Зейхэм лъапIэныгъэу къамылъытэмэ…
2020-12-01
- Лъэпкъым и щыIэныгъэр ар зэрызыхуэсакъыжым, зэрызэплъыжым зэрелъытам шэч хэлъкъым. КъехъулIэ фIыр зэрилъагъум, зэриIэтым хуэдэу, къыжьэхэуэ мыхъумыщIэхэри Iуэху ищIу, абыхэм хэкIыпIэ яхуэхъунур къилъыхъуэу, зэребэкъуэн Iэмалхэр зэригъэзахуэу щымытмэ, щхьэдигъэIухрэ Iэпэдэгъэлэл ищIмэ, узыфэ бзаджэу къыхуинэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Лъэпкъыр щызыгъэIэри, зыми емыщхь зыщIри и анэдэлъхубзэрщ, къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ-зэхэтыкIэрщ. Ахэр я пхъашапIэкIэ къэтIасхъэу щыхуежьа меданырщ цIыху лъэпкъыр щызэгупсысыжыпхъэр, зыIууа IэнатIэр зэрымыщIагъуэм щыхигъэплъапхъэр. ЩытыкIэ гугъум еIэзэн папщIэщ лъэпкъхэм фондхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIызэхашэр. Адыгэхэр нэхъ лейкъым. Куэд щIакъым къызэрыунэхурэ «Адыгэ дуней» фIэщыгъэр зиIэ лъэпкъ фондыр. Апхуэдэу щыт пэтми, иригъэкIуэкIыфа лэжьыгъэ мащIэм щIэупщIэ игъуэтащ, цIыхухэр дихьэхащ. Ар къэтлъытэри, Фондым и унафэщI ХьэцIыкIу Рае «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ, ар зи пашэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм теухуа упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- — Рае, «Адыгэ дуней» фондым къызэригъэпэщащ жаIэу Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм я хъыбарыр щIэх-щIэхыурэ къэIуу зэхыдох. И гугъу къытхуэпщIыфыну пIэрэ фондым и лэжьыгъэр зыхуэунэтIам, ар къэунэхун хуей щIэхъуам?
- — ЮНЕСКО-м къызэрилъытэм- кIэ, зи бжыгъэр мащIэхэм хабжэ лъэпкъхэр иджыпсту минитIым щIегъури, абыхэм я процентипщIращ XXI лIэщIыгъуэм и кIэм деж щыIэжынур. Щэху хэлъкъым ди анэдэлъхубзэри щыхупIэм пэгъунэгъу хъуахэм зэрыхабжам. Ар дэри ди нэкIэ долъагъу: адыгэ унагъуэхэм я нэхъыбэм щыIур урысыбзэщ, адэ-анэм бзэр ящIэми, я быныр ирипсалъэркъым. А иримыпсалъэхэр адэ-анэ хъунурэ, я быным адыгэбзэ къагурымыIуэххэу, хамэбзэм техьэнущ, ирипсэунущ. Къэбэрдейм лэжьапIэ иткъым. Умылажьэу, улахуэ уимыIэу унагъуэ пхуэгъэпсэунукъым, уи щхьэ закъуэри пхуэпIыжынукъым. Аращи, ди щIалэгъуалэр зэбгрокI, къалэшхуэхэм макIуэ, къэралым икIыфмэ, къызэтеувыIэнур мащIэщ. Абыхэм щыщу дапщэм къагъэзэжыну? ЗдэкIуам адыгэу къыщызэтенэну? Хамэ щIыпIэм унагъуэ щохъу, ягъуэт быным зы щхьэусыгъуи яIэкъым адыгэбзэмрэ адыгагъэмрэ пщIэ хуащIыну, хуеину, иризекIуэну. ДокIуэщI, дыщIобзэжыкI, дыхошыпсыхь. Абы тету декIуэкIмэ, гъащIэ фаджэлыджэщ ди лъэпкъым къыпэплъэр. Ар плъагъуу, къыбгурыIуэу, Iуэхум ухэлIыфIыхьыну упимыхьэным къикIыр укъызыхэкIам уепцIыжынращ. Зи гупсысэкIэ зэтехуэ гуп дызэрыгъэхъури, пщэрылъ зыщытщIыжащ лъэпкъыр зыгъэкIуэд мы Iуэху мыхъумыщIэм зэрытхузэфIэкIкIэ дыпэувыну. Пэжщ, завод, фабрикэхэр тхуэухуэнукъым, ди цIыхур хьэхэбасэ мыхъуу я пIэм къинэжын, я лъэпкъым хэпсэукIыжын хуэдэу, ауэ ди Iэпэ къызыпекIуэкIыну хэкIыпIэхэр къэдгъэсэбэпыну дыхуейщ.
