Уафэбгыкъу и нэлат
2020-06-18
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
- 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70-хэм итщ).
- — Зиусхьэн, Алыхьым гъащIэ кIыхь къыуит. Къысхуэгъэгъу щIалэхэр зэрызэпызудар… Мыдэ, урыс пащтыхь Пётр къэбэрдейхэм къытхуигугъэр сыту пIэрэ? Дипхъу я урыс нысэу тхыдэм дызэдыхыхьат зэгуэр.
- ХьэтIохъущокъуэпщыр хуэхьэзырт а упщIэм:
- — Ар сэ езыми вжесIэну сигу илът, Къашыргъэ. Си япэ укъищащ… Тырку сулътIанымрэ пащтыхь Пётррэ Iэ зытрадза дэфтэрым ипкъ иткIэ, Урысейр адыгэхэм къыддэIыпыкъуну хуиткъым. Аращ зэрыщытыр. Ар пэжщ. Ауэ ди малъхъэ къалмыкъ хъаным, Урысейм и жыIэщIэ пэжу зэрыщытым ебакъуэри, IэщэкIэ хуабжьу зыкъытщIигъэкъуащ. Зыщигъэгъупщакъым Аюкэ и щыкъур. Къалмыкъым лIыкIуэ дгъэкIуахэм шупашэу яIар Быж ЛIыгъурщ. ЛIыгъури, абы и гъуса щIалэхэми, уэри щхьэхуэу, Къашыргъэ, фIы-щIэ лей фхузощI. Ди къалэн дгъэзэщIауэ къызолъытэ: пщы-уэркъ хасэри, лъхукъуэлI хасэри зэхэтшащ. Анэхэм, шыпхъухэм, щхьэгъусэхэм къыддаIыгъыурэ, дэри дызэхуэарэзыуэ Iуэхур зетхьащ. Ди лIа- къуэгъухэри тщIатэкъым хъыбарыншэ, я тетхэм лIыкIуэхэр яхуэдгъэкIуат… Псори ди IэнатIэм фIыуэ щыгъуазэрэ пэт, сыт пщIэн-тIэ, дызэхащIыкIауэ къыщIэкIынкъым. Апхуэдэм деж, «Уи щхьэ си щхьэ нэхърэ — си щхьэ гуэр» — жаIэ хабзэщ адыгэхэм. Дауи ирехъуи, дыщIэгужьеин щымыIэу къэбэрдейхэр дызэхурокъуж. АбыкIэ дигу мамы- ру зэхуэтщIыжынщ иджы Бахъсэн хасэр.
- — «Iэмин!» жыфIэ жэмыхьэт. Iэмин! — пшэ фIыцIэ гуэрэнхэм Iуву щIалъэфа уэгум-кIэ и Iэгухэр лъагэу ишийуэрэ, Къэсей хьэжым дыуэ ищIри: — Жэмыхьэт лъапIэ, фэ Нэры-нэ гуащэ и шэджагъуашхэр зыIувгъахуэ, сэ мэжджытымкIэ сымыкIуэу хъунукъым: азэн джэгъуэщ. АдэкIэ, псори мэжджытым фынекIуэлIэжынщи, шэджагъуэ нэмэзыр тщIымэ, Алыхьу лъэщым зэгъусэу делъэIунщ. А зырщ дэ хеящIа- кIуэу къытщхьэщытыр!
- Къэсей хьэжым и азэн джэ макъым къыпэджэжу, уафэр ину гъуагъуэри хэхъуэпскIыкIащ. ИпщэкIэ къыщылында уафэхъуэпскIым къыIэщIэщэща нэхъей, уэшх джэш пIащэр иджы пщы уэлийм и пщIантIэм щыджэгурт.
- ХьэтIохъущокъуэр уафэм дэплъейри:
- — Сэбанш! Къарэжь! ФыкIуэт… Къэсей азэн джапIэм къыщехыжкIэ фыдэIэпыкъу.
