ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхухэм  къахуэбгъанэрщ   мыкIуэдыжынур

2020-06-30

  • Мэкъуауэгъуэм и 23-м илъэс 70 гъащIэ гъуэгуанэр игъэлъэ-пIащ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.

  • 1950 гъэм Хьэбэз щIыналъэм хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм дунейм къыщытехьа Аргун Олег и IэщIагъэкIэ мэкъумэш лэжьакIуэщ, Шэткъалэ (Ставрополь) дэт Мэкъумэш университетым механизацэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар лэжьащ Тульскэ областым хыхьэ «Новый путь» колхозым и инженер нэхъыщхьэу, «Беслъэней» совхозым и парткомым и секретару, Хьэбэз щIыналъэм и тхьэмадэу. Сытми, IэщIагъэмрэ IэнатIэхэмрэ зэпэIэщIэ мыхъуу, зи къебжэкIыр щIэх пхуэмыухын къулыкъу лъагэ куэд зэрихъуэкIащ. 1995 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым Аргуныр «Хьэбэз гипс завод» IуэхущIапIэм и унафэщIщ.
  • «Мылъкур уэсэпсщ, уи ужь къинэнур цIыхухэм яхуэпщIэрщ» — абы тету мэпсэу адыгэлI гуащIафIэр. Iуэху къызэрыкIуэ хуэдэу щытщ социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьу щыта, Ленин орденитI зыхуагъэфэща, дамыгъэхэмрэ саугъэтхэмрэ зи куэд, илъэс 45-кIэ «Ильич и гъуэгур» колхозым и унафэщIу щыта Аргун Абубэчыр и къуэм адэм пхиша лъагъуэр зэрыхимыгъэгъуэщэжар. Ауэ хабзэмрэ унафэмрэ хьэтыр щиIа совет лъэхъэнэм лэжьа адэм и щIэблэр зыхиубыдар цIыхум IэщIагъэми щIэныгъэми хуищI пщIэр щыкIэрыхуа зэманырт.
  •  ГъэщIэгъуэну а Iуэхум топсэлъыхьыж Аргун Олег къыдеджа и ныбжьэгъу, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм и тхьэмадэ ФиIэпщэ Залымджэрий: «Нэхъыжьхэр къакIуэри къыжраIащ: «Олег, уи адэр псэужамэ, уэ дынолъэIун хуей хъунутэкъым. Къуажэдэсхэм Абубэчыр пщIэуэ хуащIу щытар зыхуэдизыр уощIэ. «АдэфI къуэфI хуэщкъым», — жумыгъэIэу, лIыгъэу уиIэр зыхэлъхьи ди лъэIур гъэзащIэ, Iуэхур хыумыгъэкIуэдэж».
  •  ЛэжьапIэхэр зэпэубыда щыхъуа ди зэманым нэгъуэщI дуней щыпсэум ещхьу, Аргун Олег и закъуэ цIыху щэ бжыгъэм я къару зрахьэлIэ IуэхущIапIэ зыбжанэ егъэлажьэ. Псом япэ и цIэ къиIуапхъэщ и адэм и гъэфIэныцIэр зезыхьэ «ПIатIэ» мэкъумэш зэгухьэныгъэр. Колхоз тхьэмадэу щыта Абубэчыр и ехъулIэныгъэфIхэр химыгъэкIуэдэжыну къелъэIуа къуажэдэсхэм я жэрдэмкIэт Олег ар и пщэ зэрыдилъхьэжар. Иджы абы Iэщымрэ губгъуэмрэ епхауэ цIыху 80 щолажьэ. Гектар 3000 яубыд нартыхум, жэгундэм, гуэдзым, хьэм. Iэщ фермэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ, жэм лъэпкъыфIу 180-рэ къащэхуати, абыхэм къащIэхъуа шкIи 160-р къыдокIуэтей. Мэкъумэш Iуэхум Олег ирихьэлIэр зыхуэдизым и зы щапхъэщ абы Шэткъалэ дэт мэкъумэш университетым щеджэ студентхэм папщIэ и адэ Аргун Абубэчыр и цIэр зезыхьэ ахъшэ саугъэти 10 зэригъэувар. Абдежи къыщымыувыIэу, жиIэм тебгъуэтэж лIы щыпкъым а къалэм дэт мэкъумэш техникумым и къудамэ Куэшхьэблэ къыщызэIуригъэхын щхьэкIэ, «ПIатIэ» IуэхущIапIэм и унафэщIхэр зыщIэс унэм и япэ къатыр яритащ.
  •  Илъэс 20-м щIигъуауэ, Урысейм къыщымынэу, дуней псом щызэбграш Аргун Олег зи унафэщI «Хьэбэз гипс заводым» къыщIигъэкI ухуэныгъэм ирахьэлIапхъэхэр. Абы щолажьэ цIыхуищэм щIигъу. «Сыт хуэдиз илъэс сыпсэуну Алыхьым къысхуиухами, апщIондэху лэжьапIэ къызэрызэIусхынум яужь ситынущ, — яжреIэ Олег а псор зэрыхузэфIэкIым теухуауэ къеупщIхэм. — «УнасыпыфIэщ уэ», — къызжаIэ куэдым. СынасыпыфIэщ, яжызоIэ, цIыхуфIхэм садэлэжьэну къысхуихуащи. Ди IуэхущIапIэм сэ нэхърэ нэхъыжь нобэ щылажьэкъыми, ныбжь зиIэхэр си къуэшщ, нэхъыщIэхэр си бын пэлъытэщ, зы унагъуэшхуэ хуэдэу дызэхэтщ».
