ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди республикэм зыри къылъэщIыхьэркъым

2020-06-30

  • «Урысей мэкъумэш банк» акционер зэгухьэныгъэм экспертизэмкIэ и центрым къипщытащ мыIэрысейхэр ди къэралым зэ-рыщагъэкIыр, абы къыпах пхъэщ-хьэмыщхьэхэр зэрыщащэр. Жыг хадэщIэхэр куэду зэрагъэтIысыр къэплъытэмэ, 2024 гъэм ирихьэлIэу Урысейм къыщрахьэлIэжыфынущ мыIэрысэу тонн зы мелуанрэ мин 200-рэ. Абы и нэхъыбэр иужьрей илъэситхум хащIа жыгыщIэхэм къыпачынущ.

  • Мэкъумэш банкым и центрым и унафэщI Дальнов Андрей зэрыжиIэмкIэ, мыIэрысейхэр гъэкIы-ным ехьэлIа Iуэхум Урысейм зэхъуэкIыныгъэфIхэр щегъуэт: нэхъ щэгъуей, къэгъэкIыгъуей мыIэрысэ лIэужьыгъуэхэр щIэупщIэ нэхъ зиIэхэмкIэ, нэхъ псынщIэу къы- зыпыкIэхэмкIэ зэрахъуэкI. УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ 2019 гъэ хъуху ди къэралым иджырей пхъэщхьэмыщхьэ хадэу гектар 62300-рэ щыхасащ.
  • Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъэщIыхьэ УФ-м и щIыналъэхэм яхэткъым. Иужьрей илъэситхум ди республикэм щыхасащ иджырей мардэхэм тет жыг хадэу гектар мин 20-м щIигъу, и зэхуэдитIыр пIалъэ кIэщIым къриубыдэу пхъэщхьэмыщхьэхэр къызыпыкIэхэщ. ФщIэн папщIэ: интенсивнэ хадэ лIэужьыгъуэхэм зы гектарым жыгыу 800-м щегъэжьауэ нэхъыби хасэ, тонн 30-40 пхъэщхьэмыщхьэу къыпокIэ. Интенсивнэ дыдэ жыхуэтIэм жыгхэм я бжыгъэр 3200-м къыщыщIедзэ, зы гектарым пхъэщхьэмыщхьэу тонн 50 — 70 къытрах.
  • — Иужьрей илъэситIым КъБР-м пхъэщхьэмыщхьэхэр щызыгъэкI хьэрычэтыщIэхэм зрапщыт хъуащ жыг 1250-рэ гектарым трагъэзэгъэным, Iуэхум нэхъыфIыжу хэзы- щIыкIхэр а бжыгъэр мини 4-м зэрынагъэсынум яужь итщ, — жеIэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей. — Иджырей мардэхэм тету ягъэкI жыг хадэхэм къыщагъэсэбэп Iэ-мэпсымэхэри щагъэхьэзыр хъуащ ди щIыналъэм — шпалернэ бетон пкъохэр, уэр къэзыгъэувыIэ сеткэхэр ящI, хасэну жыгыщIэ цIыкIухэри щагъэкI. Жыг хадэщIэхэм я бжыгъэр гектар мин 30-м нэдгъэсыфмэ, 2024 гъэм ирихьэлIэу мыIэрысэ тонн зы мелуан ди щIыналъэм и закъуэ къыхуехьэлIэнущ. Ар ди къэралыр зыхуей бжыгъэм и зэхуэдитI мэхъу. Федеральнэ таможеннэ IэнатIэмрэ Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ къызэрабжамкIэ, 2024 гъэм ирихьэлIэу мыIэрысэу мы зэманым республикэм къыщрахьэлIэм и бжыгъэр тонн зы мелуанрэ мин 740-рэ хъумэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм мыIэрысэу кърашыр процент 55-рэ хъумэ, ар процент 36-м нэсу ехынущ. Мэкъумэш банкым и центрым и къэпщытакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, зыщIыпIи мыIэрысэ кърамышу ди къэралым хурикъу- жын папщIэ, иджыри гектар мин 16-м щегъэжьауэ мин 63-м нэс (жыг лIэужьыгъуэм елъытауэ) жыг хадэу хасэн хуейщ. 2023 гъэм хуэзэу зи гугъу тщIы Iуэхухэр зэфIэкIынущ, инвестицэхэр халъхьэмэ, федеральнэ мылъкум къыхэкIыу трагъэкIуэдам и зы Iыхьэ гуэр хуапшынмэ.
  • Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ мыIэрысэ хъумапIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым куэду зэрыщаухуар. Абыхэм зэуэ щIохуэ тонни 150-рэ, мыIэрысэхэм зыри къащымыщIу щIыIалъэхэм мазийкIэ щыпхуэIыгъщ. А пIалъэр фIэкIауэ къыщыщIэпхыжкIи, хэкIуэдыкIыр и процентищращ. А хъумапIэхэм псоми яIэщ пхъэщхьэмыщхьэхэр щызэхадз, ашык зэмылIэужьыгъуэхэм щрагъэзагъэ щIыпIэхэр. Пхъэщхьэмыщхьэ зыгъэкIхэм я мурадщ зи гугъу тщIы 2024 гъэм ирихьэлIэу хъумапIэхэм я бжыгъэм къыхагъэхъуэну, зэуэ тонн мин 500 ягъэувыфын хуэдэу. Апхуэдэу зыхуей хуэзэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мыIэрысэр зэрыщагъэкIырщ, зэрыщахъумэрщ дэнэ щIыпIи абы щIэупщIэ щIыщиIэр.
  • Урысей мэкъумэш банкым и аналитикхэм къызэрыхагъэщымкIэ, УФ-р нэхъ зэлIэлIапхъэр и къэралкIуэцI сатурщ. Iуэхур нэхъ къэзылъахъэр зы цIыхум илъэсым хуэзэр мыIэрысэ килограмми 9 фIэкIа зэрымыхъурщ, ар процент 30-кIэ нэхъ мащIэщ США-мрэ Евросоюзым хыхьэ къэралхэмрэ къагъэлъагъуэ бжыгъэм нэхърэ (килограмм 12 зы цIыхум). Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу зы цIыхум зы илъэсым хуозэ мыIэрысэ килограмм 50. Ар урысейпсо бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10-кIэ, США-мрэ ЕС-м и къэралхэмрэ ейхэм нэхърэ проценти 9-кIэ нэхъыбэщ. И куэдагъкIи и фIагъкIи ди республикэм щагъэкI мыIэрысэхэр утемыукIытыхьу ебгъашэ хъунущ Перс псыдэжыпIэм, Африкэ Ищхъэрэм, Ипщэ-КъуэкIыпIэ Азием, хамэ къэрал гъунэгъухэм.
  • БЛИЙ Даянэ.