КЪУИИКЪУЭ Налбий Абазэхэхэм я анэ (Іуэтэж)
2020-03-26
- Лъэпкъ философиемрэ дуней лъагъукІэмрэ я щІэщыгъуапІэм теІунщІэу тхыгъэ купщІафІэхэр адыгэ литературэм къыхуэзыгъэна тхакІуэхэм ящыщщ бжьэдыгъу щІалэ Къуиикъуэ Налбий. Абы и Іэдакъэ къыщІэкІащ усэ, повесть, роман куэд, и зэфІэкІыр щигъэлъэгъуащ драматургием, курыт еджапІэхэм Адыгэ хабзэр зэрыщаджын тхылъи зэхилъхьащ. Налбий зэдзэкІакІуэ хъарзынэуи щытащ. Абы адыгэбзэкІэ къигъэпсэлъащ Шекспир Уильям, Гольдони Карло, Мольер, Гоголь Николай, Чехов Антон сымэ, н.къ. И гъащІэм и иужьрей илъэсхэм Къуиикъуэм адыгэ тхыдэм щІэх-щІэхыурэ зыхуригъэзэкІ, нэхъ зыгъэпІейтей, лъэпкъым и щхьэ кърикІуа Іуэхугъуэхэр къызыхэкІам и щхьэусыгъуэхэм я лъыхъуакІуэ хъуат.
- Налбий и цІэр нэхъ жыжьэ зыгъэІуар тхыдэр тегъэщІапІэ зыхуищІа тхыгъэхэращ. Абыхэм ящыщщ «Псым ихь Іуащхьэ», «Къущхьэ ябгэ», «Бэчкъан и шыр», «Закъуэныгъэм и мэз» повестхэр, «ЩымыІэжхэм я санэбжьэ» романыр, «Лъэпщ», «ХьэщІэ», «Хьэнахъуэ», «Абазэхэхэм я анэ» Іуэтэжхэр.
- Лъэпкъым и гущІэм нэплъысу абы и щэхухэм я тІасхъэр къызэрилъэгъуам и мызакъуэу, а псор псалъэ къыхэщыпыкІа защІэкІэ зэрызэІуищам гущІагъщІэлъыбзэкІэ ягъафІэу къахуэмыІуатэ куэд сэтей къригъэщІыфащ, пэжымкІэ гъуазэ, гъащІэмкІэ дерс хъууэ. Тхыдэм и дурэшым къыкъуихыж теплъэгъуэхэр Къуиикъуэм къызэригъэпсэу бзэр къызэрымыкІуэу шэрыуэщ, псэм зыхещІэ.
- Абы и щапхъэщ «Абазэхэхэм я анэ» Іуэтэжыр, лъэпкъ литературэм и фІыпІэм халъытэ тхыгъэр.
- Куэд щIащ абы лъандэрэ.
- Iэщэ зыIыгъыфын хъулъхугъэу къуажэм дэсым зэуэ зызэщIаIэтэри, нэхущым дэкIат. ЕтIуанэ махуэм абыхэм ящыщу зым къигъэзэжащ, ауэ, адрейхэм сыт я хъыбар жиIэу, зыри щIэупщIакъым. Зауэр иухатэкъыми, жы- лэм хьэдагъэ макъми зыщиIэтакъым.
- Зы лIыжьрэ и пащIэ-жьакIэ зэщIыхьа къудейуэ зы щIалэщIэ-рэ гъусэ ищIри, зэуапIэм къикIыжар къуажэм дыхьащ. УнэрыкIуэу жылэр къызэхакIухьурэ, жьыуи щIэуи дэсыр къызэщIагъэуIуащ. Арыххэу, Iэщэ зиIэм и Iэщэр къызэфIилъхьащ, шы зиIэм шу зыкъищIащ, шыи Iэщи зимыIэм гуахъуэ е бжэгъу къищтэри, лъэсу къадежьащ.
- Амдэхъан и щхьэгъусэри и щIалихри япэу дэкIахэм яхэтат. Илъэс пщыкIухым ихьа и къуэ кIасэрат унэм къыдинар:
- — Уи чэзу къэсащ, си щIалэ, — жриIащ абы Амдэхъан, гупыр я куэбжэпэ къыщыIухьэм. И щхьэ-фэ Iэ дилъэну хуежьа щхьэкIэ, зэуэ игъэпщкIужри: — Уэ лIы ухъуащ, зэуапIэм къыщыщожьэкIэ… Шэщри нэщIщ, блынми къыпысхыу уэстын фIэлъыжкъым…
- И анэм зыри пидзыжакъым быным я нэхъыщIэм. Бжыхьыр игъэсысщ, бжэгъум я нэхъ иныр къыхилъэфри, зэуапIэм кIуэну ежьахэм яхэуващ.
