Гум телъ дыркъуэ
2021-02-09
- Мыкъуэжь Анатолэ
- Поэмэ
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №13-м итщ).
- X
- БампIэдэхыу фадэбжьэ сефауэ
- СыкIуэжт унэм, тIэкIуи сыгувауэ.
- Къыщысхуозэ ныбжьыщIиплI си гъуэгум,
- Я мурадыр иплъагъуэрт я нэгум.
- Зым къыхедзэ: «Зы тутын дегъафэ»,
- Адрейм жеIэ: «КъытхущIэдзэ мафIэ».
- «Къытхуэгъуэт сахуалъэ», — жи, ещанэм,
- СыкъокIуэт, сыкIэроувэ блыным.
- ГурыIуэгъуэт Iуэхур зыхуэкIуэнур,
- КIэухыфI абы зэримыIэнур.
- ЗыкъыщысщIэжар сэ сымаджэщырщ,
- Махуищ кIуауэ, еплIанэм и жэщырщ.
- Си тхьэкIумэм макъ гуэрхэр къиIуэжырт,
- Си нэгу щIэкI пычыгъуэхэм захъуэжырт.
- Зым и теплъэр хъарпшэру къэсщIэжырт,
- НаIуэу зэм си нэгу къыщIэлыдэжырт.
- … Силъ зэрытщIэжам и гугъу
- фхуэсщIынкъым,
- Ар нэгъуэщI хъыбарщ —
- зезгъэшэщIынкъым.
- * * *
- Сыхъужыну си гугъами щIэхыу,
- Си гугъам къыщыщIидзакъым Iуэхур.
- Хъуащ кIыхь дыдэ си сымаджэныгъэр,
- Пшэ къытрихуащ си уафэ бзыгъэм.
- Махуэ къэскIэ Жаннэ сэ къысхуэкIуэрт,
- ЗригъащIэрт си гур нэхъ зыхуэкIуэр.
- Сигу ихужкъым иужьрей зэIущIэр,
- (Абы щыгъуэ иужьу сымыщIэт).
- Си пIэ лъапэм Жаннэ тест нэщхъейуэ,
- Къыстегузэвыхьырт ямылейуэ.
- Иджы, мисыр, мазэм нэблэгъауэ
- КъыкъуэкIыжкъым. Сыт къэхъуар?
- Ар дауэ?
- Ди цIыхугъэхэм зэпхыжаIыкIыу,
- КъыслъоIэс хъыбархэм я нэхъыкIэр.
- ЖаIэ ар нэгъуэщIым дихьэхауэ,
- А дэзыхьэхам Iэпэгъу хуэхъуауэ.
- Пэж хэмылъмэ, дэнэ ар здэщыIэр?
- Къэслъыхъуэнут — Iэмал лъэпкъ симыIэ.
- XI
- Жаннэ и гур зыкIэрыпщIа щIалэм
- И адэ-анэр къыщацIыхут ди къалэм.
- И адэр лIыщхьэт, иIыгът къулыкъушхуэ,
- Хуэкъулейхэт — арат зэрыгушхуэр.
- «Фу, цIыхумэ!» — жаIэу дэтт уэрамым,
- Ябжт езым фIамыгъэжар хьэрэму.
- Эдик хъужыр ахэм я къуэ кIасэт,
- ИмыщIэххэт ишхым иIэу уасэ.
- КъыжьэдэкIыр и жьэм — хуагъэзащIэрт,
- Псори ибжт езым и IуэхутхьэбзащIэу.
- ЩагъэкIати щIалэр ямылейуэ,
- КъыпхуимыIэтынут зы баш лейуэ.
- Къахуеплъыхт зыхэтхэм, зигъэпагэу,
- Дэтт ди къалэм ар уэрамгъэдахэу.
- Ди зэманым и лIыхъужьщ жыхуаIэм
- Ебгъэщхьыну хэмылът зы хьэл закъуэ.
- Сынилъадэу япэ, сымыубэу,
- И сурэтыр фхуэсщIынщ сегугъупэу.
- Зэ къэфцIыхумэ пэщIэщIэгъу тхуэхъунур,
- Сэ къысфIощIыр си телъхьэ фыхъуну.
- Щхьэпэлъагэщ, езыр сырыхуфэщ,
- Къэзылъхуам емыщхьу, щхьэц хъурыфэщ.
- ПащIэ тIэкIуи тетщ, фызабэ бжыхьу,
- ПцIы щиупскIэ, IэщIкIэ телъэщIыхьу.
