ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-06-30

  • МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68,
  • 70 — 72, 74-хэм итщ).
  • АрщхьэкIэ жыг баринэри къегуэпакъым хъаным. Къаплъэн-Джэрий и псэр аргуэру илъэдэжащ Кърымым. И нэгум къыщIэуващ хъангуащэ Алсу. Хъангуащэр и щхьэгъусэм щIыгъуу зекIуэ къэкIуэну лъаIуэурэ къигъэнат. Бахъшысэрей нэщIыжьым дэт хъан уардэунэм Къаплъэн-Джэрий щIэмысмэ, Алсу хуабжьу къытехьэлъэрт. «Къыздэсшауэ щытатэмэ, сыту дахэ куэд илъагъунт хъангуащэм! Ди щIыпIэми хуэ-дэу щIэращIэщ мы лъахэр. Пэжщ, мыбыкIэ щыIэ къуршыбгхэр нэгъуэщIщ, щхъуантIагъэм хокIуадэ къыр дзакIэхэр. Мо мэз Iувхэм щыкуэдщ пхъэщхьэмыщхьалъэ жыгхэри. Къуршыщхьэхэм я уэс пыIэхэм Iуплъэнтэкъэ Алсу? Мылылъэхэм къащIэж къуршыпсыр Iухуэнтэкъэ си дахэм? Жэщхэр-щэ… Къэдабэ вындыкIэм вагъуэ налкъутхэр щызэподжэгу! Къызэрыздэзмышам и гуIэфIтещIэжу Алсу хуэсхьынщ ХьэтIохъущокъуэ гуащэм и щIыIу-бгырыпхыр. Алсу и бгы псыгъуэ лантIэм си IэкIэ есшэкIынщ а къэбэрдей пщы уэлий гуащэм и бгырыпх лъапIэр! Абы и закъуэкъым: Къэбэрдейм сызэрихьэу а къэкIуэсэжаитIыр къэзубыдыжынщи, тIури зэщIыгъуу хъангуащэм тыгъэ хуэсщIынщ! Зыхуей дыдэ лейр ярихыну хуиту…»

  • АдэкIэ Къаплъэн-Джэрий игу къигъэкIыжащ Диваныр щызэхуэсам къыпэщIэувахэр: «Мыдэ згъэзэжмэ, сахурикъунщ абыхэми! Я щхьэм къищхьэрыуэхукIэ, цIыхур ягъэжакъуэу есащ. ЩыкIыпащ иджы. Къыжьэдэткъуэну и чэзущ…»
  • Псым узэпрыкIмэ къыщылъ мэзым шу гуп къызэрыхэкIар щилъагъум, Къаплъэн-Джэрий зыкъиIэтри, сэшхуэ Iэпщэр икъузащ. Щхьэхъумэхэри дууэ къызэхуэсри, хъаныр хъурейуэ къаувыхьащ.
  • — Хэт ахэр? — Уракъ мырзэм хущIоплъ хъаныр.
  • — Ахэр… ахэр, — гужьеяуэ къопсалъэ мырзэр, — сыщымыуэмэ, адыгэхэрщ…
  • — Сыщыуэмэ! Сыщымыуэмэ! Дэнэ щыIэ ди зауэлIхэр?
  • — Мис. Ди гупэм къиуващ ди зауэлIхэр. Шэрджэсхэр мышынэу псым къызэпрыкIынукъым, хъанхэм я хъан. Я сэшхуэхэр къытхуагъэдэлъэнурэ загъэбзэхыжынущ. Аращ сыт щыгъуи я хьэлыр.
