Нобэрэ пщэдейрэ
2020-08-04
- ШыщхьэуIум и 4, гъубж
- ГъущI гъуэгу лэжьакIуэм и махуэщ
- 1662 гъэм Москва цIыхухэр къыщызэрыIэтащ домбеякъым къыхэщIыкIа ахъшэ къызэрыщIагъэкIыр ямыдэу. Ар дыжьын ахъшэм хуагъадэрт, я сомым къыщIэкIыр нэхъ мащIэ, ят налогыр нэхъыбэ хъуати, цIыхубэм ар ягу техуакъым икIи цIыху минипщIым нэблагъэ пащтыхьым и деж тхьэусыхакIуэ кIуэну зэрехьэжьащ. Я Iуэхум хэплъэну Романов Алексей пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ цIыхубэр къагъэгугъэри, ахэр пIалъэкIэ — дзэр къэсыхукIэ зэтрауIэфIащ. Бжэгъурэ Iэдакъэсэрэ фIэкIа зымыIыгъ цIыхухэм дзэр ятегуплIащ икIи а зэпэщIэтыныгъэм къалэдэс 900 абдежым щыхэкIуэдащ.
- 1777 гъэм Лондон дунейм щыяпэу цирк къыщызэIуахащ.
- 1836 гъэм Москва и Кремлым и пщIантIэм щагъэуващ Пащтыхь-Тхьэгъуш жыхуаIэр. Щагъэжа щIыпIэм деж илъэсищэм нэблагъэкIэ щылъащ ар, тонн щитIым нэблагъэ и хьэлъагъти, къахуэмыгъэхъейуэ. Архитектор Монферран Огюст ар къэпIэту бгъэIэпхъуэ зэрыхъуну Iэмалыр къигупсысри, шыщхьэуIум и 4-м тхьэгъушыр трагъэувауэ щытащ абы хуагъэхьэзыра лъагапIэм.
- 1888 гъэм Томск къалэм университет къыщызэIуахащ.
- 1892 гъэм Ульянов Владимир (Ленин) хеящIэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыну хуит ящIащ.
- 1902 гъэм къызэIуахащ Темзэ псы щIагъым щаукъуэдия лъэс зекIуапIэр. Абы зэпищIат Лондон и хьэблитI.
- Америкэм щыщ джаз музыкант, композитор цIэрыIуэ Армстронг Луи къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
- Совет композитор, дзэ оркестрымрэ хорымрэ я дирижёру щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и цIыхубэ артист, Лениным, Сталиным я щIыхькIэ щыIа саугъэтхэр зрата, генерал-майор Александров Борис къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
- ЩIэныгъэлI, абхъаз-адыгэ бзэ гупыр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Куржымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Рогавэ Георгий къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
- УэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шыкъ Михаил къызэралъхурэ илъэси 106-рэ ирокъу.
- Палестинэм и унафэщIу щыта Арафат Ясир къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
- Урысей къэрал къулыкъущIэ, Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэу щыта Абдулатипов Рэмэзан и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор IэкIатэ Валерий и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
- США-м и президенту щыта, Нобель и саугъэтым и лауреат Обамэ Барак и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
- Кхъухьлъатэзехуэ, Урысейм и ЛIыхъужь Цей Эдуард и ныбжьыр илъэс 54-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
- ШыщхьэуIум и 5, бэрэжьей
- Светофорым и дунейпсо махуэщ. 1914 гъэм США-м щыщ Кливленд къалэм щыфIадзащ икIи къагъэсэбэпу щыхуежьащ япэ светофорыр.
- 1789 гъэм Франджым пщылIыгъэр щагъэкIуэдыжащ.
- 1884 гъэм дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа скульптурэм — Щхьэхуитыныгъэм и статуем — и лъабжьэр Нью-Йорк щагъэтIылъащ.
- 1940 гъэм Латвиер СССР-м хагъэхьащ.
- 1941 гъэм Одессэ къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм ящыхъумэным теухуа зауэм щIидзащ. Ар махуэ 73-кIэ екIуэкIащ.
- 1943 гъэм Сталиным и унафэкIэ Москва хьэрэкIытIэхэр щыдрагъэлъэтеящ Хэку зауэшхуэм къыщахьа япэ текIуэныгъэхэм я щIыхькIэ — Орёл, Белгород къалэхэр хуит къызэращIыжам и саулыкъукIэ.
- 1956 гъэм Москва Лениным и цIэр зезыхьэ и стадионым къыщызэIуахащ СССР-м ис лъэпкъхэм я Япэ спартакиадэр.
- 1963 гъэм ядернэ Iэщэр хьэуам, хьэршым, псы щIагъым щымыгъэунэхуным теухуа ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIрадзащ.
- 1975 гъэм Тюмень — Сургут гъущI гъуэгум япэ мафIэгур ирикIуащ.
- 1996 гъэм Урысейм къыщащтащ президент властым и дамыгъэхэр — УФ-м и Президентым и бэракъыр, Президентым и Нагъыщэр, Урысей Федерацэм и Конституцэм и тхылъ щхьэхуэу къэралым и Президентым папщIэ къыдагъэкIар.
- 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) къыщызэIуахащ XXXI гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 21 пщIондэ екIуэкIащ. Адыгэхэм тхуэфIащ а Олимпиадэр — Мудрэн Беслъэн дыщэ (дзюдо), Джэду Iэниуар (бэнэкIэ хуит) дыжьын медалхэр къыщахьат абы.
- Урыс сурэтыщI-живописец цIэрыIуэ Репин Илья къызэралъхурэ илъэси 176-рэ ирокъу.
- Франджы тхакIуэ Ги де Мопассан къызэралъхурэ илъэси 170-рэ ирокъу.
- Совет усакIуэ-уэрэдус Лебедев-Кумач Василий къызэралъхурэ илъэси 122-рэ ирокъу.
- Авиаконструктор, академик, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь, къэрал дамыгъэ лъапIэ, саугъэт куэд зыхуагъэфэща Микоян Артём къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон и ныбжьыр илъэс 86-рэ ирокъу.
- УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Алэкъей Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.