Зыужьыныгъэм и джэлэс
2021-02-09
- ПщIэ зыхуэтщI ди еджагъэшхуэхэ, профессорхэ, аспирантхэ, студентхэ — иджырей щIэныгъэ пэрытымрэ технологие пажэхэмрэ зи Iэдэж IэщIагъэлIхэ.
- Дигуми ди псэми къабгъэдэкIыу дынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ — Урысей щIэныгъэм и махуэмкIэ.
- ЩIэныгъэр игъащIэ лъандэрэ къалъытэ зыужьыныгъэм и джэлэсу, сыт хуэдэ къэралми бгъэдэлъ къулеигъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэ къызэрапщытэ Iэмалу, лъэпкъ экономикэр, медицинэр, егъэджэныгъэр, социальнэ IэнатIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ къару лъэщу. Ди щIэныгъэлIхэри жылагъуэм пщIэ хэха щызиIэ лэжьакIуэхэщ, къэрал гулъытэ дапщэщи зыхуэфащэ цIыхухэщ. А IэнатIэм хуащI апхуэдэ лъытэныгъэм и щыхьэтщ УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 2021 гъэр ЩIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я илъэсу зэригъэувар.
- Мы зэманым къэрал куэд зэрыт щытыкIэ гугъуми къигъэлъэгъуащ щIэныгъэмрэ технологие лъагэхэмрэ ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэрыщаубыдыр. Ди лъэпкъ еджагъэшхуэхэми яIэ а пщIэ лъагэм хуэфэщэну зыкъыщагъэлъэгъуащ дунейпсо утыкум. Псэуныгъэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэми хуэгъэзауэ абыхэм зэфIах лэжьыгъэшхуэр, къыхалъхьэ проект гъуэзэджэхэр, я акъылыр здынэс гупсысэщIэхэмрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ ди лъэпкъ щIэныгъэм зезыгъэужь, ипэкIэ зыгъэкIуатэ фIыгъуэ къудейуэ щымыту, дунейм псом зезыгъэузэщI хэлъхьэныгъэ мэхъу.
- Ди республикэм и щIэныгъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэр ирахьэлIэ икIи хэлъхьэныгъэ ин хуащI къэралпсо мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм. Дэ дрогушхуэ икIи дропагэ ди республикэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа еджагъэшхуэхэм, щIэныгъэлI щыпкъэхэм. Ди фIэщ мэхъу: сыт хуэдэ гугъуехьхэр щымыIами, ахэр адэкIи хуэлэжьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм зэрыщыту я зэIузэпэщыныгъэм.
- Лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я махуэшхуэмкIэ гуапэу дохъуэхъу. Узыншагъэ быдэ яIэу, творческэ ехъулIэныгъэ лъагэхэмкIэ, гупсысэ куухэмкIэ къулейуэ, къэрал гулъытэ щымыщIэу куэдрэ псэуну ди гуапэщ.
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академие, Дунейпсо Адыгэ Хасэ.