Мамырыгъэм и Тхьэгъуш
2019-04-23
- «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» («March for Parks») фIэщыгъэр иIэу 1990 гъэм япэ дыдэу США-м къыщрахьэжьа Iуэхур ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 200-м щIигъум, мэлыжьыхьым и 19-м къыщыщIэдзауэ и 26 пщIондэ, щагъэлъапIэ. ГъэщIэгъуэныр аращи, ЮНЕСКО-м и жэрдэмкIэ 1970 гъэм къыхалъхьа «ЩIым и махуэ» (International Mother Earth Day) зыфIаща дунейпсо Iуэхури мэлыжьыхьым и 22-м хуагъэзащ.
- Ди къэралым «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъым» 1996 гъэ лъандэрэ гулъытэ хэIэтыкIа щыхуащI щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм я IэщIагъэлIхэм, Урысейм дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъыным- кIэ и IуэхущIапIэм («Росприроднадзор»), ЩIыпIэ пхыдзахэмрэ абыхэм щыпсэу псэущхьэхэр хъумэнымкIэ центрым, зэрыщыту къатщтэмэ, жылагъуэм.
- УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу 100-м щIигъу итщ. Абыхэм я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу къалъытэ икIи дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ мэзкъуэ-ды нэхъыфI дыдэхэм хабжэ.
- ЩIым и махуэ
- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Небраскэ штатым XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм и унагъуэр игъусэу Iэпхъуа Мортон Джон, «прерие» губгъуэ гъунэншэм щынэсым, гу лъитащ нэм къыхуэмыплъыхь тафэ абрагъуэм жыг закъуэтIакъуэх- хэ фIэкIа зэримытым. Абыхэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щетIысэха цIыхухэм унэлъащIэ папщIэрэ гъэсыныпхъэу къраупщIыкIауэ арат. Къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэр зыхэхуа щытыкIэ гуемыIум «зил игъэуза» а цIыхум асыхьэту и нэгу къыщIэуващ жьауапIэ къэзыт а къэщIыгъэ тIэкIухэри цIыхухэм яIэщIэкIуэдэжынкIэ зэрыхъунур.
- Арати, зэлIзэфызым, гупсысэ кIыхьым зрамыгъэ-хьу, пхъэщхьэмыщхьэншэу къызэтенэнкIэ хъуну губгъуэм жыгыщIэ цIыкIухэр щыхасащ. А жэрдэмыр даIыгъащ Мортон зэщхьэгъусэхэм къабгъурытIысхьа адрей унагъуэхэми. Ауэрэ екIуэкIыурэ, илъэс бжыгъэфIи дэкIауэ, 1882 гъэм Небраскэ штатым щыпсэухэм мэлыжьыхьым и 22-м, езы Мортон Джон къыщалъхуам, «Жыгым и махуэ» щыфIащащ. «ЩIым и махуэ» ар щыхъуар 1970 гъэращ.
- Урысей Федерацэм 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ ар цIыхубэм дагъэлъапIэ ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм, УФ-м и Къэрал Думэм ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ и комитетым, Урысейм и Президентым деж щыIэ Жылагъуэ палатэм, властым и федеральнэ, нэгъуэщI IуэхущIапIэ зыбжанэм.
- ЩIым и махуэм хуэгъэза Iуэхухэр къезыхьэжьэхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и мыхьэнэр дэтхэнэ зы цIыхуми, псом хуэмыдэжу къытщIэхъуэ щIэблэм захегъэщIэнырщ. Мы махуэхэм мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэс, псынащхьэхэр щагъэкъабзэ, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, пресс-конференцхэр щрагъэкIуэкI.
- А Iуэхугъуэ псоми я мыхьэнэр зыхуэкIуэжыр зыщ: властыр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, ЩIы Хъурейм цIыхуу тетым дыкъэзыухъуреихь дунейр я псэупIэу зэрыщытым, абы къыхэкIыуи, «ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм» гулъытэ хэха зэрыхуащIыпхъэм ахэр егъэгупсысынырщ, апхуэдэуи, щIыпIэ пхыдзахэр зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр, къэкIыгъэ-хэр щытыкIэ гугъум зэриувам дунейпсо жылагъуэр щыгъуазэ щIынырщ, къытщIэхъуэ щIэблэр щIыуэпсым и къулеигъэхэм пщIэ хуащIу егъэсэнырщ.
- Къэрал куэдым къызэрыщызэдащтауэ, ЩIым и махуэм ирихьэлIэу Мамырыгъэм и Тхьэгъуш зыфIаща Iуэхури ирагъэкIуэкI. Абы и къалэн нэхъыщхьэр дызытепсэукI щIыгум дыхуэсакъыным цIыхухэр къыхузэщIэгъэушэнырщ, Щэнхабзэ нэсым, гупсэхугъуэм, мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэшыгъэм, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэм зэрыхэдгъэхъуэным дэтхэнэ зыри дыхущIэкъун зэрыхуейм къыхуеджэнырщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.