ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Иорданием щыпсэу адыгэхэм я мэкъумэш щIэкIэр (1878 — 1978 гъгъ.)

2019-11-12

  • Пщыгубжь Мухьэмэд-Хъер Хьисэ и къуэр
  • Нобэ фэдгъэцIыхуну тхьэмадэр 1944 гъэм Иорданием щыщ Уадисир къалэм къыщалъхуащ. ЦIыхубэ коммуникацэмкIэ магистрщ; философиемрэ психологиемрэ, инджылызыбзэмрэ инджылыз литературэм-кIэ бакалаврщ.

  • Мухьэмэд-Хъер лэжьащ инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэу (1962 — 1978); Иорданием инджылызыбзэкIэ щат хъыбарыщIэ IэнатIэм и нэхъыщхьэу (1978 — 1989); Иорданием ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм щыщ къудамэм и унафэщIу, а IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэу (1990 — 1992), къэрал тхылъ хъумапIэм и архивым и тхьэмадэу (1992 — 1999).
  • Пщыгубжьыр Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу, «Зэкъуэшыныгъэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу щытащ, Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Дызэрыт зэманым Мухьэмэд-Хъер Уадисир къалэ Хасэм щIыхь иIэу хэтщ. 1986 гъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблагъэри, адэжь щIыналъэр зригъэлъэгъуащ. Пщыгубжьым и Iэдакъэ къыщIэкIащ фи пащхьэ къитлъхьэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэр. Хьэрыпыбзэм къизыхар Къул Исамщ.
  •  
  •  XIX лIэщIыгъуэм и ещанэ Iыхьэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и къарум хэщIу щIидзат. 1877 гъэм Плевнэ деж щекIуэкIа зауэм къыхинэжа щыIэтэкъым Урысейм пэщIэта тырку армэм. Аращ и щхьэусыгъуэр иужьрейм Балканым ис адыгэхэр къришыжын щIыщIидзам. Тыркум къигъэса нэужь, ахэр хуэм-хуэмурэ щIыналъэм щызэбгригъэкIырт: нэхъыбэр Анадолэм щигъэтIысащ, къэнар Сирием игъэIэпхъуащ, абыи зы Iыхьэ къришыжри, Иорданием иригъэтIысхьащ.
  • Иорданием къэса япэ гупыр «Гавалэ» тырку кхъухь тедзапIэм къыщежьа цIыху 3000-м ящыщт. Ар къыщыхъуар 1878 гъэм и гъатхэпэ мазэрщ. Ахэр зэрыса кхъухьым здиунэтIыр Сирием и Латакие кхъухь тедзапIэрт. Ауэ махуэ етхуанэ хъуауэ гъуэгу тету, ахэр Кипр и гъунапкъэм хуэзэ Фамагустэ портым нэблэгъауэ, кхъухьым мафIэ къыщIэнэри, исахэм ящыщу адыгэ 500 хокIуадэ. Хэт мафIэсым хесхьэ, хэт Iугъуэм, хэти псым етхьэлэ. МафIэсым къелахэр япэщIыкIэ Палестинэм хыхьэ Аккэ къалэм ирашалIэ. Абы къыдашыжри, Наблус дагъэтIысхьэ. Абы мазэ заулкIэ дэса иужькIэ, Амман къагъэIэпхъуэ.
  • Нэхъыбэм Палестинэм ягъэзэж, я щIыпIэщIэр ягу иримыхьу. ЩIыуэпсым зэремызэгъым къигъэхъея уз бзаджэхэрат абы и щхьэусыгъуэр. 1879 гъэм гъатхэпэм и кIэм Палестинэм щыIа шотланд щIэныгъэлI Олифант Лоуренс «The land of Gilead» тхылъым щытопсэлъыхь: «ДыкъэкIуэным мазищ иIэжу, 1878 гъэм адыгэ 500 Амман къэсат. Ауэ нэхъыбэм, я хэкущIэр ягу иримыхьу, ягъэзэжахэщ, цIыхуи 150-рэ фIэкIа къэмынэу. Амман щытIысахэм уни псэуалъи яIэтэкъым, урымхэм къащIэна ухуэныгъэ зэхэкъутахэм хэсхэт, хадэхэкI, щхъуантIагъэ гуэрхэр хасауэ, мэл, жэм тIэкIуи зэрахуэу».
  • КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэми адыгэхэр гуп-гупу къэIэпхъуэхэурэ Джэрэш (1891), Нэхьур (1901), Сыуелыхь (1905), Русейфэ (1909) дотIысхьэ. А щIыпIэхэр Амман пэгъунэгъущ, километр 50-кIэ пэIэщIэ Джэрэш нэмыщI. Абдежым адыгэхэм я къэIэпхъуэн Iуэхур къызэтоувыIэ. И кIэ дыдэм хиубыдахэр ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и ужькIэ къэкIуа мащIэрщ.
  • Нобэр къыздэсым адыгэу Иорданием къэIэпхъуахэм я бжыгъэр нэсу къахутакъым. Доктор Абу Джабир Рауф мыр жеIэ: «ХэкущIэ ухуэным и лъэныкъуэкIэ бжыгъэ нэс зэрыдимыIэм, Iуэхур зэрызэтеувамрэ абы епха хъыбархэмрэ зэрыдмыщIэм къыхэкIыу, Япэ дунейпсо зауэм ипэкIэ екIуэкIахэм теухуа дэфтэр зэдгъэпэщыныр гугъу мэхъу».
  • «Ауэ адыгэрэ шэшэну Иорданием къэIэпхъуахэм я бжыгъэ зэхэлъ итщ Лукрэ Китрохрэ я тхылъу «Палестинэмрэ КъуэкIыпIэ Иорданиемрэ» жыхуиIэм. (Luke and Keith-Roakh, «The hand book of Palestine and Trans Jordan»).
  • Псори зэхэту адыгэхэр 5850-рэ; шэшэнхэр 850-рэ мэхъу. ЩIыуэ яIыгъыр зэхэту дуным 48.000-м нос. Дунымыр — метр зэбгъузэнатIэ 1000 ирокъу.
  • Мы бжыгъэхэр къыздрихар тхакIуэм итхыркъым, япэрауэ. ЕтIуанэу, Русейфэм епха бжыгъэхэр шэшэнхэм яхуихь щхьэкIэ, ахэр пэжкъым, а къуажэм шэшэнхэр зэи щытIысакъым.
  • Нэмыцэ бзылъхугъэ Фреер А. Гудрих етх: «Амман дэс адыгэхэм я бжыгъэр 10000-м нос». Ар мы щIыпIэм 1903 гъэм къэхутакIуэ къэкIуауэ щытащ. Ауэ франджы тхакIуэхэу Гасанрэ Саминакрэ зэрыжаIэмкIэ: «Адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхъур 1800-щ». «Иордание» зи фIэщыгъэ абыхэм я тхылъыр къыщыдэкIар 1912 гъэрщ.
  • Адыгэхэм блэкIа лIэщIыгъуэм Иорданием зэриса зэманым и япэ Iыхьэ плIанэр тыншу щытакъым. ТхьэмыщкIагъэмрэ лIэныгъэмрэ ищIыIужкIэ бэлыхь куэд ягъэващ, хэку къызэрыхьам и щIыуэпсымрэ псэукIэщIэ зыхэхуамрэ есэхукIэ. Гъуэгу зекIуапIэхэри гугъут, уз бзаджэхэри щыкуэдт, щIыналъэщIэм ис хьэрып губгъуэрысхэри къезауэрт. Иужьрейм и щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунухэр:
  1. ЛъэпкъкIэ, фащэ-щыгъынкIэ бедуинхэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэхуэмыдэр, я бзэхэр зэрызэтемыхуэр;
  2. Адыгэхэм къаIэрыхьа щIыхэр ахэр къэкIуэн ипэкIэ а губгъуэрысхэм Iэщ гъэхъупIэу зэраIар;
  3. Псынэхэр зэпэубыдауэ зэрыщытар, хьэрыпхэм я Iэщым ирырагъэфын псыр къаймэщIэкI зэрыхъуар;
  • Доктор Гъэуанмэ Юсуф абы теу-хуауэ жеIэ: «Хьэрып губгъуэрысхэу Балъкъари лъэныкъуэмкIэ исхэр адыгэхэм къажьэхэуэу, лей кърахыу, къезауэу щыхуежьэм, адыгэ псоми Iэщэ къыздрахьэкIыу щIадзат, я щхьэ ирырахъумэжыну. Зэрэ-тIэурэ фIыуэ зэхэуахэщ. Адыгэхэм я лIыгъэрэ я къарукIэ хьэрып губгъуэрысхэр ирагъэкIуэтри, иужькIэ щIыхь къыхуащIу къаублащ.
