Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2019-05-18
- ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
- ФIыуэ укъалъагъуну ухуеймэ…
- Дунейм зихъуэжыну ухуеймэ, уи деж къыщыщIэдзэ.
- Ганди Махатмэ.
- Сэ фIыуэ ущIэслъагъур уэ узэрыщытракъым, атIэ уэ ущызигъусэм деж сэ сызэрыт щытыкIэращ.
- Маркес Габриэль Гарсиа.
- Акъылыр тIу хъуркъым, зыр фIыуэ адрейр Iейуэ. Акъылыр зыщ. ЛIэужьыгъуитI хъур акъылым къиулъэпхъэщ гупсысэхэрщ. ГупсысэфIым фIы кърикIуэу е гупсысэ бзаджэм Iей зришалIэу. Акъылыр гупсысэфI щыхэтым и деж, ар «фIыщ» хужаIэ, гупсысэ бзаджэм ихьмэ — «Iейщ». Адрей цIыхухэр сыт хуэдизу бзаджэу къыпщымыхъуми, ахэр плъагъу мыхъуныр, уэ унэхъыфIу зыкъыпщыхъужыныр щыуагъэщ.
- Шри Рамана Махарши.
- Сабийр зэрыбгъэсэн Iэмалхэм я нэхъыфIыр ар насыпыфIэ пщIынырщ.
- Уайльд Оскар.
- Мы дунейм къыбгурыIуэну щынэхъ гугъур дунейр гурыIуэгъуэу зэрыщытращ.
- Эйнштейн Альберт.
- Фи бынхэм я нэпсхэм фыхуэсакъ, ахэр фи кхъащхьэм щывгъуэтыжын хуэдэу.
- Пифагор.
- ФIыуэ укъалъагъуну ухуеймэ, уэ езым лъагъу.
- Сенекэ Луций Анней.
- ЦIыхухъур цIыхухъумэ, цIыхубзри цIыхубзынщ.
- Iимам Щамил.
- Фэ фщIэрэ?
- Алыфбейр къызэрежьар
- Лютер Мартин, Моцарт, Эдисон сымэ бын хырых яIащ, Маркс — 7, Шуман — 8, Чаплини апхуэдиз, тхыдэтх Соловьевым — 12, математик Эйлер — 13, Толстой Леви апхуэдиз, Бах къуипщIрэ пхъуипщIрэ къыхуалъхуат.
- * * *
- США-м щыщ Рой Тимоти 1982 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щIидзэри, махуэ 431-кIэ къемыхыу жыгыщхьэм фIэсат.
- * * *
- Тхыгъэ щхьэхуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1858 — 1865 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ирашу Тыркум цIыху мин 493-рэ Iэпхъуащ. Абыхэм ящыщу 45.023-р натыхъуейщ, 27.337 абазэхэщ, 165.626-р шапсыгъщ, 74.567-р убыхщ, 17.000-р къэбэрдей адыгэщ.
- * * *
- Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыхуу щопсэу: Урысейм — 6, США-м — 42-рэ, Японием — 289-рэ, Инджылызым — 241-рэ, Франджым — 112-рэ, Китайм — 152-рэ, Бразилием — 19, Индием — 303-рэ, Италием — 189-рэ, Австралием — тIум тIэкIу щIигъу, Германием — 230-рэ, Израилым — 284-рэ, Индонезием — 108-рэ, Иорданием — 71-рэ, Пакистаным — 186-рэ, Сирием — 83-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым — 72-рэ, Адыгэ Республикэм — 59-рэ, Дагъыстэным — 49-рэ, Ингушым — 78-рэ, Къалмыкъым — плIы иримыкъу, Къэрэшей-Шэрджэсым — 31-рэ, Осетие Ищхъэрэ-Аланием — 88-рэ, Шэшэн Республикэм — 82-рэ.
