ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пшадэ

2021-02-09

  • Геленджик (ХьэфIыцIей, Хъулъыжьый) къалэ цIыкIум къедза Iэгъуэблагъэм щежэх псыхэм я нэхъ инщ Пшадэ зи фIэщыгъэу километр 35-м нэблагъэ зи кIыхьагъыр.

  • Мы щIыпIэм зыщызыгъэпсэхухэм я фIыгъэкIэ зи гугъу тщIы псыр зыдэт тIуащIэм теIукIащ «Псыкъелъэу 100-м я къуэладжэ» цIэ телъыджэри. 
  • Мэзылъэ къуэкIийуэ здежэхым Пшадэ псы къуэпсу 30-м нэблагъэ къыщыхолъадэ. Я нэхъ цIэрыIуэхэу Пэпей, Дэгубэ зи фIэщыгъэхэри яхэту, абыхэм километри 3-м къыщегъэжьауэ 20-м нызэрыхьэс я кIыхьагъщ. 
  • КъедбжэкI хъумэ, Пшадэ цIэр зэрахьэ зи гугъу тщIы псыр гъунэгъу зыхуэхъу къуажэхэм ящыщ зым, псым и ныджэр къыщежьэ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм щхьэщыт Iуащхьэ-хэм ящыщ зым (метр 743-рэ и лъагагъщ), тIуащIэм укъызэрыдыхьэ хъу щхьэдэхыпIэм. 
  • Лъахэхутэхэм ящыщу языныкъуэм къызэралъытэмкIэ, «щIыпIэцIэр къызэрыбгурыIуэ хъунур ипэжыпIэкIэ зэхагъэкIащ» жыIэныр тIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ. Псом япэу къыхэдгъэщынщи, зыгуэрхэм ар ирапх куржыхэм я бзэм, «псы къибыргъукI» мыхьэнэр ирату, хэт «пша» псалъэм.
  • ЩIыпIэцIэм ехьэлIауэ и нэхъыбэр зи телъхьэр ар адыгэ-абхъаз бзэхэм, «псы» егупсысыкIэр къыщызэдикIыу, хэт «пш» жыIэкIэм пыщIауэ къэлъытэнырщ. ЩыIэщ, фIэщыгъэр абхъазхэм я бзэм, «жьы къыщемыпщэ тIуащIэ» «жьугъуэджэ» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу хэт «апшадэ» псалъэм хуэзышэну хущIэкъухэри. 
  • Мыдрейхэм Пшадэ псыцIэм халъагъуэр «пшагъуэм щIихъума» егупсысыкIэрщ, фIэщыгъэм и етIуанэ Iыхьэм — «ды» жыхуиIэм — кIахэ адыгэхэм «щIихъумащ» мыхьэнэри къызэрыщрагъэкIым къыхэкIыу.
  • УарохьэлIэ щIыпIэцIэр натхъуэджхэм я бзэм хэт «пъэдей», «пщэдэ» псалъэхэу «тхушэдеяфэ» (чинар), «мэзыдэ» зыгурыгъэIуэкIэхэм нэхъ техуэу къэзылъытэхэри, зи гугъу тщIы псыхъуэм а жыг лIэужьыгъуэхэм куэдыкIейуэ узэрыщрихьэлIэр я щхьэусыгъуэу.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.