ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ПщIэ  иIэу

2020-12-01

  • ЩIэблэм щIэныгъэ зэрыбгъэдалъхьэм къыдэкIуэу, егъэджакIуэ IэщIагъэм ирилажьэхэм я нэхъыбапIэм яхузэфIокI сабийр къыпэщылъ бэлигъ гъащIэми тэмэму хуэзыгъэхьэзырыф, гъуэгу пэж тезыгъэувэф. Апхуэдэ егъэджакIуэхэращ пщIэи нэмыси зыхуэфащэр. А IэщIагъэ мытыншым къыпхуигъэув къалэнхэр къызыхуэтыншэу зыгъэзащIэ цIыху щыпкъэщ Аушыджэр къуажэм Къардэн зэкъуэшхуэм я цIэр зэрихьэу дэт курыт школым илъэс 40-м щIигъуауэ щылажьэ Гъут Хуэмей Хьэжымухьэмэд и пхъур.

  • И нэIэм щIэт сабийхэми, абыхэм я адэ-анэхэми, къыдэлажьэхэми яхуэнабдзэгубдзаплъэ бзылъхугъэ гуапэщ Хуэмей. Зи IэщIагъэм и щэху псоми фIыуэ щыгъуазэ егъэджакIуэм езыми къиухар зыщылажьэ школырщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, гъащIэ гъусэ ищIа IэщIагъэр къыхихынымкIэ абы щапхъэ хуэхъуащ и япэ егъэджакIуэу щыта Бицу Женя Мудар и пхъур. Абырэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм фIыщIэ куэд къыщызыхьа и адэ Хьэжымухьэмэдрэ я щапхъэм тету, Хуэмей 1972 гъэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и физико-математикэ къудамэм. Еджэныр диплом плъыжькIэ къиухыу, зыщIэхъуэпса IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, Хуэмей игъэзэжащ щалъхуа жылэм дэт школым икIи математикэр щIэблэм яригъэджу абы уващ.
  • Лэжьэн щIэзыдзагъащIэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэм абы щыгъуэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ а зэманым школым и унафэщIу щыта Урыс Исмэхьил Мацу и къуэр. Аращ Хуэмей тегушхуэныгъэ къыхэзылъхьар, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур иригъаджэхэм Iэзэу ябгъэдилъхьэфын папщIэ. ХузэфIэкIыну къилъытэри, школ унафэщIым IэнатIэм пэрыхьагъащIэ лэжьакIуэм занщIэу дзыхь хуищIат класс нэхъыжьхэр иригъэджэну. Зригъэгъуэта IэщIагъэмкIэ щIэныгъэфI зиIэ егъэджакIуэми лъэкI къигъэнакъым къыхуащIа апхуэдэ гулъытэм хуэфэщэн папщIэ. Зэман кIэщIым къриубыдэу абы къызыхуэтыншэу зэтриухуащ дерсхэр, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуигъуэтащ еджакIуэфIхэми а Iуэхум тIэкIу хуэщхьэхынэхэми, дэтхэнэри лэжьыгъэм жыджэру зэрыхишэным хущIэкъуу.
  • Абы лъандэрэ илъэс плIыщI блэкIащ, арщхьэкIэ зэи къэхъуакъым Хуэмей и IэщIагъэр щыIэщIэужэгъуа, и лэжьыгъэм щытезэша. Абы зы щIэблэкъым математикэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдилъхьар — куэд мэхъу Хуэмей иригъэджахэр, езыр щапхъэ яхуэхъуу и лъэужьым ирикIуахэр. Апхуэдэу псэ хьэлэлу, гу къабзэу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу зи IэнатIэр езы-хьэкI егъэджакIуэм фIыщIэ мащIи къыщилэжьа и нэIэм щIэт сабийхэмрэ абы-хэм я адэ-анэхэмрэ я деж. ПщIэ лъагэрэ нэмыс куурэ зыхуащIу жылэм дэсхэм ящыщщ Хуэмей.
  • ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэфIым къэрал гулъытэ лъаги игъуэтащ. Абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Урысей Федерацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къабгъэдэкIа щIыхь тхылъхэр, «ГуащIэдэкI щIыхь» орденым и 3-нэ нагъыщэр. Куэд щIакъым абыхэм нэгъуэщI къэрал гулъыти къазэрыхэхъуэрэ. КъБР-м и Правительствэм и Унэм фокIадэм и 1-м щызэхэта гуфIэгъуэ зэIущIэм Гъут Хуэмей къыщратыжащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъыр. А пщIэ лъагэр хуэфащэ дыдэщ егъэджакIуэ щыпкъэм, сыту жыпIэмэ абы и гъащIэр хуигъэпсащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным, щIэблэм щIэныгъэ куу ябгъэдэлъхьэным.
  • Тхыгъэр зи къалэмыпэм къыпыкIа сэ-ри, апхуэдэу а егъэджакIуэ IэкIуэлъа-кIуэм иригъэджа куэди, ди адэ-анэхэри ди гуапэу дохъуэхъу ди нэхъыжьыфI, ди гъуэгугъэлъагъуэ Гъут Хуэмей. Зи зэфIэкIри, къарури, бгъэдэлъ щIэныгъэри жылэм къыдэхъуэ щIэблэм тыхь яхуэзыщI бзылъхугъэ щыпкъэм узыншагъэ быдэ иIэну, гъащIэм щиIэ гурыфIыгъуэр, нэхугъэхэр фагъуэ мыхъуу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу куэдрэ псэуну ди гуапэщ.
  • ДЖЭДГУЭШ Оксанэ.
  • Аушыджэр  къуажэ