- ХХIII
- Iуащхьэ лъапэхэм ядыщIэкI гъуэгу нашэкъашэм ирокIуэ Сурэт зэрыс гулэгъу-нэр. Шу гъуситIыр абы иужь итыжщи, бгитху зэхэтыр и гъуазэу зреш гъуэгуанэм. Хуэмурэ задэм кIэрохьэри, нэхъ задэж щыхъум деж, лъэныкъуэкIэ къахукъуоплъ уэсылъэ къуршхэр. Мес, Iэгъуэщ иджы бгитху щIыналъэр, жыг щхъуантIэ гуэрэнхэри цIыхум зэриIэужьыр IупщIу, пхъэщхьэмыщхьалъэщ. Iэхэлъахэм жылэ зэрыщыпсэум и нэщэнэхэри иджы нэхъ наIуэщ.
- ШууитIыр — Нэкъаррэ Iэта-Ильясрэ — мыпIащIэурэ зэдоуэршэр. ГъащIэм зэрымы-щIэкIэ зэридзылIа мы лIитIыр, сытым темыпсэлъыхьми, бэджыхъым ещхьу, тхыдэм и теуэгъуэхэм хэтщ. КIэухыншэщ а тIум къаужьгъыжхэр, зэхэмыбзщ абыхэм иджы IупщIу яубзыхужыну зэлIалIэхэр. Апхуэдэххэурэ, гъуэгу нашэкъашэр я пкIэ- лъей задэу шууитIыр гулэгъунэм кIэлъокIуатэ.
- Сурэт зэм мэщхьэукъуэ, зэми щIэщтэжауэ къызэщоу. ГуащIэншэ хъуащ пща-щэр. Уджэгурэт-тIэ апхуэдизыр зи кIыхьагъ гъуэгуанэкIэ! Кърымым къикIри, адэкIэ Жанейм — КIэмыргуейм — Къэбэрдейм. АдэжкIэ, Къэбэрдей икIыжащи, Жанейм ихьэжыху къыпэщылъри гъуэгущ. Пща-щэр, дауи, ешащ.
- Iэта-Ильясрэ Нэкъаррэ я шыщхьэ зэтауэ здэкIуэм, Мамсырыр зыхуэмышыIэу подыхьэшхыкIри, игукIэ зэрегъэзахуэ: «И нитI зэпэзэнэу-зэгъунэгъубзэхэри, и пэбгыщхьэм Iуву щызэхэкIэж набдзэ цыплъхэри къуа- лэ бзаджэ гуэрым ещхьу, уIуэн хьэзырщ. ЛIыр къызыхэкIа монгол къуэпсхэр и на-тIэм сэфэту къытощ. Мыдэ и щхьэщIыб зы щхьэц ухуэныгъуэ цIыкIу иридзыхыжатэмэ, къепсри къилъэтауэ чынгызыкъуэт!»
- Нэкъар иджы къигъуэтыжа ныбжьэгъущIэр нэхъ гъунэгъуу къицIыхуху, нэхъри игъэщIагъуэу, азиат лъабжьэжьщ. Мамсырым мызэ-мытIэу и нэгу щIэкIащ, и лIакъуэ тхыдэм зыгуэр мащIэу зэрецырхъыу, Iэта-Ильяс елэныхъум ещхьу зыкъызэрыритIэр. А къызыхэкIа лъэпкъыжьым и набжьэр, а дуней щIылъэныкъуэр зи лъэгу щIэзылъхьа лъэпкъ залымым и куцIыр Iэ-та-Ильяс иджы IупщIу дилъагъуурэ, Мамсырыр зыхищIэжу нэщхъей къэхъурт… Дыгъуасэ пщIондэ абрэдж щхьэхуиту къуршым ита жаней щIалэм и гур щIэузырт мо нэгъуейм, тхыдэ щэджащэ зиIэ лъэпкъым мо и жылакIэм, лIыгъэрэ зауэ щIыхькIэ дуней хъурейр бгъунлъэу зэщIэзыгъэхъея лIакъуэм мо и кIэсыжым!
- Нэкъар щIэх-щIэхыурэ зэупщIыжрей хъуат: «Ярэби, зэгуэр, аддэ къэкIуэну жыжьащэм и зы пIалъэ гуэр, адыгэ тхыдэм гъуэщауэ къыхэплъыжыну пIэрэ, мы нэгъуейм ещхьу, лъэпкъым и кугъуэр зи псэм щызэхуэкъуса, лъэпкъым и узыр зи лъым щызэпцIыжа лIы щхьэхуэ закъуэтIакъуэхэр?!
