Лъэпкъым и напэ анэдэлъхубзэ
2019-04-23
- КъыдэкIуэтей щIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным хуэунэтIауэ ди щIыналъэм лэжьыгъэ ин щокIуэкI. Шэч хэмылъу, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр цIыхухэм ямыщIэмэ, анэдэлъхубзэр яIурымылъмэ, нобэмрэ пщэдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьэу «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и напэщ» фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ иригъэкIуа Iуэхур адыгэр щыпсэу щIыпIэ псоми бзэр щыхъумэным, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджыным хуэунэтIащ. Абы къыхашэр сабийхэм я закъуэкъым, атIэ адэ-анэхэри нэхъыжьхэри жэуаплыныгъэ пылъу а лэжьыгъэм хэтыным къыхураджэ.
- А проектым ипкъ иткIэ «Бзэр тхъумэфмэ, лъэпкъри хъума хъунущ» фIэщыгъэр иIэу къызэрагъэпэща «стIол хъурейм» КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм и къэралыгъуэхэм я лIыкIуэхэр хэтащ.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ зыужьыныгъэ ин зыгъуэта дунейм лъэпкъ мыинхэм зэрызыщахъумэжыну Iэмалхэм, адыгэм и щэнхабзэ къулейр хэIущIыIу зэращIыпхъэм, щIэблэр хабзэм тету зэрыппIыну хэкIыпIэхэм, анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ягъэзащIэ къалэнхэм, нэгъуэщIхэми.
- Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэу ди республикэм щеджэхэри къызэрагъэпэщ дауэдапщэхэм жыджэру къыхыхьащ.
- Проектым и кIэух Iыхьэм ди республикэм и щIыналъэ куэдым къикIа лIыкIуэхэр хэтащ. Абыхэм къызэрагъэпэщат уэрэдрэ макъамэкIэ зэхэухуэна программэ гъэщIэгъуэн.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- НыбжьыщIэхэм адыгэ щэнхабзэм, IуэрыIуатэм зэрыхащIыкIыр, творческэ зэфIэкI зэраIэр щагъэлъэгъуащ проектым.
- Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ пашэныгъэр щызыубыдахэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ.
- Инэрокъуэ Данэ.