  • ЛъэныкъуитIым щыщ куэдым я псэхэр зыхалъхьа, 1904 гъэм къэхъуа зауэм пщIондэ, адыгэхэм я псэукIэ-щыIэкIэр зэфIыхьакъым, езыхэмрэ бедуинхэмрэ я зэбииныгъэр щызэтеувыIар абы и ужькIэщ».
  • А гъэм Амман пэгъунэгъуу Балъкауие зауэр — адыгэхэр Балканым иса хьэрыпхэм щытекIуар — екIуэкIащ. КъапэщIэува бедуинхэр «бэни сэхьр» жыхуаIэ нэгъуэщI зы хьэрып лъэпкъым ебийхэти, адыгэхэм иужьрей- хэр дамэгъу къащIри, псэупIэ къезымыт гупыр ирагъэкIуэтауэ щытащ.
  • Уейтмэн Джон а Iуэхугъуэм щытопсэлъыхь «Адыгэхэр» («The Сircassian») жыхуиIэ и тхылъым: «1904 гъэм Балъкауие зауэр адыгэхэм я Iуэху къызэрикIынкIэ зэтеувыIащ, адыгэхэм губгъуэрыс хьэрыпхэу хьэдидхэмрэ абыхэм къагухьа хьэрыпхэмрэ къагъэIурыщIэри, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу къагъэщхьэпэфащ».
  • Мыбдежым нахуэ дыдэу къыщолъагъуэ адыгэхэм стратегие и лъэныкъуэкIэ Iэзагъ къызэрызыкъуахар: гуп-гупу гуэша хьэрыпхэм я зэхуаку дэлъ зэбииныгъэр къагъэсэбэпри, езыхэм яхэлъ зэхэтыкIэ дахэмкIэ ягухэр къахьэхужащ. Абы иужькIэ зауэ-банэ къэхъеижакъым, закъуэтIакъуэххэрэ фIэкIа. НобэкIэ зэбииныгъэ къызыхэкIын щхьэусыгъуэ зэрыщымыIэжым къыхэкIкIэ, лъэпкъитIыр зэсахэщ, щIыхь зэхуащIу, зэгурыIуэ я зэхуакум дэлъщ.
  • Инджылыз кхъухьлъатэм бгъэдэтхэщ адыгэ зауэлIыр, хьэрып губгъуэрысыр, Британием щыщ офицерхэр.Амман,1922 гъэ

     

  • Адыгэ мэкъумэш щIэкIэм Иорданием зэрызыщиужьар
  • Япэ лъэхъэнэ
  • XIX лIэщIыгъуэм и кIэм Иорданием изэгъэн Iуэхур адыгэхэм я деж щызэтеувауэ жыпIэ хъунущ. А зэманым Сирие щIыналъэ псом я мэкъумэш щIэныр, щIым елэжьын Iуэхур, «хэкIуэдэжащ» хужыпIэн хуэдизу дэхуэхат. Абы и щхьэусыгъуэр тхакIуэхэу Сулеймэн Мусэрэ Муниб Маддийрэ къагъэлъагъуэ:
  1. А зэманым хэгъэгухэм ней-нэфIыгъэмрэ феодализмэмрэ щытепщэрт;
  2. Тепщэхэр щIэх-щIэхыурэ яхъуэжырт, хэкур зэрахьэным я акъылыр траухуэным хунэмысу;
  3. Мамырыгъэ щымыIэу, губгъуэрысхэр дэнэ лъэныкъуэкIи къащытеуэрт;
  4. Ахъшэмрэ лэжьакIуэхэмрэ мащIэт;
  5. МэкъумэшыщIэхэм кърат ула- хуэм куэд хагъэкIырт, Iуэхум упэрыхьэнми уасэшхуэ телът;
  6. Хэгъэгухэм зэрыхь-зэриишхуэхэр къыщыхъейрт, гъуэгухэр зэпэубыдат;
  • Мэкъумэш щIэным зэрызиужьа щIыкIэр Iыхьищу дгуэшынщ. Сэ сызэреплъымкIэ, ар адыгэхэр хэкум къихьэу щытIысам деж къыщеублэри, лIэщIыгъуэ блэкIам и блыщI илъэсхэм нос.
