Нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм йофIэкIыж
2020-06-18
- Марсым къыщагъуэта, органикэ Iэрамэу зэхэухуэна тиофен пкъыгъуэхэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, щыхьэт техъуэфынущ а планетэм и щIыIум лъэхъэ-нэ жыжьэм гъащIэ гуэр щыIагъэнкIэ зэрыхъунум.
- США-м и Вашингтон штатым хыхьэ Сиэтл къалэм дэт Къэрал щIэныгъэ-къэхутакIуэ университетым и астробиологхэм зэрыжаIэмкIэ, тиофен мэскъал цIыкIужьейхэр къыщыбгъуэтыфынущ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм и щIыгум къыщыщIах-къыщыщIаш фIамыщIми, зэмылэжьыжа щIыдагъэми, шхыныгъуэу къагъэсэбэп Iэгъэбэгу лъапIэ трюфель хужькIэ зэ- джэми. Абыхэм хуагъэдащ иджыблагъэ Марсым къыщагъуэтахэри.
- Мы зэманым щIэныгъэлIхэр яужь итщ планетэ «плъыжьым» и щIыIум тиофенхэр къызэрыщыхута щIыкIэр зэхэгъэкIыным. Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Iэрамэу зэхэухуэна пкъыгъуэхэр Марсым къыщыунэхунымкIэ, япэрауэ, «сэбэп» хъуфыну щытар хьэршым илъэтыкI метеоритхэр а планетэм и щIыгум щытехуэкIэ къагъэхъуа хуабагъэ ямылейрщ (Цельсий и пщалъэмкIэ градуси 120-м щхьэдэхыр). ЕтIуанэрауэ, нэхъыщхьэжыр аращи, илъэс мелардищ ипэкIэ (планетэ «плъыжьым» и щIы щхьэфэр, иджырейм хуэмыдэу, куэдкIэ нэхъ хуабэу икIи псыIэу щыщыта лъэхъэнэхэм) мыбдежым «псэ яхэту» щыIа нэрымы- лъагъу цIыкIужьейхэм (микроорганизмхэм) неофенхэм хуэкIуэж сульфат зэхэухуэнахэр къагъэщIыфыну щытащ.
- А псом къыхэкIыуи, щIэныгъэлIхэм я мурадщ зи гугъу тщIы уафэщI жыжьэм траутIыпщхьауэ щыта IэмэпсымэхэмкIэ (марсырыкIуэ машинэхэмкIэ) къыщагъуэтыну зыщыгугъ углеродымрэ серэмрэ я изотопхэр абдежым щызэхуахьэсу, а пкъыгъуитIым я зыхъуэжыкIэ-зэхэлъыкIэм пIалъэ гуэркIэ кIэлъыплъыну. Еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар щхьэпэ хъунущ планетэ «плъыжьым» и щхьэфэм зэгуэрым щыIауэ зыхуагъэфащэ гъащIэм и зыхъуэжыкIэр зыхуэдар джынымкIэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.