ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Махуэ Билал Олимп дыжьын медалыр къыхуэнауэ Польшэм    утыку къыщохьэж

2019-08-06

  • БэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал зэхьэзэхуэхэм къыщыхыхьэжащ шыщхьэуIум и 2 — 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым. Ар къыщызэIуах дакъикъэхэм ирихьэлIэу наIуэ хъуащ 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимпиадэм килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуауэ къалъытари.

  • Махуэ Билал Таймазов Артур текIуащ.   2011 гъэ

  • Бадзэуэгъуэм и 23-м Дунейпсо Олимп комитетым (МОК) хъыбар зэбгригъэхащ абы и Дисциплинарнэ комиссэм (Освальд Денис зи унафэщI гупым хэтщ Линдберг Гуниллэрэ Самаранч-нэхъыщIэ Хуан-Антониорэ) унафэ къызэрищтар, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Узбекистаным и цIэкIэ зыкъыщызыгъэлъэгъуа, иджы Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Таймазов Артур и дыщэ медалыр къызэрытрахыжынумкIэ. Щхьэусыгъуэр — и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэпщIыкIыу зэрыхигъахъуэм икIи цIыхум и узыншагъэм хуабжьу зэран зэрыхуэхъум къыхэкIыу къагъэсэбэпыну хуит ямыщIа «оралтуринабол» хущхъуэр абы и лъым хэту щIэрыщIэу ирагъэкIуэкIыжа къэпщытэныгъэхэм къызэрыщIагъэщарщ.
  • Таймазов Артур Осетие Ищхъэрэ — Аланием къыщалъхуащ, арщхьэкIэ зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтар Узбекистаным и цIэкIэщ. Ар щэнейрэ Олимп чемпион хъуащ, зэм дыжьыныр къихьащ, дуней псом тIэунейрэ щытекIуащ. Допинг къэпщытэныгъэхэр ерыщу ирагъэкIуэкI хъуа иужькIэ, 2017 гъэм и мэлыжьыхьым (апрелым) къытрахыжащ 2008 гъэм къихьа япэ Олимп дыщэ медалыр. Абы и анализхэм къыщагъуэтащ иджыри бэлыхь хэзыдза къагъэсэбэпыну хуит ямыщIа «оралтуринабол» хущхъуэр. Апхуэдэу щыхъум, 2012 гъэм кърикIуахэри щIэрыщIэу къапщытэжащ, нэхъапэм щымыIа Iэмэпсымэхэмрэ Iэмалхэмрэ я щIэгъэкъуэну. КъыщIагъэщар хьэдэгъуэдахэщ икIи Таймазовыр зыгъэпудщ. 2008 гъэм къихьа дыщэ медалым дэщIыгъуу, 2012 гъэм къыхуагъэфэщами ар пагъэкIынущ. АдэкIэ аргуэру къапщытэжыну я мурадщ 2004 гъэм Алыджым и къалащхьэм зэрыщытекIуа щIыкIэри, ауэ ар къайхъулIэну фIэщщIыгъуейщ зэман куэдыIуэ зэрыдэкIам къыхэкIыу.
  • Таймазовым, дауи, зыкIи зигъэкъуаншэркъым икIи медалхэр зыми иримытыжыну жеIэ. Ауэ, ар абы зэригугъэм хуэдэу, Iуэху джэгукъым. Дунейпсо Олимп комитетым и унафэр гъэзэщIа мыхъумэ, зи цIэкIэ утыку ита къэралыр зэхьэзэхуэ инхэм афIэкIа хагъэхьэнукъым. Абы хуейкъым медалхэр къызыхуихьа Узбекистанри зи хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщхьэм хэт Урысей Федерацэри.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм къыщихьа дыжьын медалыр Дунейпсо Олимп комитетым мы илъэсым и пэм къытрихыжащ Куржым (Грузием) щыщ бэнакIуэ Модзманашвили Давит. Ар иратыжащ Махуэ Билал. Иджы дыщэри къыIэрыхьэжыну дыщыгугъырт. Абы ехьэлIауэ тхьэмахуэм щIигъукIэ лэжьащ Спорт бэнэкIэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм и комиссэр. Iуэхур лъэныкъуэ куэдкIэ зэпилъыта иужькIэ, абы унафэ ищIащ бэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм 2012 гъэм Лондон щыIа Олимпиадэм щагъэджэгуа дыщэ медалыр зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьауэ щыта Ираным щыщ Гасеми Комейл иратыну. Махуэ Билал дыжьыныр къыхуэнэжащ. Жэз медалхэр хуагъэфэщащ Махуэмрэ Гасеймирэ ещанэ увыпIэм щыщIэбэным хагъэщIа Къэзахъстаным щыщ Шанбаба Даулетрэ США-м и щIыхьыр зыхъума Длагнев Тервелрэ.