  • Мы хэкур зэзыгъэцIыхуауэ щыта Робинсон Лис зэрыжиIэмкIэ (Lees Robinson, «Life beyond Jordan»): «Адыгэхэм Iэщэфащэу, IэмпIэу, Iэмэпсымэу яIахэр мащIэ-фащIэт. Iэщэу зэрахьэр къамэрэ сэшхуэрэт. Хуэмурэ я псэукIэщIэр зэрызэфIагъэхьэным, зэраухуэным егупсысу щIадзащ. Зэрылажьэр езыхэм ящIыжа пхъэIэщэт, я мэкъумылэр къызэрахыжын, зэраIуэжын Iэмэпсымэу зэрахьэ псори къызыхэщIыкIар пхъэт, ахэр ящIын папщIэ къагъэщхьэпари езыхэм къыздахьа тIэкIурат».
  • Адыгэхэр яфIэщу гуэдз-хьэ ягъэкIыным иужь итахэщ. Амман псыхъуэм и IуфитIым пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIрэ щагъэкIыу, Iэщ-былым, шы, джэдкъаз щагъэхъуу щIадзащ. Доктор Абу Джабир абы теухуауэ етхыж: «Мы къытхыхьагъащIэхэм мэкъумэш щIэнымкIэ я лэжьыгъэфIхэмрэ я щIэныгъэфIхэмкIэ я цIэ Iуащ. Болгархэм щахэсами, я адэжь хэку Кавказым щисами, мэкъумэшым фIыуэ щелэжьу зэрыщытам къыхэкIыу, адыгэхэмрэ шэшэнхэмрэ мэкъумэшми, Iэщ гъэхъунми губзыгъэу бгъэдэтщ. Абдежи къыщымынэу, нэгъуэщI IэщIагъэхэри яIэщи, а псори къагъэсэбэпурэ мэлажьэ, афIэкIа хэкIыпIэрэ псэупIэрэ яIэкъым. Сату Iуэхум адыгэхэм я деж зыщиужьакъым». Аргуэру къыпещэ: «Адыгэхэм ягурэ я щхьэрэ нэхъ зэтауэ зэлэжьыр щIырщ. Ахэр лэжьакIуэ нэсщ. Я хэхъуэмрэ я Iэмэпсымэмрэ зэрымащIэм къыхэкIыу, тыркухэр къадоIэпыкъу».
  • Бзылъхугъэ къэхутакIуэ Годриш Фреер (Freer A. Goodriech, «In a Syrian saddle») жиIэгъат: «Зы лIэщIыгъуэ плIанэм и кIуэцIкIэ адыгэхэм щIыналъэу щыпсэуахэм я щытыкIэмрэ щIы щхьэфэмрэ яхъуэжащ. Псэуным егъэлеяуэ иужь итхэркъым, мэкъумэш щIэнымкIэ щIэныгъэ-Iэзагъэ ябгъэдэлъщ». Аргуэру къыпещэ: «ГурыфIыгъуэ къыует, гугъуехьри пщегъэгъупщэ абыхэм жыг хадэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ псы жапIэ Iуфэхэм екIуэкIыу зэрыхасэм, хасэр къызэрырахьэлIэжым. Аммани, Джэрэши, щыпсэу нэгъуэщI къуажэхэми аращ щыплъагъур».
