ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейм  Къэрал  кIуэцI  IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ

2020-11-12

  • ЩэкIуэгъуэм и 10-м Налшык щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэмрэ я лэжьакIуэхэмрэ гъэлъэпIэным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, республикэм и хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр, полицэм и ветеранхэр.

  • Зэхуэсым кърихьэлIахэм захуигъазэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм, ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэмкIэ.
  • «Мы махуэм догъэлъапIэ цIыху хахуэхэр, псэкупсэ къару лъэщ зыхэлъхэр, ди цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщхэр, абыхэм я хуитыныгъэхэр зыхъумэхэр. Фэ фи IэщIагъэр ди къэралым и тхыдэм и кIыхьагъкIэ щытщ нэхъыщхьэ дыдэхэм, щIэупщIэ зиIэхэм ящыщу, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэр — къэралым и хабзэхъумэ органхэм я IэнатIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэуи къонэж. Нэхъ пасэм а IэнатIэм пэрытахэм я хабзэфIхэм пыфщэкIэрэ, фэ щIыхь пылъу фогъэзащIэ фи къулыкъукIэ фи пщэ къыдэхуэ къалэнхэр, законностыр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI, жылагъуэ хабзэр хъумэным ткIийуэ яужь фитщ», — жиIащ КIуэкIуэм.
  • Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм, дыщIигъуащ щIыналъэм и УнафэщIым, адрей хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэщIыгъуу, щIэпхъаджагъэхэм, Iулъхьэ зэIэпыхыным, терроризмэм, экстремизмэм пыщIа шынагъуэр къэгъэтIэсхъэным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI, жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр мамыру псэуным хуэунэтIауэ я пщэ къыдэ-хуэ къалэн мытыншхэр хъарзынэу зэфIагъэкI. Республикэм нобэ щыщыIэ жылагъуэ-политикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэм, шэч хэмылъу, я фIыщIэ хэлъщ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэми.
  • «Дэ псоми ди мурадыр зыщ — ди цIыхубэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр зэIузэпэщу гъэпсэунымрэщ. А къалэныр пхузэгъэхъулIэнукъым, властым и органхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ быдэу зэпыщIауэ дызэдэмылажьэу, псори абы дызэдемыгугъуу. Дэ ар къыдгуроIуэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэкIын папщIэ а зэпыщIэныгъэм пытщэнущ. Си фIэщ мэхъу КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэ гуп зэкъуэтым я IэщIагъэкIэ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр жэуаплыныгъэ яхэлъу адэкIи зэрагъэзэщIэнур, ди цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ абыхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэунэтIауэ къытпэщыт Iуэхухэр къыдэхъулIэнымкIи щIэгъэкъуэн зэрыхъунур», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • Республикэм и УнафэщIым КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ я лэжьыгъэр гугъуми, абы зэрыпэлъэщым, я къалэнхэр хьэлэлу зэрагъэзащIэм папщIэ, IуэхущIапIэм и ветеранхэми захуигъэзащ хабзэм илъэс куэдкIэ зэрыхуэлэжьам, хабзэхъумэ куэдым щапхъэ зэрахуэхъуам, ахэр зэрагъэсам щхьэкIэ псалъэ гуапэхэр яжриIэу.
  • «Дэтхэнэ зыми иджыри зэ сынывэхъуэхъуну сыхуейщ фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ, узыншагъэ фиIэну, фи щхьэкIи фи унагъуэкIи сыткIи зэпэщу фыпсэуну сызэригуапэр вжесIэну. Фи лэжьыгъэм папщIэ фIыщIэ фхузощI!» — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
  • КIуэкIуэ Казбек республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэ пажэхэм зэIущIэм и кIэм яритыжащ абыхэм хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр, саугъэтхэр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.