ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэлъхьэныгъэ  ин

2021-02-09

  • Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI еджагъэшхуэхэм ящыщ, РАЕН-м и академик, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Иуан Анатолэ БетIал и къуэм и ныбжьыр нобэ илъэс 70 ирокъу. КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и кафедрэхэм ящыщ зым и унафэщI Иуаныр щIэныгъэлI щыпкъэу, къэхутакIуэ IэкIуэлъакIуэу, егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытым къадэкIуэу, КъБР-м и Парламентым и депутатщ, абы ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетхэм хэтщ.

  • Профессор Иуан Анатолэ студентхэм яхэтщ.

  • Анатолэ Аруан районым хыхьэ Старэ Шэрэдж жылэм 1951 гъэм мазаем и 9-м къыщалъхуащ. Къуажэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и биологие факультетым. Университетыр 1973 гъэм къиуха нэужь, ар егъэджакIуэу щылэжьащ Налшык дэт Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш техникумым. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэм и зэфIэкIхэм хигъэхъуэну мурад ищIащ икIи 1979 гъэм щIэтIысхьащ ФитопатологиемкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институту Москва дэтым и аспирантурэм. Къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр иригъэкIуэкIащ физиологиемкIэ. Ахэр и лъабжьэу игъэхьэзыращ, ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ и япэ щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэр икIи биологие щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ. ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щигъуэтащ Анатолэ нэхъ иужьыIуэкIэ игъэхьэзыра доктор диссертацэми.
  • Иуаным и гъащIэ псор епхащ щIалэгъуалэм ядэлэжьэным. Медицинэ факультетым патологие физиологиемкIэ и кафедрэм и инженер нэхъыжьу лэжьэн щIэзыдза Анатолэ зэман кIэщIым къриубыдэу абы и егъэджакIуэ нэхъыжь, доцент, профессор хъуащ. 1993 гъэ лъандэрэ Анатолэ а кафедрэм и унафэщIщ.
  • ЩIалэгъуалэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм дегъэхьэным дапщэщи гулъытэ хэха хуещI Иуаным. Студентхэм зэрыжаIэмкIэ, егъэджакIуэ Iэзэм и дэтхэнэ лекцэри купщIафIэщ, хьэлэмэтщ, физиологие щIэныгъэм и щэху куэд къыпхузэIузыхщ. Профессор цIэрыIуэм псори зэхэту игъэхьэзыращ щIэныгъэхэм я кандидатрэ доктору пщIы бжыгъэхэр.
  • — Сызипашэ кафедрэр медицинэ факультетым къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 50-м щIигъуащ. Абы и IэщIагъэлIхэм сыт хуэдэ зэмани шэщIауэ ирагъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ купщIафIэхэр. Ди къэхутэныгъэхэм ящыщ куэд ехъулIэныгъэ яIэу къыщагъэсэбэп медицинэ IэнатIэм. Дэ дапыщIащ республи-кэм и сымаджэщхэми профилактикэ лэжьыгъэ щызэфIах IэнатIэхэми, — жеIэ Иуаным. — Мыхьэнэшхуэ идот едгъаджэ студентхэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм хэшэным. Абыхэм ягъэхьэзыр щIэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр. Ахэр утыку къыщрахьэ КъБКъУ-м, къэралым и нэгъуэщI еджапIэ нэхъыщхьэхэм щекIуэкI студент конференцхэм. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къытрадзэ щIэныгъэ журнал зэмылIэужьыгъуэхэм.
  • Иуаным зэрыжиIэмкIэ, профессор Алътуд Юрэ КъБКъУ-м и пашэ зэрыхъурэ блэкIа илъэси 5-м къриубыдэу факультетым иIэ мылъку-техникэ лъабжьэр хэпщIыкIыу ефIэкIуащ. Студентхэм хуит къыхуащIащ зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызыхуэтыншэу къызэгъэпэща, къати 4-у зэтет еджапIэщIэ, еджапIэжьми щрагъэкIуэкIащ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэфIхэр. А псори щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр хуэфэщэн мардэ лъагэм тету зэфIэха хъунымкIэ, къэхутэныгъэщIэхэр егъэкIуэкIынымкIэ.