  • Бедуинхэмрэ адыгэхэмрэ щызэригъапщэкIэ, Фреер къыщIегъу: «Адыгэхэр бедуинхэм ещхькъым. Япэрейхэм лэжьыгъэр нэхъыфIу ялъагъу, я унэ-псэуалъэхэр фIыуэ зэрахьэ, къуажэу зэхэтхэщ. IуэхугъуэщIэ къыщыхалъхьэкIэ, гукъэкIыфIрэ тегушхуэныгъэрэ къызыкъуах, хабзэ щхьэхуэхэр унейуэ яхэлъщ, зэрахьэ мэкъумэш Iэмэпсымэхэри нэхъыфIщ… Лэжьэным нэхъ хуэIэзэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, я псэуалъэхэр блынкIэ къащIыхь, гъуэгухэр пхаш, я хадэхэкIхэм псыр нагъэсын папщIэ, псы жапIэхэр гъэщIэгъуэну къагупсыс, жыгхэр ягъэкI».
  • А ипэрей лъэхъэнэм адыгэхэм кърата щIыхэр къызэралъытэр къэралыгъуэм ейуэт. «Уэсмэн къэралыгъуэм и хабзэм ипкъ иткIэ, — етх Уейтмэн абы теухуауэ, — япэу къэIэпхъуа адыгэхэм кърата шIыгур езы къэралым ейт, абы ипэкIэ цIыху темылэжьыхьауэ, зыри щыхамысауэ. Абы налог тралъхьэртэкъым».
  • Гулъытэншэу а Iуэхугъуэр къигъэнакъым доктор Абу Джабири: «Япэу къэIэпхъуахэм щIыр щытраугуашэм, лъэпощхьэпо къыхэхуакъым. Унагъуэ къэс зыхуеину щIыр къылъысащ».
  • Ауэ илъэс тIощI блэкIыу адыгэхэм я бжыгъэм щыхэхъуэм, ящIхэр яримыкъуж хъуати, 1890 гъэм ар зэрагуэшыну щIыкIэм теухуауэ унэтIыныгъищ къыхалъхьат:
  1. Iыхьэ нэхъ цIыкIу дыдэр дуным 60-м нос;
  2. Ику ит Iыхьэр — дуным 90.
  3. Iыхьэ нэхъ ин дыдэр дуным и 120-м фIэкIыркъым;
  • А щIыкIэм тету щIыр ягуэшащ, дэтхэнэ зыми щIы къыIэрыхьам и дэфтэр ирату.
  • Ауэ нобэр къыздэсым насыпыншагъэшхуэу къокIуэкI Амманрэ нэгъуэщI щIыпIэхэу адыгэхэр зыдэтIысхьахэм-рэ щхьэж къыщылъыса щIыр наIуэу къэзыгъэлъагъуэ дэфтэр зэрамыгъуэтыжыр. Уеблэмэ, зэлэжьу щыта щIым и инагъыр зыми ищIэжыркъым. Шэч зыхэмылъыр зыщ — ар дуным 800-м фIэкIыртэкъым, сыту жыпIэмэ, лэжьакIуэхэр мащIэт а зэманым. А бжыгъэм щыхэхъуар 1900 гъэрщ. А илъэсым я щIы Iыхьэхэр яхуримыкъуж хъуати, щIыщIэ къащэхуауэ щытащ. Апхуэдэурэ XX лIэщIыгъуэм и япэрей илъэсипщIым Уадисир дэс адыгэхэм я щIыр дуным миным нэсауэ щытащ, Нэхьур дэсхэм ейр зэрыхъур дуным 340-рэт.
  • Адыгэхэр щIым зэрелэжьу щыта Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ
  • Адыгэхэр щытIыса щIыпIэ псоми псынэхэр щыкуэдт. Доктор Абу Джабир етхыж: «Уэсмэн къэралым и унафэщIхэмрэ адыгэ тхьэмадэхэмрэ Iущыгъэ-Iэзагъэшхуэ хэлъу псынэхэр щыкуэд щIыпIэхэр къыхахат. А псынэхэм я фIагъ къекIащ адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэми, мэкъумэш щIэнми. Абы адыгэхэм быдагъэрэ тегушхуэныгъэрэ къаритырт, Iэщхэр, хывхэри яхэту, зэрахуэфырт, абы и фIыгъэкIэ гъэшымрэ лымрэ яхуэбагъуэрт».