- Шхыныгъуэхэр
- КIэртIоф хьэнтхъупс
- Шыуаным тхъу иралъхьэри, мафIэ щабэм тету ягъэткIу. Абы зэпэплIимэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр хьэжа хакIутэ, зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыбжьэ. Абы псывэ къагъэхьэзырам щыщ, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, щIакIэ, зэIащIэурэ ма-фIэ щабэм тету дакъикъитI-щыкIэ къагъэкъуалъэ. Абы халъхьэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф. Псывэ къэнар щIакIэжри, шыгъу хадзэ, зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэри, хьэзыр хъуху мафIэ щабэкIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахри, джэдгын, бурш хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъитхукIэ щагъэт. Пщтыру фалъэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Шати хэзыкIэ щыIэщ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- Тхъууэ — г 40
- Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 35-рэ
- Псывэу — г 900
- КIэртIоф укъэбзауэ — г 200
- Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Прунж кхъуейжьапхъэ
- Прунжыр зэхащыпыкI, фIыуэ ялъэсри, гъур хъуху ягъэгъущ. Прунж къабзэр яхьэжри, кхъузанэкIэ яухуэнщIыж. Шыуаным псы щIыIэ тIэкIу иракIэ, абы джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэ хакIэри, дакъикъи 5-6-кIэ къагъэкъуалъэ. ИтIанэ а шатэ къэкъуалъэм, къыркуэ мыхъун щхьэкIэ зэIащIэурэ, прунж хьэжыгъэр хакIутэ. Шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу, зэзэмызи зэIащIэурэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ къагъавэ, тхъу къыщIидзыху. Абы кхъуей цIынэ хагъэщащэ, зэIащIэурэ шыгъушыпс хакIэри, щыуаныщхьэр техауэ дакъикъи 4-5 хуэдизкIэ, хьэзыр хъуху, ягъажьэ. Кхъуейжьапхъэ жьар пщтыру тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ щIыIэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх. Шэ хуабэ трафыхьыж.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
- Псы щIыIэу — г 50
- Шатэу — г 260-рэ
- ДжэдыкIэ кугъуэу — зы ныкъуэ
- Прунж хьэжыгъэу — г 15
- Кхъуей цIынэу — г 15
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз
- «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.
- ЖыIэгъуэхэр
- ЦIыхубзыруи яужькъихьэмэ…
- Унагъуэм тхьэмадэр и щхьэщ, унэгуащэр — и псэщ.
- ФызыфIрэ лIыфIрэ зэнатIэкъым.
- ЦIыхубзыр къарууншафэ къарущ, цIыхухъур къарууфIафэ къарууншэщ.
- ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ — узыIэрегъэхьэ, къыкIэлъыбжыхьу щIэбдзамэ — пIэщIэкIащ.
- Уипхъу жепIэрейр езы уи нысэм зэ еIуэтылIи, утыншыжащ.
- ЦIыхубз дахэр зэ фэладжэ мэхъуж, лъагъугъуафIэр сыт щыгъуи лъагъугъуафIэщ.
- Дахэр гъуджэ иплъэреймэ, лъагъугъуей мэхъу.
- ЦIыхухъукIэ насыпыфIэ цIыхубзымрэ цIыхубзкIэ насыпыфIэ цIыхухъумрэ нэгъуэщI щIремыхъуэпсыж.
- ДызыщIэхъуэпса пщэдейр къэсри, дыгъуасэ зэдмыпэсарауэ къыщIэкIащ.
- Хьэл дахэр зехьэгъуейщ, аращ щIэдахэжри.
- КъулыкъукIэ ирикъуа къытехъуэмэ, дунейр къутэжыну жаIэ.
- Делэр зэрагъэунэхур къыIахIауэркъым, хуашийIауэрэщ.
- КъысхуащIаIакъым жыпIэу тхьэусыхафэр умыгъэшу, къуамыщIаIамэ, гуфIэу щыс.
- Бейтыгъуэн Сэфарбий.
- Чэнджэщхэр
- Лыр нэхъ щабэ мэхъу
- Кхъуейлъалъэр гуащIэ хъуамэ, шэм зы сыхьэт хуэдэкIэ хэвгъэлъи, гуащIагъэр щIэкIыжынущ.
- * * *
- Жэгундэпсым гур, лъынтхуэхэр фIыуэ егъэлажьэ, тхьэмщIыгъур, зэзыр, жьэжьейр егъэкъабзэ. Лъыр къэгъэхъунымкIэ, ар гъэкъэбзэнымкIэ абы къытекIуэн нэгъуэщI къэкIыгъэ щыIэкъым. Абы апхуэдэу лъатэ, кIэтIий узхэри зэтес ещIыж. Жэгундэпсыр къыщIэхуагъащIэу махуэ къэс щэ грамм тхущI-тхущIу уефэмэ, нэхъыфIщ. ТхьэмахуитI хуэдиз ефэн хуейщ. ИтIанэ зы тхьэмахуэ дэбгъэкIыу къыщIэбдзэж хъунущ.
- * * *
- Бдзэжьейр щывгъажьэкIэ, пIащIэу зэтегъэжауэ кIэртIоф тIэкIу дэвгъажьи, бдзэжьеимэр игъэкIуэдынущ.
- * * *
- Бжьыныр фымыгъэлыбжьэ ипэкIэ хьэжыгъэм хэфкухьмэ, и фэр тхъуэплъ дахэ хъунущ.
