КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Гуртуев Сэлихь и унагъуэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм яхуогузавэ
2020-06-30
- Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэгузэващ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къалмыкъым я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гуртуев Сэлихь и унагъуэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм:
- «Дунейм ехыжащ художественнэ литературэм, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэтыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху. СулътIанбэч и къуэ Сэлихь и унагъуэм, абы и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ сахуощыгъуэ. И ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!» — итщ республикэм и Iэтащхьэм Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым кърилъхьа тхыгъэм.
- Къаудыгъу Заур.