ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхьэгъушгъуор адыгэбзэщ зэрыджэр

2021-02-09

  • Мэздэгу  адыгэхэм  я  псалъалъэ
  • Аранэ I — бгы екIуэкIым и нэхъ лъагэ дыдэм и щыгу.
  • Аранэ II — зыгуэрым и нэ, и гъуанэ.
  • Бжордадэ — чыристан диным и щыхьэтыгъэхэм тету щIалэм е хъыджэбзым адэ пэлъытэ хуэхъум, мэздэгу адыгэхэм ящыщу къэзакъ къуэшкIэ зэджэхэм аращ зэрахьэр.
  • Бжорнанэ — чыристан диным и щыхьэтыгъэхэм тету щIалэм е хъыджэбзым анэ пэлъытэ хуэхъум, мэздэгу адыгэхэм ящыщу къэзакъ къуэшкIэ зэджэхэм аращ зэрахьэр.

  • Бжысэ — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ сэ лIэужьыгъуэщ, и пэри щимэу къыхэкIыу, икIри псыгъуэ кIыхьу. УрысыбзэкIэ «копие» жыхуаIэращ.
  • Бдзэгъур — бдзэжьей гъэгъуа.
  • Бзырылъху — хъыджэбз цIыкIу фIэкIа къэзымылъху цIыхубз.
  • Гузизэ — зыгуэр щхьэкIэ гузавэу, щIэгузавэр къыгурымыIуэу цIыхур зэрыт щытыкIэм йоджэ. Махуэ псор гузизэм сыхэмыкIыу исхащ, жаIэ.
  • Гулым: гулым ищIащ — зыгуэрым хуэпабгъэу щытын.
  • Гъыбжэ-тебжэ: гъыбжэ-тебжэу ягъэтIылъыжащ: щоджэным и тхьэлъэIури, цIыхум гъыбжэ макъри зэхэту дунейм ехыжар щыщIалъхьэкIэ, апхуэдэу жаIэ. ПщIэ иIэу щIалъхьэжащ, жыхуиIэ мыхьэнэр хэлъщ.
  • ДагъэщIакхъуэ — щIакхъуэзэтеупIэщIыкI.
  • ДанэкIэпс — зэгуэкIуа ныбжьыщIитIыр зэрызэхуэпэжынум и щыхьэту зэIэпах, данэм къыхэщIыкIа кIапсэ псыгъуэ цIыкIу.
  • Данэтепхъуэ — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ щэкI тепхъуэщ, фоIэпсымрэ фоIэщIэтымрэ я щIыIум трапхъуэу. УрысыбзэкIэ «покровцы» жыхуаIэращ.
  • ДанэIэусэ — Iэщхьэтхьэмпэм и щIагъым щIэлъ, цIыхубз Iэблэм и щIыIум телъ щэкI пIащIэм апхуэдэу йоджэ.
  • Дахэнэужьэ: дахэнэужьэу зэхэтщ — бынунагъуэ дахэщ, жыхуиIэщ.
  • Дэбэскъыхьын — унэм къыщIэмыкIыурэ, пщIантIэм къыдэмыкIыурэ пшэр дэхъухьын.
  • Дыдкъуапэ — дадэкъуапэ, жыхуэтIэращ.
  • Зэщыкъун — дэхуэхын, тхьэмыщкIэ хъун.
  • КIуэдыжын — игъуэ нэмысу дунейм ехыжам и лIэкIэм аращ мэздэгу адыгэхэр зэреджэр.
  • Къут хэIэгъуэ — фэрэкI узыр зыщIэкIахэм папщIэ ягъэхьэзыру щыта дагъэрыжьэр зэ къыщIэгъэлъэгъуэкIэ шыуаным къыщрахкIэ, цIыхуищ зрикъун къут хэIэгъуэр хьэзыр хъуауэ къалъытэрт.
  • КъутзэхэщIэгъуэ — къутыр щагъэхьэзыркIэ, нанэхэм сабий цIыкIухэр къраджэурэ фошыгъупсым хакIута нартыху хьэжыгъэр зытIэкIурэ бэлагъкIэ зэ къекIуэкIыгъуэ хъун хуэдизкIэ зэIрагъащIэрт, псапэ хъунщ, Созэрэщи къэгумэщIэнщ, жаIэурэ.
