ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анэдэлъхубзэхэр джынымрэ  къэрал унафэмрэ

2019-10-24

  • Адыгэбзэр егъэджыным теухуауэ къекIуэкI лъэпощхьэпохэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, властымрэ егъэджэныгъэ IэнатIэмрэ я лIыкIуэхэр зыхэта зэхуэсыр теухуат 2018 гъэм Федеральнэ законым анэдэлъхубзэхэм егъэщIылIауэ Къэрал Думэм хилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм.

  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм хыхьэ республикэхэм я курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэ-къэралыбзэ дерсхэр хэгъэзыхь щымыIэу щегъэджыным ехьэлIауэ УФ-м и Къэрал Думэм илъэсрэ ныкъуэрэ ипэкIэ къыщыхалъхьа унафэр къыщащтат. Куэдым закон мыхъумыщIэу къалъытам (анэдэлъхубзэхэр курыт еджапIэм и программэм Iэмал имыIэу хэтын хуейхэм ящыщщ, ауэ и анэдэлъхубзэу щхьэж къилъытэр къыхахыну, абы ипкъ иткIи лъэIу тхылъ ятхыну хуитыныгъэ яIэу зыгъэувым) и зэранкIэ, республикэм щыпсэу урысхэм къадэкIуэу, зи бзэр зыджыну къызытехьэлъэ адыгэхэми урысыбзэр я анэдэлъхубзэу къэзылъытэхэр къахэкIащ. Апхуэдэхэр мащIэкъым, нэхъыбэж хъункIи шынагъуэ щыIэщ. А бжыгъэхэр хэIущIыIу ищIащ зэхуэсым къыщыпсэлъа, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и Управленэм и унафэщI Мыз Мари- нэ. Анэдэлъхубзэхэр, литературэхэр КъБР-м и къэрал егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэрыщаджым и гугъу щищIым Мызым къыхигъэщащ нэхъапэм абыхэм хухахыу щыта сыхьэти 3-р зэхъуэкIыныгъэ имыIэу къызэрынар, Iэмал имыIэу джын хуей предмет- хэм ящыщуи зэрыщытыр, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм илъэс къэс къыдигъэкI зэреджэ тхылъхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэ зэрымыхъуар.
  • Къызэхуэсахэр абы и къэпсэлъэныгъэм щыщу псом хуэмыдэу зыгъэпIейтеяращ: Къэрал Думэм къищта унафэм тету, анэдэлъхубзэр Iэмал имыIэу ядж, хухах сыхьэт бжыгъэм кIэрыхуакъым, абы щыгъуэми урысыбзэр анэдэлъхубзэхэм языхэз хъуащ. Статистикэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, блэкIа гъэ еджэгъуэм (2018 — 2019) урысыбзэр зи анэдэлъхубзэу къыхэзыха адыгэ сабийхэм я бжыгъэр КъБР-м 1.015-рэ щохъу. Я бынхэм адыгэбзэр къазэрытехьэлъэм къыхэкIыу, лъыкIэ адыгэми, я анэдэлъхубзэр урысыбзэу къалъытэу ар яджыну хуит зыщI тхылъым Iэ щIэзыдзахэращ ар зи бжыгъэр. Урысыбзэр зи анэдэлъхубзэ (гущэм зэрыхэлъ лъандэрэ абы фIэкIа зымыщIэ) адыгэ сабийхэри гъунэжщ. Апхуэдэхэр зэре-джэ программэхэри щхьэхуэщ — «Бзэр джын къыщIэзыдзэ» гупыр зэреджэрщ. Мы гупыр нэхъ къэзыщтахэм я бжыгъэр 10.946-рэ мэхъу.
  • Адыгэбзэр нобэ зэрыува щытыкIэ гугъум къызэрикIа хъуну Iэмалхэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм теухуа упщIэхэр щратым, министерствэм и лIыкIуэм къыхигъэщащ Къэрал егъэджэныгъэ стандарт нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, республикэм и кIуэцIкIэ нэгъуэщI стандарт зэмылIэужьыгъуэхэр хагъэхьэну Законым хуит зэрищIыр. Абы папщIэ щIэныгъэлIхэр, егъэджэныгъэм пэрытхэр гуп зэрыгъэхъуу министерствэм зыхуагъэзэн хуейщ, къыхалъхьэ Iэмалхэр, ахэр гъэзэщIа зэрыхъуну бгъэдыхьэкIэхэр, абы къытехъукIыжа зэреджэну тхылъхэм я зэхэлъыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ. Уеблэмэ, зы еджапIэм и кIуэцIкIэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызекIуэну хуит ещI егъэджэныгъэм ехьэлIа Законым.