- Лъэпкъ къэс беигъэ куэд ябгъэдэлъщи, нэхъыщхьэ дыдэр и бзэращ. Къэралми и беигъэщ я бзэ яIурылъыжу лъэпкъ зэмыщхь куэд зэрисыр. Ауэ бзэм и Iуэхур политикэм хуокIуэжри, хъумэнри ефIэкIуэнри нэхъыбэ хъум хуегъэфащэ, зи щхьэ бжыгъэр мащIэм и щыIэныр абы гугъу ещI. Апхуэдэ IэнатIэ дыщыIуткIэ, си гугъэмкIэ, дызэрыгупсысэн хуейр мыпхуэдэущ. Фи бзэкIэ фымыпсалъэ, фи бзэр фымыдж, тхылъ къыдэвмыгъэкI, таурыхъ тевмых къыджаIэркъым. ТхуащIэркъым, ауэ дэ тщIэжыну дыхуежьэмэ, зыри къытпэрыуэнукъым. Фи лъэпкъ хабзэр мыхъумыщIэщи, фхъуэж е абы фытемыт жаIэу къытпаубыдыркъым, апхуэдэу щыщыткIэ — дытети щIэблэр щIэтпIыкIи хъунущ. Фондми пщэрылъ зыщищIыжыр аращ: щIэныгъэ, щIэнхабзэ, щэнхабзэ, гъуазджэ я лъэныкъуэкIэ Iуэху пыухыкIахэр зэфIигъэкIыну.
- Фондыр дыкъызэрыунэхурэ илъэс хъууэ аращи, тхузэфIэкIаишхуи щымыIэу дуней псом гъащIэм лъахъэ щыхуэхъуащ узыфэ къекIуэкIри, ину зыкъызэкъуэтх хъуркъым. Япэ дыдэ утыку дыкъызэрихьар Еуаз Зубер, шыкIэпшынэ бзих щищIам, а Iуэхум лъэтеувэ зэрыхуэтщIаращ. Апхуэдэ дыдэу цIыхухэм къедгъэцIыхуат шыкIэпшынэ бзэ пщыкIух щищIами. Фондым къыдигъэкIащ тхылъитI: Зубер игъэхьэзыра «Адыгэ-абазэ пшыналъэхэмрэ» ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэхэм тестхыхьа «Шу закъуэ хуэрзалэмрэ».
- — Адыгэбзэм, адыгэ щIэнхабзэм епха Iуэхугъуэ зэхэмыбз куэд щыIэщ, и пIэ ибгъэувэн щхьэкIэ узэрыбгъэдыхьэнумрэ ар зэфIэха зэрыхъунумрэ ехьэлIауэ гупсысэ зэхуэмыдэхэри къадэгъуэгурыкIуэу, бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэри утыку кърахьэу. Фэ сыткIэ фынэхъ гъэщIэгъуэн, сыт хуэдэ хэкIыпIэ, Iэмал щIэщыгъуэ къыхэфлъхьэр?