- Иджыри зы жэщ-зы махуэкIэ зэщIэдэIукIыу жылэр и зауэлIхэм пэплъащ. Ещанэ махуэрщ, пша- пэ зэхэуэгъуэущ, псэууэ къэнахэм къыщагъэзэжар. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм зэрыжылэу япежэжьащ. Кхъаблэм щIэт хъулъхугъэхэми я занщIэ я гъуэгуу кхъэмкIэ яунэтIащ.
- Амдэхъан унэм щIэст, гурыщхъуэ щIыIэм и гур иригъуу: «ЛIыжьми зыри къиIуэхуакъым, нэхъыщIэри гуфIэу си деж къыдэлъэдэжакъым. Си унагъуэбжэр хуэсщIыжагъэнщ, зыхуэзгъэхьэзырынщ нэхъкIэ…». Апхуэдэу и щхьэ хужиІэжащ.
- Куэд мыщIэу Амдэхъан и бжэIупэм нэрыбгищ къыIухьащ.
- — Амдэхъан, — жиIэу къыIухьам я нэхъыжьым и напIэр щыфIехуэхыжым, анэм и дуней псор абы зэуэ щIэкIуэдащ. — Зи пщIантIэ хъулъхугъэ дэмыкIа унагъуэ мы жылэм дэскъым, Амдэхъан, ауэ къэзыгъэзэжар мащIэщ… МащIэ дыдэщ… — зэпоу абы и псалъэр.
- Амдэхъан и закъуэ нэрыбгий дигъэкIат — и щхьэгъусэмрэ и щIалиблымрэ. Ауэ зыри жиIакъым. «Хэт дэмыкIами, и жылэ щхьэкIэщ щIыдэкIар. И хэкум щхьэкIэщ. Къэзылъхуахэм щхьэкIэщ. Къилъхуахэм щхьэкIэщ». Апхуэдэу егупсысат Амдэхъан.
- — Хъыбар гуауэщ къыпхуэтхьар, Амдэхъан, — и псалъэ зэпыуам къехьэлъэкIыпэурэ пещэж нэхъыжьым. — Зауэм хэкIуэдар ятIэ- щIыж хабзэкъым… Е зэуапIэм IэмалыншагъэкIэ щыщIалъхьэ, е и къуажэкхъэм занщIэу ирахьэлIэж…
- — СыщхьэлъащIэми, я хьэдащхьэм сыIувгъэплъэж. А зыр къысхуэфщIэ! — елъэIуащ щыхьэкIуэ-хэм Амдэхъан.
- Хъулъхугъищым я ужь иувэри, Амдэхъан кхъэм кIуащ. Зи IэлъэщI кIапэм щхьэц фIыцIэ Iувыр къыщIэщ, зи ныбжьыр илъэс тIощIищым ит бзылъхугъэ псыгъуэ ишауэ пщIантIэм дэкIам и щхьэцыр уэсым хуэдэу хужьу къетхъухауэ кхъэм нэсащ.
- Я щIакIуэхэр ятеубгъуэжауэ зауэлI хьэдэхэр сатыр кIыхьу кхъэ куэбжэпэм деж къыщылът. Я нэкIухэр къыщIэщыртэкъым, ауэ Амдэхъан а зэрыкIуэм хуэдэу и щхьэгъусэмрэ къилъхуахэмрэ я хьэдэхэм занщIабзэу екIуэлIащ. Я пащхьэ иувэри, зыри жимыIэу зы тэлайкIэ щытащ.
- Хъулъхугъэ защIэт кхъэм итыр, яхэплъэри:
- — ЕмыкIу къысхуэвмыщI, абазэхэхэм, ди мыхабзэу нобэ сызэрызекIуэр, — жиIащ Амдэхъан. — Iизын къызэфти, я нэгу зэ сивгъэплъэж.
- Зыми зыри жиIакъым.
- Амдэхъан лIыжьым бгъэды-хьэщ, щIакIуэр и нэгум къытриIэтыкIри, щыпсэум щыгъуэ зэрепсалъэу щытам хуэдэу фIэкIа умыщIэну, еупщIащ:
- — Иджы хэт къызжиIэн, лIыжь, уи кIуэдыкIэ хъуар?
- И щхьэ хужиIэж щIыкIэу, щэху дыдэу еупщIа щхьэкIэ, псоми зэхахащ.
- Жэуапи къратащ:
- — Биидзэм и курыкупсэм иту зэуащ, Амдэхъан. И нэ зытеплъа IэщIэкIакъым. Дэри абы и ужь диту дызэуащ. Хьэдэгъуэшэр къыщытехуэми, зэуапIэм зыкърыригъэхакъым. Иужьрей бийм и псэр ягъэгъуауэ къыщилъагъум, итIанэщ и напIэ щызэтрилъхьар.
