ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди  гъащIэр  ипэкIэ зыгъэкIуатэ  IэнатIэ

2021-02-09

  • Европей псэукIэм и мардэхэм ящыщ куэд ди Хэкум къизыхьа, ар зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша урысей пащтыхь Пётр Езанэм 1724 гъэм мазаем и 8-м Iэ зытридза унафэр дэтхэнэ цIыхум и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэт, сыту жыпIэмэ ар епхат гъащIэр, псэукIэр егъэфIэкIуэным. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэрыщызэрагъэпэщым теухуат ар. 1999 гъэм, РАН-р илъэс 275-рэ щрикъум ирихьэлIэу, Урысей Федерацэм и Президентым Унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIащ мазаем и 8-р Урысей щIэныгъэм и махуэу гъэлъэпIэным ехьэлIауэ.

  • Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 20-м щIигъум къриубыдэу гъэ къэс мазаем и 8-м   ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр, зи гуащIэр ди псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэзыгъэпс IэщIагъэлIхэм я махуэшхуэр. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ар нэгъуэщI махуэхэм щаIэтми, псоми я мурад нэхъыщхьэр зыщ: лъэпкъ щIэныгъэм адэкIи зегъэужьынырщ, гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ, ар зыузэщI лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэфIэзых щIэныгъэлIхэр гъэпэжэнырщ, яхуэфэщэн къэрал гулъытэ егъэгъуэтынырщ. Лъэпкъ щIэныгъэм иIэ зыужьыныгъэм и лъагагъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къритщIэну ирикъунт къэрал куэд зэщIэзыубыда коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэу IэрыщIу куэдым къалъытэм и хущхъуэгъуэ лъэщхэр ди еджагъэшхуэхэм къызэрызэIуахар, а вакцинэхэр дуней псом щынэхъ лъэщхэм, шынагъуэншэхэм зэрыхалъытэр.
  • КIыхьщ икIи купщIафIэщ урысей щIэныгъэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр. 1747 гъэм къащта Уставым ипкъ иткIэ абы еджэ хъуащ ЩIэныгъэхэмрэ ХудожествэхэмкIэ имперскэ Академие. ИужькIи Академием и цIэм зыбжанэрэ зихъуэжащ. 1803 гъэм абы зэреджэр Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и имперскэ Академиет, 1836 гъэм — ЩIэныгъэхэм я Санкт-Петербург Академиет. Абы хэтт ЩIэныгъэхэмкIэ академие университет, академие гимназие, физикэмкIэ, географиемкIэ, химиемкIэ къудамэхэр. 1839 гъэм лэжьэн щIидзауэ щытащ Пулковэ обсерваторэм. ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ зыбжанэмкIэ тхылъ куэд дунейм къытехьауэ щытащ а зэманым. Абыхэм ярыт статьяхэр я къалэмыпэм къыщIэкIырт щIэныгъэлI щэджащэхэу Ломоносовым, Эйлер, Струве, Востоковым, Бутлеровым, Павловым, нэгъуэщI еджагъэшхуэхэми. РАН-м хэтт нэгъуэщI къэралхэм я щIэныгъэлIхэри, псалъэм папщIэ, абы и действительнэ членхэт Вольф, Вольтер, Дидро, Франклин, Гёте, Дарвин, нэгъуэщIхэри.
  • 1917 гъэм ирихьэлIэу академием хъарзынэу зиужьат. Абы хэтт действительнэ члену цIыху 49-рэ. КъыщызэIуахагъащIэм щыгъуэ абы хэтыр цIыху 17 къудейт зэрыхъур. Апхуэдэу РАН-м иIэт лабораторэ зэмылIэужьыгъуэу 5, обсерваторэ зыбжанэ, музейхэр, щIэныгъэ лэжьакIуэу цIыхуи 109-рэ. РАН-м и цIэм аргуэру зихъуэжащ: ар СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академие хъуауэ щытащ.
  • Урысей щIэныгъэр дунейм хуэупсащ цIыху цIэрыIуэ куэдкIэ, къэхутэныгъэ инхэмкIэ. Къапщтэмэ, дуней псом щыцIэрыIуэщ Ломоносов Михаил, Павлов Иван, Менделеев Дмитрий, Циолковский Константин, Капицэ Пётр, Ландау Лев, Курчатов Игорь, Александров Анатолий, Королёв Сергей, Доллежаль Николай, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ дуней псом щыяпэу Урысейм биосферэр джын щыщIадзащ, хьэршым яутIыпщащ спутник IэрыщIыр, атом станцыр лажьэу щрагъэжьащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэрагъэхьам и щыхьэтщ урысей, совет щIэныгъэлI 16-м Нобель саугъэтыр зэрыхуагъэфэщар.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь щIихуащ Академиеми. 1991 гъэм абы фIащащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН). Нобэ абы хэтщ действительнэ члену, член-корреспонденту щэ бжыгъэхэр, хамэ къэралхэм я еджагъэшхуэ куэд. РАН-м и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэ- ным хуэунэтIауэ щытащ 2013 гъэм и фокIадэм къызэрагъэпэща ФАНО (ЩIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я федеральнэ агентствэ) зэгухьэныгъэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм, унафэщIхэм къызэрагъэувамкIэ, къэралым и щIыналъэхэм щылажьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт зэмылIэужьыгъуэхэр зы щIэныгъэ центр иным и дамэм щIагъэуващ. РАН-м ноби щызэфIах естественнэ, жылагъуэ щIэныгъэхэм япыщIа, дунейпсо мардэм къитIасэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр, абы и къалэнхэми, зэрызэхэт Iыхьэхэми, щрагъэкIуэкI лэжьыгъэми куэдрэ апхуэдэу захъуэжа пэтми. ЩIэныгъэм зегъэужьыныр, ди хэку иным   а IэнатIэм щыпэрытхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэныр, къэрал гулъытэ егъэгъуэтыныр и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэхэм. Мы зэманым ФАНО-м и пашэщ Фальков Валерий. 2017 гъэ лъандэрэ РАН-м и Президентщ Сергеев Александр.