- ЗэщыхуэпыкIащ ар зэщIэлыдэу,
- Дыдей лъэпкъ хэмыту, импорт дыдэу.
- А зэманхэм джинсыр къежьагъащIэт,
- Щалъэгъуатэкъым ди деж игъащIэм.
- Щыкъузащ и джинсыр ямылейуэ,
- Лъыгъщ абы вакъитIи, лъапэ тIейуэ.
- И щхьэ тIэкIур фIыуэ елъагъужыр,
- Дагъуэ лъэпкъ имыIэу къыщохъужыр.
- Адрейхэм захегъэлъагыкIыр,
- Къыщопсалъэм деж пщхьэпроплъыкIыр.
- Гуп хыхьамэ, яфIыдохьэ жьантIэм,
- Къыдехыж дапщэщи и бзэ лантIэм.
- Къоубзэрабзэу псафэ уишэфынущ,
- Псы уемыфэу укъишэжыфынущ.
- Удихьэхыу жьэрыIэзэ дыдэщ,
- ЖьэрыIэзэ щхьэкIэ, Iэпэ задэщ.
- Зы лэжьыгъи тыншу хэмызагъэ,
- Зы IэнатIи, уеблэм, Iумызагъэ.
- Махуэ кIыхьым и зэш тригъэууэ,
- Дэлъщ ар псыхъуэм, дыгъэм зригъэууэ.
- Хъуам пщыхьэщхьэ, макIуэ рестораным,
- Нэгузыужьу щегъакIуэ зэманыр.
- И къэхьпагъкIэ къалэм щыцIэрыIуэщ,
- НэгъуэщI «щытхъуи» мызэкIэ имыIэ.
- Хъыджэбз щIалэу къалэм дэсу хъугъэр,
- ИфIэщыпэу, езым ей и гугъэщ.
- Емыса ар «хьэуэ» къыжраIэу,
- Ахъшэм бгы екъутэ, зэрыжаIэу.
- Куэзыр джэгур зыхилъхьэ щымыIэ,
- Къыщихьэхуи ахъшэ хъушэ щыIэщ.
- ИригъэкIыу щытми ахъшэр уэру,
- Хуэдизыбзэ къыхохъуэж аргуэру.
- ЩIэп щIэшынми хуэмыхей а щIалэр,
- ФщIы фи фIэщ, мэскъалкIи тезмыгъалэ.
- ИцIыху псоми зы дзы гуэр яфIещыр,
- Дзы фIэщынкIэ дзыбэхэрщ ерыщыр.
- «Хьэ хуэпащ»
- ныбжьэгъухэр къызэреджэр,
- Арэзыщ езыри а цIэ леймкIэ.
- Уеблэм, ар къыфIощIыр гъэфIэгъыбзэу,
- КъызоплъэкI, уеджамэ, ифIэфIыбзэу.
- Ар хьэ дыдэщ, яхуэпащ армыхъумэ,
- ФыщIэупщIэ, жысIэр фи фIэщ мыхъумэ.
- Ауэ Жаннэ а псом щымыгъуазэт,
- И гурыщIэ тIэкIухэрт зэрыгъуазэр.
- XII
- Гур зэрыгъум ирижакIэщ дыгъур,
- КъыщIэкIащ нахуапIэу си фIэщ мыхъухэр.
- Есат Эдик, бэлыхь лъэпкъ хэмыту,
- Нэ зрищыр и пIэм къыхэхутэу.
- ИщIэрт цIыхубз куэдым я тIасхъапIэр,
- Зэращэжыр ахъшэкIэ я напэр.
- Iэзэу идзырт абы и аркъэныр,
- ФIэкIыфакъым Жанни а къапхъэным.
- ЙокIуэкI иджы ахэр зэIэпэгъуу,
- ЖыпIэпэнурамэ, зэщIасэгъуу.
- Ресторанхэм махуэ къэс щегъафIэ,
- Хэплъыхьауэ шагъыр щрегъафэ.
- ДыщэхэкI, налкъуткIэ къыхуоупсэ,
- Тхьэ щеIуэжыр Жаннэр и нэ-и псэу.
- «Волгэ» фIыцIэм ису кърешэкIыр,
- Гуп здыхэтым, IэплIэ кърешэкIыр.
- КъыфIэнамэ хьэпшып гуэрхэр и нэм,
- КъыкIэлъыкIуэ махуэм щIэлъщ и унэм.
