ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хабзэ дахэхэр зыдэлъ Хьэтуей жылэжь

2019-11-12

  • Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей жылэм иджыблагъэ щекIуэкIащ нэхъыжьыфIхэр щагъэлъапIэ зэIущIэ дахэ. Ар къызэрагъэпэщащ къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор и жэрдэмкIэ. Зэхыхьэ гуапэм кърихьэлIат гъащIэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ, нобэрей щIэблэм щапхъэ яхуэхъу, чэнджэщэгъуу яIэ нэхъыжь Iумахуэхэу 100-м нэблагъэ.

  • Пшыхьыр къызэIуахащ уэрэджыIакIуэ Жылэ Ан-зор игъэзащIэ «Хьэтуей» уэрэдымкIэ. АдэкIэ утыкум кърагъэблэгъащ Лэскэн район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ АфIэунэ Мухьэдин.
  • — Жэпуэгъуэм и 1-м ди къэралым щагъэлъапIэ Жьы хъуахэм я дунейпсо махуэр, — жиIащ АфIэунэм. — Ауэ, хабзэ дахэ хъуауэ, а махуэр мазэм хуагъэкIуауэ нэхъыжьхэм яхуэгъэза IуэхуфI куэд ирагъэкIуэкI. Апхуэдэ зы зэхыхьэщ нобэ фи къуажэм дыкъэзышари. Абы теухуауэ Лэскэн щIыналъэм и адрей жылэхэми Iуэхугъуэ щхьэхуэ-хэр щрагъэкIуэкIащ. Пэжыр жысIэнщи, си гур хигъахъуэу мыбы ещхь зэIущIэ дахэ зэи срихьэлIакъым. Мыпхуэдиз нэхъыжьыфI зэуэ зэхуэпшэсу бгъэлъэпIэным, абыхэм я пщIэмрэ я щIыхьымрэ щIэблэм деж къыщыпIэтыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Хьэтуей Iуэху гуэр щекIуэкIыу район администрацэм и лIыкIуэ къэкIуэн хуей щыхъукIэ: «Хьэтуейр фIыуэ зылъагъур Мухьэдинщи, ар ирекIуэ», — жаIэ. ПцIы хэлъкъым, фи къуажэр фIыуэ солъагъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ цIыхугъэ, адыгагъэ зыхэлъ цIыху дахэхэр дэсщи. Сыт и уасэ нобэрей зыхыхьэр?! Фэ нэхъыжьыфIхэр фызыдэс къуажэр, шэч хэмылъу, жылэ махуэщ. НэхъыщIэхэм я гугъэщ езыхэр зэи жьы мыхъуну, нэхъыжьхэр зэгуэр щIалэу щымытауи къащохъу. Нобэрей нэхъыжьхэми зыхэпсэукIа зэманым декIуу щIалэгъуэ дахэ яIащ, абы теухуауи ягу къагъэкIыжыни я мащIэкъым. Зы цIыху гъащIэ гъуэгуанэ дыкърикIуащ, Iуэху щхьэпэ куэд зэфIэтхауэ ди щIыбагъ къыдэлъщ, жыпIэнурамэ, дызэплъэкIыжмэ, дызэрыгушхуэн диIэщ. ЗэрыжаIэу, дунейр гъуэрыгъуэ шэнтщ, Тхьэм къыпхузэпищэмэ, дэтхэнэри жьыгъэм нэсынущ. Ди нэхъыжьыфIхэ, иджыри илъэс IэджэкIэ нэхъыщIэхэр вгъэгуфIэу, абыхэм чэнджэщ щхьэпэкIэ сэбэп фахуэхъуфу, фи теплъэкIэ, фи щытыкIэкIэ щапхъэу фыщыту Тхьэм фигъэпсэу! Фи къуажэ унафэщIым теухуауи псалъэ жысIэну сыхуейт: ДзыхьмыщI Анзор и IуэхущIафэ дахэхэм куэдрэ дытопсэлъыхь. Апхуэдэу абы и гугъу тщIыуэ, зыгуэр къэпсалъэри жиIат: «Апхуэдизрэ фыщымытхъу, зихъуэжмэ-щэ?» ГъащIэм къызэригъэлъагъуэщи, нэхъыфI хъууэрэ екIуэкIыу аращ. ЗэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ къуажэм, зеужь, йофIакIуэ. Псом япэрауэ, ар зыдэлъагъупхъэр ДзыхьмыщIырщ. И цIыхухэр зэригъэгушхуэн, зэригъэгуфIэн Iуэхухэрщ ар зыхущIэкъур. Абы и щыхьэтщ мы зэIущIэри. И пщIэр лъагэу, и IуэхуфI- хэм къыхэхъуэу, адэкIи и мурадхэр зригъэхъулIэфу къуажэм куэдрэ Тхьэм хуигъэлажьэ! Хьэтуейм «уей-уей» жевгъэIэу фыпсэуну ди гуапэщ.
  • — Ди къуажэр районми республикэми щынэхъыфIхэм хабжэу хъыбар гуапэхэр къокIуэкIри, нэхъыщхьэу ар зи фIыщIэр фэращ, ди нэхъыжь лъапIэхэрщ, — жиIащ ДзыхьмыщI Анзор. — Фи щапхъхъэрщ, фи Iуэху зехьэкIэрщ, фи гупсысэ Iущхэрщ, чэнджэщ щхьэпэхэрщ гъуазэ тхуэхъур. ФызэрыдиIэм ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж, фэркIэ допагэ. Лэскэн районым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хэку зауэшхуэм и ветерану плIы исыжу аращ. Абыхэм ящыщу щыр ди къуажэм дэсщ — МэшылI Хьэбас, Нало МутIэ, БетIрожь СулътIан. МутIэ зэIущIэм къытхуеблэгъащ, адрей тIур я узыншагъэкIэ хуэмыкIуэу къримыхьэлIэфами, лъэрытетщ. Абы я лIыгъэр ди напщIэм телъщ, езыхэми ди щхьэр яхудогъэщхъ. Ди нэхъыжьыфIхэ, щIэх-щIэхыурэ гулъытэ фхуэдмыщIыфми, щIэблэм ди гум филъщ, фэ фыкъызэрытщхьэщы-тырщ ди лъэр щIэзыгъэкI-ри IуэхуфIхэм дытезыгъэгушхуэри. Узыншагъэ быдэ фиIэу, къыфтехъукIыжахэм я гуфIэгъуэ куэд флъагъуу, жьыщхьэ махуэ фыхъуауэ, дуней дахэм гу щыфхуэу фыпсэуну сынывохъуэхъу. «Нэхъыжь зимыIэм насып иIэкъым» жаIэри, нобэ хуэдэ махуэшхуэ куэдрэ зэдэдгъэлъапIэу Тхьэм дызэдигъэпсэу!