  • Къаплъэн-Джэрий сэшхуэ Iэпщэр иутIыпщыжщ, и къэптал щIыIутелъыр иукъуэдиижри, мамыру тахътэм зригъэщэтэжащ. Гузави, шыни къищыртэкъым хъаным и нэгу. Шэрджэс адыгэхэри, Уракъ мырзэм зэримыгугъауэ, нэпкъым къыIукIуэтапэри, ящыщ зым тэтэрыбзэкIэ:
  • — Кърымхэм я хъан! Уи Iэлигъуэт-пэщэ быртIым цIыкIур лъапцIэрышэу ныпхудогъэущ. Ди фIэхъус сэламри хьэчэхьэпсэу ныпхузделъэф. Уигу умыгъэныкъуэ, нэсынущ куэд дэмыкIыу!
  • — Хэт а щIалэ напэншэр? … СцIыху хуэдэ… — макъ гурымыхькIэ щIоупщIэ хъаныр.
  • — Ущыуэркъым, дыгъэр зи теплъэ. КIэмыргуеипщ Бэлэтокъуэм и пхъурылъхущ ар, Даурщ.
  • — Ы-ы-ы! — гызыжу къикъуэлъыкIащ Къаплъэн-Джэрий и бампIэ зэзыр. Хъаным и гум дыд папцIэу къыхэуIуащ «сэнджакъбей» цIэр сулътIаным зыхуигъэфэща кIэмыргуеипщым къыхуздихьа сэшхуэр… Ахьмэд сулътIаным и тыгъэр! Арыххэуи къыщиудри: — Догуэт, ара Абрэдж мырзэм и къуэр?
  • — НтIэ. И къуэт, ауэ… и адэм къыпэувыжащ.
  • — Бэлэтокъуэпщыр?
  • — Хъанышхуэ, кIэмыргуеипщыр фитIнагъэ фиблу шейтIан Iэужьщ. Бдзэжьейм хуэдэу пIэщIоцIэнлъри игу илъыр, плъэкIмэ къащIэ! Мыдэ, Кърымым и лIыкIуэ Iэлигъуэт-пэщэр къэсмэ, пкърыупщIыхь. А тIур фIыуэ зэроцIыху, — гъэхуауэ жэуап къетыж Уракъ мырзэм.
  • — Уи псалъэр кIыхьщи, и купщIэр нэфщ. Дэнэ щыIэ езыр а сызэупщIынур? Си упщIэхэм жэуап къаритыфыну зылI къыфхэмыту ара? — губжьыпат иджы хъаныр. — Зыгуэрым къызгурывгъаIуэ мыбдеж къыщекIуэкIыр!
  • Хъаныр зилыгъуэжу зэщIэплъэрт. Жэуап къызыпихынур псы Iуфэ мэзхэра нэхъей, ихъуреягъыр зэхиплъыхьурэ здэпапщэм, мэз лъапэм щIэтурэ, дзэ увыIэпIэмкIэ къекIуэкI лъэсырызекIуэ гуп къыIэщIэлъэгъуащ. Бгъунжу щIэщэтурэ елъэбыкъауэ Iэлигъуэт-пэщэр я пашэу Къаплъэн-Джэрий лъапцIэу къыхуэкIуэрт Iэщэ лIэужьыгъуэ гуэри зыкIэрымылъ лIы щхьэпцIэ гупыр.
  • Хъаным пэгъунэгъу къызэрыхъуу, Iэлигъуэт лъэгуажьэмыщхьэу тIысри, и щхьэ цIофтыр лъахъшэу игъэщхъащ. Апхуэдэ дыдэу къыкIэлъытIысащ и гъусэхэри.
  • Къаплъэн-Джэрий и Iупэ тыкъыр Iувыр шыл гъэжьам ещхьу IурыуфIыцIыкIыурэ и пэбг ентIырыфэр зэлъэри, езыми гу зылъимытэжу тахътэм зыкъытриIэтыкIащ. Iэлигъуэт-пэщэм и щхьэфэ упсам хъаныр гущыкIыгъуэу еплъри:
  • — Тэдж. Къэхъуар сыт?
  • — Уи деж дыкъакIуэрт, хъану щыIэм я хъан. Уащхъуэдэмыщхъуэу адыгэ хьэщхьэрыIуэхэр мэзым къызэрыщIэхри дагъэпудащ: дишхэр ттрахащ, Iэщэр ткIэрахри, ди пыIэхэр тщхьэрахащ. Къытхуэгъэгъу, Алыхьым и лIыкIуэ!
