ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Югославием  и   лIыхъужь

2020-08-04

  • Илъэс заулкIэ узэIэбэкIыжмэ, си нэм езгъэIэзэу сымаджэщым сыщIэлът. Мыгувэу къагъэгъуэлъащ и зекIуэкIэкIи, и псэлъэкIэкIи, и увыкIэкIи адрейхэм къащхьэщыкI лIы тIорысэ Iэбыдэлъэбыдэ. Зэуэ ар зыгуэркIэ езгъэщхьат куэд щIауэ си ныбжьэгъуфI, зи лIыгъэр жыжьэ нэса, Абазакт къуажэ мыиным щыщ Хьэжым Iэдэмей.

  • СфIэгъэщIэгъуэн хъури, нэIуасэ зыхуэсщIащ. Ар Краснэ Восток къуажэм къикIа Хутэ Арделт. Къалэм сызэрыдэсыр, редакцэм сызэрыщылажьэр къыщищIэм къэгуфIащ, къызэупщIащ Хьэжым Iэдэмей сцIыхурэ сымыцIыхурэ.
  • Дауэ сымыцIыхунрэт апхуэдэ цIыху цIэрыIуэр, Югославием и лIыхъужь адыгэлI хьэлэмэтыр, — сыкъэгуфIащ, Ардел зыгуэркIэ сыхуэщхьэпэфыну къэслъытэри.
  • — Абы и телефоныр уимыIэу пIэрэ? Сыхуэзэну сыхуейщ, Iуэхум дыкъыдэмыхуэурэ куэд щIащ зэрызмылъагъурэ, Югославием дыздэщыIащ, дыздэзэуащ, — жиIащ.
  • — Iэдэмей и телефоным сыщIэлъыхъуэн щыIэкъым, — жысIэри зэуэ сыпсэлъащ, Ардел и цIэр, здэщыIэр жесIащ. Дакъикъэ бжыгъэ нэхъ дэкIагъэнтэкъым къыщысам, сымаджэщым пэгъунэгъуу псэурти.
  • «Чoкэ, cытy псынщIэу укъэса», — жиIэри лIышхуитIым гуапэу IэплIэ зэхуащIащ.
  • ТхьэмахуэкIэ Арделрэ сэрэ дызэгъусати, зы махуи димыгъэкIыу къэкIуащ Iэдэмей, югослав хъыбаруи сызрагъэдэIуар гъунэншэщ.
  • — Сыт, Ардел, уи ныбжьэгъум «ЧокэкIэ» ущIеджэр? — схуэмышыIэу сеупщIащ.
  • — Ар хъыбарышхуэ, хъыбар кIыхь мэхъу, — жиIащ. Ауэ абыи сыкъригъэдэIуащ.
  • А псори мы тхыгъэ мыиным щысхужыIэжынукъым. КIэщIу сытепсэлъыхьынщ. Iэдэмей 1940 гъэм къулыкъум зэрашэу фин зауэм хэхуащ. И ныбжькIэ щIалэ дыдэми, зыхэхуа дзэм псынщIэу къахэщащ и жанагъкIэ, IэкIуэлъакIуагъкIэ. Зыхэт дзэр шэншэ, дэIэпыкъуэгъуншэ хъури, гъэрыпIэм иувэным нэсат. Ауэ Iэдэмей лIыгъэшхуэ зэрихьэри, бийм и шэ-гын IыгъыпIэхэр къигъуэтащ, дзэри гъэрыпIэм къришыжащ. Иужьрей махуэм къыдэкIа «Боевая тревога» дивизэ газетым тхыгъэшхуэ къытехуащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэжым Iэдэмей и лIыгъэр» фIэщыгъэцIэр иIэу. Батальоным и командирым тхылъхэр игъэхьэзырри, ищхьэкIэ тет унафэщIхэм яIэригъэхьат. Ар къыфIамыщу Хэку зауэ иныр къэхъейри, абы хэ- зэрыхьыжащ, «Вагъуэ Плъыжь» орденымкIэ Iуэхур зэфIагъэкIащ.
  • ЗэуапIэ зэхуэмыдэхэм Iуту екIуэкIыурэ, зэхэуэ гуащIэ гуэрым уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, Iэдэмей гъэр ящIащ.
  • Зэрыхуа лъэхъуэщыр шынагъуэт, цIыхур икIуадэрт. Iэдэмеи зэ-тIэу къыщIэпхъуэжащ, яубыдыжащ. ХьэкъыпIэкIэ къыгурыIуащ зыгуэр имыщIэмэ, псэууэ къызэрымынэнур.
  • Нэмыцэхэм лагерым исхэм къыхахырт Югославием и партизанхэм ирагъэзэуэн гуп. Тегушхуэри, захригъэтхащ. Куэд дэмыкIыу ирагъэтIысэхащ Югославием, я къулыкъуми бгъэдагъэуващ. Iэдэмей ягъэкIуащ гъэру къаубыда партизан щIалитIыр зыщIэс хьэпсыр ихъумэну. ЗдыIутым, зэрымыщIэкIэ къыхуэза хуэдэу, зы бзылъхугъэм зыкъыхуигъэзащ.
  • — Мы пхъумэ щIалитIыр пщэдджыжь яукIынущ, зыгуэру къыддэIэпыкъу, — къеIущэщащ.
  • Iэдэмей къыгурыIуэри:
  • — Сэ Урысейм сыщыщщ, концлагерым сисащ, партизанхэм запысщIэну сыхуейт, — еIущэщэжащ.
  • — Абы щыгъуэм ныжэбэ сыхьэтыр тIум къыдэжьэ, — кIэбгъу зищIыжащ фызым.
  • Iэдэмей и зэхъуэкIыгъуэ дыдэр а пIалъэм техуати, къищтапхъэу къилъытэхэр къищтэри, хъумакIуэ кIуащ. ЩызэраухылIа зэманым фызыр къыкъуэкIащ, адэкIэ зыкъагъэлъэгъуащ лIы гуэрхэми. ЩIалэхэр зыщIэс хьэпсыр унэжь цIыкIу гуэрти, и щIыб щхьэгъубжэр хаудри, щIалитIыр къыщIашыжащ. Iэдэмей абыхэм гъусэ захуищIри, мэзым щIыхьэжащ. Фызымрэ щIалитIымрэ дзыхьщIэгъу тхылъ хуэхъури, гурыщхъуэ гуэри къыхуамыщIу ящтащ. Хуабжь дыдэу къыщыгуфIыкIащ зэрыадыгэр къыщащIэм, партизанхэм яхэт адыгэ щIалэхэри ныбжьэгъу къыхуэхъуащ.
  • Ар хэхуащ партизан отряд зэгъэпэщам, нэмыцэхэм я псэр хэзыхым. Абы и командирым зэреджэр «Чокэт», и щхьэм папщIэ нэмыцэхэм ахъшэшхуэ ягъэнэIуат.
  • Зэуэ Чокэм Iэдэмей игу ирихьащ. Япэрей зэхэуэ гуащIэм лIыгъэ къыщыщигъэлъагъуэм, япэщIыкIэ гуп мыиным, итIанэ батальоным и командир ищIащ. Мыхъэр ягъахъэрт Iэдэмей и щIалэхэм, бийм псэхугъуэ иратыртэкъым, нэхъ здэгугъум, нэхъ здэшынагъуэм ягъакIуэрт ахэр.
  • Нэмыцэхэм ягъэхьэзырырт зэхэуэ ин. Партизанхэри бэлэрыгъыртэкъым. Ауэ зауэр щызэхаублэм, зы щIыпIэм деж гупыр щызэпытхъа хъуащ. ЗауэлIхэм ядэIэпыкъуну абыкIэ зызыдза Чокэ нэмыцэшэм ихьащ. Ар хэщIыныгъэшхуэт Югославием и партизанхэмкIэ. А хэщIыныгъэр нэхъ мащIэ хъуну къалъытащ абы и пIэм Iэдэмей ирагъэувэмэ. Псори зэдэарэзыуэ «Чокэ» и цIэр къыхуагъэнэжащ Хьэжымым. Арат Ардели «ЧокэкIэ» щIеджэр.
  • Хьэжым Iэдэмей зауэр Югославием щиухащ. Щхьэхуитыныгъэм щIэбэн цIыхухэм абы яхуищIар зыщагъэгъупщакъым. Къыхуагъэфэщащ абы щыгъуэм щыIа нагъыщэ ин дыдэхэр: «ЛIыхъужьыгъэм папщIэ» ордену 3, медалу зы. Загреб къалэм и уэрамхэм ящыщ зым адыгэлIым и цIэр зэрехьэ.
  • Апхуэдэ ЛIыхъужьым иригушхуэу, и цIэр лъагэу иIэтын хуеящ зыщыщ къэралым. АрщхьэкIэ гъэр зэрыхъуар, гъэрэщым къызэрикIыжа щIыкIэр палъхьэри, хьэпс ящIащ, зауэм хэтауи къамылъытэурэ гугъу ирагъэхьыжащ.
  • Арами, хьэпсым здисами и лIыгъэр зэрилIыгъэу къэнэжащ. Норильск пэмыжыжьэу щIыпIэ гугъу дыдэм щригъэщIа гъущI гъуэгу станцым нобэми Хьэжым Iэдэмей и цIэр зэрехьэ.
  • 2000 гъэм дунейм ехыжащ Югославием и лIыхъужьыр.
  •  
  • ДАУР   Жэхьфар.