  • Апхуэдэу утыкум къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и лIыкIуэ Мэртазэ Залым. ИпэкIэ къэпсэлъам къыхигъэща бжыгъэхэм теухуауэ абы жиIащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Законыр дунейм къыщытемыхьэми, анэдэлъхубзэр IэщIыб зыщIхэм я бжыгъэр мымащIэу зэрыщытар, ущIэгужьеин мы Iуэхум зэрыхэмылъыр. «Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я бзэхэр кIуэдынымкIэ шынагъуэ щыIэу къалъытэ абыхэм я тхыбзэ къызэрыунэхурэ, ауэ узытешыныхьын щытыкIэ зэрыщымыIэм шэч къытесхьэркъым», — жиIащ Мэртазэм.
  • Абы и псалъэхэм арэзы техъуакъым зэIущIэр езыгъэкIуэкIа Шэшэн МуIэед. Бзэхэр джыным теухуа Законым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр лъэпкъхэр щыхупIэм хуэзышэу къелъытэ абы икIи лъэпкъым и къэкIуэнур нобэ бзэр зэрыт щытыкIэм къишыным зэрелъытари къыхигъэщащ.
  • Псалъэмакъым къыпищэу, и Iуэху еплъыкIэхэр утыку кърихьащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, тхакIуэ ХьэкIуащэ Мадинэ. Абы щапхъэу къигъэлъэгъуащ Осетие Ищхъэрэм иужьрей илъэсхэм щызэтраубла полилингвальнэ системэр. Ар хуэгъэзащ зы школым и кIуэцIкIэ егъэджэныгъэр бзэ зыбжанэкIэ егъэкIуэкIыныр. Псалъэм папщIэ, урысыбзэмкIэ ирагъэдж предметхэр пэщIэдзэ школым адыгэбзэкIэ щрагъэкIуэкIыу класс зыбжанэ республикэм къыщызэIуахмэ, ар бзэр хъумэным щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъу-нум шэч хэлъкъым.
  • КъБКъУ-м и профессор Хъурей Леоренэ къызэрыхигъэщамкIэ, нобэ анэдэлъхубзэхэр зэрыт щытыкIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ адэ-анэхэм я зэхэщIыкIым, ахэр Iуэхум и щытыкIэм нэгъэсауэ зэрыщымыгъуазэм. Псалъэм папщIэ, урысыбзэр анэдэлъхубзэу къыхахмэ, урысыбзэмкIэ зыуэ щыт къэрал экзаменымкIэ (ЕГЭ) балл нэхъыбэ я бынхэм къахуэхьыну я гугъэщ. Абыхэм ящIэркъым «урысыбзэ анэдэлъхубзэмрэ» «урысыбзэ» предмет щхьэхуэу псоми яджымрэ Iуэху зэрызэхуамыIэр, программэ щхьэхуэхэу зэрыщытыр. Бзэм и гъащIэр нэхъ кIыхь хъуным, абы зегъэужьыным зымащIэ нэхъ мыхъуми хэлъхьэныгъэ гуэр хуэтщIын папщIэ ди щхьэм, ди унагъуэм деж къыщыщIэддзэу тхузэфIэкI тщIэмэ зэрынэхъыфIыр къыхигъэщащ профессорым.
  • ЩытыкIэм игъэпIейтея куэд къыщыпсэлъащ зэIущIэм. Абыхэм жаIащ къэрал IуэхущIапIэхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри зэдэлажьэмэ, щытыкIэм зрагъэхъуэжыфыну. А махуэм зэдэарэзыуэ къащтащ, республикэм ис щIэныгъэлIхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ Iэ зыщIадза, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Зэрызыхуагъазэм и проектыр. А тхылъым къыщыгъэлъэгъуащ республикэм анэдэлъхубзэхэм я Iуэхур зэрыщымыщIагъуэр, лъэпкъыбзэхэр хъумэныр гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэ Iуэхуу зэрыщытыр.
  • ЩОДЖЭН Iэминат.