- * * *
- Пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуар япэщIыкIэ псы хуабэм сыхьэтищ хуэдизкIэ хэвгъэлъмэ, компот вгъавэм и фэр нэхъ дахэ, езыри нэхъ гурыхь хъунущ.
- * * *
- Пхъыпсым тхъуцIынэ тIэкIу хэплъхьэмэ, нэхъ гуакIуи, нэхъ IэфIи мэхъу.
- * * *
- Бдзэжьейр щыбгъажьэкIэ мащIэ-мащIэурэ псы тIэкIу щIэпкIэмэ, нэхъ IэфIи, нэхъ щаби мэхъу.
- * * *
- Лыр быдэмэ, бгъэжьэн ипэкIэ серчэм тIэкIурэ хэгъэлъ. Абы лыр нэхъ щабэ ещI.
- Интернетым дыкъыщоджэ
- Насып лъыхъуакIуэ
- Адэр сымаджэ хьэлъэ щыхъум, и къуэм жриIащ:
- — Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сыхуейщ.
- — Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?
- — Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.
- Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызыущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.
- — Дэнэ укIуэрэ, щIалэ-щIэ? — щIэупщIащ шыр.
- — Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?
- — Мыдэ къызэдаIуэ, — къитащ жэуап шым. — Сэ си щIалэгъуэм псоми фIыуэ сыкъалъагъурт, сагъашхэрт, сагъафIэрт. Уеблэмэ шхалъэм си щхьэр хуэсшийртэкъым, си жьэм къыжьэдалъхьэрт. Сыт хуэдиз лэжьыгъэри си фэм дэхуэрти, нэгъуэщI-хэм сегупсысыртэкъым. Абы щыгъуэм сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ мы дунейм темыту къысщыхъурт. Иджы жьы сыхъуащи, зыри къысхуеижкъым. Сэ бжызоIэ — уи щIалэгъуэр хъумэ. Сэ зэрысхъумам хуэдэукъым зэрыпхъумэнур. НэгъуэщIхэм къыпхузэрагъэпэщ тыншыпIэм ущымыгугъыу, уэ езым уи щхьэр зэрыбгъэпсэужыным иужь ит. НэгъуэщIхэм я гурыфIыгъуэм уэри щыгуфIыкI. Гугъуехьым ущымышынэ. Апхуэдэу ущытмэ, улIэжыху лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ укъаухъуреихьынущ.
- ЩIалэщIэр ежьэжри, зыкъомрэ кIуауэ гъуэгущхьэм телъ блэм ирихьэлIащ.
- — Дэнэ уежьа, щIалэ? — щIэупщIащ блэр.
- — Дунейр къызэхэсплъыхьыну сыкъежьащ, насыпыр здэщыIэр къэзгъуэтыну си мураду, — итащ щIалэм жэуап.
- — АтIэ, сэ жысIэм къедаIуэ, — къыщIедзэ блэм. — Си гъащIэ псом си шэрэзым пылъ щхъухьым сригушхуэу сыпсэуащ. Псори къысщышынэрти, сэ сынэхъ бланэу, сынэхъ къарууфIэу къысщыхъужырт. Ауэ хуабжьу сыщыуэрт. Мис иджы псоми зыкъысщадзей, саукIыну сыкърахуэкI. Псоми зафIызогъэпщкIу. Иджы сэращ абыхэм ящышынэр. Уэри уиIэщ бзэгу. Уи псалъэм ухуэсакъмэ, тыншу упсэунущ, жьы ухъуа нэужьи зыми зыфIэбгъэпщкIун хуэмейуэ. Апхуэдэмэ, насыпи уиIэнущ.
- Блэм къыжриIар зэригъэзахуэурэ щIалэм и гъуэгум пищащ. Губгъуэм ит жыгышхуэм зы бзу дахэ тест, ицхэр зэмыфIэгъуу цIурэ, езыми зыкърихыу.
- — Дэнэ укIуэрэ, щIалэ? — щIоупщIэ бзур.
- — Насып къызолъыхъуэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ абы и хэщIапIэм?
- — ЗэрыслъагъумкIэ, куэд щIауэ гъуэгу утетщ. Уи нэгур зэхэуфащ, уи щыгъынхэр сабэм иуащ. Узэрыщытам урещхьыжкъым, блэкIхэми зыкъыпщадзей. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, насыпми гъунэгъу зыкъыпхуищIыну фIэщщIыгъуейщ. Сэ бжесIэнур мыращ: сытым дежи дахагъэм урителъхьэу, уэри теплъафIэу ущытыфу зегъасэ. Мис абы щыгъуэм уи хъуреягъыр фIы защIэу щытынущ. Ар зыхэплъхьэмэ, насыпри къэплъагъунущ.