- — Нэхъыбэу дэ дызыгъэгузавэри, лэжьыгъэ етщIэкIыну дызыщIэхъуэпсри сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэщ. Чы щIыкIэ къыумыгъэшмэ… жыхуиIэращ. Iуэху щхьэпэ гуэрхэм дегупсысат адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ дихьэх, абыхэмкIэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэ еджакIуэхэр дгъэгушхуэну, ар адрейхэми щапхъэ яхуэхъуным папщIэ, апхуэдэ еджакIуэ зиIэ егъэджакIуэхэми гулъытэ яхуэтщIыну. Адыгэбзэм теухуауэ Iуэхур щынэхъ шынагъуэщ сабий IыгъыпIэхэм. Анэдэлъхубзэр Iурылъу абы ирата сабийм а илъэс зыщыплI зэрыщыIэм Iэпыхужауэ, урысыбзэм техьэпауэ къаух. Псори тхузэгъэпэщыну жытIэркъым, ауэ а IуэхущIапIэхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэм щIэгъэкъуэн дахуэхъуну ди гуращэхэм хэтщ. Ар методикэ, нэрылъагъу дэIэпыкъуэгъуу щрет, адыгэбзэкIэ зэдзэкIа таурыхъ ирехъу, н.къ.
- Бзэм теухуауэ щытыкIэр къалэхэми къуажэхэми зэхуэдэу щышынагъуэщ. Къуажэхэм иджыпсту къыщыхъу сабийхэм куэду яхэтщ адыгэбзэ псалъэ зымыщIэ. Ар узыгъэгузэвэнкъэ? Дыхуейщ адыгэ гъащIэм, гъэсэныгъэм, узыншагъэм ятеухуауэ щIэныгъэ зиIэ цIыху гуп хэту, утыкур зыгъэдэхэн артистхэр къыддэIэпыкъуу къуажэ зэхуэсхэр тщIыну, дызэпсэлъэну, дызэрыщIэну, дызэгурыIуэну. Ди Iуэху зыIутым зэгъусэу дытепсэлъыхьмэ, дызэхэзыщIыкIынур, ди лъэныкъуэ хъунухэр нэхъыбэнущ.
- Гугъэ тщIат ди хэгъэгум, абы хы-хьэ щIыналъэхэм ЩIэныгъэ-узэщIакIуэ Центр зырыз къыщызэIутхыну, а щIыналъэхэм щыщу нэхъ зыхуэфащэ, лъэпкъым хуэлэжьа цIыхум и цIэр зэрихьэу. Абы щекIуэкIыну дызэрыщыгугъыр щIэблэм я гущхьэгъэсэныгъэм пыщIа лэжьыгъэщ: адыгэ тхылъ еджэрэ ар зэпкърахыжу, тхакIуэ-усакIуэхэм яхуэзэу, хабзэр щаджу, ди сурэтыщI Iэзэхэм я лэжьыгъэ гуэрхэр щагъэлъагъуэу, уэрэджыIакIуэхэм я пшыхь къызэрагъэпэщу, уэрэд едаIуэ къудей мыхъуу, псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIыну — кIэщIу жыпIэмэ, къытщIэхъуэ щIэблэр адыгэгуу, адыгэпсэу гъащIэм хыхьэным хуэгъэхьэзырынращ Центрыр зыхуэдухуэнур. Апхуэдэ Центр, Налохэ Зауррэ Ахьмэдхъанрэ я цIэр зэрихьэу, щыдгъэхьэзыращ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм. Дэ Iэджэ гугъи диIэнкIэ мэхъу, ауэ зыкъытщIэзыгъэкъуэн дымыгъуэтмэ, гугъэу къэнэжынущ. Хуабжьу Iуэхур къыддиIыгъащ Хьэтуей къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ ДзыхьмыщI Андзор. Щэнхабзэм и Унэм пэш щытхухихащ, ар къызэгъэпэщыным библиотекэм и лэжьакIуэхэри адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэри жыджэру хэлэжьыхьащ, Нало лъэпкъым гукъэкIыфIхэр ящIащ. КъызэIухыным нэсауэ, хьэщIэхэр къедгъэблэгъауэ, цIыху зэхуэфшэс хъунукъым жаIэри, дыкъызэтеувыIэжащ. Аращ сыт хуэдэ Iуэхури зэкIэ щIэмыкIуатэр. Дыщогугъ ди гъащIэр мыгувэу зэтес хъужу лэжьыгъэр щIэдгъэхуэбжьэну.