  • Илъэсибл дэкIын хуей хъуащ, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм къыщыхъуа хьэрэмыгъэ псори наIуэ къэхъун папщIэ. А зэманым, дауи, Таймазовми, Махуэми, Модзманашвили допинг къэпщытэныгъэхэр занщIэу драгъэкIуэкIащ, адрейхэми хуэдэу. 2019 гъэм и пэщIэдзэращ Дунейпсо Олимп комитетым хъыбар щызэбгригъэхар куржы щIалэм и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зэрызрихьэлIар къызэрыщIагъэщам къыхэкIыу Лондон къыщихьа дыжьын медалыр къытрахыжу, абы «хигъэщIа» Махуэ Билал къратыжын зэрыхуеймкIэ. Мис иджы дыщэ медалыр зыхьа Таймазоври къыщIагъэщащ. Бетэмал, а хьэгъэщагъэхэр занщIэу наIуэ къащIыфатэмэ…
  • Къэхъуам къыпхуегъэгъэзэжыфынукъым, ауэ Махуэ Билал апхуэдэ щIыкIэкIэ Олимп чемпионыгъэм зэрыхуэкIуэ гъуэгум къытрамыгъэкIуэтамэ, дыщэ медалыр и Iэрылъхьэт. Абы япэ къищахэу Модзманашвилирэ Таймазовымрэ я къарумрэ зэфIэкIымрэ хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зрахьэлIауэ къыщIагъэщакIэщ. Лондон щыIа Олимп Джэгухэм хьэрэмыгъэкIэ щытекIуа Таймазов Артур ебэнами, Билал а осетин щIалэм зэрыпэлъэщынур къыщигъэлъэгъуат Олимпиадэм и пэ къихуэу зэхэта дунейпсо чемпионатым и финалым. Таймазовыр щытридзэри, Махуэр абы ещанэу чемпион щыхъуат.
  • Жэз медалыр дыжьынымкIэ яхъуэжу, захуагъэр мащIэу Дунейпсо Олимп комитетым 2019 гъэм и пэщIэдзэм щызэфIигъэувэжам Махуэ Билал дэрэжэгъуэ къритакъым: «Куэд щIауэ зэхызох Модзманашвили допинг зэрихьэлIауэ къызэрыщIагъэщар. Абы щыгъуэми иджыпстуи гуфIэгъуэ лъэпкъ зыхэсщIакъым, — къыджиIат Махуэ Билал, — Пэжщ, сэ къызатыжынущ Олимп Джэгухэм я дыжьын медалыр… Ауэ Олимпиадэ-2012-м и дыщэ медалыр пщэдей къызатми, си дежкIэ зыми зихъуэжынукъым. Дэ алэрыбгъур пщIэнтIэпскIэ щIэдгъэнщIыр дыщагъэлъапIэм и деж лъагапIэм дытету ди гимныр къызэреуэращ. Лондон апхуэдэу щыщытакъым икIи мыхьэнэшхуэ иIэкъым, 2012 гъэм къэсхьахэм ящыщу си гъэтIылъыгъэхэм яхэлъынур дыжьынми жэзми».
  • Таймазовым и Iуэхур къызэрежьэрэ тхьэмахуитI хъуами, абы теухуауэ Махуэм иджыри къэс зы псалъи къыжьэдэкIакъым. ФIэщщIыгъуейщ къыхуагъэфэщэнкIэ хъуну щыта апхуэдэ Олимп чемпионыгъэм ар щыгуфIыкIыщэну — зэманым къыпхуегъэгъэзынукъым. Ар зыщIэхъуэпсыр пашэныгъэр къыщихьа дакъикъэм кърит дэрэжэгъуэрщ, атIэ илъэсибгъу дэкIа иужькIэ яIэтыжыныркъым.