- ЩIалэр унэм кIуэжри, зигъэкъэбзащ, къыжраIа псоми егупсысащ. Абы иджы ищIэрт насып щхьэкIэ зыщIыпIи укIуэн зэрыхуэмейр.
- ЗэзыдзэкIар Къэбарт Мирэщ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:3. Курыт Азием щыпсэу лъэпкъ, я бжыгъэкIэ мелуаным щIигъуу. 8. ТхакIуэ: литературэм гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм я «Шыхулъагъуэ» зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ. 9. ГъущI хъарым къыхэщIыкIа пасэрей зауэлI джанэ. 10. Бгы задэ лъагэ, мывэ блыну. 11. Сымаджэ хьэлъэр къызэфIэувэжати,… хуащIащ. 12. Къану яту щыта щIалэ цIыкIур зыгъасэ. 13. Зиусхьэн лъэпкъ. 15. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэ, щхьэ зыбжанэ фIэту, мафIэ хъуаскIэ къыжьэдэлъэлъу. 17. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ жылэр зыбгынэу зызыгъэпщкIуу щытам зэреджэ. 20. Уафэ лъащIэм иплъагъуэ «бжьэхуц» гуартэ. 21. Цы хужь зытет шы. 22. Куэдрэ щыта махъсымэм и щIагъым къыщIонэ. 23. ЩэкI Iув пхъашэ. 24. Муслъымэн диным пшхыну къабыл имыщI ерыскъым щхьэкIэ жаIэ псалъэ. 26. Гъатхэр къызэрихьэу жыгхэм … иратащ. 28. Мэкъу пыупщIа сатыр. 31. Ди республикэм щыпсэу уэрэджыIакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ артист. 35. Ахъшэ жьгъей. 36. Шы «вакъэ». 37. Башкирием и къалащхьэ. 38. Адыгэ пшынауэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист ПщыхьэщIэ …
- Къехыу:1. ТепIэнщIэлъыным щыщ. 2. Къэралым, республикэм я блэкIа зэман. 3. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» романыр зи IэдакъэщIэкI. 4. Мынэхъыжь, мынэхъыщIэ. 5. Абы щыгъэ къыхащIыкI. 6. Арджэн къызыхащIыкI къэкIыгъэ. 7. ТхьэмыщкIэхэм хуагуэш ерыскъы. 14. Унэм и зы Iыхьэ. 15. Куэд зи фэм дэзыгъэхуэф цIыху. 16. А гъущIыкIэм къыхэщIыкIащ нэхъапэм адыгэм зэрахьэу щыта хьэкъущыкъу зыкъом. 18. Псы Iуфэ лъагэ, бгыпэ, щыхупIэ. 19. Япэ … ущIэмынакIэ. 25. Зыгуэр ирауну бостейм е джанэм хуащI гъуанэ цIыкIу. 27. Унагъуэм игъэкI пхъэщхьэмыщхьэ. 29. Ерыскъыр цIыхум хуабжьу къащемэщIэкI лъэхъэнэ. 30. И … къэнжал тебзащ. 32. Мэлыхъуэ пщыIэ. 33. … хиса жыгыр мэгъу. 34. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, Лениным и ролыр екIуу зыгъэзэщIа, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- 18
- ЕкIуэкIыу:7. Мэрзэхъу. 8. ХьэпащIэ. 9. Адэ. 11. Щам. 12. Ду. 14. Мы. 15. Къыкъ. 18. ЛIырэ. 19. ЩIопщ. 21. Шабзэ. 22. Жьауэ. 23. Щауэ. 25. Къуэш. 28. Къэуат. 29. Хущанэ. 30. Ажэ. 36. Хьэлу. 37. Псыжь. 39. Къатыр. 40. Къады. 41. Лэкъум. 42. Шыгъу. 44. Пэ. 45. Тху. 47. Нып. 49. Джэд. 50. Лэгъупэжь. 51. Гурыщхъуэ.
- Къехыу: 1. Амыщ. 2. Кърым. 3. Нэгъуд. 4. Хьэсы. 5. Балъкъ. 6. Хьэлъкъ. 10. Дэрэбинэ. 13. Уэншэку. 14. Мазэхэ. 16. Iэжьэгъу. 17. ПщIащэ. 18. ЛIыжь. 20. Щхьэ. 24. Тут. 25. Къута. 26. Шхуэ. 27. Къат. 31. Жэмтхьэлэ. 32. Еубыд. 33. Накъырэ. 34. Щэрмэт. 35. Iупэлэ. 36. Хьэкъ. 38. Жьым. 42. Шылэ. 43. Гъуагъуэ. 44. Пхъэх. 46. Хуарэ. 47. Нащэ. 48. Пхъэр.