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адыгэхэм я закъуэ фи лэжьыгъэхэр зыхуэгъэзауэ щытыр хьэмэрэ «Адыгэ дуней» щыжыфIэкIэ, ди щIыналъэм фиIэбыкIрэ, гъунэгъу адыгэ хэгъэгухэмрэ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ фалъэIэсрэ?
- — Лэжьыгъэр здекIуэкIым, тлъэкIын гуэркIэ зыкъытхуэзыгъазэ ди лъэпкъэгъухэм дадэIэпыкъунущ, ар ди хэгъэгурами, хамэ щIыпIэ щыIэхэрами. Ди гурылъщ адыгэбзэ зэзыгъэщIэну хуейхэм ди дэIэпыкъуныгъэ ялъыдгъэсыну. Фондым и лэжьыгъэу «Азбукэр — нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ» тхылъыр зыIэрыдгъэхьа яхэтщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Ар зи лэжьыгъэр Дзыгъур Лусенэщ, къыдэзыгъэкIар Хъурей Феликсщ. КъеджэкIэ зэзыгъащIэхэм я дежкIэ щхьэпэ хъун тхылъщ. Ди дежкIэ гуфIэгъуэш-хуэщ, балигъ хъуами, и гъащIэр зэтеубла хъуауэ къэгъуэгурыкIуэми, анэбзэр зэримыщIэр гукъеуэ щыхъуу, ар зэзыгъэщIэжыну хэкIыпIэ лъыхъуэхэр къыщыкъуэкIым. Гу лъызотэ иджыпсту апхуэдэхэр хамэ къэралым нэхъыбэу къазэрыхэкIым. Догугъэ адэкIи бзэм и джыныр зыгъэпсынщIэн гуэрхэр зэдгъэпэщыфыну, хуэныкъуэхэм яIэрыдгъэхьэфыну. Апхуэдэ дыдэу сыщогугъ ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр щапхъэ хъууэ, хэкурысу зи бзэр зи хамэхэми зрагъэщIэжын гукъыдэжыр къалъыкъуэкIыну.
- — Хэт нэхъ фызыдэлажьэр? Балигъ, сабий хьэмэрэ унэтIыныгъэ гуэрхэр фиIэу абы нэхъ теубыдауэ, абы нэхъ хуэгъэпсауэ щыт фи лэжьыгъэр, фи мурадыр, фи гугъэхэр гурыIуэгъуэщи…
- — Фондым и унэтIыныгъэхэщ «Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ», «Лъэпкъ щэнхабзэр», «Анэдэлъху-бзэм и къэгъэсэбэпыкIэм зегъэу- бгъун», «ЩIэблэм я гъэсэныгъэр, узыншагъэр».
- ЗэрыжысIащи, гулъытэр нэхъыбэу зылъысынур сабийхэмрэ зи щIалэгъуэмрэщ. Ауэ абыхэм дадэлажьэкIэрэ утыку къэхъунущ ди тхакIуэ-усакIуэ Iэзэхэр, сурэтыщIхэр, творческэ гъащIэ хьэлэмэт къэзыкIуа уэрэджыIакIуэфIхэр. Псэун щIэзыдзэхэмрэ ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр къызэхъулIа цIыху пажэхэмрэ зэхуэдгъазэмэ, зыхуей упщIэр хуагъэуврэ жэуап къыпахыу, дихьэха- уэ зыбгъэдэт IэнатIэм и гугъу къыхуащIурэ щIэблэм я къэухьым зрагъэужьмэ, хабзэм ирипсэууэ къэгъуэгурыкIуа нэхъыжьыфIхэм еджакIуэ цIыкIухэр хуэдгъазэрэ, хабзэм и фIыпIэхэм къахутепсэ-лъыхьмэ, икIэм-икIэжым, къыщIедз Фондыр сабийми балигъми ядэлэжьэну и мураду. Нэхъыжьым къагъэщI дахэр, ябгъэдэлъ зэфIэкIыр, я щхьэпагъэу лъэпкъым, зыдэпсэухэм екIар къытщIэхъуэхэм щапхъэ яхуэхъунращ сыт тщIэнуми гупсысэ нэхъыщхьэу хэлъыр.