- Зэм щыгъар етIуанэу щитIэгъэжкъым,
- Тхьэгъу-Iэлъынхэр щIэх-щIэхыу
- ехъуэжыр.
- Бостей лъапIэм нэхъ дахэж щIохъукIыр,
- Адрей псоми ар къахолыдыкIыр.
- Гухэлъ пудым и нэр къыщипхъуауэ,
- НэкъыфIэщIхэр насып къыщыхъуауэ,
- Жаннэ гъащIэр ирехьэкI, лъэтауэ,
- НэгъуэщI дуней гуэр къыщыхутауэ.
- А дунейр ухуащ, дыдейм емыщхьу,
- Нэгузыужьыр, ахъшэр щынэхъыщхьэу.
- Псэ Iуэху лъэпкъ абы щызэрамыхуэ,
- Щапшыныжыр Iэпкълъэпкъым
- и щIыхуэр.
- «ЩIэщыгъуэщIу ужэгъухщ» жыхуаIэр,
- Фэ фымыщIэм, сэ фыкъызэдаIуэ:
- Ар — хуэпабгъэу къилъыхъуа щIэщыгъуэр
- Нэхъ псынщIэжу къызыIэщIэужагъуэрщ.
- КIэщIу жыпIэм, а псалъитIым къикIым
- ХуокIуэ Эдик и дуней тетыкIэр.
- Дунейм теткъым кIэух гуэр зимыIэ,
- ИмыкIыжуи щIалэгъуэ щымыIэ.
- Зэрыхуэзэу нэгъуэщI хъыджэбз щIалэ,
- Эдик деж щикIынщ Жаннэ и пIалъэр.
- Зыщ мы псом си жагъуэ хъууэ хэлъыр:
- Зэрыхъуарщ зеиншэ ди гухэлъыр.
- XIII
- Зы Iуэху гуэрым уи псэр щыхуэпIащIэм,
- Сыт апхуэдэу зэманыр щIэжьажьэр?
- Жаннэ епсэлъэну кIуат Ахьмэди,
- Къигъэзэжкъым, хуежьами хэкIуатэу.
- КъыстегуплIэпауэ сэ гухэщIыр,
- КъызэхызокIухь мы си пэш нэщIыр,
- Зы дакъикъи псэхупIэ симыIэ —
- Дэнэ кIуа си лIыгъэр, си зышыIэр?
- АфIэкI Iуэхум зыри къимыкIыну,
- Къэгъэзэншэу дызэIэпыкIыну
- Сигу къыщыкIкIэ, мафIэ щэхум сису,
- ХощэIукI, сымаджэ хьэлъэу, си псэр.
- Гугъэ щэхухэм я кIапэ нэху гуэрхэм
- Сыщагъэгугъыж зэм нэхъыфI гуэрхэм.
- Ауэ псори пшагъуэм хокIуэдэжри,
- Насып гъуэгур сэ сфIызэхуокIуэжыр.
- * * *
- КъыщIохьэжыр Ахьмэд жэщ ныкъуэм,
- Ауэ зэуэ сигу имыгъэныкъуэм,
- Нэхъ къищтащи, хэтщ пыгуфIыкIыну,
- Хэтщ и нитIыр сэ къысщигъэпщкIуну.
- ЖеIэ Жаннэ къыхуэмыгъуэтауэ,
- Я уэзджынэр ятрикъутауэ.
- «Си ныбжьэгъу, фэрыщIхэр мэхъур Iэджэ,
- Ахэм ещхь уэ зыпхуэщIакъым фэкIэ.
- ЕтIысэхи, зыри думыгъэхуу,
- Плъэгъуа псор къысхуэIуэтэж гупсэхуу».
- Арыншауэ Ахьмэд щыхуэзмыдэм,
- Кърегъажьэ, еплъыхыу, мыпхуэдэу:
- «Гу лъыптащ уэ сызэрыгуитIщхьитIым,
- Я щыхьэтщ жысIэжхэм мы си нитIыр.
- ХъыджэбзиплIрэ щIалищу зэгъусэу,
- Сахуэзахэщ я фэтэрым щIэсу.
- Бжэм сеуIури, Жаннэ къыщыIуихым,
- И фэр пыкIри, сэлам къызимыхыу,
- ТIэкIу пыгуфIыкIыну яужь иту,
- Ауэ къемыхъулIэу а зыхэтыр,
- ПIейтеигъэр зыщIыпIи хуэмыхьу,
- КъызжиIащ фIэмыфIурэ: «КъыщIыхьэ».