  • НэгъуэщI тхылъым щетх а тхакIуэ дыдэм: «Мы щIыпIэхэм мэкъумэшыр зэрыщащIэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ халъхьауэ аракъым адыгэхэм, атIэ щIэныгъэщIэрэ технологиещIэрэ ирахьэлIауэ аращ. Абы бэшэчыгъэр хэплъхьэжмэ, ахэращ къызыхэкIар мэкъумэш лэжьыгъэр зэрефIэкIуар, нэхъыбэ къыпэкIуэу зэрыхъуар».
  • Шэч хэмылъу, мыбдежым доктор Абу Джабир зи гугъу ищIыр адыгэхэм зэрахуэ выгумрэ чэтэнымрэщ. Абы теухуауэ Грай Хилл, 1880 — 1890 гъэхэм мы щIыпIэхэм къакIуэу зыщиплъыхьа нэужь, илъэгъуахэр итхыжащ: «Ам-ман адыгэхэр къыщытцIыхуащ. Хьэрыпу дэсыр ней-нейуэ еплъхэрт шэрхъ быдэ зыщIэт абыхэм я выгу зэщIэ-щIахэм. Ахэр ягъэщIагъуэрт, яфIэтелъыджэт. ИпэкIэ апхуэдэ я щIыпIэм зэрыщамылъэгъуар IупщIт». Робинсон Лиси 1890 гъэм Амман къакIуэу выгу зэщIэщIахэр илъэгъуа нэужь, жиIащ: «Мы хэкум лъэхъэнэщIэ къыщиублащ».
  • ЕтIуанэу Абу Джабир гу зылъитар адыгэ вабдзэр арауэ къыщIэкIынщ. ИпэкIэ зэрахьэу щыта вабдзэм еплъытмэ, ар фIыуэ нэхъ зэгъэпэщат, уривэнкIи нэхъ нэст. Ар къыщыхощ капитан Кондор 1872 гъэм, адыгэхэр мы щIыпIэм къэкIуэн ипэ итха «Tent work in Palestine» тхылъым. «Ипэрей вабдзэхэр щIы щхьэфэм нэс къудейт, щIыгулъым и фIыпIэм лъэмыIэсу», — щыжеIэ и тхыгъэм Кондор. Абы къегъэлъагъуэ адыгэхэр а щIыпIэм итIысхьэн ипэ мы щIыналъэм гъущI ваб-дзэр щацIыхуу зэрыщымытар.
  • Сулеймэн Мусэ, «Иорданиемрэ Палестинэмрэ зыплъыхьакIуэ сызэрыщыIар» тхылъым ипэкIэ къэIэпхъуа адыгэхэмрэ хэкум иса хьэрыпхэмрэ зэрилъытурэ, щыжеIэ: «ХъупIэ къудейуэ къекIуэкIа мы щIыпIэхэм адыгэхэм мэкъумэш щIэным зыщрагъэужьащ. Абыхэм гъавэмрэ хадэхэкIхэмрэ зэрыхасэри хэкурысхэм ейм къыщхьэщыкIырт, я Iуэху зехьэкIэм нэхъ зиубгъуауэ, зиужьауэ зэрыщы-тыр нэрылъагъут».
  • Дауэ хъуами, адыгэхэмрэ хьэрыпхэмрэ мэкъумэш щIэным теухуауэ щIэныгъэкIэ зэдэгуэшэну Iэмал щыIэтэкъым а зэманым, иджыри зэпыщIэныгъэ щIагъуэ яIэу зэрыщымы- там къыхэкIыу. Ауэ хуэм-хуэмурэ зэбииныгъэми кIэ игъуэтащ:
  1. Мамырыгъэм нэхъ зиубгъун щIидзащ.
  2. Адыгэхэм хьэрыпыбзэ зэрызрагъэщIам къыхэкIыу, щIызэгурымыIуэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — бзэ мыщIэныр — кIуэдащ.
  3. Зэхуэдэу муслъымэн диныр зэрызэрахьэр фIыкIэ къахэIэбащ.
  4. ЛъэныкъуитIымкIи щIэныгъэ, щэнхабзэ зызыужьа зэрыщызэрахьэм и фIагъ къекIащ.
