ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гуртуев Сэлихь СулътIанбэч и къуэр

2020-06-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 83-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Гуртуев Сэлихь СулътIанбэч и къуэр.

  • Гуртуев Сэлихь 1938 гъэм къыщалъхуащ Налшык пэмыжыжьэ Белая Речкэ къуажэм. Курыт еджапIэр къыщиухащ Азие Курытым. 1958 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ икIи къиухащ «Балъкъэрыбзэмрэ балъкъэр литературэмкIэ урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэр иIэу.
  • 1986 — 1991 гъэм и тхьэмадэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тхылъ къыдэгъэкIынымкIэ, полиграфиемрэ тхылъхэр щэнымкIэ къэрал комитетым и тхьэмадэу.
  • Гуртуев Сэлихь Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къалмыкъым я цIыхубэ усакIуэщ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Желюк и цIэр зезыхьэ литературэ саугъэтыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и саугъэтыр, Куржым и Совет Нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр зыхуагъэфэщащ. «Кавказым и тхакIуэхэр» щIыналъэхэм зэдай жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и тхьэмадэу щы- тащ.
  • Гуртуевым и къалэмыпэм къыпыкIащ усыгъэхэр, литературэ эссехэр, урыс, дунейпсо, къищынэмыщIауэ Кавказ Ищхъэрэм, Куржым, Азербайджаным я классикхэм я IэдакъэщIэкIхэр балъкъэрыбзэм къыщригъэзэгъа тхылъ 20-м щIигъу.
  • Руставели Шота и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зауэлI» поэмэр балъкъэрыбзэкIэ зэрызэридзэкIам папщIэ «Тбилиси къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Абы и творчествэм мыхьэнэшхуэ щиубыдащ Пушкин Александр и «Евгений Онегин» поэмэр и анэдэлъхубзэм къригъэзэгъэным.
  • Гуртуев Сэлихь балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIащ «Адыгэ усыгъэм и антологиер». Езым и усэ куэд Тыркум, Мэжэрым, Лыхьым, Къыргъызым, Тыркумэным, Куржым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ Москварэ Налшыкрэ дунейм къыщытехьащ «Уроки добра», «Песня птицы», «Синий ливень», «У Белой Речки на виду», «Грызёт мой конь удила», «Шесть писем совести» и тхылъхэр. КуржыбзэкIэ къыдэкIащ «Спой мне песню» сборникыр. ЦIэрыIуэ хъуахэщ «Трудное дело», «Ров», Раненый камень» и пьесэхэр, балъкъэрыбзэм къригъэзэгъа Шиллер и «Коварство и любовь», Хугаевым и «Бабыцэ, Хьэмыцэ, Хьэмел, Дарданел», Ахьяевым и «Кто виноват?» тхыгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Художественнэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам икIи лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэтыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм и щхьэкIэ зэрыхэлIыфIыхьам къыхэкIыу Гуртуев Сэлихь къыхуагъэфэщащ «Кавказым и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр, Кавказым и ТхакIуэхэм я клубым къыбгъэдэкIар.
  • И гъащIэ псор абы триухуащ лъэпкъ литературэм хуэлэжьэным. Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэчиймрэ гъащIэм къыхиха Iэзагъымрэ Гуртуевым Iэмал къритащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэ гъуэзэджэхэм я деж увыпIэфI щиубыдыну. Абы и дуней тетыкIэр и щапхъэт къыхиха IэнатIэм, щалъхуа республикэм хуэпэжыным.
  • Гуртуев Сэлихь и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ ди гум илъынщ.
  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ,
  • КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэ.