ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ реанимобилыщIэхэр

2020-06-30

  • Урысейм Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм деж цIыхухэр къегъэлынымкIэ, медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и центрым, апхуэдэуи автомобиль заводхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы махуэхэм къыIэрыхьащ «С» классым хиубыдэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэу (реанимобилу) 11. Абыхэм ящыщу 3-р «ГАЗель Next», 8-р «Форд Транзит» жыхуаIэхэм хуэдэщ.

  • Автомобилхэр зыхуей медицинэ оборудованэ псомкIи къызэгъэпэщащ. Абыхэм ярытщ ИВЛ аппаратхэри, лъым кислороду, газу хэтыр зыхуэдизыр къызэрапщытэ Iэмэпсымэхэри, сымаджэм дэIэпыкъуэгъу псынщIэ игъуэтын папщIэ къагъэсэбэп нэгъуэщIхэри, коронавирус узыфэр зыпкърытхэм зэреIэзэхэри.
  • Реанимобиль псори иратащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм деж цIыхухэр къегъэлынымкIэ, медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и центрым, сыту жыпIэмэ ахэрщ зэгъэбыдылIар дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и реанимацэ гупхэр.
  • ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм и щIыналъэ къудамэхэм папщIэ «В» классым хыхьэ автомобилхэр мыгувэу къаIэрыхьэну поплъэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.