Лизэрэ Мадинэрэ я дерс зэIухахэр
2019-08-06
- Мы махуэхэм Кърымым щокIуэкI Анэдэлъхубзэр, урысыбзэри хэту, езыгъэджхэм я езанэ дунейпсо зэхуэс. А гъэмахуэ школым и лэжьыгъэм хэтщ анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я къэралпсо зэпеуэхэм щытекIуэу абы и саугъэт нэхъыщхьэр — «Дыжьын къабзийр» — зыхуагъэфэщауэ щыта IэщIагъэлIхэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэщ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэныр, анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыныр, анэбзэр егъэджыным къэрал гулъытэ къыхуегъэщIыныр, иджырей егъэджэныгъэ технологие пэрытхэм дэнэкIи зыщегъэубгъуныр, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр гъэгушхуэныр.
-
ПщIэ къыхуащIу, а дунейпсо зэхыхьэм ирагъэблэгъащ ди лъахэгъу егъэджакIуэ Iэзэхэу, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэхэу Джангуразовэ Лизэрэ Хур Мадинэрэ. Ахэращ зи фIыщIэр илъэситI зэкIэлъхьэужьым, 2009, 2010 гъэхэм «Дыжьын къабзийр» ди республикэм къыхуагъэфэщауэ зэрыщытар. Лизэрэ Мадинэрэ яхуэдэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэу, щIэм и лъыхъуакIуэхэу 30-м щIигъу щызэхуэсащ дыгъуасэ Евпаторием. Апхуэдэхэщ Чувашием, Башкортостаным, Къалмыкъым, Хакасием, Кърымым, Шэшэным, Ханты-Мансийск, Пермь, Красноярск щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи Донецк ЦIыхубэ Республикэм и егъэджакIуэхэр.
- ЕгъэджакIуэ пашэхэр зэрылэжьэну программэм къызэщIеубыдэ Iуэхугъуэ купщIафIэ зыбжанэ. Ахэр едэIуэнущ анэдэлъхубзэр егъэджыныр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса лекцэ купщIафIэхэм, хэтынущ семинар хьэлэмэтхэм. ЕгъэджакIуэхэм ящыщ куэдым дерс зэIухахэр ятынущ. Зэхуэсым и кIэухыу егъэджакIуэхэр хэтынущ симпозиум иным. Абы IэщIагъэлIхэр щызэдэгуэшэнущ я IэщIагъэм епха Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, я мурадхэмрэ къалэнхэмкIэ. А псори ехьэлIауэ щытынущ анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэджыным и лъабжьэр гъэбыдэным, ар къэрал унафэхэмкIэ дегъэIыгъыным.
- Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я дунейпсо зэхыхьэм кърихьэлIахэм ящыщ дэтхэнэми иратынущ абы зэрыхэтам щыхьэт техъуэ сертификат.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.