Бекъалды Анатолэ телевиденэм къыхуигъэщIат
2019-10-24
- Жэпуэгъуэм и 22-м, и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирикъуа къудейуэ, дунейм ехыжащ ди ныбжьэгъуфI Бекъалды Анатолэ Мухьэмэтджэрий (ПIытIэ) и къуэр.
- Ар сыт щыгъуи къахэщырт и ныбжьэгъухэм — и нэгум кърих угъурлыгъэмкIи, и зыIыгъыкIэмкIи, и къэухьымкIи, и псэлъэкIэмкIи, екIуу, зэщIэкъуауэ зэрыхуэпамкIи.
- КъызэрыгуэкI унагъуэшхуэм къыщыхъуа адыгэ щIалэм зыхилъхьат и адэ-анэми, и лъэпкъми, къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэм дэс нэхъыжьхэми ядилъэгъуа хьэл-щэн нэхъыфIхэр. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIотIысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕплIанэ курс хъуауэ, Анатолэ теплъэ, макъ дахэ зэриIэр къалъытэри, диктору къащтэ республикэм и телевиденэм. Ар гъэхуауэ, зэхэщIыкIыгъуэу псалъэрт, телевизор еплъхэр и зыIыгъыкIэмкIэ къыдихьэхырт.
- Илъэс зыбжанэкIэ а IэщIагъэм ирилэжьауэ, ар ягъэув нэтынхэр зыгъэхьэзыр редактору. Ауэ а IэнатIэм куэдрэ пэрымытауэ, республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и ГАИ-м и Iэтащхьэхэр къолъэIури, а къулыкъущIапIэм и пресс-IэнатIэм и унафэщIу мэув. АрщхьэкIэ здэкIуам и псэр щигъэтIылъакъым. Абы къыIуокIыжри, щIэрыщIэу пэроувэж и гум фIэфI IэнатIэм — телевиденэм и редактор лэжьыгъэм.
- Анатолэ и нэтынхэр нэхъыбэу зытриухуэу щытар къуажэ гъащIэрщ — жылэм я псэукIэр зыхуэдэр, колхоз-совхозхэр я къалэнхэм зэрехъулIэр утыку кърихьэрт. Зи цIэ фIыкIэ гъэIупхъэ лэжьакIуэхэр цIыхубэм яригъэцIыхурт. Абы щыгъуэ нэхъри наIуэ хъуащ Бекъалдым зэфIэкI зэрыбгъэлъыр — телевиденэм къригъэблагъэхэр, игъащIэ лъандэрэ ицIыху фIэкIа умыщIэну, къихьэхурт и бзэ дахэмкIэ, и нэгу зэлъыIухамкIэ, и упщIэ купщIафIэхэмкIэ икIи и хьэщIэхэм я хьэл-щэнхэр, я дуней еплъыкIэхэр нэсу къызэкIуэцIихырт.
- Телевиденэм илъэс зыкъомкIэ щыIауэ, Бекъалдыр ирагъэблагъэ Налшык дэт «Водоканал» IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм. А здэкIуами лъэкI къыщигъэнакъым ди ныбжьэгъум. IуэхущIапIэм и лэжьыгъэхэм тепсэлъыхь къудей мыхъуу, псыр зэпэубыда зэрыхъум цIыхухэр гугъу зэрыригъэхьым фIыуэ щыгъуазэти, Анатолэ къалэдэсхэм захуигъазэрт, ар зэрагъэзэхуэным къыхуриджэу. «Псыр зыщIыпIэ деж къыщыщиудауэ бжьамийхэм къижу флъагъумэ, абыкIэ хъыбар дывгъащIэ, псэхэлъхьэжу игъащIэми къалъытэ а фIыгъуэм псори дыхуэвгъэсакъ» жиIэрти, телефонхэри къигъэлъагъуэу, радиокIи телевиденэкIи къэпсалъэрт, газетхэм тхыгъэхэр къытрыригъадзэрт.
- ЦIыху гумащIэу, зэпIэзэрыту дунейм тета Бекъалды Анатолэ къыщIэнащ унагъуэ хъарзынэ. Абы и къуэмрэ и пхъумрэ унагъуэ щхьэхуэ хъужауэ, щIэблэ ягъуэтыжауэ мэпсэу. Ди ныбжьэгъум къимыгъэщIар и бынхэм, абыхэм къащIэхъуэжахэм къахупищэну Тхьэм жиIэ!
- Ныбжьэгъу гуп.