- — Уи къуиблри къызэраукIар плъэгъуаи, лIыжь, абы щыгъуэм…
- ЛIыжьым щIакIуэр триубгъуэжри, абы и сэмэгукIэ къыщылъ и къуэ нэхъыжьым и нэкIур къыщIигъэщащ.
- — Уэ щхьэгъусэрэ сабиищрэ къэбгъэнащ, си щIалэ, — жиIащ Амдэхъан, — сыт яжесIэжмэ, арэзы ухъун?
- И къуэ нэхъыжьым и ныбжьэгъу гуэрым и макъ зауэлIхэм я сатырым къахэIукIащ:
- — И адэ и сэмэгурабгъур иIыгъыу зэуащ, ди анэ, хэт ейм нэхъри и джатэ нэхъ лъэгащ, хэт ейм нэхъри и Iэ нэхъ кIыхьащ. И адэм хьэдэ-гъуэшэр къыщытехуэм, абы и пIэ иувэри, и лъи ищIэжащ. И къуэшихым япэ иту зауэурэ епсыхыжащ.
- — ЩIепсыхыжар жылэм щхьэкIэщ, хэкум щхьэкIэщ. — И макъыр а зытетым тету къыпищащ Амдэхъан, и къуэ нэхъыжьым и нэгу диижам иужьрейуэ Iэ дилъэжурэ.
- Къуэ нэхъыжьым кIэлъыкIуэм и нэгу къыщытрихым, и пщэ къыщIэщар зэрызэпыупщIар къилъэгъуащ. ИкIи къэскIакъым, и макъи къэкIэзызакъым анэм.
- — Уи етIуанэ быным дыпэплъэти… Къуэ къыпхуэхъуну Тхьэм сыпхуелъэIунщ, си щIалэ…
- — Хэт къыхуэмыхъуми, и адэ и цIэ IейкIэ къыжраIэу игъащIэкIэ зэхихынкъым, — къыщыIуащ Амдэхъан и щIыбкIэ. — И шынэхъыжьыр щыукIурийм, хьэдэр и адэ и сэмэгурабгъумкIэ игъэтIылъри, и къуэшхэм япэ иту зэуащ ар.
- Амдэхъан ещанэми, еплIанэми, етхуанэми ящхьэщыхьэурэ яIуплъэжащ. Ажалым и нэгу имыплъам хуэдэт щыри: хьэзаб ямышэчауэ, гузэвэгъуэр, гугъапIэншагъэ-Iэмалыншагъэр ягу къимыплъауэ, емышауэ, пщIыхьэпIэ Iейми имыгъэдзыхэу гухуит-щхьэхуиту жейуэ къыпщыхъухэрт.
- — ШыкIэ убзаджэт, — зыхуигъэзащ зым.
- — Абы хуэдэт, ди анэ, уанэгу пцIащхъуэщ зыхужаIар, — ныбжьыщIэ макъ къызэхихащ Амдэхъан. - Бгъащхъуэм хуэдэу ятехуарзэрэ, бгъэжьым хуэдэу ятекIиеу зэуащ.
- — Уэрэд жыпIэныр зыхэплъхьэ щыIэтэкъыми… — жреIэ адрейм.
- — Уанэгум исыху, абы и макъ жьгъырур абазэхэ лIыхъужьхэм я щхьэщыгу икIакъым, ди анэ…
- — Уэ пхъащIэ Iэзэ ухъуну уи адэр къыпщыгугъырт… — зыхуегъазэ Амдэхъан абы къыбгъурылъым.
- — Зи джатэр Iэзэу зыгъабзэхэм абы ейр къахэлындыкIырт, ди анэ. Нэхъыжьыр укIуриймэ, къыкIэлъыкIуэр абы и пIэ иувэурэ абазэ-хэ зауэлI нэхъ хъыжьэхэм яхэту зэуащ.
- ЩIалэ еханэм щыхуэкIуэм, зауэлIхэм я нэхъыжьыр къыбгъэдыхьэри, и Iэ и дамэ къытрилъхьащ:
- — Амдэхъан….
- Амдэхъан щIакIуэр къытриIэтыкIри, и къуэм и нэгум ипхъуа хъыдан плъыжьыбзэу лъым къриIам Iуплъащ.
- — Амдэхъан, — жиIащ зауэлIым, — зауэм кIуэну щебгъажьэм щыгъуэ уи нэгу къызэрыщIэнам хуэдэу уигуми къренэж. Биибэ иригъэпсыхащ уи щIалэм, езыхэ-ри хуабжьу къыхузэпещащ. ЩапэщIэхуэми, къыщысхьыжа- къым, я губжь траунэщIащ.