  5. Хьэрып къуажэдэсхэм Амман дэс адыгэхэм къахэтIысхьэн щIадзащ, нэхъ зэкIэлъыкIуэху, нэхъыфIу зэрыцIыхуахэщ.
  • ХэкущIэм Iэпхъуа нэужь, адыгэхэм гъавэрэ хадэхэкIыу зэлэжьхэм куэдкIэ зихъуэжакъым. А Iуэхум лъабжьэ хуэхъуфын тхыгъэ хэха щыIэкъым, ауэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Олифант Лоуренс и тхылъым абы мащIэу щытопсэлъыхь.
  • Уэсмэн къэралыгъуэм 1890 гъэм адыгэхэм щIыр яхуигуэшыжа, езыхэми нэгъуэщI щIы Iыхьэхэр къащэхужурэ хагъэхъуа нэужь, мэкъумэш щIэным нэхъри зиубгъуауэ щытащ, абы щыгъуэм къэкIыгъэ зэмылIэу-жьыгъуэхэми елэжьын щIадзащ.
  • ЕтIуанэ лъэхъэнэ
  • Мы лъэхъэнэр, 1903 гъэм, мафIэгу гъуэгур Амман къыщысам, щеублэри, лIэщIыгъуэм и илъэс тхущIхэм нос. А зэманым Иордание къэралым и тетыгъуэр лъэ быдэкIэ мэув, абы къыхэкIкIэ мамырыгъэм нэхъ зыщеубгъу. Балкъауие зауэм и ужькIэ хьэрыпхэми адыгэхэми я лэжьыгъэр зэрырагъэфIэкIуэным, къалэнхэр зэрагъэзэщIэным хущIокъу.
  • Хэгъэгум цIыхуу исхэр зэлъэIэсыху, мэкъумэш щIэнми зеужь. Ауэрэ лэжьыгъэм ирахьэлIэ технологиехэми нэхъ хогъуазэ. Адыгэхэм яхэтт пхъащIэ, гъукIэ, фащIэ Iэзэхэр, дыщэкIхэу дыщэ-дыжьыным ирилажьэхэр, выгурэ чэтэнкIэ IэкIуэлъакIуэхэр. Псом хуэмыдэу гу шэрхъхэр зыщIхэр а псоми къахэщырт.
  • Уадисир щыщ Ахьмэд Хьэжы-Алий, илъэс 89-рэ зи ныбжь бжьэдыгъу дадэм, зэрыжиIэмкIэ, адыгэ гу шэрхъыр пасэ зэманым ин дыдэу щытащ, нэхъыбэу къызыхащIыкIри жыгейрт. Ар гудзэ зимыIэ шэрхът, зэрыщыту пхъэкIэ сеярэ, гу лъэмыж зыфIэгъэбыдыхьам къыфIэмыжын щхьэкIэ пхрыугъуэныкIауэ. Гу лъэмыжымрэ шэрхъитIымрэ къызэдекIуэкIырт. Апхуэдэ щIыкIэм гум и псынщIагъыр къызэтригъэувыIэрт, хьэлъэ ищIырт, витI щIэщIари псынщIэу иригъэшырт, гугъу зэрыригъэхьым ищIыIужкIэ. Езы шэрхъри къутэгъуафIэт, пхъэхэр зэрызэрышхым къыхэкIкIэ, гъуэгу мывалъэ быркъуэшыркъуэхэм ирикIуэху щIэх дыдэу зэхэлъэлъэжырт. Сытми, пхъэ шэрхъым хэIэзэщIыхьын хуейт. Арати, хуэму-хуэмурэ ар нэхъ цIыкIу ящIащ, и кум илъ пхъэ псори ираупщIыкIащ. Абы и пIэкIэ гудзэ бжыгъэ халъхьащ. А псом и фIыгъэкIэ шэрхъыр нэхъ псынщIэ хъури, езыми нэхъыбэрэ зекIуэн щIидзащ, мывалъэ гъуэгухэри къемыгуэуащэу. Псом нэхърэ нэхъыфIу шэрхъым ирахьэлIар и къэухьым хуэфIу гъущI зэрытралъхьарт. 1918 гъэм Уадисир япэу апхуэ- дэ выгур зыщIар Музхьыб Хьэжы-Алийщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэхэм мэкъумэш щIэнкIэ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэ псори езыхэм я IэщIагъэкIэ зэрызэфIалъхьэу щытар. ГъущIIунэм къыкIэрымыхуу, пхъэ Iунэхэр къагъэщхьэпэрт.
