ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жыгым  къудамэщIэ  къызэрыдэжыжым  хуэдэщ  гъащIэри

2020-06-02

  • Хэку зауэшхуэм имыгъэгуIа унагъуэ гъуэтыгъуейщ. Абы и ужь къэкIуа илъэсхэми щысхь яIакъым. А лъэхъэнэм си сабиигъуэ лъапцIэрышэр ирихьэлIами, цIыхубэм яшэчам си анэшхуэ Хъущт ФатIимэт зэпымыууэ сыщIигъэдэIуу къекIуэкIащ.

  • Зауэр къэмыхъей щIыкIэ, 1939 гъэм, си адэ Ахъсор Кърым СэIэдулэ и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутыр къиухауэ Тэрч районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылажьэрт. А IэнатIэм Iу-ту, 1940 гъэм абы унагъуэ иухуат, жылэм щыщ Хъущт Хьэзизэт къишэри. Си анэр абы щыгъуэм сабий гъэсапIэр и IэмыщIэм илъу лажьэрт. Илъэсищ хуэдизкIэ Ислъэмей щылэжьауэ, ди адэр щалъхуа жылэжьым, Къаншыуей, дэт курыт школым и унафэщIу ягъэкIуэжат. Зауэри ди лъахэм къэсагъэххэт. Си адэм и къуэш нэхъыщIищри фронтым Iутт. Кърымрэ и зы къуэш нэхъыжь Хьэмыщэрэ бронь къратауэ фронтым и щIыб къыдэтт. ЦIыхухъуншэ хъуа жылэжьым Iуэху мащIэт дэлъыр щызэфIэхын хуейуэ?!
  • Я къуэшхэр зэрыхэкIуэдар къезыгъащIэ гуауэ тхылъхэр зым и ужь адрейр иту унагъуэм къыщыIэрыхьэм, зы дакъикъи мыгупсысэу къэна зэкъуэшитIри зауэм дэкIащ, я анэкъилъхухэм ялъ ящIэжыну. А зэманым Курп лъэныкъуэкIэ щыIэ жылэхэр зэдзылIар Мэздэгу дэт военкоматрати, фронтым Iухьэн и пэ, абы зыщагъасэу щыIащ.
  • Зауэм псэемыблэжу хэтащ тIури. Си адэр уIэгъэ хьэлъэ хъури, Георгиевск сымаджэщым щIэхуащ, и къуэш Хьэмыщэ Мэздэгу къалэм пэмыжыжьэу хэкIуэдащ. Зауэ гущIэгъуншэм ди лъэпкъым щыщу цIыхухъу 14 кIуати, 10-м къагъэзэжакъым.
  • Си адэр уIэгъэщым зэ-рыщIэлъым и хъыбарыр    си анэм къыщыIэрыхьэм, цIыхубз зыбжанэ щIыгъуу щIэупщIакIуэ лъэсу кIуауэ зэрыщытар къызжиIэжауэ щытащ. Си адэр нэхъыфI зэрыхъужу, зауэм Iухьэж зэрымыхъунум щыхьэт техъуэ тхылъ къратри, шыгукIэ къашэжат. Ар 1942 гъэм и кIэхэрат. Нэмыцэхэр къуажэм дэст. Зы жэщ закъуэ унэм нэху къыщрагъэкIри, къащIэмэ, зэраIэщIэкIуэдэнур я псэм ищIэрти, ди адэр щэхуу ирашэлIащ ХьэпцIей къуажэм Борийхэ ис и шыпхъу нэхъыжь Къыбэ деж. ЗэманкIэ абы щыIэри, Iуэхур нэгъуэщIуу мыхъуу, и адэ-анэм деж къигъэзэжащ. АрщхьэкIэ унэр нэмыцэм зэраубыдам хуэдэти, хадэбгъум къыщатIа щIыунэр пIалъэкIэ псэупIэ хуэхъуащ.
  • Iуэхур псэзэпылъхьэпIэт — Арыкъым ис ди сэлэтхэр нэмыцэхэм хуабжьу къахэуэрти, къуажэдэсым щыщи щыхэкIуадэ къэхъурт. ЦIыхухэр а щытыкIэм игъэгужьеяуэ жылэм я щхьэр дахырт. Ауэ си адэшхуэ-анэшхуэхэу СэIэдулэрэ Гуащэкъанрэ дэкIын ядакъым, къэкIуэжа я къуэм апхуэдизу тегужьеикIати. Быным ящыщу псэ Iуту къахуэнэжар а зырати, тхьэмыщкIитIыр абы щыгуфIыкIырт. И узыншагъэр зэрызэфIэмыувэжыпам хуэдэуи, си адэ Кърым жэщым зигъэпщкIуурэ ди сэлэтхэм сэбэп зыпылъ хъыбархэр яIэригъэхьэрт. Ахэр къызжезыIэжар си адэ къуэш Хьэмыщэ и щIалэ нэхъыжь Хьэлымщ. Абы щыгъуэм ар илъэсих хъурт, и къуэш нэхъыщIэ Алий и ныбжьыр илъэситху ирикъупатэкъым. Сабий дыдэу щытами, Хьэлым ещIэж а зэман псэзэпылъхьэпIэм щыщу — нэмыцэхэм зыщагъэпщкIуурэ АрыкъымкIэ хьэуазашэ кIуэ защIырти, си адэм щIыгъуу ди сэлэтхэм зэрызыхуагъазэу щытари яхэту. Уеблэмэ апхуэдэ зы махуэ гуэрым ахэр зэхэуэ гуащIэ здекIуэкIым хэхуауэ щытат, я насыпти, езыхэм къалъэIэсатэкъым, гум щIэщIа шыр хэкIуэда мыхъумэ.