- Iэта-Ильяс зэрыхэщхьэукъуэм Мамсырым гу лъитэри:
- — Си гугъэнтэкъым, нэгъуей, апхуэдэу укъытхущIэкIыну…
- — Дапхуэдэу ар?
- — ХьэтIохъущокъуэпщымрэ уэрэ фи зэпсалъэр…
- — Сыту пIэрэ апхуэдизу укъэзыгъэуIэбжьар?
- — ПщIэрэ ар… Сэ си гъащIэм къабзэу ущызэкIэщIоплъ. Псори щынэрылъагъущ. Уэращи?..
- — Сысейри жэщ къарэжь защIэу зэпыщакъым, жаней.
- — НэгъуэщIхэм яхуэIуатэт уэ а шыпсэр!
- Iэта-Ильяс зэуэ шхуэIур къыжьэдекъуапэри:
- — Хьэуэ, Нэкъар! Куэдщ ар. Дызэпсэлъэн хуейщ нэхъ жьэнахуэу. ЖыIэт, сыт уигу сэркIэ иримыхьыр?! — Мамсырым и шыщхьэр иригъэIуантIэщ, кIэщIу къыжьэдикъуэжри, нэгъуейм и шыпэм пэуващ:
- — ЖысIэжмэ, жысIэжщ! Кърым хъаным хуэлажьэ уи шынэхъыщIэм и лъэныкъуэр яIыгъыу нэгъуейхэр къыдэзэуэну къытхуэкIуэмэ, сыт уи щхьэкIэ пщIэну уи мурадыр?
- — Ущымыуэ, Мамсыр. Нэгъуейхэми яхэтщ напитIхэр, я мащIэкъым фейдэхуэлIэхэр, хьэжьвакъэжьышххэр, ауэ абы къикIыркъым лъэпкъ псор нэхъ IейхэмкIэ къэспщытэн хуейуэ. УмыщIэр умыIуатэу, тIэкIу зышыIи нэхъыфIщ, щIалэ.
- — Зэ догуэт! Уэ узэригугъэмкIэ, уи шынэхъыщIэм зэрыхузэфIэкIкIэ нэгъуейхэр Iейм щихъумэу арщ?
- — Апхуэдэу сыщогугъ. Лъэпкъыр ягъэбэлэрыгъыурэ пцIыIуэпцIышэхэм дамышэ-хын папщIэ, зы Iущ гуэр къащыхэкIыр насыпышхуэщ. Пэжщ, апхуэдэ Iущхэр нэхъыбэм деж шэпэIудз мэхъу.
- — Ягу -я псэр мафIэм бзийкIэ илыпщIу- рэ? — ауан зэз щIэлъу мэхъурджауэ зи абрэдж щэным къыIэщIэмыкIыф Мамсырыр: — Зэхэпхрэ абы жиIэхэр! Хъунщ адэ. Неуэ, гулэгъунэм дыкъыкIэрыхуащ.
- ШууитIыр зыкъомрэ зэмыпсалъэу ма-кIуэ. Нэкъар зэригъэзэхуэну елIалIэрт Iэта-Ильяс и псалъэхэм ящIэлъыр. Нэгъуейм и жыIэм, зэкIэ дэкIуэщIыртэкъым Мамсырым и гурыщхъуэхэр.
- — Сэ унафэ сиIатэмэ, абыхэм яхуэфащэр сщIэнт.
- — Хэт «абыхэр»?
- — «Абыхэр» — ахэрщ! Сыт къыбгурымыIуэр? Къэбэрдей пщы уэлиймрэ кърым хъаным-рэ жыхуэсIэщ… ДзитIри зэпэщIэзгъэувэнути, аддэ, пасэрей косог-адыгэжьхэм я Ридадэрэ урысхэм я Мстиславрэ* зэрызэрагъэзэуам ещхьу, пщы уэлиймрэ хъанымрэ зэзутIыпщынут. Ирезауэт тIур — зыр адрейм IэщIэукIэху! ТекIуэм и лъэныкъуэр текIуат… Хьэуэ, хьэуэ, ари къемызэгъщ…
- — Сыт къыщIемызэгъыр? А жыхуэпIэр, Нэкъар, IэмалыфI дыдэщ. Ар ящIэну щытатэмэ!
- — Ар щыIэмалыфIыр лIыгъэм хьилэ щыхэмылъырщ. Иджы щыIэхэм «Хьилэри лIыгъэм щыщщ» жаIэри дэувэжащ, нэгъуей.
