Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Instagram»-м щиIэ напэкIуэцIым республикэм щыпсэухэм щохъуэхъу
2020-06-02
- «Ди сабийхэм я нэгум кърих гуфIэгъуэр, зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэмрэ лъагапIэщIэхэмрэ ахэр зэрыригушхуэр балигъхэм ди дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэхэм ящыщщ.
- Сабийхэр хъумэныр, анэхэм защIэгъэкъуэныр, къытщIэхъуэ щIэблэм я нобэрей махуэмрэ я къэкIуэнумрэ сакъыу дахущытыныр сыт щыгъуи щытащ икIи къонэж ди къэралым и социальнэ политикэм щынэхъыщхьэ дыдэу. Сыту жыпIэмэ, сабиигъуэмрэ къэжэпхъыгъуэмрэ я зэманыр цIыхур гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ лъэхъэнэу щытщи. ИкIи дэ ди зэхуэдэ къалэнщ республикэм и сабийхэм я мурадхэр зрагъэхъулIэн, узыншэу, насыпыфIэу къэхъун папщIэ зыхуеину псомкIи къызэдгъэпэщыну.
- Нобэ, Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм, си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ зи гъащIэр сабийхэм тыхь яхуэзыщIахэм — адэ-анэхэм, гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, узыншагъэр хъумэн, социальнэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм.ФIыщIэ фхузощI къыхэфха IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, фи къару фемыблэжу фызэрылажьэм папщIэ.
- Фэри Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу псоми сынывохъуэхъу гумащIэ дызыщI мы гуфIэгъуэ махуэмкIэ!», — итщ КъБР-м и Iэтащхьэм «Instagram»-м щиIэ напэкIуэцIым.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.