  • АдэкIэ къуажэ унафэщIым жылэм кърихьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхури чэнджэщкIэ, лэжьыгъэкIэ, мылъкукIэ къыдэзыIыгъ псоми фIыщIэ яхуищIащ. Хьэтуей къуажэм щекIуэкIа Iуэхухэр зэфIэхынымкIэ гугъу зыкъыдезыгъэхьахэр, щхьэж нэхъ къыхуэсэбэпынур зригъащIэри, саугъэт лъапIэхэмкIэ игъэпэжащ. Тыгъэхэр хуагъэфэщащ БищIо Юрэ, Тэрчокъуэ Заурбий, ХьэщIэлI Аслъэнбий, Щхьэгуэш Аслъэн, Гупсешэ Жамболэт, Истепан Мухьэмэд, Тэрчокъуэ Мухьэмэд, ХьэщIэлI Марат, БищIо Рае, Тохъу Лолэ, Биту Тамарэ сымэ. Апхуэдэу Лэскэн район администрацэм и унафэщIым къыбгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ Гупсешэ Ахьмэдхъанрэ Къанщыкъуей Нинэрэ.
  • — Си къуажэгъу лъапIэхэ, нобэрей махуэшхуэм жылэм дэлъ фIыгъуэм Тхьэм къыхупищэ! Хабзэ дахэ зыдэлъ жылэжьу къекIуэкIащ Хьэтуейр, зыдэплъиен нэхъыжьыфIи зэрыгушхуэн нэхъыщIэфIи иIэу. ЖаIахэм къызэрыхэщащи, зауэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэр ди мащIэкъым. Си сабиигъуэм щыщ зы теплъэгъуэу си нэгум щIэтщ Нало Ахьмэдхъан, ДзыхьмыщI Батыр, Былымгъуэт СулътIан, Къанщыкъуей Уэхьид сымэ орденыбгъэу зауэм къикIыжу къызэрыкIуэжауэ щытар. Къуажэм тхьэлъэIу, хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкIыу джэгу зэхашамэ, щIалэ цIыкIухэр утыку дыкъихьэрти, «Ахьмэдхъану дыкъофэ» е «Уэхьиду дыкъофэ» жытIэу дитт. Абы къикIыр абыхэмкIэ дызэрыгушхуэрт, дазэрыдэплъейрт. Иджыпстуи нэхъыщIэхэр зи жьауэм щIэтын нэхъыжь Iущхэр иIэщ Хьэтуейм, дызыгъэгуфIэн щIэблэ куэд къытщIэхъуэну сохъуахъуэ. Къуажэм нобэрей и зыужьыныгъэр зыдэтлъагъур абы и унафэщI щIалэм, ДзыхьмыщI Анзор и дежщи, адэкIи уи Iуэхухэр ефIэкIуэну си гуапэщ, жылэ махуэ, узыншэ Тхьэм дищI! — жиIащ республикэм и Спортым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Хьэтуей» ассоциацэм и тхьэмадэ, Къуэдзокъуэ Анатолэ.
  • Пшыхьым кърагъэблэгъахэр ирагъэплъащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэува «Псэлъыхъухэр» спектаклым.
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и Нэхъыжьхэм я советым хэт БищIо Юрэ артистхэр къазэрыхуеблэгъамкIэ фIыщIэ яхуищIащ, ягу дыхьэ ролхэр ягъэзащIэу куэдрэ утыку итынуи ехъуэхъуащ. ДзыхьмыщI Анзор театрым тыгъэ хуищIащ Хьэтуей жылэм и тхыдэм теухуа, Нало Заур и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэмрэ саугъэтрэ.
  • — Си лэжьыгъэкIэ сэ къуажэхэм сапыщIауэ Iуэху ядызощIэри, мыпхуэдэ зэхэтыкIэ дахэ куэдым щыслъэгъуакъым, — жиIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и администратор Ащхъуэт Заретэ. — Гуапагъэр, хуабагъэр щытепщэ зэхыхьэ екIум къегъэлъагъуэ хабзэ зыдэлъ жылэу фызэрыщытыр. Къуажэр гуфIэгъуэкIэ Тхьэм куэдрэ фызэхигъэхьэ!
  • БищIо Мартин и унагъуэр зи махуэр зыгъэлъапIэ нэхъыжьхэм къазэрыхуэупса торт дахэр БищIо Рае зэпиупщIащ, хъуэхъу дахэ жиIэу, зэхыхьэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми псалъэ гуапэкIэ захуигъазэу.
  • ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Лъакъуэдыгъу Тимур, пшыхьыр ягъэдэхащ Хьэтуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къэфакIуэ цIыкIухэм.
  • ЩхьэщэмыщI Изэ.