- — Хьилэ жыпIа?! Напэншагъэщ апхуэдэм зэреджэр… Псэжьыгъэщ ар! — къолъ Iэта-Ильяс.
- — Мызэ-мытIэу дэ апхуэдэ къыткIэлъызэрахьащ…
- Гулэгъунэм къыкIэрыхуа шууитIыр хьэмкIэлъэхъуу зрачыжауэ здэкIуэм, Iэта-Ильяс нэщхъейуэ егупсысырт: «Ярэби, апхуэдизу Мамсырым дзыхь къысхуимыщIыныр сыт къызыхэкIар? Си гущхьэ къридзэнтэкъым иджыри къэс Нэкъар гурыщхъуэ гуэр схущIиуфэу. Пэжщ, абрэдж хьэлщ ар: ерыщрэ дзыхьмыщIу… ИтIани, Мамсырым нэхърэ мынэхъ мащIэрэ си- тащ сэ губгъуэжь. Ситащ сыщхьэегъэзыпIэншэрэ си гуIэгъуэр си гуфIакIэу. Сыт хищIыкIрэ-тIэ Нэкъар сэ згъэвым? Езым и гуауэр щыгъупщэжынт, сысейр зыхуэдэм зэ щIэупщIатэмэ! Мамсырым и гухэлъыр мес, ди япэ иту макIуэ, гугъу ехьахэми, зэрыгъуэтыжахэщ. Къыщысша махуэм кърымхэм сIэщIатхъа си тхьэIухудыр зэи сымыгъуэтыжыххэнухэм ящыщщ. Ар уз цIыкIуфэкIукъым! Уи псэр зыхьым упыхьэурэ укIэлъокIуатэ. Сэ сыздэкIуэтэну лъэныкъуэри сщIэрэт? Си нысащIэр къэслъыхъуэурэ Кърымым лъагъуэ IусщIыкIауэ, Абрэдж псэжь напэншэр пэшэгъу къысхуэхъуат. Мырзэбэчыжьым иджыри сыщыгугъырт е щыуагъагъэкIэ, е фейдэ гугъэкIэ зы лъагъуэ гуэр сытришэну. АрщхьэкIэ Абрэдж Мырзэбэч псэжь дыдэу къыщIэкIри, саугущхъуауэ, сымыцIыхухъуу стригъэIукIащ! Сыту насыпышхуэт а псыкъуийм деж, силъ сщIэж си гугъэурэ, Даур зэрыщысIэщIэмыукIар! Сыту насып лъэщт а махуэм къэбэрдей шухэм сазэрыIущIар… Абдеж зыкъыщысхуигъэзащ си вагъуэм, мыхьэнэ пэж иIэу си гуащIэм сыIуплъэжыфащ. Мырзэбэч стригъэIукIа напэтехым и ужькIэ, хэт хуэсIуэтэнт-тIэ сигу къеуэр? Уэри, си шу гъусэ, сызэхэпщIыкIынукъым. Хьэуэ! Дзыхь здэщымыIэм зэхэщIыкI щыIэ? Ее-й, Мамсыр, Мамсыр! Мыдэ жаIэркъэ, дахагъэм лIыр игъэгушхуэу… Пэж-къым ар. Си нысащIэм и дахэр тIуми мыгъуагъэ тхуэхъуат. Дэнэ иджы ар здэ- щыIэр? СулътIаныжьым и хьэрэмым щIадзэжа? Зы къулей гущыкIыгъуэжь гуэрым и IуэхутхьэбзащIэ?! Къэзгъуэтынщ… Си псэр пытмэ, къэзгъуэтынщ…» Зигу къызэфIэна нэгъуейм зэрымыщIэкIэ шхуэIур жьэдикъуэIуэри, шыр кIэбдзкIэ тхъуэуэрэ хэщыщыкIащ. Нэкъар къэуIэбжьауэ къызэплъэкIри:
- — Къэхъуар сыт?