- Ди гурылъщ къуажэ еджапIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрагъэдж пэшхэр иджыпсту егъэджэныгъэм щызэрахьэ хьэпшыпхэмкIэ къызэгъэпэщыным хэкIыпIэ къыхуэдгъуэтыну. А пэшхэращ ди сабийхэм адыгэбзэми литературэми хуаIэну щытыкIэм лъабжьэ щигъуэтыр. Библиотекэ къулей яIэу, нэрылъагъу дэIэпыкъуэгъухэр щIэлъу, интерактив пхъэшыкъур къагъэсэбэпыну Iэмал яIэу щытыпхъэщ. Адрей дерсхэр щадж пэшхэм къыкIэрыхун хуейкъым ди лъэпкъы-бзэм хухаха пэшхэр, ауэ нэхъыбэу абыхэм щыплъагъунур езы егъэджакIуэхэм ягъэхьэзырыжа пособиехэращ.
- Фондым и Программэм къыщыгъэлъэгъуахэм ящыщщ къуажэдэсхэм захуэгъэзэныр, бзэмрэ хабзэмрэ хъумэным, зегъэужьыным нэхъ пщэрылъышхуэ зыми зэрыдимыIэм дытепсэлъыхьыну, ялъагъу хэкIыпIэхэм дедэIуэну, дэри ди гупсысэ гуэрхэм щыдгъэгъуэзэну. Псалъэмакъым хиубыдэнущ лъэпкъым къыдекIуэкI сабий гъэсэкIэм, адыгэ хьэблэхэм дэлъа хабзэхэм, шхыныгъуэхэм ятеухуахэр. Адыгэ шхыныгъуэм и гугъу тщIыну дезыгъэгупсысар иджыпсту сабийхэм пIащэ цIыкIухэр, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърыт куэду къазэрыхэкIыращ. Унагъуэ Iуэху зыжьэхэуэ бэлыхь яхэткъым, пхъэ ямыкъутэмэ, мэкъу емыуэмэ, Iэщ зезыхьэр мащIэмэ, хадэ зезыхьэхэми хэщI зэпыту кIуэмэ, щIалэ цIыкIухэм фIыуэ заужьыркъым, лы лей зытралъхьэ. Лэжьыгъэм щIамыпIыкIар гъащIэм гугъу щохь, щыуагъэхэр яIэщIощIэ.
- Лъэпкъым и щыIэкIэм дытемыпсэлъыхьмэ, псори зэпэщу, гуныкъуэгъуэ тщIын лъэпкъ ди Iуэхум хэмылъ хуэдэу къытщегъэхъу, дегъэбэлэрыгъ. Узытепсэлъыхьам хэкIыпIэ къыхуэбгъуэтын хуейуэ урешалIэ. IитIыр зэрытхьэщIмэщ щызэрыщIэр.
- — «Фонд» щыжыпIэкIэ, мылъку пыщIащ. Зым и дежкIи щэхукъым, лъэпкъ Iуэхум хэплъхьэ фIэкIа, къыхэпх зэрыщымыIэр. Мылъкум и IуэхукIэ дауэ фыкъызэпэща? ЩIэгъэкъуэн фиIэ?
