Зыми емыщхь Косыгин Алексей
2019-02-28
- Сыту псынщIэу кIуэрэ зэманыр! Дыгъуасэ хуэ- дэщ дэ дуней псор зыфIэлIыкIа СССР-м дыщыщыпсэуар. Къэралым и Iуэхур зэрефIакIуэр зыхэтщIэрт. Ар зи фIыщIэхэм ящыщащ Косыгин Алексей Николай и къуэр. А цIыхум илъэс пщыкIухкIэ ди къэралым и Правительствэм и УнафэщI къулыкъур иIыгъащ. Апхуэдэ нэхъапэм СССР-ми Урысейми я тхыдэм зэи къыщыхъуакъым. Илъэс 42-кIэ Правительствэм зэрыхэтари телъыджэщ. Косыгин езым и лъэхъэнэгъу псоми куэдкIэ япэ итт. ЖытIэнщи, СССР-м и парт идеолог нэхъыщхьэ Суслов Михаил цIыхубэм псэкIэ япэжыжьэт, КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ Брежнев Леонид теухуауэ кIэ зимыIэж анекдотхэр зэхалъхьэрт. Министрхэм я Советым и Iэтащхьэ Косыгин Алексей пщIэшхуэ дыдэ хуащIырт.
- Косыгиныр премьеру щыщыта илъэсхэм щэбэтыр етIуанэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ ящIат, автомобиль нэхъыбэм къащэхуф хъуат. Телевизорхэр, алэрыбгъухэр, сабэщыпхэр, щIыIэлъэхэр, зэрыжьыщIэ машинэхэр унагъуэ щIагъуэ къэмынэу яIэт. ПсэупIэ-ухуакIуэ кооперативхэм зыкъаужьати, цIыхухэм фэтэр къащэхуну Iэмал яIэт. Улахуэ хъарзыни къаIэрыхьэрт. ЖыпIэну ирикъунщ а лъэхъэнэм СССР-м и ВВП-р илъэс къэс проценти 10-кIэ хэхъуэу зэрыщытар. Курыт лэжьапщIэхэр хуэди 2,5-кIэ нэхъыбэ хъуат. 1980 гъэм Косыгин Алек-сей лIащ. Абдежым къыщыщIидзащ къэралым и Iуэхухэр зэIыхьэнри.
- Косыгин Алексей 1964 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщI хъуащ. Ар гулъытэншэу къагъэнакъым къухьэпIэ журналистхэми. Псалъэм и хьэтыркIэ, абыхэм ящыщ зым итхыгъат: «Косыгиныр совет унафэщIхэм я лIэужьыгъуэщIэщ. Ар идеологкъым, атIэ Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыр лэжьакIуэщ. Ар урыс экономикэм сэбэпышхуэ хуэхъуфынущ. Апхуэдэ цIыхум « Форд» е « Дженерал Моторс» корпорацэ инхэм хуэдэ хузехьэнут.
- 1920 гъэхэм я зэхуэдитIхэм къыщыщIэдзауэ ар кооперацэм и IэнатIэхэм щылэжьащ. Абы щыгъуэ къыщIэкIынущ цIыхубэмрэ экономикэмрэ зыхуейр куууэ къыщыгурыIуар. А зэманым СССР-м щыхэхъуащ цIыхухэм куэду къагъэсэбэп хьэпшыпхэм. 1932 гъэм Ленинград и «Радист» IуэхущIапIэм СССР-м щыяпэу радиолэ къыщыщIагъэкI, 1939 гъэм япэ совет телевизорхэр щащIу щыщIадзащ. «Юпитер» IуэхущIапIэм зэрыжьыщIэ машинэхэр щагъэхьэзырырт.
- Косыгиным и лэжьыгъэр гулъытэншэу къэнакъым. Абы Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр тIэунейрэ фIащащ, Ленин ордену 6 иратащ, ауэ а псор зыхигъэлъын фIэфIтэкъым. И дамыгъэхэм ящыщу нэхъ игъэлъапIэр Дзэ Бэракъ Плъыжь орденым и закъуэт.
- Хэку зауэшхуэм и фронтхэм щымызэуами, ар абы икъукIэ хуэфащэу къилэжьат. Жуков Георгий орденыр зыхуигъэфэщар Совнаркомым и УнафэщIым и къуэдзэ Косыгиныртэкъым, атIэ ГъащIэ гъуэгу цIэрыIуэр зэтезыухуа Косыгинырт. Бийм къиухъуреихьа Ленинград 1942 гъэм щIышылэм и 9-м къэлъэта иужь, абы занщIэу къыгурыIуат ящIэн хуейр, а сыхьэтми Сталиным епсэлъат. Иужьрейр арэзы хъуащ ГъащIэ гъуэгур къызэIухын зэрыхуейм. Языныкъуэхэм нэхъ къащтэнт бийм къиухъуреихьа къалэм удэс нэхърэ Москва уна-фэ къращIыкIыну. АрщхьэкIэ Косыгиныр апхуэдэтэкъым: абы псоми езым и нэIэ тетын хуейт. ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и лIыкIуэр цIыху къызэрыгуэкIхэм щIакхъуэкIэ ядэгуашэрт. Мыри ягу къинэжащ: хьэдэ дияхэм сабий яхэлъу щилъагъум Косыгиным ар IэплIэкIэ къищтащ. Сабийр псэут! Езым и IэкIэ сымаджэщым ихьри, ар къызэфIэувэжыхукIэ и нэIэ тригъэтат.
- Ленинград щызэфIигъэкIахэм папщIэ абы епт хъунут «Победа» орденыр. Советыдзэм и Iуэху езыгъэфIакIуэ жэрдэм къыхэзылъхьэу ар нэрылъагъу зыщIхэм иратырт а орденыр. Сытыт атIэ Совнаркомым и УнафэщIым апхуэдизу ищIар? Абы хузэфIэкIам щыхьэт тохъуэ фашист Германием IэщэкIэ зызэщIэузэдэнымрэ шэхэмкIэ и рейхсминистр Тодтт 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м Гитлер хуитха тхыгъэр: «СССР-м етщIылIа зауэр дгъэувыIэн хуейщ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ зауэр Германием зэрыфIахьэхуам къыхэкIыу».
- Тодтт цIыху губзыгъэт. Абы къыгурыIуэрт и ныкъуэкъуэгъу нарком ныбжьыщIэм Гитлер зи блыгущIэтхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ пIалъэ кIэщIым зэрызэфIигъэкIар. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Косыгиныр ягъэуващ ЭвакуацэмкIэ советым и унафэщIым и къуэдзэу. Абы и пщэ къыдэхуащ промышленнэ IуэхущIапIэхэр Сыбырымрэ Уралымрэ гъэIэпхъуэныр. А лэжьыгъэр абы дагъуэншэу зэфIигъэкIащ: зауэм хуэлажьэ завод 1360-м псынщIэ дыдэу продукцэ къату хуежьэри, СССР-м экономикэ ефIэкIуэныгъэ игъуэтат.