- — Псори тэмэмщ. Мыдэ си шым зыгуэр зыдегъуэри…
- — Уэ зыдэбгъуэр зыхищIэу арагъэнщ уи шым… ПщIэрэ уэ «черкеш» зыфIэпща адыгэхэм «Узэчэнджэщын уимыIэмэ, уи пыIэжьыр гъэтIыси ечэнджэщ» щIыжаIэр? Аращ-тIэ… Шым нэхъ псэлъэгъуфI щIыщымыIэр, абы и зэхэщIыкIыр нэхъ куущи арщ. Сэ апхуэдэу къысщохъу…
- Бгитхум пэмыжыжьэу къыщытт Къам- лэ нэгъуей жылэм и шэтырхэр. Мамсы- рым игу къызэрыгъуэтыжауэ:
- — Мыдэ, жылэм дыдэмыхьэу уи лъэпкъэгъухэм фIэхъус едгъэх! — жиIэурэ уанэгум зыкъреIэтыкIри, шэтырхэмкIэ маплъэ.
- — «Сэлам уалейкум» жытIэурэ, — Iэта-Ильяс пыгуфIыкIыу Нэкъар зыдещIри, уанэгум зыкъреIэтыкI. ЯIуэтэжу зэхэсхат си адэшхуэри, си адэшхуэм и адэшхуэж- ри мы Къамлэ жылэм къыщалъхуауэ.
- — Мыр уи жылэжьщ?! Уи кхъэлъахэхэри мыбы илъ? — егъэщIагъуэ Мамсырым.
- — Хьэуэ. Си лъэпкъым мыбдеж лъабжьэжь щищIакъым. Си адэшхуэр мыбы икIри беслъэнейхэм я щIыналъэм итIыс-хьат. СцIыхужыркъым ар езыр… ЗэраукIам и хъыбар нэгъуэщIхэм къысхуаIуэтэжауэ аркъудейщ. Хэт абазэм IэщIэкIуэдауэ жиIэрт, хэти зыукIар беслъэнейуэ игъэхъыбарырт. Пэжыр дэнэ къисхын? Хэт а лъы уасэр иджы зытелъыр?
- — Зэман куэдыIуэ дэкIыжащ абы лъандэрэ…
- — ЛъыщIэжыр пIалъэншэщ, — нэгъуейм и нэкIущхьэр морэ-фIыцIафэу къызэщIоплъэ: — ПIалъэншэщ! Апхуэдэм и пэжыр дапщэщи зэ къыхэпщынущ, къыщIэщэтынущ, къыдэжынущ зэгуэр, къуэпс кIэсы-жым ещхьыпсу. Пэжыр дапщэщи сэтей хуолIэ. Си адэшхуэм илъ сымыщIэжмэ, и цIэр, сэ къысфIащыжа и цIэр, згъэхьэулеяуэ сылIэжынущ. Къуэ сиIатэми! Си адэшхуэм и цIэр естыжынт си къуэм, — Iэта-Ильяс и макъыр иджы йохуэхыпэ.
- — Къыпхуахьыфат уэри гухэщIышхуэ… — игу щIэгъуу педзыж Нэкъари: — Уи цIэр сщIэ щхьэкIэ, уи унэцIэр зэи зэхэсхакъым. Уэ си унэцIэм ущыгъуазэщ — Мамсырхэ сащыщщ.
- — УщIэупщIэу бжезмыIа хуэдэ! Махуэм и кIэщIыпIэм тIощIрэ си унэцIэмкIэ укъызоджэ уэ! — мэдыхьэшх Iэта-Ильяс. — Нэгъуейщ си унэцIэр.
- — Ы-хь-ы, унэцIэ хьэлэмэтщ, — мэгъумэтIымэ Нэкъари, игукIэ: «Насып диIэ-ти Чынгызкъым…» кIэлъыжеIэж.
- — НтIэ, унэцIэ хьэлэмэтщ.
- — Нэгъуей унэцIэр зезыхьэми елъытащ. Ямыгъэулъийм ар хуэдэщ.
- — Мис ар фIыуэ жыпIащ, Нэкъар! ПщIэ- рэ, Къамлэ дыщызэтеувыIэмэ, нэхъыфIтэкъэ. Сурэти ешащ. Дэри шыхэри жьыIурыхьэгъуэ дыхуэныкъуэщ. Зыдгъэпсэхунтэкъэ?
- — Мыдэ, къэбэрдей хьилэшыхэм я жыIэкIэу: «Фыкъеблагъэ… фымыпIащIэмэ» — жыхуэпIэщ. Ара, нэгъуей?