- — ЗэкIэ щIэгъэкъуэн тхуэхъункIэ зыми зыхуэдгъэзакъым. Гупыр Iуэхум зэреплъращи, ди гуащIэм къихьымкIэ япэ дызыхуейр, дызыхущIэкъур къызыхэщ, ди Iуэху бгъэдыхьэкIэр къэзыгъэлъагъуэ гуэрхэр зэфIэдгъэкIынщи, джэгуи, гушы- Iи, гъэпцIагъи дызэрыпымылъыр утыку къэтщIмэ, къыддэIэпыкъуну, лъэпкъым хуэлэжьэну хуей гуэрхэ-ри къыкъуэкIынщ. Шэч хэлъкъым, мылъку имыIэу Фонд зэрымылэжьэфынур. Адыгэ лъэпкъыр апхуэдэ дыдэу насыпыншэ хъункъым, дыщыIэным, дыпсэуным, ди бзэкIэ дыпсэлъэным и пщIэнтIэпс хэзылъхьэн къытхэмыкIыххэну. Проект зыбжанэ диIэщ, игъуэ хъумэ, утыку къэтщIынущ, тхузэфIэзыхын къыткъуэувэну догугъэ. «Адыгэ дуней» фондыр ягъэлэжьэну зэхыхьа гупым и лэжьыгъэ IэнатIэ езымыхьэкI зыри хэткъым, зи гъащIэр зэтеубла хъуа защIэщ. Ди языхэзри Фондым зэрыщыгугъыр зыщ — лъэпкъыр хъумэн, адыгэбзэр щыIэн, лэжьэн.
- — Iуэхур хъунуми, мылъкум и мызакъуэу цIыхум къыбдиIыгъыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, Рае. Дауэ уеплърэ, лъэпкъ Iуэхур кIэлъэф зыщI, зэфIэмыхьэу къанэ къомыр и пIэ изымыгъэкIыр сыт? Сыт дызэрыт щытыкIэр зэрымыпщIэгъуалэр цIыхухэм къащIыгурымыIуэр? Мыр тхузэгъэзэхуэну? ЗыгуэркIэ дызыщыгугъ хъун щыIэ?
- — А упщIэхэм я жэуапыр лIэщIыгъуэ блэкIам и 80 — 90 гъэхэм къыщегъэжьауэ шэщIын хуейщ. Къэралыр щыкъутэжам абы дэкъутащ цIыхур зэса гъащIэр, псэукIэр, зэхэтыкIэр. Махуэм лажьэу, пщыхьэщхьэм унэм екIуэлIэжрэ и унагъуэ Iуэху зэрихуэжу, быным яхэсу къэгъуэгурыкIуэ лэжьакIуэхэр тIэкIу-тIэкIуурэ уэрамым къыдэнащ. Абы щыгъуэ зылъэкI зырызхэр ежауэ цех, тыкуэнхэр къызэIуахырт, ауэ абы пэлъэщын мылъку зиIар мащIэщ. Нэхъыбэр гужьеяуэ губгъуэм илъэдащ, быныр зэрапIын ахъшэ къалэжьыну. Унагъуэхэр зэкIэщIэча хъуащ. Адэр е анэр къалэ жыжьэ гуэрым хьэпшып ишэрти, къыщIихар иIыгъыу къэкIуэжырт, аргуэру хьэпшып къищэхурти ежьэрт. Ауэрэ къэзымыгъэзэжи къахэкIырт, нэгъуэщIыпIэ етIуанэу унагъуэ щиухуэу. Сабийхэр, якIэлъыплъи щымыIэу, езыр-езыру къэхъурт. Лъэпкъыр зэрызыгъэIыгъын гупсысэ щыIэжакъым, гупсысэу хъуар щIакхъуэ Iыхьэ къэлэжьыным екIуэлIэжат. Ауэрэ зыхузэфIэкIымрэ зылъэмыкIымрэ зэхэщхьэхукIыу щIидзащ. Апхуэдэ гъащIэм къыхэхъукIа адэ-анэщ иджыпсту бын зыгъасэр. Ар къызыхэкIыр абыхэм ябгъэдэлъ апхуэдэ ныкъусаныгъэм дызыхэпсэукI зэманми и нэпкъыжьэ зэрытелъыр арагъэнущ. Аращ адыгэбзэри, адыгэ хабзэри кIуэдыгъуафIэ зыщIыр — зейхэм лъапIэныгъэу къалъытэркъым. Псо дыдэр апхуэдэу жысIэркъым. Мис а лъэпкъ гупсысэ къызыхуэна мащIэхэращ гузавэр, «дыкIуэдыж хъунукъым, зыкъэдвгъэщIэж» жызыIэр.
