ПщIэ лъагэ
2018-08-21
- Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэхуэсым къищта унафэм ипкъ иткIэ, а зэгухьэныгъэм хагъэхьащ ди лъахэгъу, хэкупсэ нэс Пщыбий СулътIан Хъанджэрий и къуэр. Апхуэдэ пщIэ лъагэр нэхъыжьыфIым къихьащ и къалэмыпэм къыпыкIа художественнэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм жылагъуэм гулъытэшхуэ зэрыщагъуэтам, лъэпкъ литературэм зиужьыным тхакIуэм хуищIа хэлъхьэныгъэм я фIыгъэкIэ.
- ЗэфIих и IуэхуфIхэмкIэ, и дуней тетыкIэ екIумкIэ, хэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ нэмысымкIэ ди республикэм къыщацIыху Пщыбийр. Литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэм и гугъу пщIымэ, дунейм къытехьащ Пщыбий СулътIан и тхылъ куэд. Абыхэм ящыщщ «В небе «Ястреб» («Эль-Фа», 2006 гъэ), «Растить патриотов» («Печатный двор», 2014 гъэ). Тхылъхэм итщ ди хэкуэгъу лIыхъужьхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэхэр, щызэхуэхьэсащ иригъэкIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, апхуэдэу очеркхэр, рассказхэр, детективхэр, гушыIэхэмрэ таурыхъхэмрэ.
- Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэр, Урысей къэрал библиотекэр дэщIыгъуу иджыблагъэ къыдигъэкIащ «ТекIуэныгъэ Иным и ЛIыхъужьхэр» къэралпсо литературэ зэпеуэм ягъэхьа тхыгъэхэм ящыщу нэхъыфIу къалъытахэр щызэхуэхьэса тхылъ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абы ихуащ ди лъахэгъу нэхъыжьыфIым и къалэмыпэм къалэмыпэм къыпыкIа «Возвращение домой» Iуэтэжыр. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ гулъытэшхуэ хуащIащ а тхыгъэм. Абы и щыхьэту Пщыбийм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм и дип-лом, къэралпсо зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуахэм зэрахэхуам и щыхьэту.
- — Пщыбий СулътIан и тхыгъэхэм я лIыхъужь нэхъыщхьэхэр зи Хэку-анэр фIыуэ зылъагъу, абы сыт щыгъуи и къыщхьэщыжакIуэ цIыхухэращ. ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ апхуэдэ тхыгъэхэр хуабжьу щхьэпэщ, — жеIэ нэхъыжьыфIым папщIэ тхыдэдж, тхакIуэ цIэрыIуэ Опрышкэ Олег. — Литературэ зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ Пщыбийр хуэфащэ дыдэу хагъэхьащ УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым.
- Опрышкэ и псалъэр даIыгъыу, Пщыбийм бгъэдэлъ литературэ зэчийм топсэлъыхь лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэхэу, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм илъэс куэд лъандэрэ хэтхэу ХьэкIуащэ Ан-дрей, Гъут Iэдэм сымэ. Абы-хэм зэрыжаIэмкIэ, СулътIан езым и хъэтI щхьэхуэ иIэжщ, абы и бзэр дахэщ, шэры- уэщ.
- — ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, абы жыджэру хэт Пщыбий СулътIан псом хуэмыдэу къохъулIэ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм теухуа тхыгъэхэр. Абы и тхылъхэр зэхуэдэу яфIэгъэщIэгъуэнщ балигъхэми ныбжьыщIэхэми, — къыхагъэщ абыхэм. — Ди ныбжьэгъуфIым, нэхъыжьыфIым дохъуэхъу къэралым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэрыхагъэхьамкIэ, дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну ди гуа-пэщ.
- ГъащIэр пэжу езыхьэкI, и щхьи и напи емыпцIыжу, къэралым, щалъхуа щIыналъэм яфIрэ я ехъулIэныгъэ- рэ къызэрыкIын Iуэхугъуэ- хэр екIуу зэригъэзэщIэным хущIэкъуу дунейм тет Пщы-бий СулътIан хужаIэ псалъэ гуапэхэр дыдоIыгъ. Куэдрэ дяпэ Тхьэм уригъэт, ди нэхъыжьыфI!
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.