2020-06-30
- ДифI догъэлъапIэ
- Хъунэгу Надия и гурыгъу-гурыщIэхэр
- Мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу Иорданием щыпсэу усакIуэ Хъунэгу Надия. Ар Амман дэт адыгэ еджапIэм и унафэщIу илъэс пщыкIущкIэ лэжьащ, уэчыл къалэнхэри ирихьэкIащ.
-
Хъунэгур иджырей адыгэ усакIуэхэм къащхьэщокI и тхыгъэхэм лъэпкъ нэщэнэ къазэребэкIымкIэ. Надия и усэхэр тхылъаджэм и деж зэрынэсрэ илъэс 50-м щIигъуащ.
- Псом япэу абыхэм гу зылъыуагъатэрт адыгэмэ зэращыумкIэ, лъэпкъ гурыщIэм зэрытегъэпсамкIэ. Нэхъыбэу Хъунэгум и IэдакъэщIэкIхэр дунейм и къэхъукъащIэхэм теухуат, абыхэм къахих зэгъэпщэныгъэ къулейхэмкIэ цIыхум и псэр къигъэлъагъуэрт. Бгышхуэхэр, къурш лъагэ пагэхэр къигъэсэбэпурэ, абыхэм я пIэ дунейр зэрызыхищIэр иригъэувэурэ, и гупсысэхэр, гурыгъугурыщIэхэр нэIурыт къытщищIырт. Апхуэдэт усакIуэм и дежкIэ хыр, тенджызыр, къуршхэр. Къэтхьынти зы щапхъэ:
- Хышхуэмрэ сэрэ
- I
- Си къуаншагъэр узу къызофыкI,
- Сыпсэуакъым си гум зэрыжиIэу.
- ЖысIэн хуейхэр ауи къызжьдэмыкI,
- Псалъэ кунэф къомыр схуэмышыIэ.
- Хым и Iуфэм си псэр нызохьэс,
- Здезгъэхьынут толъкъун Iэлхэм зэшыр.
- Я щIалэгъуэу толъкъун лъэщхэр къос —
- ЗэщIэкъуауэ ахэм ягъэзэжыр.
- Къарууншэу ахэм ягъэзэж.
- Сыту кIэщI толъкъунхэми я гъащIэр.
- Хыр, фызыжьу, и щхьэм хуопсэлъэж,
- ЗыхимыщIэ пщащэм и гум щыщIэр.
- II
- Мы тэлайр уафэхъуэпскIым ещхьщ,
- СщимыщIыф абыи псори наIуэ.
- Хым и тхьэусыхафэм гур хегъэщI,
- Си гум жиIэм хыр изогъэдаIуэ.
- Толъкъун тхъуахэр джалэурэ IуокIыж,
- Зыхуейр ахэм си деж щагъуэтакъым.
- Сымаджэ хьэлъэ бауэу къысфIощIыж,
- СыщIэдэIумэ хым и бауэ макъым…
- Мы усэм къеджэм зыхимыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым адыгэ гъыбзэ — уэрэд усыкIэм и хьэл абы зэрыхэлъыр, ещхьу зэрыгъэпсар. Ауэ щыхъукIи, литературэм и хабзэфIхэмрэ IэмалыфIхэмрэ щызэуIущ, шэрыуэуи щызэдолажьэ, дунейм и къэхъукъащIэ ехьэжьари уи гущIэм къыщыджэжу къыпщегъэхъу, цIыху гурыщIэри абы щIэжьыуэ хуохъуж. ГурыщIэр къыщагъэлъагъуэ уэрэдхэм зэрыщыхабзэу, пщащэр тенджызым бгъэдохьэри и нэм илъагъум и гум щыщIэр трегъапсэ, дунейм щекIуэкIхэр и гум щыщIэм хуехь, зэщIэлъуи тхылъаджэм къыхуехьри къыбгъэделъхьэж. Феплъыт джалъэу зэтеджалэ толъкъунхэр усэм и мыхьэнэм хьилагъ хэлъу зэрытригъэлажьэм: «Я щIалэгъуэу толъкъун лъэщхэр къос — ЗэщIэкъуауэ ахэм ягъэзэжыр», «Къарууншэу ахэм ягъэзэж. Сыту кIэщI толъкъунхэми я гъащIэр».
- Хьэмэрэ фызэхуеплъыт Надия и усэм хэт пщащэмрэ IуэрыIуатэм дызыщыхуэзэхэм-рэ зэвгъапщи. Зэщхьыщэщ: хы Iуфэм макIуэри, и гум щыщIэ псор иреIуэтылIэ. IуэрыIуатэ нэщэнэм зыдиужьми, усакIуэ цIыхубзым и псалъэхэр и гум, и псэм къабгъэдокI, лирикэ дахэм и теплъэ иIэуи гупсысэ куухэм ухашэ. Аращ мыпхуэдэ усэ сатырхэм IуэрыIуатагъ хыумылъагъуэу, псори пщыгъупщауэ и кIэм унэсыху ущIеджэри. IуэрыIуатэм и нэщэнэ дэплъагъуркъым, дэплъагъупэми, гупсысэхэм я IэфIым укъызэтригъэувыIэркъыми, пщогъупщэ, пIэпоху.
- Къэтхьа усэ сатырхэм, дауи, гу лъыфтагъэнщ нэщхъеягъ къызэрыхэщым. Адыгэ цIыхубз усакIуэм и нэщэнэщ ари. КIуэрыкIуэм тету жьы хъууэ кIуэдыж толъкъунхэмкIэщ ар абы зэрызыхыдигъащIэр. Нэпкъым нэсамэ, мэхъу къарууншэ, мэжэщI.
- Ещхькъэ-тIэ ар цIыху гъащIэм? Ещхьщ. Дунейм и къэхъукъащIэ щыжытIакIэ, дгъэзэжынти Надия и уафэхъуэпскIымкIэ: «Мы тэлайр уафэхъуэпскIым ещхьщ, СщимыщIыф абыи псори наIуэ. Хым и тхьэусыхафэм гур хегъэщI. Си гум жиIэм хыр изогъэдаIуэ»…
- Уэгури щIыгури щызэтащ мы зы едзыгъуэ закъуэм. АбыкIэ къэдгъэлъэгъуэну дызыхуейращи, нэгъуэщI къэрал щыпсэу адыгэ усакIуэ псоми фIыуэ ялъагъу мы Iэмалыр къагъэсэбэпын: уафэгъуагъуэр, уафэхъуэпскIыр, бгыр, псыр къащтэри, абыхэмкIэ езыхэм я гупсысэм и пэжыпIэ-нахуапIэм утрагъэIэбэ.
- Апхуэдэу жытIэ щхьэкIэ, хэхэс адыгэхэми я закъуэкъым, адэжь щIыналъэм ис тхакIуэхэми ядыдолъагъу а Iэмалыр. Фигу къэвгъэкIыжыт КIыщокъуэ Алим и романхэр. Мыбыи гу лъытапхъэщ: псынэ ткIуэпсыр дэнэ щIыпIэ къыщымыхутами зэрыпсынэ ткIуэпсу къызэрынэжым ещхьыркъабзэу, адыгэпсэр, лъэпкъ гупсысэр, адыгэгур дэнэкIи къыщызэтонэ, и купщIэр и купщIэу, и къэуатыр — арауэ. Зи гугъу тщIы Iэмалхэмрэ къэгъэлъэгъуэкIэхэмрэ адыгэ хьэлу аращ, зы щIыпIэ щхьэхуэ щыIэм хэхауэ бгъэдэлъ къудейуэ мыхъуу.
- Хьэмэрэ Куржым щыпсэуа, щылэжьа Лохвицкэ Михаил аратэкъэ? Къафщтэ абы и «Уафэгъуагъуэ макъыр» — нэгъуэщI фыхуейкъым… Гурэ псэкIэ зэхуэдэщ, зыщ лъыр. Аращ дэнэ щыIэ адыгэри, зы щэным и жыпхъэ икIэрэхъукIыу, нэгъуэщIым техьэнкIэ щIэмыхъур, сыт хуэдэ дуней тетми, сыт хуэдэм и Iэр, и щхьэр хэлъми.
- Хуабжьу Iэзэу къегъэлъэгъуэф Хъунэгу Надия цIыхум и гум щыщIэр зыхуэдэмрэ зыхуэдизымрэ. ХамэщI щыIэ адыгэм и псэр, абы и хъуэпсапIэхэр-щэ?
- Мыбдежым гъэщIэгъуэн мэхъу. ХамэщI щыпсэу, щылажьэ шэрджэсхэр, езыхэр здэщыIэ къэралхэм я цIыхухэм здахэтым, я щIэнхабзэм, литературэм куэд зэрыхащIыхьым хуэдэурэ, адыгэу къонэжхэр — лъэпкъ хъэтI, макъ, хьэл-щэн яIэжщ, нэгъуэщI къакIэрымыпщIэу, нэгъуэщIхэми яхэмыпщIэу. КартэкIэ, щIыпIэцIэхэмкIэ фIэкIа ямылъэгъуа, ямыщIэ я хэкужьым я гур щыIэщ, ар я нэгу щIэту тетщ дунейм. Мис арауэ къыщIэкIынщ абыхэм я Iуэхуи я псалъи къабзагъым, адэжь лъапсэм хуаIэ къабзагъым тегъэпсауэ щIыщытри.
- Хъунэгу Надия зы усэ хьэлэмэт иIэщ. «Сыкъэвгъэуш» — аращ абы зэреджэр. Иджыри къэс зи гугъу тщIа гупсысэхэр зэуIу щохъу мыбы узыщрихьэлIэ сатырхэм. Хьэрып псалъэ макъ здедаIуэм, абы и IукIэр фIэхьэлэмэту здигъэщIагъуэм, усакIуэм и гупсысэр Кавказым щиIыгъщ, и плъыфэхэр илъагъум хуэдэщ.
- Сыкъэвгъэуш
- Сыкъэвгъэуш сэ пщэдджыжь жьыуэ,
- Мо хьэпцIий хьэсэм сыхыхьэнущ.
- Ныбгъуэ пшыналъэ зэщIэжьыуэм,
- Хьэрып псэлъэкIэм седэIуэнущ.
- Къыщыслъыхъуэнщ бжэнтхьэху
- щэныфIэр,
- ХьэпцIийр сэ IэгукIэ згъэхуэбэнущ.
- Адыгэм и цей кхъуэщыныфэр
- Абдеж си нэгум къыщIыхьэнущ.
- БАКЪ Зерэ,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор,
- КъБКъУ-м и профессор.
- Фэеплъ
- ЩыIэтэкъым абы хуэдэ
- Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ. Фэуаз и ядэ Махьер пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ (Средиземнэ тенджыз) Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмэмытыр. Инджылыз генерал Глоб жиIэрт: «Фэуаз зыIут IэнатIэмкIэ зэи сигу ныкъуэкъым — ар офицер жанщ, емызэшщ, лIыгъэ зыхэлъщ».
- Илъэс 21-кIэ дзэзешэу щытащ Бырмэмытыр. 1949 гъэм Инджылызым абы къыщеух офицерхэм я дерс лъагэхэр, 1953 гъэм — Генерал штабым и академиер.
- Батальоным и унафэщIу Фэуаз япэ хьэрып-журт зауэм (1948) хэтащ. Зэрихьа лIыгъэр къалъытэри, орден къратащ. Дзэзешэу ар дэсащ Хъалил, Къудус (Иерусалим), Наблус къалэхэм. ИтIанэ (1958) Бырмэмытыр ЗыхъумэжынымкIэ министерствэм яшэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыуи генерал — майор мэхъу. Апхуэдэ дзэ нагъыщэ лъагэ Иорданием ис адыгэхэм щыщу япэ дыдэу зыхуагъэфэщар Фэуазщ.
- 1961 — 1963 гъэхэм Бырмэмытыр Генштабым и унафэщIщ. ИужькIэ пащтыхь Хъусен бен-ТIалал ар дипломат IэнатIэм Iуегъэувэ, зэрыгъэсар, бзэ IэфI зэрыIурылъыр, и зэфIэкIыр къелъытэри. Зы илъэскIэ Фэуаз лIыкIуэу Тайвань (Китай хытIыгум) щолажьэ. 1964 гъэм и кIэм абы Иорданием и лIыкIуэ тхылъхэр IэщIелъхьэ Иракым и президент Абдел-Салам Ареф. Мазэ пщыкIуз дэкIа нэужь, Бырмэмытыр лIыкIуэу ягъакIуэ Тырку Республикэм икIи абы илъэсищкIэ щолажьэ.
- 1968 — 1969 гъэхэм Фэуаз Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и секретарь нэхъыщхьэщ. Дипломат лэжьыгъэр зэриутIыпщыжу ар пенсэ макIуэ.
- Бырмэмытыр плIэнейрэ Амман дэт Адыгэ фIыщIэ хасэм и тхьэмадэу щытащ. Хэхэсхэм Кавказым и IэфIагъыр егъэщIэнымкIэ, ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ жэщ-махуэ имыIэу куэд ищIащ. Дунейм ехыжыху Фэуаз лэжьащ «Леджна аш-шария» фIыщIэ хасэм и унафэщIу.
- Бырмэмытыр махуэ къэс цIыхухэм сэбэп яхуэхъурт. Нэхъыбэу абы и нэIэ зытетыр
- Фэуаз и унэр музейм ещхьт. Блынджабэхэм фIэлъ сурэтхэм уеплъмэ, а лIым дуней зэрилъэгъуар, батэ зэригъэшар псалъэншэу къыбгурыIуэрт. Зы сурэтым абы Ираным и шахиншах Мухьэмэд Реза Пехлеви фIэхъус къырех, адрейм — Гамал Абдел Насер бгъэдэтщ, ещанэм Тыркум и президент Джевдет Сунай IэплIэ хуещI, еплIанэм — Кением и унафэщI Ахьмэд Секу Туре и гъусэу Амман и уэрамхэм ящыщ зым дэтщ, етхуанэм — Чан Кайши лIыкIуэ тхылъыр ирет… «Бырмэмытыр здэщымыIарэ, имылъэгъуарэ щыIэкъым», — жыпIэмэ, ущымыуэну си гугъэщ.
- Абдж тегъэлъэдэжауэ блынджабэ щхьэхуэм фIэлъщ Фэуаз лIыхъужьыгъэ зэрихьамрэ лэжьыгъэ игъэзэщIамрэ папщIэ кърата орденхэр, медалхэр, сэшхуэхэр. Ахэр плIыщIым щIегъу. ТIощIыр — Иорданием ейщ, плIыр — Инджылызым, тIур — Китайм, Бырмэмытым къыхуагъэфэщащ Сирие, Малайзие, Тунис, Алыдж, Мысыр, Ливие, Саудей Хьэрыпым, Катарым, Йеменым, н. я дамыгъэхэр.
- Дэрэжэгъуэ, гукъыдэж дахэ Фэуаз къезытт абы и щхьэгъусэ, тырку генерал Къундыхъу Мусэ и къуэрылъху Расмийе, а тIум я бынхэу Ланэ, Линэ, Динэ, Алий, Алия сымэ, я пхъурылъху-къуэрылъху цIыкIухэри хэтыжу.
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
- Бырмэмыт Фэуаз и усэхэр
- Си гущIэм йохуэбылIэ
- И тыгъэ лъапIэт ар си лъахэ дыщэм:
- Жьэгупащхьэ мафIэ, гукъыдэж, насып…
- Иджы хамэщIым щикъухьа си лъэпкъым
- И гуауэ хьэлъэр сакъыу къызощып.
- Си Хэку щэджащэр нэхъ спэIэщIэ хъухукIэ,
- Сэ зэпысчыхукIэ гъуэгужь сысымейр,
- Си гущIэм лъахэр нэхъри йохуэбылIэ,
- Псэунщ си Лъахэр къутэжыху дунейр.
- ЩыIэкъым пэсщI
- Мывэ фIыцIэшхуэр къыщIэплъэнщ
- уи нитIым.
- Хьиса и лъахэм ар щожей и куэщI.
- Къызэщыунщи удз гъэгъа дахащэр
- Сакъыпэу, хуэму тещхьэлъэнщ
- уи IэщI.
- Фщымыхъу а жысIэр псалъэ зэфэзэщу.
- А жысIэм нобэ щыIэкъым сэ пэсщI.
- Хэкужь и мыви и дахагъи хуэлIэр
- КъысфIощI ихьауэ нобэ щIапIэ нэщI.
- Щхьэгъубжэ лъабжьэм зыщеIэт жыгыщIэм,
- Абдж зэщIэлыдэм доджэгу дыгъэ бзий.
- А псор илъэтмэ, хъунущ зэуэ гущIэр
- Бзууншэ абгъуэ, бгынэжа псыкъуий.
- Налшык, 1990 гъэ
- Жыжьэ – гъунэгъу
- Сирием къиIукI макъ
- Дунейпсо Шэрджэс фестивалым (1991 гъэ) и лIыкIуэхэу нэIуасэ тхуэхъуахэм ящыщщ Сирием щыпсэу адыгэ пщащэ КIэдыкIуей Хъанэ.
- Хъанэ Дамаск еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиухащ. И IэщIагъэкIэ сурэтыщIщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт зыбжанэ Сирием- рэ США-мрэ ехъулIэны-гъэ яIэу щагъэлъэгъуащ. ИужькIэ КIэдыкIуейр стюардессэу лэжьащ, къэрал куэд илъэгъуащ. Езым зэрыжиIэжымкIэ, Хэкужьым нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ, нэхъ зыгъэпIейтей дунейм темыту аращ.
- Хъанэ, фестивалыр здекIуэкIым, мызэ-мытIэу утыку итурэ тлъэгъуащ, гуакIуэу уэрэд жиIэрт, псэм дыхьэу и усэхэм къеджэрт. Фи пащхьэ нобэ нитлъхьэ усэри КIэдыкIуей Хъанэ и IэдакъэщIэкIщ.
- ХЬЭТУ Пётр.
- Адыгэ хэку
- Сыпхуохъуахъуэ, си Хэку дахэ,
- Нэщхъеягъуэ уимэщIэну,
- Уи гуфIэгъуэхэр мардэншэу,
- Уи дунейри тхуэмамыру
- УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
- Уэ уи мэзым зыщыдгъэнщIу,
- Уэ уи щыгум дыщылажьэу,
- Уи нэхъыжьхэр дэгъуэу гъуазэу,
- Къуалэбзухэм уагъэдахэу
- УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
- Хамэ цIыхухэр уэ къохъуапсэу,
- Псыхъуэу уиIэм щызэблэжу
- Ди лъэпкъ жылэр щыбэгъуауэ,
- Уи гъунэгъухэр къомыщэжу
- УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
- Уэ уи уафэм дэ дыщIэту,
- Ди пэрытхэм щхьэр яIэту,
- Лъагэу, ину уэ уи ныпыр
- Ди Хэку дахэм щыдэмауэу
- УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
- Уэ уи мазэр къытхуэнэхуу,
- Уэ уи дыгъэм дигъэхуабэу,
- Уэ уи уэсым дигъэщIыIэу,
- Iуащхьэмахуэ щхьэгъэрыту
- УдиIэну сыпхуохъуахъуэ.
- Уэ уи гъатхэм дэ дыхэсу,
- Ди лъэпкъ псори зэнэзэпсэу,
- Гупсэ IэфIым ухуагъадэу,
- Фадэ Iэнэр яIэтыфу
- УдиIэну сыпхуохъуахъуэ!
- КIЭДЫКIУЕЙ Хъанэ.
- Бегъымбар щIыналъэхэм
- Израилым адыгэ къуажитI исщ — Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Кфар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 3200-рэ мэхъу. Рихьанием щопсэу абазэхэ, шапсыгъ 1200-рэ хуэдиз.
- 1878 гъэм иужькIэ адыгэхэр ПалестинэкIэ зэджэ щIыналъэм къэIэпхъуэу хуежьащ. Ахэр Галилеем деж къыщызэтеувыIэри, а щIыпIэр псэупIэ ящIащ.
- Кфар-Камэ дэсхэр гектар 850-м толэжьыхь. Жылэм Адыгэ Хасэ (къуажэ муниципалитет), сымаджэщ, курыт еджапIэ, спорт джэгупIэ, адыгэ музей дэтхэщ, жыг хадэ дахэ щагъэкI.
- Рихьэнием псы зыщIэбгъэлъадэ хъун щIыгуу иIэр мащIэщ. Мэкъумэшым елэжьыр куэд хъуркъым. Жылэдэсхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI къалэхэм щолажьэ, е джэдкъаз зэрахуэ, мэл ягъэхъу.
- Кфар-Камэ дэсхэм я унэцIэхэр мыращ: ЛIыIув, ЛIыбей, ГуэрыкIуэжь, Хьэхъу, Выщхьэ, Нэпсо, Щоджэн, Хьэтыкъуей, Абрэдж, Ацумэжь, Батэ, БланэгъапцIэ, Бгъанэ, Куэблэ, ХъутIыжь, Натхъуэ, Нагуэ, Тхьэухъуэ, ХыдзэлI, Хьэжы, Щэджащэ, Щхьэлахъуэ, ТIэф, ЛIыхъужь, Къуаджэ, ПIытIыжь, Къарзэдж.
- Кфар-Камэрэ Рихьэниемрэ дэт еджапIэхэм еянэ классыр къаухыху адыгэбзэ щрагъэдж. ИтIанэ иврит, инджылызыбзэ, хьэрыпыбзэм нэхъ тракъузэ.
- Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ щыпсэу адыгэхэр куэдрэ зэкIэлъокIуэ, зэхуэгуапэу мэпсэу, лъэпкъ Iуэхум зэкъуэту бгъэдэтщ.
- Кфар-Камэ дэт Адыгэ Хасэм емызэшыжу хэтащ Щоджэн Ехья. Абы адэжь хэкум щыпсэухэм хъыбар яригъэщIащ «Израиль адыгэхэр» зыфIаща маркэр дунейм къызэрытехьамкIэ. 1989 гъэм, щIышылэ мазэм и 13-м а маркэм япэ дыдэу пощт мыхъур щытрагъэуар Кфар-Камэщ.
- Рихьэние дэт ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и къудамэм и унафэщI Къарзэдж Асхьэд и тхылъхэмкIэ Израилым ис адыгэхэм я лъэпкъ тхыдэр яджыж. Асхьэд Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми мызэ-мытIэу щыIащ.
- Сауд Аравиеми адыгэ уащрохьэлIэ. Куэд щIауэ щыпсэурэ ди хэкуэгъухэр бегъымбар щIыналъэм? Япэ гупыр, цIыху 400 хуэдиз хъууэ, Саудым щыIэпхъуар 1967 гъэм и ужькIэщ, Сирием, Иорданием икIри. Ахэр сытым нэхъ елэжьрэ жыпIэмэ, хэт ухуакIуэщ, хэти егъэджакIуэщ, инженерщ, диным пылъщ е дохутырщ.
- Сауд Аравием щыпсэу адыгэхэм хасэ яIэкъым, ауэ зэдэIэпыкъунымкIэ псапащIэ фонд къызэрагъэпэщащ.
- Къэралым и къалащхьэ Эр-Риад адыгэ 1000-м щIигъу щопсэу, Джиддэ — 100, Мэккэ — 250-рэ, Мадинэ — 120-рэ, Даман — 80 хуэдиз. Губгъуэрысхэм я гъусэу жылагъуэ цIыкIухэми дэсщ ди лъэпкъэгъухэр.