  • Зы пщыхьэщхьэ гуэрым пщIантIэм нэмыцэ зыбжанэ къыдэхутэри, Iуэм ит жэмыщIэр дахуну иужь ихьащ. Хадэм къикIыжу абы кърихьэлIа си адэшхуэ СэIэду- лэ зимыIэжьэу унэм щIыхьэжри, фочыр къыщIихри ятриубыдащ. Нэмыцэхэм ящыщ зым и кIэрахъуэр абы кърегъапщэ. Ахэр зэрызэIэпыкIынур Тхьэм ищIэнт, унэм къыщIэкIа нэмыцэ офицерыр и унафэм щIэтым къытекIиеу и кIэрахъуэр иримыгъэлъхьэжамэ. Ауэ абы щхьэкIэ жэмыр дамыхун къагъэнакъым. И къуэхэм хьэдэIусу яхуиукIыну зыщыгугъа жэм закъуэр IэщIахат лIыжь тхьэмыщкIэм.
  • А махуэм къыкIэлъыкIуа жэщым зэрызехьэшхуэ къэхъуащ. КъапэщIэхуэр зэщIакъуэу пIащIэгъуэкIэ жылэр ябгынэрт зэрыпхъуакIуэхэм. А псори Хьэлым и нэкIэ илъэгъуат.
  • Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, жаIэ. Хьэдагъэ мыухыжт   си адэшхуэ-анэшхуэм я дежкIэ ар. Зауэ гущIэгъуншэм я къуитхур ихьат. Шынагъуэт нэмыцэм зэхафыщIауэ зэфIэгъэувэжын хуей жылэм и теплъэри. Къуажэхэм «псэ къахыхьэжу» щыхуежьэм, школхэми 1943 гъэм и фокIадэм сабийхэм кIуэн щIадзэжащ. Си адэ Кърым жылитIым я школ унафэ-щIу ягъэкIуами, зыхунэса щымыIэу зауэм дыркъуэу къытрина и уIэгъэр къэятэжри, 1944 гъэм и гъатхэпэ мазэм дунейм ехыжащ. Абы иужь иту дунейм ехыжащ си адэшхуэ СэIэдули, мыгувэу якIэлъыкIуэжащ  си анэшхуэ Гуащэкъани. Адэжь лъапсэр нэщI щыхъум, Хьэмыщэ и щIалитIыр, Хьэлымрэ Алийрэ, Тубейхэ я анэшым яшэжащ, я анэр зэрысымаджэм къыхэкIыу. Сэри Ислъэмей къуажэм дэс си анэш Хъущтхэ псэупIэ схуэхъуащ.
  • Зауэ нэужь илъэсхэр егъэлеяуэ хьэлъащ: цIыхухэм яшхын ямыIэу, я фэм иралъхьэн ямыгъуэту, гъэсыныпхъэкIи гугъу ехьу. ЖэмкIэ вэрт, гъавэр IэкIэ Iуахыжырт, губгъуэм жэщми хэсу цIыхур лажьэрт. Сэри си анэ дэлъхум сыщIыгъуу губгъуэм сыдэкIырт, схуэщIэшхуэ щымыIэми, зэрыхъукIэ нэхъыжьхэм сапэIэбэрт. Бригадирхэм хуабжьу загъэткIийрт, лей щызэрахьи къэхъуу. Щхьэте-
  • пIэншэу къэна цIыхубзхэр хэгужьеихьат.
  • Си анэр 1949 гъэм унагъуэ ихьэжащ. АнэдэкIуэу хамэ лъэпкъ сримыгъашэу, си анэшхуэм сызриубыдылIэжри, балигъ сыхъухункIэ сипIащ, сригъэджащ, сигъэсащ. ГъащIэм и пIалъэм фIыуэ хэзыщIыкI, абы и гугъуехь куэд натIэ зыхуэхъуа си анэшхуэм псэухункIэ и жыIэм сыщIэтащ. Нобэ хэт и фIэщ пхуэщIын а зэман бзаджэм цIыхухэр нэхъ гущIэгъулыуэ, нэхъ гулъытэ зэхуащIу зэрыщытар жыпIэмэ.
  • Дзэм къулыкъу щысщIа нэужь, Налшык къалэм дэт кооператив техникумым сыщеджащ, Тэрч къалэм дэта райпом сыщылэжьащ.
  • Си адэ къуэшым и бынхэу Хьэлымрэ Алийри унагъуэ яухуэжащ. Ауэ гъащIэ мащIэщ иIар Алий — быным я насып хуиту хэплъэну хунэмысу дунейм ехыжащ.
  • Зэшхэм я гуныкъуэгъуэт    я адэ Хьэмыщэ и кIуэды-кIар зэрамыщIэр икIи зэпымыууэ абы и хъыбар лъыхъуэрти, Ставрополь щIыналъэм хыхьэ Стадоревскэ станицэм щыIэ сэлэт къуэшыкхъэм щIэлъу ар къагъуэтыжащ. Накъыгъэм и 9-м ирихьэлIэу сэри я бынхэри дызэгъусэу илъэс куэдкIэ абы и кхъащхьэм декIуэлIащ.
  • Жыгым къудамэщIэхэр къызэрыкъуэжым хуэдэу, ди лъэпкъми зыкъиужьыжащ, ауэ зауэм и бынхэм ди нэгу щIэкIам хуэдэ Тхьэм зыми иримыгъэлагъу афIэкIа. Сыт хуэдэ гугъуехьрэ лъэпощхьэпорэ гъащIэм упэщIигъэувэми, ар зэгуэр блэкIынурэ, а гъащIэ ды-дэм укъыхэнэжынущ. Насыпщ и хабзэрэ и цIыхугъэрэ хуэпэжу ар къызэзынэкIыфым.
  • Ахъсор Анибал.
  • Тэрчкъалэ