  • Зы цIыхум апхуэдиз дауэ хузэфIэкIрэ жозыгъэIэ Аргун Олег иджы дыдэ къызэIуихащ IэфIыкIэхэр щащI фабрикэ. Ари зыхуей хуэзауэ зэрылэжьэнум зыми шэч къытрихьэркъым.
  • ХъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ къызыщIэхъуа зэщхьэгъусэхэм нобэ къуэрылъху-пхъурылъхэр ягъафIэ. «НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфIи иIэщ» псалъэжьырщ Олег къыщIэхъуа щIэблэм тепсэлъыхьхэм жаIэ псори зэкIуэлIэжыр.
  • «ЦIыхум и пщIэр хэзыгъахъуэр абы зэхуихьэса мылъкуракъым, цIыхухэм къахуигъанэрщ, — жеIэ езы Аргуным. — Ди ужь къинэхэм зыгуэр къахуэдгъэнэфмэ, дэри ди цIэр къэнэнущ».
  • ЩIэх и кIэм пхунэмыгъэсын тхылъышхуэ пхуешэжьэнущ Аргун Олег къилэжьым псапэу хитыкI ахъшэр здынэсхэм ятеухуауэ. Къилэжьым хэхъуэху, абы цIыхухэм папщIэ ищIэми хегъахъуэ, «псапащIэ» цIэр хуэфащэу зэрехьэ. Олег сыт щыгъуи мылъкукIэ защIегъакъуэ Хьэбэз, Адыгэхьэблэ щIыналъэхэм ит школхэм. Абыхэм яфIокIри ар лъоIэс абхъаз щIыналъэм ит Ткварчали къалэм и Iэхэлъахэм щыIэ еджапIэхэм. Лъэпкъ, дин зэхэгъэж имыщIу, ар ядоIэпыкъу Марухъ къуажэм щылажьэ члисэм къекIуалIэ чыристанхэм, Жьакуэ жылэм дэт мэжджытыр зырезыгъэхьари Аргунырщ. Олег зэи ахъшэ щысхьыркъым хэлъэт зиIэ, щIэныгъэм дихьэх щIалэгъуалэм ягу яхуиIэтын папщIэ. Абы и гулъытэ зыхащIэ зэ- пытщ КъШР-м къулыкъу щызыхь сэлэтхэми, Хьэбэз щыщ къэфакIуэ гупми, узыфэ бзаджэ къызэуэлIахэми, зи цIэ къидмыIуэ нэгъуэщI куэдми.
  • Тхыгъэм и кIэухым ди гуапэу къыдохь нэхъыжьыфIыр зыцIыхухэм къызэранэкIа псалъэ гуапэхэм щыщ.
  • * * *
  • Аргун Олег и гъащIэр утыку укъимылъадэу, зыми и нэм зыщIумыIуу цIыхухэм уазэрыхуэщхьэпэфынум и щапхъэщ. Ар есащ адрейхэм защIигъакъуэу: Iыхьлы-благъэм, лэжьакIуэхэм, ныбжьэгъухэм, и унафэ щIэтхэм. Сыт и лъэныкъуэкIи укъегъэпэж. Уи анэдэлъхубзэм, укъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэм пщIэ хуэпщIыныр абы и дежкIэ махуэкъэс къалэнщ, напэрэ цIыхугъэрэ зиIэ дэтхэнэ цIыхуми нэгъуэщIу щытыну зыхуимыгъэфащэу.
  •  Бейтыгъуэн Iэуес,
  • Дунейпсо Арт комитетым и вице-президент.
  • Налшык
  • * * *
  • Сыт Олег теухуауэ пхужыIэнур? Абы зэрилъытэмкIэ, гъащIэм къыщехъулIа псори Алыхьым кърита тыгъэу аркъудейщ, езым щIыхуэ къытемынэн папщIэ, цIыхухэм яритыжыпхъэу, аращ лэжьапIэщIэ къызэIуихынкIэ щIемызэшыр.
  • ЛэжьапIэ игъэуву иригъэхъулIахэри зыгуэр яIэщIэщIэу IэнатIэм IуигъэкIахэри зэхуэдэу къыхуэарэзыщ Аргун Олег. Иужьрейхэм ящыщу акъылрэ напэрэ зыхурикъухэр щIогъуэжри къагъэзэж.
  • ФиIэпщэ Залымджэрий, Акъбащ Ипщэ къуажэм и тхьэмадэ.
  • КъБР, Тэрч щIыналъэ
  • * * *
  • Iуэхур щиублэм деж унафэщIым хэлъыпхъэ ткIиягъыр къигъэлъагъуэу, лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я деж нэсрэ, хьэл тыншрэ гумащIэу — апхуэдэщ Аргун Олег и лэжьэкIэр. А бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, IэнатIэм пэрытхэр щIызэгурымыIуэн е кърахьэжьа Iуэхур щIамыгъэзэщIэфын зы щхьэусыгъуэми зыкъыдимыукIэфу, зы унагъуэ хуэдэу егъэлэжьэф Олег и унафэ щIэтхэр.
  •  Аламиа Геннадий,
  • УФ-мрэ Абхъаз Республикэмрэ я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт.
  • Сыхъум къалэ
  • Зыгъэхьэзырар  ЧЭРИМ  Марианнэщ.