- Я бжэщхьэIум сызэребэкъуэххэу,
- Сыхэхуащ гупышхуэ, сымыщIэххэу.
- Ефэ-ешхэм и гуащIэгъуэ дыдэт.
- Iэнэ кIыхьыр ерыскъым къикъутэрт.
- Сыхэтат сэ сыкъикIуэтыжыну,
- Гуп мыцIыхум сыкъыхэкIыжыну.
- Я нэхъыжьым ар сэ къысхуимыдэ,
- «Гуп махуэбжьэ зэ къытхуефэт, мыдэ», —
- Жери фадэр къысIэщIегъэувэ,
- СыхоIубри, изотыж семыфэу.
- СагъэтIысри, пащэ я хьэкъувэкъум,
- Къызэрошэ хуэмурэ утыкум.
- Ахъшэ гугъут щызекIуэр я Iэнэгум,
- Зы гурыщIи къищтэкъым я нэгум.
- Я уэршэрым хуабжьу утезашэрт,
- Я хъуэхъу тIэкIухэри купщIэншэ защIэт.
- Збгъэдэс пщащэр, и нэр игъэджэгуу,
- И фIэщ дыдэу «гухэлъ къыздоджэгур».
- Зэтридзэу зэми и лъакъуитIыр,
- КъыщIегъэщыр и куафэ хужьитIыр.
- «Дыкъэгъафэ», — жери сыкъыдешыр,
- ШейтIан уджым, арти, сыныхешэ.
- АдкIэ Жанни къызэрогъуэтыжри,
- ЖиIэ хуэдэ «СщIэнум сыхуитыжкъэ»,
- ЗыIурегъэтIысхьэ тутын псыгъуэр,
- (Сигу щыхэщIыпар сэ абы щыгъуэт).
- А щытыкIэр абы зэремыкIур,
- ИщIэжатэм, зэбгъэжынти и гур.
- КIуэтэхункIэ гупыр къызэщIоплъэ,
- Сэри адкIэ къэхъунум сыпоплъэ.
- Къофэ псори, зыр зым иужь иту,
- ЗыIэщIэти фадэбжьэ яхэту.
- И уэрэд щIэдэIуу «Бони-М»-м,
- ЗызытIэщIи къахокIыр, ухуеймэ.
- Шэнтжьей къуапэм Жаннэ тегъэщIауэ,
- Мэдыхьэшхыр, фадэм жан къищIауэ.
- Тутын Iугъуэм блынхэр игъэмэхыу,
- Я макъамэм зы зыхыуимыгъэхыу
- Щыхъум, гурыIуэгъуэу псори слъытэу,
- СыкъыщIэкIыжащ. Арщ зэрыщытыр».
- «Сыту гуауэ, сыту хъыбар жагъуэ,
- Си ныбжьэгъу, хэмылъу Iуэхум уи ягъэ,
- Бгъэм щызэтепкъутэри си гугъэр,
- Шыгъу тепкIутэжаи сигу уIэгъэм».
- XIV
- Си ныбжьэгъум иIэщ шыпхъу нэхъыщIэ,
- Си гум щыщIэр псэкIэ зыхэзыщIэ.
- И дэлъху етIуанэу сыкъилъытэу,
- Къыстогузэвыхь ар и фIэщ дыдэу.
- Си Ахьмэдри акъылэгъу къищIауэ,
- Саущий а тIум сэ Iэджэ щIауэ.
- ЗэрыгъэIуща фIэкI умыщIэну
- Хэтщ нэгъуэщI зыгуэрым сыпащIэну.
- Чэнджэщ тынкIэ къатемынэ щIыхуэ,
- (СифIщ армыхъумэ, си Iей зэрамыхуэ).
- Ноби, мисыр, ди деж къекIуэкIауэ,
- Топсэлъыхьхэр Iуэхум щхьэтечауэ.
- Псалъэмакъыр Ахьмэд ирегъажьэ,
- Зилъэфыхьыр и жагъуэщ игъащIэм:
- «Си ныбжьэгъуу, уей, си ныбжьэгъу
- хъыжьэ,
- Сэ бжесIэну аракъым умыщIэ.
- Лъагъуныгъэр — гущIэм хидзэ мафIэщ,
- ЗэрызекIуэр псэм ищIа унафэщ.
- Гугъущ гухэлъым уи гур къыщиуIэр,
- КъызыгурыIуэнуи куэд щымыIэ.
- Мы ди Iуэхур здынэсам тетщIыхьу,
- Хъунукъым акъыл къыхэдмыгъэхьэу.