  • Адыгэу хэгъэгум исхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуам елъытауэ, 1910 гъэм щIы Iыхьэхэр щIэрыщIэу ягуэшащ. Ар Палестинэм щыпсэу адыгэхэм я лIыщхьэ Къумыкъу Мырзэ-пэщэм и пщIэрэ и унафэкIэ зэфIэха хъуа Iуэхущ. Абы иужькIэ Амман дэс адыгэхэмрэ къалэм пэгъунэгъу къуажэм щыпсэухэмрэ я щIы кIапэхэр зэпыуващ.
  • Иорданием и щIыуэпсыр вэн-сэным зэрезэгъыр
  • Адыгэхэм я мэкъумэш щIэным ущытепсэлъыхьым деж, Иорданием и хьэуам и щытыкIэр гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым. Мы щIына-лъэм щIыуэпсыр хы Хужьым (Средиземнэ) къриху жьым куэдкIэ елъытащ. КъухьэпIэмкIэ е ипщэ къухьэпIэмкIэ жьыр къыщыкъуоури, абы и бахъэ хуабаем къуэкIыпIэмкIэ щыIэ губгъуэ пшахъуэщIхэр къегъэщIыIэтыIэ. Доктор Абу Джабир зэритхымкIэ, щIыIагъ-хуабагъ елъытакIэ гъэр мыпхуэдэ щIыкIэу егуэш:
  1. ЩIымахуэр: епщыкIузанэ мазэм щеублэри, ещанэ мазэм икухэм нос.
  2. Гъатхэр кIэщIщ, ещанэ мазэм икухэм щеублэри, етхуанэ мазэм икухэм нос.
  3. Гъэмахуэр гъущэщ, хуабэщ, градус 40-м нос. Абы ебгъуанэ мазэм и кIэм нэс зеукъуэдий.
  4. Бжьыхьэр кIэщI дыдэщ, епщIанэрей мазэм щеублэри, епщыкIузанэ мазэм икухэм нос.
  • Уэшх къешхыныр епщыкIузанэ мазэм къеублэри, еплIанэ мазэм щеух. Уэшх-уэсыр щынэхъыби щынэхъ мащIи къохъу, XX лIэщIыгъуэм и иужьрей Iыхьэм уэшхыншэу гъей бжыгъэ екIуэкIащ. Уэсым и гугъу пщIымэ, ар щыкуэди щымащIи къохъу.
  • Адыгэ мэкъумэшыщIэхэр я лэжьыгъэм щыпэрытым деж, уэшх-уэсым тещIыхьауэ лажьэхэрт, мэкъумэшым псы щIагъэхьэу щытахэкъым, ящIхэри щIыфIтэкъым, Русейфэм пэгъунэгъу псы IуфитIым Iулъхэм фIэкIа. ХадэхэкI гъэкIыным и гугъу пщIымэ, илъэсым лэжьыгъитI ягъэзащIэрт: гъэмахуэм и еплIанэ — етхуанэ мазэхэм хуэзэу хъарбыз, фонащэ, нартыху, нащэ къуанши, захуи ягъэкIырт. ЕтIуанэр — щIымахуэ лэжьыгъэт: гуэдз, хьэ, джэш, накъут (джэш хъурей) ящIэрт. Мэкъумэш лэжьыгъэхэри Iыхьэ-Iыхьэу гуэшат.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  •  

    Уадисир щыщ бжьэдыгъу лIыжьхэр.1882 гъэ

    Амман щыщ шапсыгъ мэкъумэшыщIэ.1894 гъэ

    Сыуэлыхь.1905 гъэ

    НыбжьыщIэхэм гъавэр къашэж.1902 гъэ

    Трансиорданием и эмирым къулыкъу хуэзыщIэ къэбэрдей шууейхэр.1924 гъэ

  • Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.