  • — Сэ пхуэзгъэгъу къудейкIэ гъужыну апхуэдэ икIагъэр! Ар пкIэрылъу адэкIэ упсэуну гугъэ пщIырэ?
  • — Мыгъужу къыскIэрынэр шэрджэсылъкIэ естхьэщIэхынщ!
  • — КIэмыргуеипщ сэнджакъбейр къыздэпшэну дызэгурыIуатэкъэ?
  • — Бэлэтокъуэпщыр, хъанхэм я хъан, уэбзэх-щIыбзэхщ. Зыдигъэгъуэтыркъым…
  • Iэлигъуэт-пэщэм жиIар щхьэдигъэIухри, Къаплъэн-Джэрий лъэгуажьэмыщхьэу къыпэщыс адрей гупым ней-нейуэ яхэплъащ:
  • — Фэ укIытэншэхэм хэт нэхъыжьыр?
  • — Сэращ, — жиIэри Бэубэч бейгуэлым и щхьэр нэхъри лъахъшэу ирихьэхащ.
  • — Уракъ мырзэ, — къыпещэ хъаным, — уэри мыбы лъэгуажьэмыщхьэу къыбгъэдэувэт! Хъанрэ пэщэрэ зэрахъумэ хабзэр фигу къэзгъэкIыжынщ… — Къаплъэн-Джэрий лIитIыр щIопщымкIэ гуащIэу зэпилъащIэщ, зыкъигъэзэжри, Iэлигъуэт-пэщэм и IэфракIэм ентIэIу щIыкIэу шэтырым иригъэблагъэурэ, щхьэхъумэхэм яхуидзащ:
  • — ЦIыху щыгъэтауэ, бзу блыремылъэт си шэтырыщхьэ!
  • Фэ пщыIэм щIыхьэжа хъаным Iэлигъуэт-пэщэр здэтIысынур иригъэлъагъуу, щIопщ дакъэр ешийри, езыри мыпIащIэу тахътэм йотIысхьэ. Щымт хъаныр. Къаплъэн-Джэрий иджыпсту зэгупсысыр псы Iуфэм къыщыкIия адыгэхэр артэкъым. Iэлигъуэт-пэщэр къызэрыхуэкIуа теплъэми къелы-нут хъаныр. Ахэр зыми щыщтэкъым… Пэщэр жьэмщхьэму къыщIэкIамэ, ар езым и Iуэхужт.
  • Хъаным иджыпсту шэч гуажэ хуэхъуар кIэмыргуеипщырт, Ахьмэд сулътIаным къыхуригъэхьа дыщэ сэшхуэр IэщIилъхьэжыну зыпэплъэ Бэлэтокъуэрт. Дэнэ ихьыну иджы а тыгъэр? Пхъуантэдэлъу кIэмыргуеи-пщым хуигъэтIыгъуэнщ, модрейр щIегъуэжу къэунэхужыху! Къаплъэн-Джэрий и акъылым къыхуигъэтIасэртэкъым Бэлэтокъуэм къыщыщIаинкIэ хъунур. Мыбдеж и нэр къитIэтIу иджы къыхуэтIысыжа псэущхьэ быртIымым зыгуэр имыбзыщIу пIэрэ? Армырамэ, сыт кIэмыргуеипщым и пхъурылъхур IэштIымгъэдалъэкIэ псы Iуфэм къыщIыIуувар? Псом нэхърэ нэхъеижра-щи, дауэ сулътIаным зэрыгуригъэIуэнур мыбдеж къыщекIуэкIым и щхьэусыгъуэхэр? КIэмыргуеипщыр Тыркумрэ Кърымымрэ къепцIыжар пэжмэ, сулътIанри, хъанри, абыхэм зэIапаха дыщэ сэшхуэри щIэнэкIалъэу тхыдэм къыхэнэнщ! Хьэ жыIэщIэ щIэщтэжам ещхьу