ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Студентхэр  трагъэгушхуэн   папщIэ

2020-08-04

  • «Россельхозбанк»-м ди щIыналъэм щиIэ къудамэм Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым щеджэ студент зэчиифIэхэм я стипендием хигъэхъуащ.

  • IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу абы мурад ищIащ 2020 — 2021 гъэ еджэгъуэм щIэныгъэ лъагэ, зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэ студентхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъуну. Илъэс кIуам банкым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуащ гулъытэ зыгъуэта еджакIуэхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэ зэрыхъуар. Абы ипкъ иткIэ дызыхуэкIуэ гъэ еджэгъуэм банкым стипендие иритынущ Урысейм ит мэкъумэш еджапIэхэм щIэс студент пажэу 396-м. Мазэ къэс ират ахъшэм процент 25-кIэ хигъэхъуэнурэ, ар сом 12500-рэ хъунущ.
  • Абы папщIэ РСХБ-м иригъэкIуэкI зэпеуэм ухэтын хуейщ. Стипендиер къихьын папщIэ студентыр фIы защIэкIэ еджэм и мызакъуэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIыу, университет гъащIэми жыджэру хэту щытыпхъэщ.
  • Апхуэдэу, илъэс кIуам зэпеуэм пхыкIащ КъБМУ-м Экономикэмрэ управленэмкIэ и факультетым и 4-нэ курсым щеджэ ГъукIэ Миленэ. Пщащэр бюджетым къыхэкI мылъкукIэ еджэхэм ящымыщми, тегушхуэри, «Россельхозбанк»-м къызэригъэпэща зэпеуэм хыхьат. ИкIи гъэ еджэгъуэ блэкIам абы банкым и стипендие къихьащ. Миленэ зэрыжиIэмкIэ, а Iуэхум тригъэгушхуэри, иIэ ехъулIэныгъэхэри нэхъыбэ хъуащ. «Банкым къыхилъхьа Iуэху дахэм ипкъ иткIэ мылъкукIэ дэIэпыкъуныгъэ дгъуэтым и мызакъуэу, стипендие программэр щхьэусыгъуэфIщ студентхэр IуэхуфIхэм тегъэгушхуэнымкIэ, абыхэм заужьынымкIэ», — жеIэ абы.
  • Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ Iуэхур агропромышленнэ комплексым IэщIагъэлI нэсхэр къыхэшынымкIи зэрысэбэпыр.
  • ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.