- — Рае, ди щIалэгъуалэр сыт хуэдэу плъагъурэ? Фондым и лэжьыгъэм ахэр хэфшэрэ, апхуэдэ гупсысэ фиIэ?
- — Нэхъыжьхэр дыщыпсалъэм, япэ къыджьэдэкIхэм ящыщщ щIалэгъуалэр яфIэгъэщIэгъуэни зыхуеи дунейм темыту. Абы къегъэлъа- гъуэ сабийми зи пажэгъуэхэми я гъащIэм дызэрыпэжыжьэр. Дэ зыхуеин гуэри я пащхьэ итлъхьэркъым, дунейм щызекIуэми щыдгъэгъуазэркъым, я гупсысэкIэм зиужьыным дытелажьэркъым, ауэ къыщIидзамкIэ дымыарэзыну тхузэфIокI. Здигъэзэнур имыщIэу утыкум къинэу щхьэрыуа щIалэхэм, хъыджэбзхэм итIанэ жыджэру датопсэлъыхь, я мыхъумыщIагъэхэр дызэпеуэу къыдобжэкI. Дэтхэнэ балигъри зреупщIыж: сэ сыт злэжьа си быным Адыгэ Хабзэр фащэ хуэхъун папщIэ? ЩIэныгъэм дезгъэхьэхыным сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэ къыхуэзгъуэта? Зыхуэпэнымрэ шхэнымрэ ящхьэжкIэ кIуэ Iуэху зэрыщыIэр ягурызгъэIуа? ЦIыхур цIыху зыщIыр гущхьэгъэсэныгъэр арауэ зыхезгъэщIа? Сэ езыр сыщапхъэ а псомкIэ?
- Адыгэ унагъуэ дапщэ дгъуэтыну пIэрэ ди тхакIуэ-усакIуэхэм я тхылъ щызэрахьэу, къыдэкIыр «Адыгэ псалъэ» газет закъуэрщ, диIэр «Iуащхьэмахуэ» журнал закъуэрщ, ауэ дапщэ ахэр бламыгъэкIыу традзэу, зыгуэр щIаджыкIрэ унагъуэр зэгъусэу абы тепсэлъыхьыжу щыIэр? Хабзэм къитIэс-къимытIэскIэ быным еуэршэрылIэ куэду диIэу пIэрэ, ар адэ-анэ е адэшхуэ-анэшхуэ ирехъу? НтIэ, а псор дгъэчэма нэужь, сыт хуэдэ щытыкIэ балигъ хъуа быным деж къыщытлъыхъуэнур? Хэдмылъхьа къытхухэхыжынукъым.
- А жысIэм къикIыркъым ди щIалэгъуалэр мыхъумыщIэ защIэу. Нэхъыбэу абы къикIыр нэхъыжьхэм ди пщэрылъ нэхъыщхьэм — щIэблэр гъэсэным — Iэпкълъэпкъ щIэлIакIэ дызэрыбгъэдэтыращ.