  • Дунейм щэнейрэ и чемпион, Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм жэз медалыр (иужькIэ дыжьынкIэ яхъуэжащ) къыщызыхьа Махуэ Билал и гъащIэ псом и нэ къыхуокI Олимп лъагапIэм и щыгум къыщыхутэну. Ар абы куэд щIауэ зэрыхуэфащэм шэч хэлъкъым.
  • 2020 гъэм Токио щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал зегъэхьэзыр. Хэт ищIэн, абы захуагъэ нэсыр щызэфIэувэжу адыгэ щIалэм спортым щиIэ и хъуапсапIэ нэхъыщхьэр и чэзум къыщехъулIэнкIи хъунщ. Абы хуэунэтIа япэ лъэбакъуэхэр Билал иджыблагъэ Польшэм щичащ, шыщхьэуIум и 2 — 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым екIуу зыкъыщигъэлъагъуэри. А зэхьэзэхуэм ар хыхьат езымрэ и тренерхэмрэ я лъэIу щхьэхуэкIэ. Билал Варшавэ къыщигъэлъэгъуар телъыджэщ — нэрылъагъут бэнэным хуабжьу зэрыхуэзэшар. Бадзэуэгъуэм и 3-м зэхэта япэ зэIущIэм хэгъэрейхэм ящыщ Баран Роберт 11:0-у хигъэщIащ. КъыкIэлъыкIуа къэзахъ пелуаныр къабзэу тридзащ. Мэжэр Лигети Даниел 4:0 ефIэкIри, финалым кIуащ.
  • КIэух зэIущIэм Махуэр ебэнын хуейт Урысей Федерацэм и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъагъуэ Хугаев Алан хэзыгъэщIа Канадэм щыщ Деси Амар. Абы ди лъахэгъур зэрыпэлъэщынум шэч хэлътэкъым, арщхьэкIэ финалыр щыщыIэн хуей къыкIэлъыкIуэ махуэм Билал зэхьэзэхуэм къыхэкIыжащ.
  • — Сэ мыбы зэIущIищ щезгъэкIуэкIыну си мурадати, къызэхъулIащ, — яжриIащ ди бэнакIуэ цIэрыIуэм пщэдджыжьым. — Дыгъуасэ финалым сыщыбэнэн си гугъуащ, ауэ дызэчэнджэщыжри, Iуэхум демыпIэщIэкIмэ нэхъыфIу къэтлъытэжащ.
  • Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм лъэ быдэкIэ Махуэ Билал утыку къыщихьэжащ. Ар зэрищIа щIыкIэм куэдым ухуегъэхъуапсэ икIи и текIуэныгъэ инхэм упегъаплъэ. Псоми наIуэ ящыхъуащ абы и зэфIэкI лъагэр зыщIыпIи зэрымыкIуар икIи Токио зыхуэзыгъэхьэзырынухэм зэращыщыр.
  • Мыбы ипэкIэ Махуэ Билал зэхьэзэхуэхэм щыхэтар 2017 гъэм и щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэращ. Абы щыгъуэм ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэр Воронеж Урысей Федерацэм и абсолютнэ чемпион щыхъуат. БлэкIа илъэсрэ мазийм Билал и тхыр тIэунейрэ операцэ ящIащ икIи, дауи, зэпеуэхэм хэтыфакъым. Иджы и узыншагъэр къанэ щымыIэу зэфIэувэжауэ дохутырхэм къалъытэри, утыку къихьэжыну хуит ящIащ, ауэ зэкIэ иримыгъэлеймэ нэхъ къащтэ.
  • Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм зы илъэс иIэжу аращ. Махуэ Билал а лъэхъэнэр нэсу къызэригъэсэбэпынум шэч хэлъкъым икIи и гъащIэ псом зыхуэкIуэ текIуэныгъэ иныр къехъулIэну дыщIохъуэпс. Ар абы къызэрилэжьрэ куэд щIащ.
  •  
  • Жыласэ  Заурбэч.