  • Къутмамэ — цIыху куэдым яIухуэмэ, ди къутыр къызэрыкIуэтэкъым, къутмамэ хъуат, жаIэ.
  • КхъэкIущдэх — илъэсым зы махуэ хэха гуэр цIыхухэр кхъэ бгынэжахэм кIуэуэ щытащ, зи цIэрэ зи щхьэрэ ямыщIэж тхьэмыщкIэхэм шхынхэр худахыу, тхьэ хуелъэIуу. Аращ кхъэкIущдэх жыхуаIэри.
  • Мамзей — мэздэгу адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ фIэщхъуныгъэм ипкъ иткIэ, пщIантIэм щыпсэу псэущхьэщ, ар бзаджэнаджэм щихъумэу, мыхъумыщIэ къыбгъэдимыгъэхьэу. И урысыбзэр къытхуэгъуэтакъым.
  • Мэскъарей — гушыIэрей, ауан щIынкIэ ерыщ.
  • Мымырэ — мырамысэ.
  • Мыстхъалъэ — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ хьэкъущыкъу лIэужьыгъуэщ, щхьэтепIэ иIэу, къепхьэкI хъууэ ибгъухэмкIэ къыхэкI хьэIупэхэм псы ищIауэ илъу. УрысыбзэкIэ «кадило» жыхуаIэращ.
  • Нэепс хъун — нэкIэпсыжэ хъун.
  • НэIущэ — нэбжьыц. IуэрыIуатэм хэту фIэкIа къызэрыкIуэ псэлъэкIэм щызэрахьэу дрихьэлIакъым.
  • ПсыIущIэ — нысашэ хабзэм щыщ зы дауэдапщэщ. НысащIэр япэ дыдэу къызыхыхьа унагъуэм я пщIантIэ къыдэкIыу псыхьэ щыкIуэкIэ, псыкъуийм ираубыдылIэрти, гушыIэрэ джэгуу зэхэт Iуэхугъуэ зыкъом иращIэкIырт, псыхьэ къакIуэр псори абы къыхыхьэн хуейуэ. Псыр къипхыну Iэмал щымыIэу, IущIа пэлъытэу зэрыхъум къыхэкIащ хабзэм и фIэщыгъэр. Къэбэрдейми щызэрахьэ мы хабзэр. Щыпсэу щIыпIэм елъытауэ, «нысэтеубыдэ», «псыхьэубыд», «псынэтенэ», «псыхьэдэкI» фIэщыгъэхэр бзэм щызокIуэ.
  • Сырыджэл — уIурыIэбэ мыхъуу бзаджэ, зи псалъэр гуащIэ.
  • ТхьэгъуцIицIэ — тхьэгъушхэм макъ зэрырагъэщI гъущIыкIэ, урысыбзэкIэ «колокольный язык» жыхуаIэращ.
  • Тхьэгъуш бзэгу — еплъ тхьэгъуш бзэгум.
  • Тхьэгъуш уэхь — тхьэгъушым и лъащIэм гъуанэ иIэщ, тхьэгъуцIицIэр икIрэ къеджэрэзэкIын хуэдэу и щIыIукIэ иIэ фIэгъэнапIэм ихауэ. А фIэгъэнапIэр езыр тхьэгъуш тхьэкIумэм илъэфа кIапсэмкIэ бгыкъум епхыжащ. ТхьэгъуцIицIэр зэрыкI гъуанэращ тхьэгъуш уэхькIэ зэджэри.
  • Тхьэгъуш Iупэ — тхыпхъэхэр, Забурым щыщ усэ едзыгъуэхэр, тхьэлъэIу зэхуэмыдэхэр зытратхэ тхьэ-гъуш нэз.
  • Тхьэгъушанэ — члисэхэм лъагэу дэщIеяуэ къыбгъурыт ухуэныгъэщ, урысыбзэкIэ «колокольня» жыхуаIэращ.