- Зы илъэскIэ ди къуажэ еджапIэм Адыгэ Хабзэм и тхыдэм щагъэгъуазэу къакIуэурэ цIыкIухэм къепсэлъылIащ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт щIалэхэр. Класс нэхъыжьхэрат зыхуэзэну къыхахари, ипэхэм хьэтыркIэ къызэтедгъэувыIэрт еджакIуэхэр. Зэ-тIэу ящIэдэIухэри, адэкIэ жыIэ лей хэмылъу щекIуэкIыну пэшым къыщызэхуэсу щIадзащ. ЯфIэхьэлэмэтт зэхахыр, упщIэхэр иратырт, я щхьэм гупсысэ узыншэ зэрилъыр, абы гъуэгу етын хуей къудейуэ зэрыщытыр къатещырт. Езы еджапIэм апхуэдэ лэжьыгъэ щемыкIуэкIыу аратэкъым, ауэ къакIуэхэр ныбжькIэ щIалэти, зыхьэ- къуэшхуэ хэмыту, зэгурыIуэрт, щхьэтехауэ зэпсалъэрт. Абдежым иджыри зэ наIуэ къыщыхъуащ щIалэгъуалэр куэд зэрыхуейр, я гум Iэджи къызэрилъыхъуэр, ауэ гъуазэ яхуэхъун щамыгъуэтыр зэрынэхъыбэр. Иджыпсту а «Черкесский Ренессанс» дыдэм Интернетым (Фейсбукым) кърелъхьэ дохутыр Iэзэу адыгэм къытхэкIауэ къалэшхуэм щылажьэхэм я сурэтрэ ятеухуа тхыгъэ кIэщIрэ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIынукъым абыхэм я куэдагъымрэ я зэфIэкI лъагэмрэ. Адэ-анэм я гулъытэ хуэмыныкъуам лъагапIэ гуэрхэр къехьэхуф. «ЕджапIэм согъакIуэри, ирырагъаджэ» жыпIэкIэ уи жьыщхьэр зыщыгугъ уи быныр еджа хъунукъым, абы и гъащIэм ухэтын хуейщ. КъехъулIэри, къемыхъулIэри, гуныкъуэгъуэ гуэр иIэми, къыгурымыIуэ Iууа- ми — псоми нэхъыжьыр щыгъуазэу, жэуапыр зэгъусэу къагъуэту щытыпхъэщ. Абы щыгъуэм гъуэгу пэжым траIуэнтIыкIынукъым.
- Ди щIалэгъуалэр зэрыслъагъур фIы псоми я гур хузэIухауэщ. Я япэ лъэбакъуэм щегъэжьауэ драгъусэмэ, фIыуэ къэзылъагъу, сытым щыгъуи зэхэзыщIыкIын, щIэгъэкъуэн къахуэхъун зэраIэр ящIэу къыдэкIуэтеймэ, дэгуа яхэмыту, я щIэныгъэри гуащIэри нэхугъэм трагъэлажьэу, акъылкIи IэпкълъэпкъкIи узыншэу щIэблэ диIэнущ.
- — Фондри жылагъуэ зэгухьэныгъэ лIэужьыгъуэщ. Ауэ щыхъукIи, абы цIыху хэтщ, лэжьыгъэ и пщэ дэлъу, Iуэху игъэкIуатэу. Хэт хъуну ахэр?
- — «Адыгэ дуней» фондым нэхъыжьыфIу, чэнджэщэгъуу диIэщ Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием и унафэщI Хъурей Феликс, я гупсысэкIэр жану, адыгэ Iуэхум я гур хуэкъабзэу Хасащхьэм хэтщ хьэрычэтыщIэ, экономист IэщIагъэр зиIэ Къып Гупсэ, усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ, сенаторым и дэIэпыкъуэгъу Махуэ Владимир, хьэрычэтыщIэ, экономист IэщIагъэр зиIэ Аскэр Атилэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министерствэм щIы IуэхухэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI Гугъуэтыж Ахьмэд, тележурналист Бакъ Мадинэ. Ди акъыл зэтехуэу, дызыхущIэкъур зэщхьу, Iуэху зэфIэха хъуным дэтхэнэми и гуащIэ хилъхьэу дызэбгъэдэтщ. Мы гъащIэр зэщIэзыIулIа узыфэр кIащхъэ хъууэ, зыдузэщIыным дыщIохъуэпс. Гугъэ диIэщ лъэпкъым дызэхищIыкIыу къыткъуэувэну, дызэкъуэувэу ди лъэпкъ Iуэху дэхуэхар зэфIэдгъэувэжыну.
- — Куэд дыдэм уезыгъэгупсыс икIи ухуэзыгъэушэ псалъэмакъ купщIафIэ къызэрыддебгъэкIуэкIам папщIэ фIыщIэ ин пхузощI, Рае! Зэрылъэпкъыу ди зэхуэдэ Iуэхущи, фIы Тхьэм къытхудигъакIуэ!
- Епсэлъар ЩХЬЭЩЭХУЖ Иналщ.