- — УщыгуфIэм деж, си щIалэ, дыгъэм хуэдэти уи нэгур. Ущынэщхъейми, мазэгъуэм нэхърэ нэхъ Iейтэкъым. — И макъ аркъудей къэкIэзызакъым, и зы нэпс къудами къекIуауэ зыри тригъэплъакъым Амдэхъан.
- А зэрызиIыгъым хуэдэу и къуэ нэхъыщIэм и деж нэсащ. Щыгъуэ нэгу защIэу, я щхьэ къахуэмыIэту абазэхэ зауэлIхэр Амдэхъан и щIыб къыдэтт…
- — Си лъэпагъ уикIри жылэм и лIыхъужьхэм уадыдэкIати, си щIалэ цIыкIу. ЛIыпIэ уиувэну игъуэ уихуакъым, арщхьэкIэ уи лIыгъи къыппикIухьакъым. Iэщэншэу удэзгъэкIри, узэщIэузэдауэ укъэкIуэжаи… — Зыми зэхимыхыу итIа-нэ къыпигъэувэжащ: — Зы тIэкIурэ иджыри уи щхьэ си куэщI изгъэлъыжыну сыхуитатэмэ, си нэху-нэ…
- И щIыб къыдэтхэм къыжраIа къыщыхъуа, хьэмэрэ, гухуэплъэ-гурышэ жыжьэкIэ анэм къилъэгъуа?! И нэгу къыщIоувэ илъэс пщыкIухым ит и щIалэр темыпыIэжу, «си анэм щхьэкIэ, си адэм щхьэкIэ, си къуэшхэм щхьэкIэ» жиIэурэ, бийм я курыкупсэм иту джатэр ириупщIэу пхъашэу зауэу. Шэми ихьыркъым, сэшхуэри и дамэ щызэпоуд, джатэр и тажыщхьэм къеудзэгу. Гыз макъым зыгуэр къыхэгуоукIащ: «Къэвухъуреихь! Ди лIыхъужьхэм я нэхъ хахуэхэр зэкIуэдылIэм и псэр хэдывгъэх!» Зэрыбиидзэу мо щIалэщIэм къеувэкIам хуэдэт. Куэд дыди дэмыкIыу лIыхъужьыр бжым фIэлъу бийм я щхьэщыгу къыщалъэгъуащ. КъыхэгурымыкIакъым, уз шэчыгъуейм и гур зыIэщIиубыдами, и нэгукIэ къызыхигъэщакъым.
- — Сыкъэплъагъурэ, ди адэ? — псоми зэхахыу и макъ жьгъырур къэIуащ. — Сыту дахэ ди щIыгур! Мыпхуэдэу лъагэу абы зэи сыIуплъатэкъыми…
- КъэгуфIащ бийхэр, я макъ къызэрыгъуэтыжахэмкIэ къызэщIэгуоуахэщ, бжьэ къэпщIауэ зэщIэвууащ, арщхьэкIэ, дзэ сатыру иувыкIыжыну хунэсахэкъым. ЩIалэщIэм зэхигъэлъэдэжати, зэхэкIыжыгъуэ имыхуэу абазэхэ зауэлIхэм къаувыхьащ. Зы цIыху закъуи яIэщIэкIыжакъым.
- Абдеж зы зауэлI къэпсалъэри, анэм къыжриIащ:
- — Уи гуIэр жылэм зыхащIэ, емыкIум зыдумыгъэшу уи гур утIып-щи, уи нэпсыр хуит къэщI.
- — Къэмыхъу гуэр къысщыщIакъым, къызыщыщIахэм ящыщ зы сыхъуауэ аркъудейщ, — жиIащ Амдэхъан зауэлIхэм къахэплъэри…
- Амдэхъан хьэдэхэм къащыбгъэдэкIыжам, къуршытх кIыхьхэм я щIыбкIэ дыгъэр щетIысэхыжырт… Езыри, абазэхэ зауэлIхэм щыму нэкIэ ягъэкIуатэу, дыгъэр здетIысэхыж лъэныкъуэмкIэ ежьэжащ…
- Жэщыр хэкIуэтауэ къуажэм и зы хьэщIэщ гуэрым уэрэд макъ къыщIэIукIащ:
- Абазэхэхэм я анэри дыгъэм
- ныдокIуатэкъэ,
- ИгъэкIуэтэжахэр
- напIэ зэтемыхыурэ кIэлъоплъ,
- Къытхэмыплъэж лIыхъужьхэм
- мы уэрэдыр яхуэвгъэIуркъэ,
- Хэт и цIэ къивмыIуэми,
- абазэхэ анэм ар къилъхуащ…
- Амдэхъан а уэрэдыр зэхихыжакъым…
- Къэбэрдей адыгэбзэм къизыгъэзэгъар
- Табыщ Муратщ.