- Саудым щыпсэу адыгэ унагъуэхэр: Багъхэ, Къэзанхэ, Аргъышхэ, Гъышхэ, Лъысхэ, Шагужьхэ, Щауэжьхэ, Щоджэнхэ, КIэрэфхэ, Хьэгъурхэ, нэгъуэщIхэри.
- ШЫФЭКЪУЖ Данэ.
- Амман къалэ
- Тыркум къыщыхъуащ
- Анэдэлъхубзэ
- Зи анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIхэм, зэзымыпэсыжхэм дерс къыхахыну ди гугъуэщ иджыпсту вжетIэжыну хъыбарым. Ар къытхуэзыIуэтэжар Тыркум щыпсэуа адыгэ щIалэ Тхьэзэплъ Фозийщ.
- * * *
-
Ещанэ классыр къэду-хыу еджапIэм дыкъыщаутIыпщам ди адэм: «Iуэхуншэу ущыс нэхърэ, зы лэжьыгъэ гуэр пэрыуви нэхъыфIщ», — щыжиIэм, арэзы сыхъури, цIыхубз хьэпшып зыщэ ди цIыхугъэ тырку гуэрым гъусэ зыхуэсщIащ. Къуажэ-къуажэхэр къызэхэткIухьурэ, сату тщIырт…
- Апхуэдэу къэткIухьурэ, илъэсым и мазэ ебланэм и епщыкIутхуанэ махуэм, дунейри хуабэвэхыу, гъуэгу дыздытетым щхъуантIа-гъэм зэщIищта къуажэ къабзэлъабзэ цIыкIу къэтлъэгъуащ. Къуажэбгъум дыкъыщыувыIэри, тIэкIу зыдгъэпсэхуну жьауапIэм дыщIэтIысхьащ. Тырку щIалитI си гъусэу арати, абыхэм гур лъэныкъуэкIэ ягъэуващ, сэри псы, ерыскъы, къинэмыщIу дызыхуеинухэр къэсщэхуну къуажэм сыдагъэхьащ.
- Тыкуэнтесыр зи ныбжьыр илъэс пщIейм нэсагъэн фызыжь гуэрт.
- — Къеблагъэ, сытым укъытхуихьа? — къызэупщIащ ар тыркубзэкIэ.
- Сызыхуейр жесIа къудейуэ, щIалэ цIыкIуищ къыщIэлъадэри, стIолым тет радиор ину драшеящ. Апхуэдэу щыхъум, нанэр щIалэ цIыкIухэм: «Емынэ узым имыхьынхэ, иджыри къэс дахэдахэу зекIуэкIэрэ IэбэкIэрэ фэзгъэщIэфакъым», — жиIэри адыгэбзэкIэ ящIэкIиящ, ар тырку щIалэ цIыкIухэм къазэрыгурымыIуар нэрылъагъу пэтми.
- Нанэр адыгэбзэкIэ къыщыпсалъэм, сыкъэуIэбжьащ икIи сеупщIащ:
- — Нанэ, уэри уадыгэ?
- Ар щызэхихым, нанэр сэр нэхърэ нэхъ Iеижу къэуIэбжьащ, зэщIэкIэзызэу и пIэм ижыхьащ, и бзэр иубыда фIэкIа умыщIэу, зыгуэр жиIэнуми, и Iупэхэр игъэпIэжьажьэ мыхъумэ, зыри къыхудэмышейуэ. Зэми си дежкIэ къэкIуэн хуэдэу къоIэ, ауэ и пIэм имыкIыфу, зэщIэскъыскъэу щытщ.
- Апхуэдэу щыхъум, къемызэгъ гуэр къызжьэдэхуауэ пIэрэ жысIэри, гуитIщхьитI сыкъэхъуащ.