- — Апхуэдэ сэ схужыIэнутэкъым, Нэкъар…
- — СыгушыIащ. Дэ адыгэ лIакъуэхэм апхуэдэу дызэпэгушыIэ ди хабзэщ. Пэжыр бжесIэнщи, Беслъэнейм дихьэным къэнэжа щыIэкъым. Пшапэ зэхэуэгъуэм дынэсынущ. Уи лъабжьэ здэщымыIэ Къамлэ- ми сыт щхьэкIэ иджы дыдыхьэнт? Хьэуэ, уимыгугъэт уи лъэпкъэгъухэм дзыхь яхуэзмыщIу! ИтIани, зэманыр мамыркъым, адэ ди гъуэгу хэдгъэщIмэ нэхъыфIщ.
- «Уи лъэпкъэгъухэм дзыхь яхуэзмыщI уимыгугъэ, — игукIэ къытрегъэзэж Iэта-Ильяс. — ЯхуэпщIыркъым дзыхь. Узыхуейрамэ, си ныбжьэгъу, уигу илъымрэ уи бзэгупэм телъымрэ зэмыгуэгъущ уэ лIым. Узгъэкъуаншэркъым, жаней. ЦIыхухэм дзыхь къызэрыгуэкI щызэхуамыщIыж лъэхъэ- нэм тIури дрибынщ. Нэбгъуз-нэджабэкIэ псори дызэхущIоплъ. Си лъэпкъэгъу зи гугъу пщIахэри, фэ адыгэхэм фэщхьыркъабзэу, дзыхьмыщI гурыщхъуэщIхэщ. Аращи, фэри, дэри, тэтэрхэми жытIэр зыщ, дигукIэ зетхьэр нэгъуэщIщ. Дызэхуэфащэкъэ дэ гупыр псори?! Зы щIыналъэ пытхъахуэм мамыру дызэдытезагъэркъым. Зым зыхеш, адрейм зегъэпщ, ещанэм щымыIа таурыхъхэр къигупсысурэ тхыдэщIэ ныкъуэцIалэ зэрегъэпцI. Зым и фIым адрейр дыщыгуфIыкIыу, мы дуней хьэхум къыщыдита пIалъэ кIэщIыр къэтпсэуфыркъым! Дэ дывогъэкъуаншэ тэтэрылъ зэрытщIэтымкIэ. Кърым-тэтэрхэр мысэщ фи бынхэр Iулъхьэу фигу зэрыфхупыкIымкIэ. Кърым мырзэхэр къуаншэщ фи фызхэр жэщдэгъуэлъу зэрахуэвгъакIуэмкIэ! Псори фи мысэщ фэ… Псори фи къуаншэщ! Фи щхьэ закъуэрщ хейр… Дэ езыхэми дыбзыщIыркъым кърым-тэтэр- хэр IыхьлыгъэкIэ зэрыдикъуэпсыр. Тэтэр-монголхэм я шылъэм дуней щIылъэныкъуэр щIэгъуэлъхьэпат. Зыщ ди хабзэр, диныр, ди хьэдэхуэIухуэщIэр. Хэт-тIэ ар зи ягъэр? Ордаишхуэм и кIуэдыр хэт зи ягъэр? Махуэ къэскIэ ди нэхэр къызэривуIукI а кърым-тэтэрхэр арауэ пIэрэ къуаншэр? Ахэри, дэ тхуэдабзэу, ящI тесыжкъым, фэ аддэ иджыри Чынгыз мыбы дыкъыщимышэ лъандэрэ мыбдеж фисщ. НтIэ, фызэгурыIуэу фисауэ пIэрэт! Си щхьэузыгъуи фи зэгурыIуэт фэ, зипхъу пащтыхьылI езытыфам дзэ къыфхурилъафэрэ фы- зэпщэфыIэжу! А Джылахъстэней жыхуэфIэм, фызыхигъэплъахэр сыту щIэхыщэ фщыгъупща? НтIэ, мис а ди Ордаишхуэм Тыркумрэ Кърымымрэ къращIаращ фэ адыгэхэм иджыпсту Урысеймрэ а Кърым дыдэмрэ къыфкIэлъызэрахьэр!»
- — УнэцIэ Iумахуэ зезыхьэ Iэта-Ильяс, — мэгушыIэ Мамсырыр, — гъуэгум дэдмыдзыхыу занщIэу дыкIуэмэ, дауэ уеплърэ?
