Псэкупсэм и джэлэс нэс
2018-08-21
- Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щыIэщ «Альманах. Образы мира. Адыги» хэзыгъэгъуазэ проектым и тхьэмадэ, лъахэхутэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Осташкэ Андрей зи пашэ, Кърым Республикэм и къалэ зэмылIэужьы-гъуэхэм щылажьэ журналистхэр зыхэт гупыр.
- ЗекIуэ гъуэгуанэ зэдытехьахэр япэу къыщыувыIар, ди лъэпкъэгъухэр куэду зэрыс щIыналъэхэм ящыщу, Адыгэ Республикэ хэгъэгуращ. ШыщхьэуIум и 9-м къыщегъэжьауэ, гупыр абы зэрыщыхьэщIа махуитхум къриубыдэу къуажэ 14-м щыIащ, зыхуэзахэм ноби зэрахьэ, тхыдэм и щIэину къытхуэна ди щэнхабзэм, хабзэ-бзыпхъэ дахэхэм щыгъуазэ зыхуащIащ.
- КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу Осташкэ Андрей зи пашэ лъахэхутэ гупым Къэрэшей-ШэрджэсымкIэ яунэтIащ. Ахэр кIуащ Хьэбэз районым хыхьэ къуажэ зыбжанэм, абыхэм дэс нэхъыжьыфIхэм яIущIащ, къаIуэтэжа хъыбарыжьхэр ятхащ, щIыпIэ дахэхэм фильм трахащ.
- Кърымым къикIа журналистхэр ди республикэм шыщхьэуIум и 18 лъандэрэ щыIэщ. ХьэщIэхэм зыщрагъэгъэпсэхуащ хьэрычэтыщIэ Къущхьэ Роберт и IуэхущIапIэу Аушыджэр псы хущхъуэхэм я Iэшэлъашэм щыIэм, Шэрэдж псыхъуэм абдежым щынэхъ лъагэ бгым дашащ, Iэгъуэблагъэр кърагъэплъыхьащ, щIыпIэцIэхэр, абыхэм япыщIа хъыбарыжь-хэр ирагъэтхащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм гупыр Зеикъуэ къуажэм кIуащ. ИкIи, жылагъуэ лэжьакIуэ Быф Арсен и жэрдэмрэ и мылъкукIэ, абы и гъунэгъуу щызэхаша тхьэлъэIу-теплъэгъуэ дахэм, шыгъажи джэгуи зыхэтам, хьэщIэхэм я нэгу зыщрагъэужьащ, кинокадрхэр трырагъэхащ.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэщIым и къуэ-дзэ НэщIэпыджэ Замирэрэ Кърымым къикIа лъахэхутэхэм Налшык къалэ шыщхьэуIум и 20-м щаIущIащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу журналистхэр адыгэхэм ди щэнхабзэм, тхыдэм щIыдихьэхар тфIэтелъыджэу дыздэщысым, Осташкэ Андрей жиIащ:
- — Кавказым ис лъэпкъхэм сызэрыцIыкIурэ сфIэгъэщIэгъуэну сакIэлъоплъ, я щэнхабзэм щыгъуазэ зызощI. Тхыдэ жыжьэм къызэриIуэтэжымкIэ, Пасэрей Киевым къегъэщIылIа Урысейм и лъэхъэнэхэми адыгэхэр дэнэкIи къыщацIыхуу щытащ. Фи лъэпкъым и щэн нэхъыщхьэр, дуней хущытыкIэр щызэгъэуIуа Адыгэ Хабзэр ноби фи деж щолажьэ, языныкъуэхэм ар «жьым ипхъэхыжауэ» жаIэ пэтми. Уеблэмэ, «Адыгагъэм» и сэбэп зэкIыу щытари ноби щхьэпэ зыхуэхъуфынури Кавказым ис лъэпкъхэм я закъуэкъым, атIэ, дэ дызэреплъымкIи, ар мэув нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу цIыхухэм я дежкIи псэкупсэм и джэлэс нэсхэм ящыщу, — къыхигъэщащ къэкIуахэм я нэхъыжьым.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хьэщIэхэм яхуэупсащ зыпэрыт Iуэхум къащыхуэсэбэпыну дэфтэрхэр зэрыт тхылъ зыбжанэ-кIэ, къэкIуэну махуэхэм ялэжьынумкIи чэнджэщ яритащ.
- Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.