIэм папщIэ абы къыфIащауэ щытащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, «Псэемыблэжу зэрылажьэм папщIэ» медалыр, министерствэ, ведомствэ зыбжанэм я щIыхь тхылъхэр къратащ.
  • Тхьэмокъуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ цIыхухэм гукъинэ ящыхъуа тхыгъэ купщIафIэ куэд, щIэблэр зыущий, зыунэтI псалъэхэмкIэ гъэнщIат абы щIэх-щIэхыурэ газетхэм, журналхэм тридзэ тхыгъэхэр. Барэсбий и рассказхэр, усэхэр щызэхуэхьэсауэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Удз гъэгъахэр», «Насыпыр Iыхьэ мы-гуэшщ», «Псалъэ Iэсэ» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Мы цIыху дыщэр дунейм зэрытета илъэс блыщI иримыкъум щыщу щэ ныкъуэ хуэдизым абырэ сэрэ дызэрыцIыхуу щытагъэнущ. ЖысIэнкъым а зэман мымащIэм дэ ди псэр зы чысэм илърэ дызэрымылъагъумэ, дызэхуэзэшу дыкъызэдекIуэкIати, адрей дызыхэт-къытхэт псом нэхърэ нэхъ лейуэ дызэхущытати, сытти жысIэу. Ауэ сыт щыгъуи дызэрыщIэу, дызэрылъытэу, зыр адрейм хуей щыхъум дызэрыгъуэту дыкъызэдекIуэкIащ. ИкIи си гугъэжщ и псалъэкIи, и тхыгъэкIи, и IуэхукIи, и цIыху щIыкIэкIи фIыуэ сцIыхуу щытауэ. Ар цIыху щыпкъэт, узригъэхъуапсэу. Щабэт, Iэсэт, гуапэт, дахэт и псалъи и Iуэхуи, гу къабзэ — псэ къабзэт. Щапхъэт сыт и лъэныкъуэкIи. Сэ сфIэфIт, Iэмал згъуэтыххэмэ, абы нэхъыбэрэ сыхуэзэн, сепсэлъэн, нэгъуэщI зыри хэмытыххэми, ауэ зэманыр дэзгъэкIуэн къудей. Арауэ къыщIэкIынт ар «Адыгэ псалъэ» газетым щыщыIэм и лэжьапIэ пэшым куэдрэ «сыщIыщIэкIэрахъуэр».
  • Барэсбий тхакIуэт, усакIуэт, журналистт. Абы и тхыгъэхэм, езыми хуэдэу, удахьэхырт. Ирепрозэ, иреусэ, ирежурналист лэжьыгъэ. Ар сабийми балигъми яхуэтхащ. И прозэр щхьэхуэу къапщтэмэ, псом япэ игъэщыпхъэу къыщIэкIынущ «Иджырей псысэхэр». Тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ блэкIа зэман куэдыщи мыхъум мыпхуэдэ зэи дрихьэлIакъым. ИкIунур зыхуэдизыр тхьэм ещIэ, ауэ Барэсбий и деж къыще-жьа жанрыщIэу ди адыгэ лъэпкъ литературэм къыхыхьащ мы псысэ лIэужьыгъуэр. Псысэ жиIэ щхьэкIэ, мыхэр а дэ дызэсэжауэ игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкIхэракъым. ЩIагъыбзэ защIэщ. ЩIагъыбзэр, зэрытщIэщи, пэж жыIэкIэфIщ. ТхакIуэм ар Iэзэу къигъэсэбэпын хузэфIэкIырт. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я дуней тетыкIэм бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ тепсэлъыхькIэрэ, иджырей, мис мы нобэрей зэман дыдэм ди зэхэтыкIэр зыхуэдэр къегъэлъагъуэ, гъащIэм хэлъ ныкъусаныгъэ зэран къытхуэхъухэр ди нэкIэ дегъэлъагъуж. Ауэ щыхъукIи, художественнэ литературэм узыщрихьэлIэ басняхэмрэ мыбырэ зыкъым. Тхьэмокъуэм и япэ апхуэ- дэ рассказ хьэлэмэтыр, «Кхъуэц къызэралъыхъуар» зыфIищар, 1994 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ. Абы лъандэрэ псэуху зэпигъэуакъым Тхьэмокъуэм мы жанр щIэщыгъуэм, гъэщIэгъуэным щылэжьэн. А итххэр газетхэм, журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытехуэу щытащ. Абыхэм я нэхъыфIхэращ «Шы-лъэгур Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIар» и иужьрей дыдэ тхылъым, 2008 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIами, нэхъыбэу итыр.