мыбдеж къэтIыса пэщэм ущыгугъри хуэнщIей къэпым уеIунщIри зыщ… «Къыдэдвыжурэ Iуэхум и пэжыпIэр щызэхэдгъэкIын щытыкIэкъым иджыпсту дызэрытыр. Мы Къэбэрдей зекIуэм и кIэ дызэриплъэу Iэлигъуэт-пэщэри кIэмыргуеипщри зыкIэрыщIауэ щIезгъэлъэфэнщ а сэ зэгуэр сызымытхьэла Инжыджы- жьым», — гурыфIыгъуэ ищIурэ Къаплъэн-Джэрий и дамэхэр ишэщIщ, къэруакъ ферс хэдыкIар зыщхьэригъэзэгъэжри, зизыIуэнтIыхьу къыпэщыс Iэлигъуэт хуеплъэ- кIащ:
  • — ЗэрыжыпIэмкIэ, Бэлэтокъуэ пщым дзасэри мылынцIу лыри мыцIынэу и Iуэхухэр мызыгъуэгукIэ хузэгъэкIуэкIащ. Аратэкъэ адыгэхэм зэрыжаIэр?
  • — Аращ, дыгъэр зи теплъэ. КIэмыргуеи- пщыр е егъэлеяуэ Iущщ, е икъукIэ къыхэхугъуейуэ хьилэшыщ. Зы тIыщхьэ мычэму ди дзэхэр мэл хъушэкIэ къызэригъэпэщарэ пэт, еплъ а къыткIэщIищIыхьыжам…
  • — Кърымым щыпсэу ермэлыхэмрэ алыджхэмрэ зэрыжаIэм тепщIыхьмэ, хьилэри акъылым щыщщ. Къэбэрдейм щызэхэдгъэкIынкъэ абы и пэжыпIэр!
  • Хъаныр зыхэщIэгъуэу Iэлигъуэт-пэщэм Iуплъэурэ:
  • — ДяпэкIэ зэи, зэхэпхрэ ар: зэ закъуи си пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу укъимытIысхьэ!
  • — Хъанхэм я хъан, лъэгуажьэмыщхьэу уи пащхьэ къыщыслъэIужар гъэгъуныгъэщ. АдреитIым ещхьу щIопщкIэ сызэщIэпхулыкIами схуэфэщэпст, — Iэлигъуэт-пэщэр Уракъ мырзэм нэбгъузкIэ хуоплъэкIыжри, и щхьэр ирехьэх.
  • — ЖысIащ зэ жыIэгъуэу: Хьэуэ! Сызыхуэмейщ ар. Уракъ мырзэ, Муртаз-пэщэр щыхэтыр зэбгъэщIа? ЩIэх къэсыну? Сэ къыспэплъэнIам и пIэкIэ, сапэплъэн хуей щIэхъуар къызгурывгъаIуэ иджы! ЛIыкIуэхэр вгъэкIуакъэ?
  • — НтIэ, нтIэ! Псори гъуэгу тетщ, Алыхьым и лIыкIуэ! Иджыпсту къэсынухэщ, — зэкIэлъегъэпIащIэ Уракъым.
  • «Алыхьым и лIыкIуэу» къызэралъытар игу дыхьэпауэ, Къаплъэн-Джэрий напIэ къэпщахэр хьэлъэу ирехьэхыжри, нэхъ макъ щабэкIэ:
  • — Iэнэ къэфхь. Псори гъуэгум зэхиукIащ. МэжэлIагъэнщ. Мыдрейуэ… нетIэ псы Iуфэм къыщытщыщIар ди зэхуаку къыдренэж. Муртаз-пэщэми ар щIищIэн щыIэкъым. Iуэхум и пэжыпIэм зыщыдмыгъэгъуазэу Бегъымбар лъапIэмрэ Алыхьымрэ я лIыкIуэ Ахьмэд сулътIаныр дгъэпIейтеинкъым.