- Сыхуэмей сыноплъу уунэхъуну,
- Махуэ бзыгъэр жэщу къыпщыхъуну.
- УощIэ, Жаннэ хъыбарыфI имыIэ,
- Ахъшэ щхьэкIэ имыщIэн щымыIэ.
- Игъэпудыжащ абы и щIыхьыр,
- ЕпцIыжащ иIахэм хъыджэбз пщIыхьу.
- «Мэл Iэхъушэми къыхокIыр щIакъуэ,
- Щхьэ зыкIэрыпщIа мы мыхъун закъуэм?!» —
- БжесIэу щытмэ, умыщI щхьэрыгъажэ,
- Къыумылъытэ сыпсэлъауэ пхъашэу.
- Лъагъуныгъэм зы хьэл мыгъуэ иIэщ:
- Уигъэхъужыркъым укъэзыуIэм.
- Ауэ щыхъукIэ, уи псэм къедэхащIэу,
- Зыгъэхъужыфынур нэгъуэщI пщащэщ».
- «Ахьмэд зи гугъу ищIыр си лэжьэгъурщ,
- Си лэжьэгъум нэмыщI, си ныбжьэгъурщ.
- Сымаджэщым дохутыру щолажьэ,
- Ящхьэщех сымаджэхэм я лажьэр», —
- АдкIэ Динэ псалъэр ирешажьэ,
- И ныбжьэгъум топсэлъыхь гумащIэу:
- «Линэщ и цIэр, нэ къуэлэнщ,
- щхьэцыгъуэщ,
- И ныбжьэгъухэм йолъэгэкI, бгы псыгъуэщ.
- Удехьэх и теплъэм, лъагъугъуафIэщ,
- ДэщIыгъуж абы зэрыщIыкIафIэр.
- Къэунэху модэм имыхьэл кIэлъыжэу,
- Ялъэгъуакъым зэи ар хьэлыншэу.
- БлоплъыкIыфыр зыхуэмей илъэпкъым,
- Къищэху псори йокIуж и Iэпкълъэпкъым.
- ПщэфIэн Iуэхум фIы дыдэу хозагъэ,
- Дэрбзэр Iуэхури пфIэщIынщ и IэщIагъэу.
- Ящымыщ хъийм икIыу къызэIыхьэм,
- Мылъкур ебж дахагъэм и зы Iыхьэу.
- Ар щыгъуазэщ дунейпсо усыгъэм,
- ПищI щымыIэ псэм и къулеигъэм.
- ЩыщIэдэIукIэ гум хыхьэ макъамэ,
- КъыфIыщIоткIур щэхуу нэпскъудамэ.
- Ину псалъэу зыми зэхихакъым,
- Хьэулеиным зэи дихьэхакъым.
- Ирихужьэу и гум къыпылъадэм,
- Ар ящыщкъым мылым нытелъадэм.
- Псалъэ лей уелъэIукIи жимыIэну,
- ЕщIэж фIыуэ езым щыжиIэнур.
- ЗиIыгъщ уардэу, къыпфIэщIынущ пагэу,
- Къыпщыхъунущ тIэкIуи зигъэщIагъуэу.
- Ар къокIуэкI зэманым хуэмыхъуэжу,
- И нэмысыр, щIыхьыр ихъумэжу.
- ГъащIэм и фIыр кIэншэу егъэлъапIэ,
- Анэ хъунырщ абы и хъуэпсапIэр.
- А насыпырщ гурыфIыгъуэу иIэр,
- Зэрыпхуихъуэжынуи зы щымыIэ.
- Псэгъу къыпхуэхъумэ, Тхьэм къибгъащ
- уи унэр,
- Фызыращ унагъуэр зыдэунэр».
- * * *
- Си ныбжьэгъухэ, тIури фысфIэлъапIэщ,
- Ауэ, фощIэ, сиIэр сэ зы плъапIэщ.
- Ар гухэлъ зыхуэсщIыгъа бзылъхугъэрщ,
- А гухэлъым пэлъэщкъым си лIыгъэр.
- Фо шыугъэ пIухуамэ сыт хуэдэ? —
- Си гурыщIэр зэхэтхъуащ апхуэдэу.
- СыволъэIу, бэлыхьхэм сыхэвмыдзэ,
- Сызыс мафIэм пхъэ къыпэрывмыдзэ.
- … Ахьмэд, зы гугъапIи щымыIэжу,
- Ара Жаннэ сыпыкIыпэу пэжу?!
