ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыгъум  и щхьэр  мэуназэ

2020-06-17

  • Джэдынэ зышхыр мастэнэкIэ Iэзэ мэхъу, жаIэ.
  • Дзэлыр пхъащхьэм хэплъхьэну фIыкъым, жаIэ.
  • Ежьам кIэлъыджэркъым, кIэлъыгъыркъым, ар мыфIу къалъытэ.
  • Шур гъуэгу техьа къудейуэ и шыр пырхъамэ, къигъэзэжырт, гъуэгур къемыхъулIэну къилъытэрти.

  • Ерыскъы зытелъ Iэнэм я щIыб хуагъазэу тIыс хабзэкъым, фIыкъым жаIэ.
  • Ерыскъым уелъэпэуэну фIыкъым, зэ нэхъ мыхъуми уемыдзакъэмэ, упэIуджэжынущ жаIэ.
  • ЗыщIыпIэ IуэхукIэ уежьауэ къэбгъэзэж хъунукъым — уздэкIуэр къомыхъулIэну къалъытэ.
  • Зыгуэр зыфIадыгъуам кхъузанэ игъэкIэрахъуэмэ, дыгъум и щхьэр уназэу къалъытэ.
  • Зыгуэр зыфIадыгъуам вабдзэжькIэ хьэ игъэпIэнкIмэ, дыгъур щхьэуназэ хъууэ ябж.
  • Зыгуэр ишхыну ептарэ игъапсчэмэ, хьэлэл хуумыщIауэ жаIэ.
  • Зыгуэр щыпсалъэм деж нэгъуэщI зыгуэр къепсамэ, жиIэр пэжу къалъытэ.
  •  
  • Зытхыжар Уэрэзей  Афликщ.