  • И лэжьыгъэкIэ Иуаныр япыщIащ гъунэгъу щIыналъэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. 2003 гъэ лъандэрэ ар хэтщ Осетие Ищхъэрэ къэрал медицинэ академием, Адыгей къэрал университетым биологие щIэныгъэхэмкIэ я доктор, кандидат диссертацэ советхэм. Анатолэ я унафэщIу, Осетие Ищхъэрэ къэрал медицинэ академием щагъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэкIэ щыпхагъэкIащ кандидат диссертацэу 4. Апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрызэфIихым папщIэ, Иуан Анатолэ къыфIащащ «Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
  • Еджагъэшхуэр цIэрыIуэщ и щIыбагъ къыдэлъ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ. Иуаным и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 150-м щIигъу. Абыхэм ящыщхэр къытехуащ SCOPUS, WEB of Science (тхыгъи 4), ВАК (тхыгъэ 40-м щIигъу), РИНЦ (тхыгъэ 40 щIигъу) библиографие, реферативнэ дунейпсо базэхэм хыхьэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. Абыхэм уи тхыгъэ къытрадзэн щхьэкIэ, абы щIэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ еплъыкIэщIэ гуэр хэлъын хуейщ, ар къызыхэщ рецен-зэ купщIафIэри щIыгъужу. Апхуэдэу Иуаным игъэхьэзыращ икIи дунейм къытригъэхьащ монографие купщIафIэу 4, «физиологие» медицинэ унэтIыныгъэм хуеджэ студентхэм папщIэ тхылъи 3 къыдигъэкIащ, автор гупым яхэту.
  • Университетым, зыхэт диссертацэ советхэм, зи унафэщI кафедрэм щызэ- фIих егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу, Анатолэ куууэ ирегъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри. Медицинэм ар щолэжь кислородыр цIыху Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм, лъым къазэремэщIэкIым (гипоксием) къихьынкIэ хъуну шынагъуэхэм. КъинэмыщIауэ, КъБР-м и Парламентым и депутату щыту, Анатолэ жылагъуэм щегъэзащIэ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным епха къалэнхэр. А унэтIыныгъэхэмкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIигъэкIыр къалъытэри, 2018 гъэм Анатолэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр.
  • ЩIэныгъэлI цIэрыIуэр ящыщщ Тхьэшхуэр унагъуэ дахэкIэ зыхуэупсахэми. Абы и щхьэгъусэ Светланэ сабий дохутырщ, «Лэгъупыкъу» республикэ сабий социальнэ центрым пщIэ иIэу щолажьэ. Абыхэм бынитI — пхъурэ къуэрэ — зэдагъуэтащ, ахэр адыгэ хабзэм и мардэхэм тету ягъэсащ, щIэныгъэ, IэщIагъэ иратащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Анатолэрэ Светланэрэ я хъыджэбз Лиани я малъхъэри я IэщIагъэкIэ экономистщ, абыхэм я унагъуэр Москва щопсэу, я Iуэху дэкIыу. Я щIалэ Артур экономист, юрист IэщIагъэхэр зригъэгъуэтащ, полицэм и подполковникщ. Артури унагъуэ дахэ хъуащ, абы и щхьэгъусэр дохутырщ. Нэхъыжьхэр ягъэгуфIэ я бынхэм, къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм, гъащIэм и IэфIыр иджыри зэ зыхрагъащIэу, дунейр нэхъри щIэщыгъуэ къыщащIу.
  • Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Иуан Анатолэ дохъуэхъу къыщалъхуа махуэшхуэмкIи Урысей щIэныгъэм и махуэмкIи. Ди щIыналъэм, хэкум я зыужьыныгъэм хуэгъэ- пса лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэфIэзыха, щIэныгъэм и щыгум нэса еджагъэшхуэм узыншагъэ быдэ иIэну, насыпрэ гуфIэгъуэрэ щымыщIэу псэуну ди гуапэщ.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.