  • Тхьэгъушбауэ — тхьэгъуштIауэм нэхърэ нэхъ ин, зи щIэжьыуэр нэхъ лъэщ тхьэгъуш лIэужьыгъуэщ. УрысыбзэкIэ «подзвонные колокола» жыхуаIэращ. Тхьэгъушбауэхэм бжыгъэ пыухыкIа яIэкъым, члисэм и инагъымрэ и зэфIэкIымрэ елъытащ. Тхьэгъушбауэм къыпыIукI макъыр тхьэгъушышхуэм и джэрпэджэж хуэдэщ, ар игъэдахэу, нэхъ лъагэу къызэщIиIэтэу.
  • Тхьэгъушгъуо — члисэм щекIуэкI тхьэлъэIу хуэIухуэщIэхэм цIыхур къызэрыхураджэ тхьэгъушышхуэ. НэгъуэщIуи «тхьэгъуш» жаIэ. УрысыбзэкIэ мы тхьэгъуш лIэужьыгъуэм «благовестник»-кIэ йоджэ. Мэздэгу адыгэхэм я зы нанэ хъыбархэр къедгъэIуэтэжу дыздэщысым, тхьэгъушауэ макъ къэIуати, занщIэу жор зытрищIэжащи. Дэ ар дгъэщIагъуэу дыщеплъым, къыпыдыхьэшхыкIри, «фымыгъэщIагъуэ, ди тхьэгъушгъуор адыгэбзэщ зэрыджэр», жиIащ.
  • Тхьэгъушпкъо — тхьэгъушыр зыкIэрыщIа бгыкъу.
  • Тхьэгъуштокъу — тхьэгъуцIицIэм и пэм пыс щхьэ топым аращ зэреджэр. Тхьэгъуштокъум аранэ иIэщ, тхьэгъушауэр тхьэгъушым Iэрыхуэу еуэн щхьэкIэ кIапсэ иращIэу.
  • ТхьэгъуштIауэ — тхьэгъушым нэхърэ фIыуэ нэхъ цIыкIу, абы                игъэIу макъым щIэжьыуэ къезыт, тхьэгъуш тхьэкIумэм илъэфа кIапсэкIэ зэкIэрыщIа тхьэгъуш гуп. Зы кIапсэ зэкIэрыщIам тхьэгъушищ-плIы фIэщIауэ щытынкIэ хъунущ. УрысыбзэкIэ «зазвонные колокола» жыхуаIэращ.
  • ТхьэнапэнатIэ — тхьэнапэхэр зралъхьэ пхъэ зэIулIа, рамэ.
  • Тхьэнапэнэху — унэм и плIанэпэ дыдэм лъагэу Iэтарэ абдеж щызэхэт тхьэнапэхэм къахэщ, я нэхъ иным апхуэдэу йоджэ.
  • ТхьэнапэIэгу — тхьэнапэхэр зыдэт плIанэпэ.
  • ФоIэпс — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ хьэкъущыкъущ, и теплъэкIэ Iэгубжьэм ещхьу. УрысыбзэкIэ «потир» жыхуаIэращ.
  • ФоIэщIэт — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ хьэкъущыкъущ, и теплъэкIэ шэщIэтым ещхьу. УрысыбзэкIэ «дискос» жыхуаIэращ.
  • Фохъуп — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ хьэкъущыкъущ, и теплъэкIэ бжэмышх цIыкIум ещхьу. УрысыбзэкIэ «лжица» жыхуаIэращ.
  • ХумпIэ — зыри, жыхуиIэщ. Си джий хумпIэ ехакъым, жаIэ.
  • Хурэ — джэдкъуртыр ящхьэщымыту хукIэ япI-ягъашхэ джэджьей IэрыпI.
  • Хьэлэбылэ: щIалэ хьэлэбылэщ — илъэс иримыкъуа сабийм, зыгуэрхэр зэпигъэувэну, зыгуэрхэр къипсэлъыну хэту къэвэравэм щхьэкIэ жаIэ.
  • Хьэмыку I — гъавэр хьэмым трашэу яIуа нэужь къыщIэщэщыр.