  • Шэджагъуэ нэмэз уахътым мащIэу къыкIэрыхуауэ къэсащ Муртаз-пэщэр. ПIащIэу андез къищтэри, пэщэр мэжджыт-шэтырым щIыхьащ. Къаплъэн-Джэрийрэ Iэлигъуэт-пэщэмрэ нэмэз ящIу тетти, абыхэм я щIыбагъыIуэкIэ пэщэм нэмэзлыкъ щиубгъури, сэлам итурэ Алыхьым зыхуигъэзащ… Хъанымрэ пэщэмрэ я нэмэзыр нахьэсауэ мэжджыт-шэтырым къыщыщIэкIыжым, Муртаз-пэщэр иджыри нэмэзлыкъым тетт.
  • Шэджагъуашхэ Iэнэр щаухуа хъан шэтырым щIэст кърым хъанымрэ нэгъуей мырзэмрэ. Муртаз-пэщэм нэмэзыр щиухынум пэплъэрт ахэр. Куэд дэмыкIыу шэтырым къыщIыхьащ лIы къуэгъу екIу. Къаплъэн-Джэрийрэ нэгъуей мырзэмрэ къэтэджри Муртаз-пэщэм сэлам ирахащ.
  • ЛIищыр ерыскъым хэIэбэурэ уэршэрырт:
  • — УкъыздикIам сыт щыхъыбар, Муртаз? Алыхь лъапIэм и нэмэз уахътым укъызэрыкIэрыхур щытлъагъум, гъуэгум щыпщI ди гугъат, — жеIэ хъаным.
  • ШыIэныгъэ хэлъу ерагъкIэ псалъэ пэтми, Къаплъэн-Джэрий игукIэ зишхыхьыжырт: «Си лъакъуитIыр ундэрэбжьащ сыножьэурэ!»
  • — Алыхьым и нэмэз уахътыр лъапIэщ. Ар зэи блэбгъэкI хъунукъым, Хъан. Шэрджэс къурш лъагъуэ мыцIыхухэм дигъуэщыхьри дыкъэгувауэ арщ. Алыхьым и шыкурти, нэмэзыр блэмыкIыпэу дыкъэсыфащ.
  • — Гъуэгум зыри лъэпощхьэпо фыщрихьэлIакъэ? — гурыфIыгъуэ щэху гуэрым и псэр щIиIуэтыкIыурэ Iэлигъуэт-пэщэр тырку дзэпщым йоплъри, Къаплъэн-Джэрий и нэхэр зэрызэхэзежам щышынэжауэ, псалъэр нэгъуэщIымкIэ ирелъэфэкI: — ТIэкIу укъэгувами, Алыхьым апхуэдэу иухати, нэмэзыр зэдэтщIащ. Ахьмэд сулътIан нэхум уэ пхуэдэ дзэпщ лъэрызехьэ къызэрытхуигъэкIуам си щхьэкIэ хуабжьу сыщогуфIыкI.
  • — Уэсэлам-хьэлейкум! Гуапэм и лейщ Ахьмэд сулътIан щэджащэм и цIэр мы Шэрджэс щIыналъэми зэрыщагъэлъапIэр. ТекIуэныгъэр ди Iэдакъэ щIэлъу дгъэзэжмэ, сулътIаным хуэсIуэтэжынщ ар, — педзыж Муртаз-пэщэми, адэкIэ хъаным деж зегъазэ:
  • — КIэмыргуеипщыр слъагъуркъыми? Бегъымбар лъапIэм и лIыкIуэ Ахьмэд сулътIаным абы къыхуигъэфэщащ Шэрджэс Ипщэм щиIыгъ дзэхэм я лIыщхьэ къалэныр.