  • «ЗэIущIэ» псысэ-щIагъыбзэм пфIэхьэлэмэту уоджэ. Мыщэжьым хьэкIэкхъуэ-кIэу мэзым щIэсыр зэхуишэсауэ Лъэбы-шэ зи цIэ бажэжь цIыкIум и суд ещIэ. Бажэ бзаджэм ар IулъхьэкIэ къыщигъэгугъэм, мыщэм занщIэу хуит къещIыж. ИгъащIэ лъандэрэ дунейм зезымыгъэужь, цIыхум Iэгъуи гъуази хуимыгъуэту нобэми зэбэн Iулъхьэм фIеягъэу хэлъымрэ абы мыхъумыщIагъэу къыдэкIуэмрэ апхуэдэу гъэщIэгъуэну, дыхьэшхэну, ауанышхуэ хэлърэ ахэр зыдэплъагъум ущIигъэнакIэу къыхуэгъэлъэгъуэнтэкъым, тхакIуэр хьэкIэкхъуэкIэхэм я деж мыIэбамэ. ГъэщIэгъуэну зэхэлъщ «Номинхэр» зыфIищари. Номин хьэрычэтыщIэхэр ефэу здызэхэсым, езыхэм ящыщ зы къулейсызыгъэ къызылъысам дэIэпыкъуну къагъэгугъэ, ауэ етIуанэ махуэм щIогъуэжри, псоми загъэпщкIуж. Дэ щIэх-щIэхыурэ дрохьэлIэ апхуэдэ, ауэ номинхэм я деж ар щIэщыгъуэ щыпщохъуж, укъыщеджэкIэ, апхуэдэ номинхэм нэхъри гущыкI яхуумыщIу къанэркъым.
  • Гуапэт, мы жанр лIэужьыгъуэщIэр зыхуэгъэшэрыуэн тхакIуэ къытхэкIрэ дяпэкIи пащатэмэ. Абы, шэч хэмылъу, и фIагъ къекIынт ди лъэпкъ литературэм.
  • Хъарзынэу, хузэфIэкI ищIэу Барэсбий илъэс куэдкIэ хэлэжьыхьащ ди къэбэрдей усыгъэми. Мыбдежым уигу къэмыкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым лIэщIыгъуэ кIуам и кIэуххэм ирихьэлIэу абы «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIауэ щыта «Псалъэ Iэсэ» усэ тхылъыр. А зэманыр зэрыщытар дощIэж. Къэралыр, къэралми и мызакъуэу, дуней псор зэрыщыту къызэретхъужьауэ щыIар якъутэу псэукIэхъуэж щащI лъэхъэнэт ар. НтIэ, мис а дунейкъутэжым цIыху гуапэ, цIыху пэж, дин Iыхьлы Тхьэмокъуэ Барэсбий и макъ щабэр усэбзэкIэ къэбэрдей адыгэм яхэIуащ. Гужьеярэ дэнэкIэ сыт къыщыхэдудын жаIэу зэхэлъэдэжахэм хъийм фимыкI, фызэрыцIыхур зыщывмыгъэгъупщэ, яжриIэу, Алыхь зэрыщыIэр ягу къигъэкIыжу. Феплъыт езы тхылъым фIищами: «Псалъэ Iэсэ». Сыту ещхьыIуэт ар езым и цIыху щIыкIэмрэ а и усэхэр зыхуэдэмрэ! Хуабжьу ди гуапэу, щIэщыгъуэ дыдэ къытщыхъурэ гупсэхугъуи къыдиту деджащ а усэ тхылъ цIыкIум.