  • Хьэмыку II — мыхьэнэ зимыIэ, щхьэпэ зыпымылъ.
  • ХьэшкIэл — кIыл. СегъэхьэшкIэл, жаIэ.
  • Хъудырбэлацэ — дзэ зыIумысыж лIыжь-фызыжьхэм, сабийхэм щхьэкIэ ягъэхьэзыр, гуэдз хьэжыгъэм къыхащIыкI хъудыр лIэужьыгъуэщ, тыкъыр цIыкIуурэ пщарэ шэкIэ гъэвэжауэ.
  • Хъурылъху — щIалэ цIыкIу фIэкIа къэзымылъху цIыхубз.
  • Хъурымыжь — щIыпIэ бгынэжахэр зэщIищтэу къыщыкI удз гъур лIэужьыгъуэщ. Къэбэрдейм щыпсэухэм «къурэ», «къурэбанэ», «хъурымыжьбанэ» псалъэхэр зэрахьэ.
  • Чэнчэшу — узыфэ лIэужьыгъуэщ, зыщыщыр тхузэхэгъэкIакъым.
  • ЧлисакIуэ — члисэм щекIуэкI дин хуэIухуэщIэхэм зыхэзымыгъэну кIуэ, абы зэпымычу хэт цIыху.
  • ЧлисэIут — члисэм щIэт щIалэ цIыкIу IуэхутхьэбзащIэ.
  • Шэрхъмывэ — мывэщхьэл.
  • ЩхьэнтэгъэтIылъ — IутIыжым ирихьэлIэу дунейм ехыжар зыщIэлIыкIа унэм, илъэс дэмыкIамэ, щхьэнтэхэр кърагъэтIылъэкIырти, джэдыкIэ лахэр тралъхьэрт. А щIыкIэм тету хьэдэпсэр ирагъэблагъэу, лъытэныгъэ зэрыхуащIыр кърагъэлъагъуэу арат.
  • Щыт — члисэм щекIуэкI дауэдапщэхэм щызэрахьэ гъущIхэкI хьэпшып гъэшащ, тIууэ зэбладзрэ фоIэщIэтым щхьэщагъэувэу. Данэтепхъуэр фоIэщIэтым щытрапхъуэкIэ, лъэмыIэсын папщIэ зэрахьэ Iэмэпсымэщ. УрысыбзэкIэ «звездица» жыхуаIэращ.
  • ЩIыгуатIэ — щIыгулъ щабэ, щIыгулъ пхъапхъэ, жыхуиIэщ.
  • ЩIызей I — мэздэгу адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ фIэщхъуныгъэм ипкъ иткIэ, унэм щыпсэу псэущхьэщ, ар ихъумэу, абы къыщыжу, унагъуэм исхэм я зэхуаку илъ зэгурыIуэныгъэр ихъумэу, лъхугъэм и тету. УрысыбзэкIэ «домовой» жыхуаIэращ.
  • ЩIызей II — жэщтеуэ.
  • ЩIыIэмб хъун — щIым щхьэфэр къыдришейуэ хасар къыхэкIыу щыхуежьэкIэ, жылэр щIыIэмб хъуащ, жаIэ.
  • ЩIэджэрэмыжын — Iуэхум хущIегъуэжын.
  • Iэдамыгъу — дэIэпыкъуэгъу.
  • Iуж — члисэм щыщ зы Iыхьэщ, и кIуэцIымрэ пэIущIэмрэ я зэхуакум   иту.
  • IутIыжкхъэдэх — IутIыжыр, урысыбзэкIэ «Пасха» жыхуаIэм, и махуэ епщIанэм, гъубжым техуэу, мэздэгу адыгэхэр кхъэм докI, я адэ-анэхэм, я Iыхьлыхэм я кхъащхьэхэм Iэ далъэну, ягъэкъэбзэну, яхуэлъэIуэну. А махуэм кхъэм дэкIхэм матэм из джэдыкIэ ла здыдах, кхъащхьэ     къэс тIурытI-щырыщ тралъхьэн щхьэкIэ.
  •  
  • ТАБЫЩ Мурат,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.