ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дохутыр IэщIагъэр псэкIэ къыхэзыха

2020-06-30

  • Шормэн Алесэ Тэрч къалэм къыщыхъуащ, Сеченов И.М. и цIэр зезыхьэ Москва къэрал медицинэ университетыр мы гъэм къеух. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха хъыджэбзыр накъыгъэм и 15-м къыщыщIэдзауэ мазэкIэ щылэжьащ коронавирусым пэщIэтыным тегъэщIауэ зауэм и ветеранхэм папщIэ Москва къыщызэрагъэпэща сымаджэщым. Алесэ дыщигъэгъуэзащ и IэщIагъэр къызэрыхихами и мурадхэми.

  • — Сыщысабийм IэщIагъэ куэдым сыдахьэхыу щытащ: хьэпIацIэщыгъэкIэ хьэпшыпхэр блэнми, сурэт щIынми, зыгуэрхэр зэIущэн хуейми, уеблэмэ шахматми, баскетболми, волейболми, — жеIэ Шормэн Алесэ. — Ауэ нэхъыбэу сфIэгъэщIэгъуэныр медицинэрат. Адрей сабийхэми хуэдэу, сэри гуащэкIэ сыджэгуну сфIэфIти, мастэ яхэсIурт, «згъэхъужырт». ТIэкIу нэхъ сыкъыщыдэкIуэтейм, псэ зыIутым и Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр «джыным» сыдихьэхащ. Шындырхъуо хъуми, хьэндыркъуакъуэу щытми, ди къалэ жыг хадэм сыт нэхъ къыщысIэрыхьэми, къэзубыдурэ я кIуэцIыр зэзгъэлъагъурт. НыбжьыщIэр апхуэдэ Iуэхум дихьэхыу щыжыпIэкIэ, дауи, укъигъэуIэбжьынущ.
  • Алесэ дохутыр IэщIагъэр къызэрыхихар я фIыгъэу къелъытэ и анэмрэ (Анджелэ илъэс 30 хъуауэ медицинэ IэнатIэм пэрытщ, Дей къуажэм дэт амбулаторэм и лэжьакIуэщ) КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, сымаджэщ хирургиемкIэ кафедрэм и профессор, нейрохирург, и анэшхуэм и дэлъху Былымгъуэт Борисрэ.
  • — Абыхэм я чэнджэщхэм сызэрысабийрэ сыщIо- дэIу, дяпэкIи сыхущIэкъунущ яIэ пщIэм хуэдэ къэзлэжьыным, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр сэри сызэрыхъуным, — къыхегъэщ Алесэ. — Школым сыщыщIэсми, сыщIэхъуэпсырт Зыуэ щыт къэрал экзаменым баллышхуэ къыщысхьу Сеченовым и цIэр зезыхьэ Москва къэрал медицинэ университетым сыщIэхуэным. Иджы а еджапIэ нэхъыщхьэм и еханэ курсыр къызоухри, си фIэщ схуэщIыркъым апхуэдэу псынщIэу ди еджэгъуэ зэманыр зэрыблэкIар.
  • Шормэным иджыблагъэ къэрал экзаменыр ехъулIэныгъэкIэ итащ. Кардиологие унэтIыныгъэр къыхихащи, адэкIэ и мурадщ ординатурэм щIэтIысхьэну.
  • Мы гъэм дохутыру хъуар гъэунэхуныгъэ ин Iуигъэуащ дуней псор зэщIэзыцIыла Covid-19 узыфэм. Алеси лъэныкъуэкIэ зыкъигъэнакъым, а Iуэхум зыгуэркIэ медицинэм и лэжьакIуэхэм защIимыгъакъуэу. Медсестрам и къалэнхэр игъэзащIэу ар мазэм къриубыдэу сымаджэщым щылэжьащ.
  • — ЩытыкIэ гугъу цIыхур щихуэм, зыми и дэIэпыкъуныгъэр лей хъуркъым, псом хуэмыдэу ар дохутырым и лэжьыгъэм теухуамэ. Университетым апхуэдэ Iэмал студентхэм къызэрыдитам папщIэ абы и унафэщIхэм фIыщIэ яхузощI, — жеIэ Алесэ. — Лэжьыгъэр зэфIэдгъэкIа нэужь, щхьэхуэу тхухаха хьэщIэщым декIуэлIэжащ. Тхьэмахуэм щыщу махуи 5-м дылэжьащ. Узыфэр нэхъыбэу зыхуэмыхьыр зи ныбжь хэкIуэтахэращи, абыхэм уащыхэткIэ, шэч хэмылъу, уи гур яхуэмыузу къанэркъым икIи щхьэж и пщэ дэлъым елъытауэ тхузэфIэкI зыми къэдгъэнакъым. Сымаджэхэр лъэ быдэкIэ увыжыну, дэтхэнэми зихъумэжыну сыхуейт. Апхуэдэ Iуэхум уеувэлIэну гугъут, шынагъуэт. Псом хуэмыдэу укъэзыхъумэ фэилъхьэгъуэхэр щумыхыу махуэ псом зэрыпщыгъым лэжьыгъэр нэхъ хьэлъэ ищIырт. Ауэ узэмысэж щыIэкъым икIи сэ езым а IэщIагъэр къыхэсхауэ аращи, апхуэдэ гугъуехь дызэрыхэтынкIэ хъунури нэсу къызгуроIуэ. Си адэ-анэр гузавэрт, ауэ си мурадхэр къыздаIыгъащи, фIыщIэ яхузощI. Дауи, абыхэми къагуроIуэ къыхэсха унэтIыныгъэм къызэригъэувыр сыт хуэдэ щытыкIэми емылъытауэ дохутырыр сымаджэм зэрыдэIэпыкъуным хуэхьэзырын зэрыхуейр. Ди IэщIагъэм нэхъыщхьэр Iуэхум фIыуэ хэпщIыкIыным и мызакъуэу, гууз-лыуз уиIэн хуейуи къызолъытэ.
  • Пандемиер къемыжьэ ипэ, Алесэ еджэным къыщыдэхуэм, еджапIэм епха базэм щIэх-щIэхыурэ щригъэкIуэкIащ япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр зэратым теухуауэ дерсхэр. IэщIагъэ нэхъ гугъу дыдэ икIи жэуаплыныгъэ зыпылъ хъыджэбзым къызэрыхихам шэч хэлъкъыми, ехъулIэныгъэ иIэну ди гуапэщ.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.30