  • Езым ар апхуэдэу имыщIами, мы тхылъым ит усэхэр Iыхьэ щхьэхуэурэ бгуэш хъунущ: хабзэм, зэныбжьэгъугъэм, цIыхугъэм, Хэкум, гъащIэм и IэфIым ятеухуахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зыр адрейм къызэрыщхьэщыкI фIагъ гуэр дыболъагъу. Ауэ, а псори зэубыдылIэжауэ уахэплъэмэ, хьэл нэхъыщхьэу абыхэм яхэлъыр гурыIуэгъуэ мэхъу: егъэлея, къэгупсыса, жыIэкIэ мышыу къыхэмыхьэу, зи, ауэ дэ дызэрыпсалъэ дыдэм хуэдэу къызэрыгуэкIыу тхащ, хэлъ гупсысэм IэкIэ утригъэIэбэу.
  • Аргуэру сыкъекIащ нэхуфIи,
  • Дунейм изох фIэхъус, сыгуфIэу:
  • — Фыузыншэ, цIыхухэ, напэ хужьхэ,
  • Телъыджэ куэд зи нэгу щIэкIа!
  • Жейм я нэхъ IэфIыр ефхьэкIа,
  • Вагъуэбэ нурхэр фи жэщгъуэлъу?
  • «Фыузыншэ, цIыхухэ, напэ хужьхэ»… Зэрыщабэ, зэрыгуапэ мы псалъэхэр! Езы Барэсбий дыдэ иджыпсту къопсалъэ хуэдэу къыпщохъу. ЗанщIэу гу лъыботэ — псэ къабзэ зиIэ цIыхущ апхуэдэу зытхынкIи жызыIэнкIи хъунур. Дунейм нэхъ щылъапIэ дыдэ гулъытэр зиIэращ апхуэдэу бзафIэри. Гулъытэ здэщымыIэм, фIы и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщIи щыIэкъым. ЦIыхур сыт ныбжьым щити сыт щиIи щимыIи хуэныкъуэщ гулъытэ. Ар дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым… Хъунутэкъым, ауэ тщогъупщэ!
  • Дэ мащIэу зи щхьэфэ диIэбар Тхьэмокъуэм ди адыгэ литературэм хилэжьыхьаращ. Ауэ абы фIэкIа ищIакъэ, итхакъэ Барэсбий? Ди лъэпкъ журналистикэм абы зылI ищIэн хуилэжьащ. И тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи мыувыIэу газетхэм, журналхэм къытехуэрт, радиокIэ, телевизоркIэ къатырт. Апхуэдэ Iуэху дахэ, хьэлэмэт къэхъуну Алыхьым иухауэ къыщIэкIрэ а псори зэгуэр зы ящIыжауэ диIатэмэ, езы Барэсбий щыпсэуа зэманым къэбэрдей адыгэм яIа гъащIэмрэ лэжьыгъэу ящIамрэ абыхэмкIэ щыгъуазэ зыпщIыфынут, нэгъуэщI къыхэмыхьэу. Ахэри, мы жыхуэтIа художественнэ тхыгъэхэм хуэдэу, щабэу, хуабэу, гуапэу тхащ.
  • Щабэу, хуабэу, гуапэу, захуагъэм, пэжыгъэм темыкIыу щыпсалъэкIи, щытхэкIи, щищIэIакIи, сыщыуэу е сыбэлэрыгъыу зыгуэрым зыгуэркIэ и жагъуэ сщIымэ, си зэран екIмэ, жиIэу гузавэу и гъащIэр ихьащ мы цIыху хьэлэмэтыщэу къытхэтам… Мыхэр щыжысIэм, щыстхым, ауэрэ, езыри си нэгу къыщIэзгъэхьэжщ, и дуней тетыкIахэми сегупсысыжри, сигу къэкIари? ЦIыхуу дэнэ щIыпIэкIи щыIэу хъуар а Барэсбий хуэдэу дыщытамэ, мы дунеижьыр сыт хуэдэу пIэрэт зэрыхъунур?! Зэи цIыхум цIыхур щыдикъузэ, хьэрэм щыфIишх, щигъэикIэ къэхъунтэкъым, иукIынтэкъым еуэу цIыхум цIыхур… ИгъащIэкIэ зауэ щыIэнтэкъым!
  • Ауэ, лIо пщIэнур, дыщытыфынукъым дэ Тхьэмокъуэ Барэсбий хуэдэу!
  • ХЬЭХ Сэфарбий,
  • тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.