  • — Бэлэтокъуэпщыр иджыпсту ди IуэхухэмкIэ зэхэзокIуэ. Нобэ-пщэдей, Iэмал къызэрытхуихуэу, ари уэзгъэцIыхунущ. Ахьмэд сулътIаным Бэлэтокъуэм къыхузигъэхьа дыщэ сэшхуэр си пхъуантэм дэзгъэлъщ, уэрэ сэрэ дызэщIыгъуу IэщIэтлъхьэжмэ нэхъ сфIэекIущ. Мыдэ къыджыIэт Урысеймрэ Швециемрэ я зауэр здынэсар?
  • — БжесIэнущ, хъан. Дауэрэ бжезмыIэу? Къэбэрдейм кIэ еттынущи, ди дзэшхуэр а зэрызэкъуэту Карл ХII пащтыхьым щIы-хьэху хуигъэкIуэнущ Ахьмэд сулътIаным. Апхуэдэу Швециер къигъэгугъащ Тыркум и дыгъэ щэджащэм. Алыхьым ар куэдрэ къытхуихъумэ!
  • Тырку дзэпщым иджыпсту жиIэхэр и щыпэзэхэх хуэдэу, Къаплъэн-Джэрий и щхьэр лъагэу иIэтащ. Муртаз-пэщэрти, а жиIэр жиIэурэ:
  • — … Ди закъуэкъым Карл деж дэIэпыкъуэгъу кIуэнур, хъан. Украинэм и гетман Мазепи дяпэкIэ къыдгухьэжынущ.
  • Лъахъстэн щабэ зытебза щхьэнтэ цIыкIум IэфракIэпэкIэ зытригъащIэурэ, Къаплъэн-Джэрий хьилагъэ хэлъу подыхьэшхыкIри:
  • — ЛIо, Мазепэрэ урыс пащтыхь нэкIатхъэмрэ я тепIэн зэпаубыдыжауэ ара иджы?
  • — Уэрэ сэрэ нобэрей IуэхукIэ зы тепIэнщ зэдызетхьэр. Пщэдей къэхъунур зыщIэр хэт? — и пащIэкIэ щIодыхьэшхыкI тырку дзэпщыр. — Адыгэхэм я жыIауэ, апхуэди къохъу, шкIэхъужьи малIэ. Дэ ди къалэныр — Iэщэщ. Iэщэ къарукIэ урыс джаурхэм — Алыхьым и бийхэм — зедгъэщIэжынщ. Ирелъагъу хэт нэхъ Iэпщацэми!
  • XXVII
  • Урысей тхыдэм «Щэхубзэ» цIэ лейр иIэу хыхьа пащтыхь Алексей 1689 гъэм дунейм ехыжри, абы и къуэ Пётр пащтыхьыгъуэр лъысат. Пётр Езанэм къызыкъуихащ и ныбжьым хуэмыфэщэн хьетхуит. Пащтыхь щIалэр зи ужь ихьа къэрал зэхъуэкIыныгъэхэм Урысей жылагъуэр хуэхьэзыртэкъым, абы къыхэкIыуи Пётр I и мурадхэр къыдэзыIыгъыр егъэлеяуэ мащIэт. Къэрал кIуэцIым тегъэщIапIэ къыщыщыхуэмыгъуэтым, пащтыхь щIалэр гъунэгъухэмкIэ еплъэкIыу хуежьащ. Пётр I дэщIэгъу къищIахэм ящыщт Сэмэгурабгъу Украинэм и гетман Мазепэр. А лъэхъэнэм Ижьырабгъу Украинэр Польшэм и лъэгущIэтынти, Мазепэм Iэмалу щыIэр зэкIэрихъэрт, шляхт тепщэгъуэм лъахэ щIылъэныкъуэр къыIэщIихыжу, УкраинитIри зы къэралыгъуэ (Малороссие) ищIыну. Пащтыхь Пётр I и ныбжьэгъугъэм Мазепэм и фейдэ зэрыхэлъыр зым и дежкIи бзыщIатэкъым. Польшэмрэ Швециемрэ я хьэрис-кхъуэрисхэр урыс пащтыхьым къыIуридзэжкIэрэ, Мазепэрэ Пётр I зыкъомрэ яку псы дэткIуакъым.