  • ЩIэныгъэр дапщэщи щытщ икIи щытынущ къэралпсо зыужьыныгъэм и джэлэсу, абы и IэнатIэ нэхъыщхьэу, сыту жыпIэмэ щIэныгъэ куумрэ цIыху зэчиймрэщ дэтхэнэ къэралри къарууфIэ зыщIыр. Аращ ди къэралым дунейпсо пщIэрэ щIыхьрэ къыхуэзыхьыфыну хэкIыпIэхэри. А псори къалъытэу, фIыуэ къагурыIуэу, республикэм и унафэщIхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ гулъытэ хэха хуащI. Нобэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми компьютерхэмрэ технологие пэрытхэмрэ нэсащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ къудамэ (КъБЩIЦ) 1993 гъэм ди щIыналъэм къызэрыщызэIуихамкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм Iэмал ягъуэтащ дунейпсо зыужьыныгъэм и зы Iыхьэ хъуну. АбыкIэ фIыщIэ ин бгъэдэлъщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-м и академик Иуан Пётр Мацэ и къуэм. Абы и фIыгъэкIэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэр щIэувауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и дамэм, щIыналъэ щIэныгъэ центр хъуауэ.
  • ИнформатикэмкIэ, кибернетикэмкIэ, экономикэмкIэ, прикладной математикэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, ядернэ физикэмкIэ, астрофизикэмкIэ, жылагъуэ, тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI КъБЩIЦ-м. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыяпэу республикэм и зыужьыныгъэм дызэрыхуэкIуэну гъуэгур ди деж щаубзыхужу хъуащ. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым зэхилъхьащ 2030 гъэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа программэ. ИригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэмкIэ РАН-м и КъБЩIЦ-р япыщIащ УФ-м, хамэ къэралхэм щыIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ куэдым. Мы зэманым щIэныгъэ центрым псори зэхэту щолажьэ IэщIагъэлI 600-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ РАН-м и член-корреспондентхэр, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я докторхэр, кандидатхэр. Абы и институтхэм щыIэ докторантурэхэм, аспирантурэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ IэщIагъэлIи 150-м щIигъум. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым экономикэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор лэжьыгъэр щыпхагъэкI совет иIэщ. «Известия КБНЦ РАН» журналыр пIалъэ хэхам тету къыдокI.
  • Центрым и щIэныгъэлIхэм я зэфIэкI къызэрымыкIуэхэм я фIыгъэкIэ, абы и пщIэр щылъагэщ Урысейм и мызакъуэу хамэ къэралхэми. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым къепха институтхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэрызэфIахым и щыхьэтщ РАН-м жылагъуэ, гуманитар, техникэ, естественнэ щIэныгъэхэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм абыхэм я лэжьыгъэхэри къызэрыхалъытэр. Абыхэм щапхъэ яхуохъу еджагъэшхуэ Иуан Пётр и Iуэху зехьэкIэ мардэхэр.
  • Ди хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэжьыгъэ купщIафIэ яхузэфIох ди щIыналъэм и щIэныгъэлIхэм. Япэ итахэм пхаша щIэныгъэ гъуэгур хэмыгъуащэу, ар нэхъри нэхъ бгъуфIэ хъууэ зэрыщытым и щыхьэтщ абы ирикIуэхэм ящыщ куэдым зэрызаузэщIыр. Къапщтэмэ, Нобель и саугъэт цIэрыIуэр зыхуагъэфэщахэм, ди гуапэ зэрыхъущи, яхэтщ ди хэкуэгъу щIалитIи — Гейм Андрейрэ Новосёлов Константинрэ, физикэ унэтIыныгъэмкIэ лауреат хъуауэ. Уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм земыгъэубгъуным пэщIэтыф хущхъуэфIхэр къэугъуеиным зи зэфIэкIхэр езыхьэлIа ди щIэныгъэлIхэм а саугъэт цIэрыIуэр зыхуагъэфэщэн къахэкIынкIи хъунущ.
  • Мыхьэнэшхуэ зиIэ а щIэныгъэ IэнатIэр ди Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпIэзэрыту зиужьыным, абы и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хурелажьэ дяпэкIи. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлI псоми махуэшхуэр угъурлы, мурадыщIэхэмрэ IуэхугъуэщIхэмрэ я щIэдзапIэ яхурырехъу. Творческэ ехъулIэныгъэхэр яIэу щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуащIу, узыншагъэ, унагъуэ насып щымыщIэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.