- — Зыгуэр жыпIат, Нэкъар? — къызэщоуж нэгъуейр.
- — Зы гупсысэ гуэрым усфIехь уэ лIыр, — педзыж абы Мамсырым.
- — Хьэуэ, хьэуэ… — и нэ зэвитIыр Iуданэ шэщIауэ зэIупщхьэжурэ мэдыхьэшх иджы Iэта-Ильяс. — Гупсысэу мы дунейм къытехьэлъэр уэрэ сэрэ зэщIыгъуу плIэрыхь тхуэхъуат, Нэкъар!
- — Пэжщ, мызыгъуэгукIэ куэдыщэ дгъэунэхуащ уэрэ сэрэ. Ари пIалъэ кIэщIым къриубыдэу… Уи сэбэп къызэкIащ, нэгъуей. Апхуэдиз илъэскIэ згъэва гуауэр усщIыгъуу зэрытIэтыкIащ. Иджы сыхьэзырщ уигу къеуэр — ар сытуи щрырет — бдэзгуэшыну. КъызжеIэ къудей, умыбзыщIу.
- — СогушыIэ, Мамсыр. Хуабэм нэхъ гукъеуэ сиIэкъым.
- — Зым хуабэвэхыр и щIасэщ, адрейр егъэмэх. Дыгъэр къухьэнущ куэд мыщIэу. Беслъэнейри жыжьэжкъым. Нарт Бибард и хьэщIэщым деблэгъэнщ жызоIэ. Гулэгъунэр абдеж щытхъуэжынщи, уэри уи лъэпкъэгъухэм уакъыхэнэжынщ.
- — Зэхэсхакъым уи жыIэ, Нэкъар. Дауэрэ сыныбжьэгъут сэ, гъуэгу ныкъуэм укъытезнэу? Жанейм уисшэжынущ, уи ныса-шэм адыгэ къафэ щысщIынущи … адэкIэ деплъынщ, бысым.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
- *А хъыбарыжь гуузыр «Повесть временных лет» тхыгъэм къыхощыж: «Гъэ 6530-м (1022) Ярослав Бересть къыIухьат. А лъэхъэнэм Тэмтэрэкъейм и тету щыта Мстиславыр косогхэм езэуэну зекIуэ ежьат. Косогхэм япщ Ридадэ, бийр къызэрыкIуэр щызэхихым, дзэм пэуващ. ДзитIыр зэхэуэн хунэмысу, Ридадэ Мстиславым жреIэ: «Сытым щхьэкIэ хей Iэджэм ялъ дгъэжэн? Уэрэ сэрэ дызэгъэзауэ. УкъыстекIуэрэ — си мылъкуи, си фызи, си быни, си щIыналъи къыпхуэнэнщ. СыныптекIуэрэ — ууейуэ уиIэр сысей хъунщ». Мстислав къопсалъэри: «Ирехъу апхуэдэу!»
- «IэщэкIэ дызэрыуIэнкъым, IэпщэкIэ дызэпэщIэувэнщ», — жеIэ Ридадэ. ПщитIыр зэпэщIэуващи, IэпщэкIэ зэроIэт, зэрогъэтIылъыж. Лъэщт Ридадэ. ТIасхъэтэкъым Мстислав. АрщхьэкIэ Ридадэ и гуащIэр кIуэщIыртэкъым, Мстиславти, косогып-щым и Iэпщэм ажал къызэрыхухэкIынур къыгурыIуауэ: «Уоу, хур мелыIычу, мелыIычхэм я къабзащэ! Сыкъэхъумэ! Си насып текIуэмэ, тхьэлъэIупэ унэ уи цIэкIэ сухуэнщ!». Ар жиIэурэ, щIыщхьэм Iэпщэ пцIанэкIэ къыщебэн Ридадэм и пщэ лъынтхуэр маисэр кърипхъуэтри, Мстиславым зэпигъэхуащ. Ридадэм и мылъкуи, и бынуни апхуэдэ IэмалкIэ урысым къищтэри, косогхэм Iулъхьэтыхь къуэды ятрилъхьащ. Мстиславым Тэмтэрэкъей къигъэзэжа нэужь, хур мелыIычым и цIэкIэ иухуа тхьэелъэIупIэр иджыпстуи щытщ».