- — Уэ, си щIалэ, иджыри адыгэбзэкIэ зэ къэпсалъи, мы слъагъур пщIыхьэпIэрэ нахуапIэрэ къэзгъащIэ, — жиIащ нанэм. Фызыжьым и щытыкIэр щыслъагъум:
- — Уа, нанэ, сыт апхуэдизу узыгъэпIейтеяр? Сэри сыадыгэщ, — жысIэри, нанэм сыщыбгъэдыхьэм, гъыурэ зыкъысхуидзащ, сызрикъузылIэри, моуэ илъэс IэджэкIэ имылъэгъуа, Iэджэ щIауэ зыпэплъэ и быным хуэзэжа хуэдэ, и бгъэгум сыщIигъэзэрыхьауэ си щхьэм Iэ къыделъэ, ба къысхуещI, мэгъуэг.
- Зэрыгъым хуэдэурэ нанэм жиIа псалъэхэр зэи сигу ихужыркъым:
- — Сэ нобэ мы махуэр тхьэм сигъэлъэгъуащ, жи. — Сэ, — жи, — зы пщэдджыжьи сыкъэтэджакъым, зы пщыхьэщхьи сыгъуэлъыжакъым жьыми щIэми, цIыхубзми цIыхухъуми, зы адыгэ сыхуэмызэжауэ, сымылъагъужауэ сумыгъалIэ жысIэу тхьэм семылъэIуу. Иджы тхьэм си псэр сIихми, си гур згъэтIылъауэ, сыарэзыуэ естынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си анэдэлъхубзэкIэ псалъэ зы щIалэ нобэ тхьэм сигъэлъэгъуащ.
- Нанэм и гъыныр тIэкIу щызэпигъэум, сеупщIащ:
- — Нанэ, мыпхуэдизу адыгэбзэм уи нэр къыхуикIыу укъэнэныр дауэ ухъу?
- Апхуэдэу сыщеупщIым, нанэм мыр къызжиIащ:
- — Уэ, си щIалэ дахэ, сэ дунейм сыкъыщытехьэм си анэр дунейм ехыжащ. ИлъэситIым си ныбжьыр иту си адэри лIэри зеиншэ къабзэу дунейм сыкъытенащ, си анэшым сапIыжащ. Илъэс пщыкIух хуэдиз си ныбжьыну ди къуажэм шы къащэхуну тырку гуп нэкIуауэ щытащ. Шыри къащэхури, ежьэжынхэу загъэхьэзырауэ, псы щIэсхри яхуэсшиящ. Зыхуэсшияр занщIэу къапхъуэщ, сиIэтщ, и шыплIэм сыдидзэри срахьэжьащ. Срахьэжьэри, я гъусэхэм щыщ гуэрым нысэу сыхуахьащ. Ар си къэкIуэкIэу мы къуажэм сыкъэкIуащ. Мыр тырку жылэщ, игъащIэм адыгэ щыпсэуакъым, адыгэбзэкIэ псалъэ къыдыхьакъым. Аращи, нобэ си ныбжьыр илъэс тIощIиплIым нэсами, сыщIалэ дыдэу сыкъызэрадыгъурэ зы адыгэбзэ зэхэсхакъым. Нобэ уэ къысхуэпхьа насыпым и инагъыр пхуэIуэтэщIынукъым…
- Апхуэдизрэ и лъэпкъэгъу имылъэгъуауэ, емыпсэлъауэ и анэдэлъхубзэр зэрыщымыгъупщэжар сфIэгъэщIэгъуэну нанэм сыщеупщIым, мыр къызжиIащ:
- — Си бзэр сщымыгъупщэжын щхьэкIэ, Алыхьым и зы махуэ дэзмыгъэкIыу гъуджэм сыкIэрыувэурэ сэр-сэру сызэпсэлъэжырт. «Си адыгэ сыхуэгъэзэж, си адыгэ сегъэпсэлъэж», — жысIэурэ тхьэ селъэIурт. Унэм щIэлъ хьэпшыпхэм сепсалъэрт…
- Тырку къуажэм сыкъыщыдэкIыжым нанэм зыкъысщимыгъэнщIу ба къысхуищIу, Iэ къыздилъэу IэплIэешэкIкIэ сыкъригъэжьэжащ.
- Сыпсэуху сщыгъупщэнкъым а нанэр.
- Зытхыжар АБЗУАН Пщымахуэщ.