ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И лъэпкъым хуэпэж цIыху щэджащэ

2019-10-24

  • МэшбащIэ Исхьэкъ бгъэдэлъ зэчиишхуэм, къалэмыр къыщигъэщхьэпэ губгъуэр — усэм щегъэжьауэ романым нэс — зэрыубгъуам я фIыгъэкIэ, и лъэпкъым къикIуа лъэхъэнэ зыбжанэм щыгъуазэ дищIыным и Iэзагъыр хурокъу.

  • «Тхэныгу сызыщIыр си щIыналъэ лъапIэрщ», — жеIэ езы тхакIуэм. А псалъэхэм МэшбащIэм фэрыщIыгъэ зэрыхимылъхьэр и IэдакъэщIэкIхэм къагъэлъагъуэ.
  • Щхьэхуимыту хэкур зрагъэбгына, зи бжыгъэр мелуан зыбжанэм нэблагъэ хэхэс адыгэхэр нобэ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Ливаным, Иракым, США-м, Ливием, къинэмыщI къэралхэм щопсэу. ТхакIуэм и унагъуэр къызэрыфIэIуэхум хуэдэ дыдэу бгъэдэтщ и лъэпкъми: дэтхэнэ зыри и къуэ е ипхъу, и адэ, е и анэ, и шыпхъу, е и къуэш хуэдэщ — и гур псоми ящIоуз. А гурыщIэм ар хэти благъагъкIэ ирепх.
  • МэшбащIэм и романхэм егъэлеяуэ уигу щыхагъэщI къохъу: цIыхухъухэр мин бжыгъэкIэрэ щыхэкIуадэ, фызабэхэр, зеиншэхэр щыбагъуэ, лъышхуэ щагъажэ зауэхэр щIэх-щIэхыу къыхоувэ абы и сатырхэм. ГъэщIэрэщIа лей хэмыту, нэгум щIэкIыр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къыщыбгъэлъагъуэкIэ, тхылъеджэм гъащIэм и пэжыр пцIы хэмылъу зыхищIэну Iэмал егъуэт.
  • ЦIыхуфIуи цIыху Iейуи щрырет, лIыхъужьым и зэфIэкIыр здынэсыр дигъэлъагъун папщIэ, дыгъэ бзийм ещхьу, МэшбащIэм и къалэмыпэмкIэ цIыхугум и дурэш псори къегъэнэху. Дунейм тета лIыхъужьхэу Ридадэ, Сибэч, Хъан-Джэрий, Занокъуэ Сэфарбий, Фидур, адыгэ пщащэхэу IэфIыпсэ, ХьэIишэт (Аиссе) сымэ Шэрджэсейм и литературэ фэеплъ хъуакIэщ. Исхьэкъ и романхэр нэгъуэщI зыгуэр хъунут ахэр гъащIэм хэмыт, къагупсыса гуэрхэу щытамэ. Сыти жыIи, прототип пэж зимыIэ лIыхъужьхэр нэгъуэщIущ тхылъеджэм и гум къызэри-нэр.
  • МэшбащIэ Исхьэкъ и къыхэхыкIэр къыпхугуэмыхыну епхащ езыр къызыхэкIа лъэпкъым и псэр зыхэлъ хъыбарыжьхэм, псалъэжьхэм, жыIэгъуэхэм. Ахэр зыIурилъхьэ лIыхъужьхэм я бзэр бейуэ къызэролъэлъ, абы и фIыгъэкIэ литературэбзэмрэ анэдэлъхуб- зэ курыхымрэ зэхэухуэна мэхъу.
  • Тхыдэм куууэ щыхэплъэкIэ, МэшбащIэм гу лъетэ дунейм и зэхэлъыкIэм зихъуэжын щыщIидза зэманымрэ абы и щхьэусыгъуэхэмрэ. IэмэпсымэщIэхэр къэзыгъэщхьэпэ цIыху цIыкIум хуэм-хуэмурэ и къарум зыщригъэузэщIын, нэхъ пхъашэу жыпIэмэ, — мылъку къыхэхыпIэ ищIын щIыналъэхэр къилъыхъуэн щIидзащ. Ар IупщIу хыболъагъукI утыку ит къэралыгъуэшхуэхэм я щIыналъэхэм щIы къыпагъэхъуэн папщIэ зытегушхуа зауэхэм. Кхъухь лIэужьыгъуэщIэхэр, машинэщIэхэр, мафIэгухэр, кхъухьлъатэхэр дунейм къыщытехьэкIэ, выхэмрэ шыхэмрэ гъуэгум темыкIуэтыпIэ яIэтэкъым. Ауэ лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува лъэпкъыжь Iущыгъэми щIэуэ къежьам и хьэтыркIэ ижь-ижьыжкIэ кърихьэлIа щIэныгъэр хыфIидзэну хуейтэкъым. Адыгэ пщы-уэркъхэм зэтрагъэува хабзэхэм гъащIэм и пIалъэр къаригъэщIащ. Адыгэхэм ахъшэ къыщIагъэкIыу щытакъым, ауэ хуэм-хуэмурэ ар адыгэ унагъуэм къихьа нэужь, цIыхубэм тхьэмыщкIэрэ бейуэ загуэшын щIадзащ. Ауэрэ щIыр ящэнми Iуэхур хуэкIуащ. Апхуэдэ щапхъэщ «Щхьэлмывэхэр» романым хэт Зан Мухьэмэтджэрий адыгэщIыр тыркухэм ярищэу абы Iэнапэ быдапIэр зэрытращIыхьам теухуа щапхъэр. Зэман дэкIри, Шэрджэсейм и хуитыныгъэм зытес щIыналъэр щIитын хуей хъуащ. Дауэрэ къекIуэкIами, адыгэхэм дунейм щызэфIэува цивилизацэщIэм зэрыхэувэн къару яхурикъуакъым. А псор МэшбащIэм и романхэм къыщегъэлъагъуэ.
  • Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым романыр сурэтыщIым зэхилъхьа теплъэгъуэ хуэдэу зэрыщытыр. Ауэ ар икIи къэгупсыса защIэкъым. Тхыдэ романхэм дэIэпыкъуэгъу яхуохъу дэфтэрхэр, гукъэкIыжхэр, Iуэхур зи нэгу щIэкIа цIыхухэр. А псори сэбэп къыхуэхъуащ МэшбащIэм игъащIэм имылъэгъуа лIыхъужьхэм я гъащIэ гъуэгур къызэфIигъэувэн папщIэ.
  • Илъэс пщIы бжыгъэхэр тригъэкIуэдащ тхакIуэм и лъэпкъым и дуней тетыкIэм и сурэт псалъэкIэ итхыным. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ иджырей зэманым теухуа тхыгъэхэри: «Сто первый перевал», «Метельные годы», «Тропы из ночи», «Сотвори добро», нэгъуэщIхэри. Абыхэми МэшбащIэм упщIэ щегъэув: «Дыхэт дэ, адыгэхэр?»
  • Нобэ хамэ къэрал зэхуэмыдэхэм щызэбгрыдза и лъэпкъэгъухэм щахуэзэкIэ, МэшбащIэм и хэкум и Iэпкълъэпкъ зэкIэщIэчар зэригъэубыдыж хуэдэщ. Адыгэ лъэпкъыр яхэшыпсыхьыжакъым адрейхэм, и гупсысэкIи, и псэукIэ хабзи зэрыхузэфIэкIкIэ ихъумэжащ. МэшбащIэм жэуап къыдет апхуэдэ къару адыгэхэм къыщIызыкъуахыфа щхьэусыгъуэм теухуауэ: и жылэр махуэщи аращ. А «жылэ махуэращ» абы гъащIэми нэхъыщхьэу къыщилъытэр. ГъащIэм и щIыIум уигу хэзыгъэщI, хьэл нэмыщIысакIэ къыббгъэдэт гуэрхэм уащрихьэлIэми, хахуэм — къэрабгъэр, цIыху пэжым — пцIыупсыр, къуэшыгъэ къэзыгъэлъагъуэм цIыху мыхьэнэншэр къыщыпэщIэхуэ къэхъуми, абы лъэпкъым и лъабжьэ быдэр иричыну къару зэи игъуэтынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и къежьапIэр захуэщи, и фIым зиукъэбзыжурэ къогъуэгурыкIуэ. И лъэпкъым и узыфэхэр къыщIигъэщми, Исхьэкъ абыхэм зэреIэзапхъэ Iэмалхэри утыку кърехьэф. Сократ Iущым и псалъэхэр уигу къокIыж щхьэхуимыту абы ущегупсыскIэ: «Сэ, хьэдзыгъуанэм ещхьу, си шэрэзхэр зэзэмызэ фхэзымыукIэу хъунукъым, жейм фыхилъэфапэу зывмыгъэкIуэдыжын щхьэкIэ!» Аращ тхакIуэм и пэжыр, аращ кIэ игъуэтынкIэ Iэмал зимыIэ ар къызыхураджа Iуэхум и мыхьэнэр.
  • Езым и IэдакъэщIэкI- хэм нэмыщI, МэшбащIэм адыгэбзэкIэ тхыгъэ куэд зэридзэкIащ: «Слово о полку Игореве», Пушкиным и «Медный всадник», «Скупой рыцарь», «Моцарт и Сальери» тхыгъэхэр; Лермонтовым и «Беглец» поэмэр; Некрасовым и «Железная дорога»-р; Блок и «Двенадцать» поэмэр; Есениным и «Анна Снегина»-р, Маяковскэм и «Облако в штанах» поэмэр, нэгъуэщIхэри.
  • МэшбащIэр куэдрэ цIыхубэ депутату хахащ, ар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм хэтащ, нобэ Урысейм и ЦIыхубэ палатэм щолажьэ. Ар Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тха-кIуэщ, СССР-мрэ УФ-мрэ я Къэрал саугъэтхэм и лауреатщ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ, еща- нэ, еплIанэ нагъыщэхэр, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Адыгейм и щIыхьыр» медалыр зратахэм ящыщщ.
  • Илъэс куэд хъуауэ и къару емыблэжу лажьэ МэшбащIэм и IэдакъэщIэкIхэр Урысей щэнхабзэм и Iыхьэ хъупащ. Абы и хэкум фэеплъ мывэ зэрыщыхуагъэувари, цIыхубэм фIыуэ къызэрилъагъум и щыхьэтщ.
  • ЦУКОР Аллэ.
  • Краснодар къалэ