- XV
- Къэсщтэжауэ, мисыр, нобэ гуэрым
- Сыкъоджэжыр сэ письмом аргуэру.
- Сызэсауэ фIыщэу сэ сцIыху хъэтIырщ
- Бэлыхьищэ си псэр хэзыгъэтыр.
- Псалъэ къэс бдзапцIэшэм хуэдэу хьэлъэщ,
- КъыщыспсэлъкIэ си гум къытогъуалъхьэ.
- Си пэш зэвым сэ сыщIэзэгъэжкъым,
- СыкъыщIэкIкIи си Iуэхум зихъуэжкъым.
- Сытехуэжкъым сэ мы дуней иным,
- Хэзэгъэжкъым зыри сигу къииным.
- Апхуэдэххэу си махуэр согъакIуэ,
- Махуэм жэщри сэ кIылъызогъакIуэ.
- Къемыхауэ ауи си нэбдзыпэ,
- Сыхьэт бжыгъэр нэхущым носыпэ.
- Пщэдджыжь пшэплъыр къыщищIым,
- си мыгъуэм,
- СотIысэхри, хузотхыж мы тхыгъэр:
- «Хэт и жыIэ уедэIуа, си пщащэ,
- Сэ къызгурымыIуэ, къысхуэмыщIэ,
- Апхуэдизу уамыцIыхужыну
- Зэман кIэщIым зэрызыпхъуэжынур.
- Ущымыуэ, фIыуэ слъагъу си пщащэ,
- Лъагъуныгъэр ар мыбжьыхьэ пщIащэ,
- Ущыхуейм и деж пыщэщыжыну,
- Е мыхьэпшып гуэр — хыфIэбдзэжыну.
- Лъагъуныгъэм уи есэп имыщIэ,
- Лъагъуныгъэм къимылъыхъуэ фIыщIэ,
- Уи гум жиIэр уи щхьэм и унафэу
- УещIыр псэм пхухэмыхын а мафIэм.
- Ущымыуэ, фIыуэ слъагъу си пщащэ,
- ГъащIэ гъуэгухэм уэ ущымыгъуащэ.
- Зы гъуэгу закъуэщ гъащIэм иIэр пэжу,
- Адрейхэр мэхъур Iэджэ — пхэнжу.
- ЗэрыгъафIэу пситI щызэдэхащIэрщ
- НаIуэ щыхъур и купщIэр мы гъащIэм.
- Гухэлъ мафIэм зи псэр игъэхуабэрщ
- И IэфI псомкIэ насыпри зэгуапэр.
- Лъагъуныгъэм гу дэмыубзэрабзэр
- Жьэгу мафIэншэм сыткIи ещхьыркъабзэщ.
- Гухэлъ пудым нэр къыщхьэребгъапхъуэу,
- Уемыжажьэ, уи щхьэц тIэкIур бапхъэу.
- УнэлъащIэ лъапIэхэр я плъапIэу,
- Мылъку фIэкIа ямыIэу нэкуи напIи,
- Лъагъуныгъи дахагъи хуэмейуэ,
- А псалъитIым къарыкIми хуэхейуэ,
- Зэ Iуплъэгъуэм насыпыфIэ пфIэщIу,
- УакIэлъыплъыжамэ, я псэр нэщIрэ,
- НэгъуэщIыпсэм и хуабагъ хуэныкъуэу,
- Дыщэм хэсми, яхудихуу щIыIэ
- ЩыIэщ Iэджэ — ахэм уемыхъуапсэ,
- ГъащIэ нэсым мылъкур хуащIкъым гъуазэ.
- КъытхуищIахэм дэ мы гъащIэм тыгъэ
- Я нэхъ лъапIэ дыдэр — лъагъуныгъэр —
- Хыумыгъэзэрыхь уэ нэгузыужьым,
- ФIыцIэ фIэпщкIэ фIыцIэ хъункъым хужьыр.
- Ди махуэфIхэр си нэгу къыщIыхьэжу,
- Сэ сызоупщIыж къытезгъэзэжу:
- Мы дунейм темыт зи закъуэу къуаншэ,
- Хэт лъэкIа утришэн гъуэгу къуаншэ?
- Сыгубжьауэ пхуэсщIыркъым гукъанэ,
- СынолъэIуу арщ: си гъусэу къанэ…
- УсIэщIэкIыу уежьэжми, си дахэ,
- Умыбгынэ гухэлъым и лъахэр».
- (КъыкIэлъыкIуэнущ)