  • Урыс пащтыхьым и блыгущIэтхэм къагурыIуэххэртэкъым Мазепэм хуэдэ лъэпкъылI фейдэщIэхым дзыхь зэребгъэзынур. И кIэн къыщикIа дакъикъэм Пётр I утыку къринэу гетманыр зэрежьэжынур дэтхэнэми къыгурыIуэнут. Урыс пащтыхьым апхуэдизу жыIэзыфIэщу Мазепэм дзыхь щIыхуищI щхьэусыгъуэми тегъэщIапIэу иIэт мащIэ-куэдми лIэщIыгъуэ плIанэ…
  • НтIэ, лIэщIыгъуэ плIанэкIэ Украинэр зыхуэпэжа Урысейм иджы Пётр I пащтыхь щыхуэхъум, гетманым, и днепр къэзакъхэр, дауи, пащтыхьыщIэм и дэщIэгъуу къыхуигъэкIуат. Мазепэр Пётр I мызэ-мытIэу къелъэIуащ, Малороссием и Iуэхум кIэ иратынымкIэ зыдигъэIэпыкъун и гугъэу. АрщхьэкIэ урыс пащтыхьыр хуэм течыгъуейт: Польшэмрэ Урысеймрэ яку илъ зэгурыIуэныгъэм ебэкъуэну Пётр I тегушхуэртэкъым. Мазепэм ар гужьгъэжь хуэхъуащ икIи, хутыкъуауэ щызэрихьэлIэжынум пэплъэу, зиущэхуащ. Къэсащ а пIалъэри: 1704 гъэм Швецием и дзэр Польшэм къызэрихьар къигъэсэбэпри, Мазепэм Ижьырабгъу Украинэр зэуэ иубыдыжащ.
  • АпщIондэху Швецием Саксониемрэ Польшэмрэ зэтрикъутэри, Август II (Польшэм и пащтыхь) къытраха пащтыхь тажыр езы Швецием и дэщIэгъу, Лещинский Станислав щхьэратIэгъащ. Станислави, пащтыхьыгъуэр зэрыIэрыIэрыхьэххэу, Урысеймрэ Польшэмрэ я зэгурыIуэныгъэр икъутэжащ. Мазепэм и Iуэхур иджы хэплъэгъуэт: е зыщIэхъуэпса Малороссиер иухуэу Швецием и Карл XII Cтаниславрэ задигъэшын, е…? Мазепэ Пётр I Карл XII яхэдэри, Швециер къыхихащ. Шэч къытрихьэртэкъым Карлрэ Станиславрэ я текIуэныгъэми, Полтавэ зауэм Iуэхур щызэрынэхьэсым, Пётр I и щIыб къыхуигъазэри, Швецием и лъэныкъуэу къэуващ гетманыр.
  • АрщхьэкIэ Мазепэр зэрымыгугъауэ къыщIэкIри, и къэзакъхэм зыкъаIэтащ. Урысейм къулыкъу хуахьу илъэс куэдкIэ къэгъуэгурыкIуа зауэлIхэр иджы зэбгрыкIыжыпэу щыхуежьэм, Мазепэм къакIэщIищIыхьар зи щхьэм нэса Меньшиковым и гупым Батурин быдапIэр зауэкIэ къащтэри, гетманым къыхуэна къэзакъыдзэр зэтраукIэпащ. Ар къыщыхъуар 1708 гъэрт.
  • Iуэхур къызэрекIуэкIар пащтыхь Пётр I и деж щынэсам и фIэщ хъуатэкъым: Мазепэр къепцIыжауэ жызыIа полковникхэу Искрэрэ Кочубейрэ я щхьэхэр урыс пащтыхь губжьам и унафэкIэ паупщIат…
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • Адыгэхэр. Сурэтыр ХVIII лIэщIыгъуэм ящIащ.